Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ­Правительствэм и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№190-ПП

2020 гъэм            шыщхьэуIум и 28-м               Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 22-м къыдигъэкIа унафэ №86-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI  МУСУКОВ Алий

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэншагъэхэр къыщымыгъэхъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр щегъэкIуэкIыным, жылагъуэ хабзэр гъэбыдэнымрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№191-ПП

2020 гъэм              шыщхьэуIум и 31-м                  Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэншагъэхэр къыщымыгъэхъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр щегъэкIуэкIыным, жылагъуэ хабзэр гъэбыдэнымрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэу мы унафэм щIыгъур къэщтэн.

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  и Правительствэм и УнафэщI  МУСУКОВ Алий

«Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№192-ПП

2020 гъэм             шыщхьэуIум и 31-м                Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэу мы унафэм щIыгъур къэщтэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI  МУСУКОВ Алий

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленностымрэ сатумрэ зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№193-ПП

2020 гъэм              шыщхьэуIум и 31-м                Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм помышленностымрэ сатумрэ зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм шыщхьэуIум и 14-м къыдигъэкIа унафэ №236-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
 и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Правительствэмрэ хьэрхуэр Iуэхухэм зегъэужьыным щIэгъэкъуэн хуэхъуну зэхыхьэхэр егъэкIуэкIыным щызэдэлэжьэным теухуа зэгурыIуэныгъэм и проектым и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№194-ПП
2020 гъэм              шыщхьэуIум и 31-м                  Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Арэзы техъуэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Правительствэмрэ хьэрхуэр Iуэхухэм зегъэужьыным щIэгъэкъуэн хуэхъуну зэхыхьэхэр егъэкIуэкIыным щызэдэлэжьэным теухуа зэгурыIуэныгъэм и проекту мы унафэм щIыгъум икIи ар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын ар хэплъэн папщIэ.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм елъэIун мы ЗэгурыIуэныгъэм Iэ тридзэну.
3. Мы ЗэгурыIуэныгъэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ КIэрэф М. А.

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий

 

Поделиться: