Сонэ Абдулчэрим и усыгъэхэр

 

Дзапэ уэрэд

Си лъэпкъ тхыдэрщ си дзапэ уэрэдыр;
Ар пшыналъэу гущIэми къоIукI.
А уэрэдым къожьу мывэ духэр,
И макъамэ лъэщым псэр дохъуэпскI.

Уэрэдыр зыусауэ Iэ лэрыгъухэм
ПхъэIэщэкI-къалэмкIэ ар ятхащ,
Щхьэмыгъазэу хэту зауэ Iугъуэм
Жыр джатэ IугуакIи зэхалъхьащ.

Иджырейхэм пащэ а уэрэдым -
Адыгэм щIэныгъэр и къалэмщ.
Дыщэ Iэпэщ, ей, си лъэпкъ цIыкIу уардэр -
Зыдехь нобэ пщэдейрей къалэн.

Си лъэпкъ тхыдэрщ си дзапэ уэрэдыр;
Илъэс мин зыбжанэм ар я макъщ.
Тхыдэ инхэр мы дунейм щыкуэдми,
Сыхуэхъуапсэ мыхъумэ,
СыблэхъуэпсыкIакъым сэ ди лъэпкъ.

1975

Къреунэху зы махуэ

Тхыдэ напэкIуэцIхэм дриплъэжмэ,
УIэгъэжь мыхъужхэр къоятэжыр:
Пащтыхь джатэм Кавказ лъахэм исхэр
Хэутэн щищIари нэгу щIокIыжыр…

Хэкум ираху лъэпкъым и сабийхэр
Губгъуэ нэщIхэм хьэхэм щаIусыпхъэт,
Кхъухь зэпэгъуаниблхэм итIысхьахэр
Бдзэжьей Iусу хым зыжьэдилъафэрт.

Удын зэхэдзари къытлъысати,
ХамэщI гущIыIагъи дгъэунэхуакъэ,
Убых вагъуэр мес ужьыхыжакъэ,
Лъэпкъ насыпыр бийм тIэщIиудати.

Удын жагъуэу лъэпкъым лъысыгъахэр
Гъущыжыну дэ долъэIур Тхьэшхуэм,
Шэрджэс лъэпкъыу дунейм текъухьахэм
ЯIуэтэжу къреунэху зы махуэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэр гъуазэу
Iуащхьэмахуэ къреджэж и бынхэр.
Тхыдэм зэ и гупэр къытхуигъазэу
Тхьэм насып къарит ди щIэблэ хейхэм!

Маржэ, зыкъэужь си лъэпкъ адыгэм,
Маржэ, сыноджэж си къуэш абхъазым,
Щыпудакъым фэ фи щIыхьыр шыбгым,
ЩIихъумакъым фи цIэр зэман гъуэзым.
Бий щхьэл мывэм дэ дыщIагъэкIами,
Дигу ираудыну ялъэкIакъым.
Псэр дэпсэхуу къреунэху зы махуэ,
Псэр дэпсэхуу къреунэху зы махуэ!

1991

Шагъдий

Си шы къарапцIэу,
ПцIащхъуэу щIэлъэтым
Ди губгъуэ куэщIыр
Уи зэ ичыгъуэщ.
Уэ уи лъэмакъыу
Тхыдэм къыщыджэр,
ЛIыгъэ макъамэм
И джэрпэджэжкъэ!

ЛIыхъур уэрыншэм
Iэщэншэ къабзэт,
Уи бзэм щыгъуазэм
Урибгъэ дамэт.
Лъэпкъым и гуауи
Уэ дэбгуэшакъэ,
Лъэпкъым и гуапи
Уэ ухэтакъэ.

Шыгъажэ хъуамэ,
Щытхъур къыбохьыр -
ЩIыхьыр уохъумэ
Шагъдий лъэрыхьым.
Адыгэш къабзэу,
Ей, си шагъдий,
Шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!

Iуащхьэмахуэ

И уафэр щIыхубзэу,
Пшэ Iэтэр и жьауэу,
ПщIэ закъуэмэ и бзэр,
Псэлъэну хьэзыру
Щыт хуэдэщ къурш-дадэр -
Къурш-дадэу нэхутхьэхур -
Ди Iуа-щхьэ-ма-хуэр.
Си блыныр иуфэбгъуу
Сурэту ар щIами,
Зызохьэ сегугъуу,
ПщIэ хуэсщIыр хэхауэ.
Хэт зыщIэр зищIысыр
Къурш-дадэр си дежкIэ?
Ар си псэм щIищIасэр
Щхьэпэнкъым сыбзыщIкIэ:
ДунейкIи ахърэткIи
ИреIэ псэм тхьэхэр,
Къурш минхэм я адэр
Тхьэнапэу слъытакъэ;
ЦIыхугъэр зи пщалъэу
Лъэпкъ хабзэу къекIуэкIхэм
Я динми сэ ситкъэ.
Зэгуэрым къыслъысу
Хъуэхъубжьэр щысIэткIи,
ЩIэдзапIэу, кIэухыу
Си псалъэм есщIэкIыр
Лъэпкъ напэу сызэплъу
Тхьэ лъэщу жьакIэхурщ -
Дыщэжь Iуащхьэмахуэщ.

1980

Поделиться: