Ажалищэм къела

Къамэ дзитI зыIуту,
Ар хэтащ зауищым,
Уащхъуэ гъуэгу къриту,
Къелащ ажалищэм.
Финляндием и мэзым
ЩыхьэщIащ зекIуэлIыр,
Абдеж шэгын гъуэзым
Щепэмащ зауэлIыр.
Мэзкуу зыхъумахэм
Яхэтащ жыджэру,
Фашист щхьэрыуахэм
Игъэжащ ялъ уэру.
Сталинград зэхэуэм,
Хэтащ и гуащIэгъуэм,
Жэщ топхэр щымыуэм,
Ар ещакIуэт благъуэм.
ТIасхъэщIэх псэхэхыу,
Бийм я щIыб къыдыхьэт,
Есахэр щхьэфIэхыу,
ХыщIэу игъэпыхьэт.
Самурай нэкъитхъми
Лъигъэсащ хуэфащэ.
Мухьэб мыщхьэщытхъуми,
Зэпичат гъуэгуищэ!
ИтIани игу пхъэхауэ
Псэуфащ зекIуэлIыр,
Игу бийм тепщэхауэ,
Псэхужащ зауэлIыр.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Дэрмывэ Мухьэб

 

 

Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр