УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, Шостакович Дмитрий и цIэр зезыхьэ, Урысейм и Композиторхэм я союзым я саугъэтхэм я лауреат, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, композитор цIэрыIуэ, усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм, литературэм, макъамэм илъэс щэ ныкъуэм щIигъуауэ хэлъхьэныгъэфIхэр хуещI.
1970 гъэм ХьэIупэ ДжэбрэIил Урысейм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хыхьащ, щэнхабзэм увыпIэ ин щызыубыда макъамэ симфоние куэд итхащ. Ахэр, ди республикэм къищынэмыщIауэ, Москва, Нартсанэ, Мэхъэчкъалэ, нэгъуэщI щIыпIэ зыбжанэм щыIуащ.
Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил пасэрей джэгуакIуэхэм я гупсысэкIэ-усэкIэр, нобэрей усыгъэм и хабзэхэр зыщIишащ. ЗыпищI щымыIэ и анэдэлъхубзэр нэгъэсауэ зэрищIэрщ а бзэмкIэ гупсысэ куу зыщIэлъ усэхэр ДжэбрэIил къыщIехъулIэр. И Iэдакъэ къыщIэкIахэм куэд щIыдахьэхыр гурыщIэ къабзэр абыхэм зэрыщыкуэдырагъэнщ. Ахэр узыгъэгупсысэщ, гукъыдэж къозытщ, узыгъэнэщхъейщ. ХьэIупэм итхахэм езыр къыщеджэжкIэ, усэбзэр зэрыкъулеймрэ адыгэбзэм и курыхымрэ зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым.
«Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ ХьэIупэ ДжэбрэIил и камернэ лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса «Чэщей пшыналъэ» тхылъыр. Абы ихуащ пшынэм, флейтэм, фортепьянэм, скрипкэм, виолончелым, гобойм папщIэ композитор цIэрыIуэм итха макъамэхэр.
- ДжэбрIэил и усэхэр адыгэ гупсысэ зыщIэлъ, лъэпкъ усыгъэ фащэм ит къэхъугъэ телъыджэщ. Шэч къытесхьэркъым: адыгэ усыгъэм къызэрымыкIуэу зезыгъэужьщ ДжэбрэIил и къалэмыпэм къыщIэкIыр. Абы епхауэ литературэджхэм я гугъу пщIымэ, ахэр тхыдэ-щэнхабзэ IуэхугъуэщIэ къэхъуам езыгъэгупсысын щхьэусыгъуэ ХьэIупэм и усэм хэлъщ, - жеIэ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Тхьэгъэзит Юрэ.
ХьэIупэм и мащIэкъым макъамэм зезыгъэужь, зи цIэ жыжьэ щыIуа зэрыгушхуэ и гъэсэнхэри. Апхуэдэу Тхьэр зэчийкIэ къызыхуэупсауэ къилъытэ и гъэсэнхэм ящыщщ КъБР-м и цIыхубэ артист, Санкт-Петербург дэт Римский-Корсаковым и цIэр зезыхьэ консерваторэм щеджа, композитор, пианист цIэрыIуэ Къэбэрдокъуэ Мурат.
- Иджыри къыздэсым Мурат макъамэу итхам хуэдиз языныкъуэхэм я гъащIэ псокIэ ятхыфыркъым, - хужеIэ ДжэбрэIил и гъэсэным.
ХьэIупэ ДжэбрIэил лъэпкъыр зэрыгушхуэхэм ящыщщ. И усэбзэр зэрыкъулейм къыдэкIуэу, абы и IэдакъэщIэкIхэм адыгэбзэм и курыхыр зыхыуагъащIэ. КъБР-м и щэнхабзэм илъэс щэ ныкъуэм щIигъуауэ хуэлажьэ ХьэIупэм къыдигъэкIа «Iэгуауэншэ пшыхь» и япэ тхылъри лъэпкъ усыгъэм и хэлъхьэныгъэфIщ.