Уэхъутэ Александр: ЦIыхугъэращ псом нэхърэ нэхъыщхьэр, абы щIэблэр хуэбгъэсэныр фIыгъуэшхуэщ

Ди хьэщIэщым

 
Урысейми хамэ къэралхэми щыцIэрыIуэ жылагъуэ лэжьакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Жылагъуэ палатэм хэт, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и унафэщI, КъШР-м щылажьэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я союзым и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр Iуэху дахэ куэдкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм къеблагъэ зэпытщ.

Газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Уэхъутэ Александррэ зэпызыщIэр ныбжьэгъугъэм и закъуэкъым, атIэ лъэпкъ Iуэхуми зэрешалIэ. Мухьэмэди хуэдэу, цIыхухэм ягу къинэжа, лъэпкъым сэбэпынагъ куэд къыхуэзыхьа, адыгэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIа Iуэху куэд и IэрыкIщ Александр. Ар зи унафэщI, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием щIэх-щIэхыурэ къызэрегъэпэщ тхакIуэхэм, усакIуэхэм я творческэ пшыхьхэр, сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр, щIэныгъэ-практикэ конференцхэр, цIыху гъэщIэгъуэнхэм, зэчиифIэхэм ятеухуа телевизионнэ нэтынхэр. Александр сыт щыгъуи защIегъакъуэ курыт школхэм, сабий гъэсапIэхэм, библиотекэхэм, музейхэм, ЩэнхабзэмкIэ унэхэм.
Александр ди хьэщIэщым къызэреблэгъар къэдгъэсэбэпри, зэфIигъэкIа Iуэхухэм, и мурадхэм дыщIэупщIати, дигъэщIэхъуакъым.
- Александр, илъэсым и кIэм ириплъэж хабзэщ гъэ блэкIам яхузэфIэкIам. Сыт щыгъуи адыгэ дунейм жыджэру хэт уэ, 2018 гъэми Iуэху щхьэпэ куэд зэфIэпхащ. Абыхэм ящыщ зыуэ къыхэзгъэщынур журт тхыдэдж, политолог цIэрыIуэ Аурон Яиррэ уэрэ фи IэдакъэщIэкI тхылъыр дунейм къызэрытехьаращ. Сэ сыщыгъуазэщ Хэку зауэшхуэм и зэманым журт сабийхэр беслъэнейхэм къызэрырагъэлауэ щытар хэIущIыIу щIыным уэ куэд щIауэ узэрелэжьым, уеблэмэ тхыдэ напэкIуэцIхэм къыщумыгъуэтын нэрылъагъу къэхутэныгъэхэри зэребгъэкIуэкIам. Тхылъыр зытеухуам укъытхутепсэлъыхьын и пэ, ар зи гъусэу къыдэбгъэкIа журт профессорымрэ уэрэ фи гъуэгур зы зэрыхъуам, мы Iуэхум фызэрыхуэкIуам я гугъу уэзгъэщIынут.

- Къызэрыхэбгъэщащи, Ленинград сабийхэр сэ сыкъызыхэкIа лIакъуэм - беслъэнейхэм - зэрахъумам 2005 гъэм щегъэжьауэ сытолэжьыхь. Хъыбархэр, сурэтхэр, дэфтэрхэр зэхузохьэсыж, езы сабийхэм я къекIуэкIыкIар, зэрыпсэуар зызогъащIэ.
Ленинград къраша сабийхэр къегъэлыным теухуауэ жэуаплыныгъэ ин а зэманым зи пщэ дэзылъхьэжар Беслъэней къуажэм и старостэу щыта Уэхъутэ Мурзэбэчщ. Езы Мурзэбэч Сыбыри, Соловкии, жыпIэнуракъэ, Урысейм и щIыпIэ нэхъ жыжьэхэм щыIа, гугъу ехьа цIыхут. Уэхъутэ зэкъуэшищыр Сыбыр ягъэкIуати, зым къигъэзэжакъым. Абыхэм я Iуэху къызэрекIуар архивым къыщыслъыхъуащ, гъэщIэгъуэн куэди зэхуэсхьэсыжащ. Абы сыхэтурэ мы журт сабийхэм я Iуэхур къызэрекIуэкIам иужь сихьэри, архивым дэфтэру щызгъуэтыр зэхуэсхьэсащ. Абыхэм цIыху зыбжанэ яхэтт я унэцIэ дыдэхэр ямыщIэжу. Адрейхэм щащIэжкIэ, илъэси 10 - 11 зи ныбжьхэм щхьэ ящIэжын хуэмейрэ жысIэу сегупсысырт. Жданов, Ивановэ унэцIэхэр ящIэрт, Марик и гугъу щысщIкIэ, «ар журтщ» жаIэрт, унэцIэ пымыту. ИкIи пэжу къыщIэкIащ ар. Зэрыжуртым щхьэкIэ и унэцIэр щагъэгъупщауэ арат. А Марикыр и Iыхьлыхэм къагъуэтыжащ. Архивым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, щIалэ цIыкIур къарууншэу, и гурыхуагъыр фIэкIуэдауэ, мыпсэлъэжыфу сабий IыгъыпIэм иратауэ щытащ. Зытар адэ шыпхъут. Марик зэрыжуртыр къэзыгъэлъагъуэ и унэцIэ Кролик, и адэцIэ Исаак нэмыщI, и адэшхуэм орден къратауэ щытауэ тхылъ къэдгъуэтыжащ, абы лIыр лъэпкъкIэ зэрыжуртыр итхат. Мис апхуэдэ щыхьэт дэфтэрхэр къысIэрыхьащ.
ИтIанэ Израилым, Кфар-Камэ дэт Адыгэ лъэпкъ музейм и унафэщI Тхьэухъуэ Зухьер хуэсIуэтауэ щытащ а Iуэхур. Ар кIуэжри я деж щигъэхъыбарыжащ. Апхуэдэурэ Иерусалим дэт университетым и профессорым хъумакIуэ гуэрым жриIащ: «Уэ пщIэрэ Кавказым журт сабийхэр къыщрагъэлауэ зэрыщытар», - жиIэри. Абы езым я къэралым ис адыгэхэр къилъыхъуэурэ Зухьер деж къэсащ. Зухьер хъыбарым щыгъуазэти, журт профессорым си деж зыкъригъэшащ. Сэ сщIэхэр хуэсIуэта къудейкъым профессорым, атIэ псэууэ къэна и лъэпкъэгъухэр езгъэцIыхуащ, езгъэпсэлъащ. А псори итхыжри, тхылъ къыдигъэкIащ, «Банальность милосердия» фIищауэ.
Кавказым щыпсэу журтхэр зэрахъумар дахэу къигъэлъэгъуэжащ, лъэпкъкIэ дызэрыадыгэри, динкIэ дызэрымуслъымэнри игъэбелджылыуэ. ИтIанэ «мыбы иджыри къыпыщэн хуейщ», - жиIэри къигъэзэжащ. ЕтIуанэ гъуэгум ар тшащ журт сабийхэр щаукIа Теберда деж щагъэува сыныр едгъэлъагъуну. Апхуэдэу дызэдэлажьэурэ «Подвиг милосердия» тхылъыр къыдэгъэкIыным дыхуэкIуащ.

- Тхыгъэ бгъэхьэзырам щыщ тфIэгъэщIэгъуэну «Адыгэ псалъэ» газетми къытеддзащ, нэгъуэщI къыдэкIыгъуэхэми тетащ, абы теухуа документальнэ фильмри щIыпIэ зыбжанэм, езы Израилри яхэту, щыбгъэлъэгъуащ. Иджы мы зи гугъу пщIы «Подвиг милосердия» тхылъыр сыт зытеухуар?
- Мыр зытеухуар беслъэнейхэм зэрахьа лIыгъэмрэ къакъуэкIа цIыхугъэмрэ я закъуэкъым. АтIэ, лъэпкъгъэкIуэд щыщыIа зауэ лъэхъэнэ зэхэзэрыхьыгъуэм цIыхугъэ зехьэным тегушхуэфа унагъуэхэм, цIыху щхьэхуэхэм дытепсэлъыхьу аращ.
Тхылъыр дгъэхьэзыра нэужь, Эпштейн Алек щIэныгъэ редактор хуэхъуащ икIи зэригъэзэхуащ, къищынэмыщIауэ, Санкт-Петербург еджапIэ нэхъыщхьэ зыбжанэм тхылъым теухуа зэIущIэ щригъэкIуэкIащ.
Мы тхылъыр си мылъкукIэ къыдэзгъэкIауэ аращ, абы и тиражыр 500 къудейт зэрыхъури, зэуэ зэбграхащ. Абы еджэхэм жаIэ зэпытщ: «Мы Iуэхур къэфIэтыну дауэ фытегушхуа?». Тхылъым пэжыр и лъабжьэу зэрыщытыр, адыгэм и мызакъуэу, къэрэшейхэми Iуэху дахэу зэрахьар къызэрыщыгъэлъэгъуар (псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, журт зэшыпхъуищыр зэрахъумам и хъыбарыр), хамэ къэралхэм щыщу апхуэдэ цIыхугъэ къызыкъуэкIахэм ятеухуахэри зэрыхэтыр къыхэзгъэщыну сыхуейт. Абыхэм тхылъым и пщIэр нэхъри яIэт, къызэщIиубыдэ Iуэхугъуэхэр ягъэбагъуэ. ЗэрыжыпIащи, тхыгъэ куэд газетхэм, журналхэм къытредгъэдзащ, документальнэ фильмхэр тетхащ. Абыхэм ящыщу нэхъ лъэщу къэслъытэр «Бесленей - право на жизнь» жыхуиIэращ. Ар дэтхэнэ зы цIыху гупцIанэми игу дэмыхьэнкIэ, игу имыгъэузынкIэ, Iэмал имыIэу фильмщ, апхуэдизу куууэ, гуузу зэрытрахамкIэ пщIэ лей къелэжь.
Иджыри зы тхылъ къыкIэлъыкIуэну сыхуейт мыбы - сабийхэр зыхъума унагъуэхэм датепсэлъыхьу. Мис а щыр зэгъусэу зым иту къыдэзгъэкIыжу, «Бесленей - право на жизнь» фильмыр дискым тету щIызгъужу цIыхухэм яхэсхьэну си мурадщ. ИтIанэ нэхъ куууэ цIыху псоми ялъэдгъэIэсыфынущ дызытелажьэ Iуэхур.
- Александр, Адыгэ анэм и фэеплъ сын Санкт-Петербург щыбгъэувыну иужь узэритым дыщыгъуазэщ, дэнэ нэса а Iуэхур, ищхъэрэ щыхьэрым и унафэщIхэр арэзы къыбдэхъуну пIэрэ абыкIэ?
- Абы теухуауэ сэ къалэ унафэщIхэм сепсэлъащ. Си проектым ари хыхьэти, Санкт-Петербург сыкIуэри, зи Iуэху хэлъын хуей псоми сахуэзащ. Мыбы и мыхьэнэр фIыуэ къагурыIуэу арэзы къыддэхъуащ ахэр, ауэ мылъку зэрамыIэм къыхэкIыу, дэ ди къарукIэ дгъэувмэ, езыхэм зэрахьэну, кIэлъыплъыну, яхъумэну къыджаIащ.
Абы сыщыкIуам мыпхуэдэ гъэщIэгъуэни срихьэлIащ. Беслъэнейхэм яхъума, япIа ныбжьыщIэхэр къыздраша сабий IыгъыпIэр здэщыIэр Санкт-Петербург дэт Малоохтинский паркым и гъунэгъут.
- Паркым и цIэр а Iуэхум иужь ит уэ уи унэцIэм зэрытехуэр…
- Абы и мызакъуэу, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа лIыкIуэ гупым жыг 70 щагъэтIысауэ къыщIэкIащ абдеж дыдэ.
Фэеплъ здэдгъэувыну щIыпIэр къыщыхэтхым, еджапIэ гуэрым и гъунэгъуу зэрынэхъыфIыр дубзыхуауэ щытти, а зи гугъу сщIы щIыпIэм деж Малая Охта егъэджэныгъэ центр щыту къыщIэкIащ. Абы и унафэщIыр къезгъэблагъэри, Беслъэней щыхьэщIащ, ди школымрэ абы я лицеймрэ гъэсэныгъэрэ егъэджэныгъэрэ я лъэныкъуэкIэ зэдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ. Абы и еджакIуэхэри къезгъэблагъэри, Архъыз дэсшауэ щытащ ди еджакIуэхэм я гъусэу. Куэд къедгъэплъыхьащ сабийхэм абы щыгъуэм, Урыс-Кавказ зауэм и фэеплъу Хьэгъундыкъуей дэт фэеплъ Iуащхьэми сшащ, итIанэ Беслъэней дыкIуэри, Адыгэ анэм и фэеплъым деж розэ лъабжьэу 32-рэ щыхасащ.
Иджы а проектым хэт нэгъуэщI зы Iуэхуи иужь ситщ. Адыгэ сабийхэм спектакль ягъэуващи, ар журт къэралым сшэуэ щызгъэлъэгъуэну си мурадщ. АбыкIэ сэбэп къытхуэхъунущ абы щыпсэу адыгэ щIалэхэр. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр сабийхэр нэIуасэ зэхуэтщIу, я зэпыщIэныгъэхэр нэхъ куу тщIынращ. Мы Iуэхугъуэм гъэсэныгъэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЦIыхугъэращ псом нэхърэ нэхъыщхьэр, абы щIэблэр хуэбгъэсэныр фIыгъуэшхуэщ. Аращ тхылъым гупсысэ нэхъыщхьэу еспхыр. Сэ куэдрэ къызжаIащ апхуэдэ тхылъхэр еджапIэхэм щрагъэджу дгъэпсын зэрыхуейр. Ехъутэныдж Хьэсэн, Мамхэгъ Астемыр, ХьэкIуащэ Мадинэ, Дзыгъуэ Майе, Даур Жэхьфар, нэгъуэщIхэми я псалъэ, тхыгъэ купщIафIэхэр къысIэрыхьащ.

- Зи гугъу пщIа проект иным къищынэмыщIауэ, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономие узиунафэщIым нобэ иригъэкIуэкI Iуэхухэм утезгъэпсэлъыхьынущ.
- Иджыпсту Iуэху нэхъыщхьэу зи ужь дитыр адыгэбзэр къыдэкIуэтей щIэблэм зэраджыну, ар хъума зэрыхъуну Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ къэгупсысынырщ. Анэдэлъхубзэр хуейм иджыну, хуэмейм имыджыну хуит пщIы хъунукъым. Дэ ди анэдэлъхубзэр дызэрыс къэралышхуэм и щэнхабзэм и зы Iыхьэу щыщыткIэ, абы хуэфащэ пщIэрэ гулъытэрэ игъуэтыпхъэу къызолъытэ. ЕтIуанэрауэ, зи лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр къызыфIэIуэху цIыхухэм я гуныкъуэгъуэ къыдахьэлIэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, цIыхухэм ягу ирихьыркъым, адыгэ, къэрэшей театрхэм урысыбзэкIэ спектакль зэрыщагъэувыр. Дэ абы Iэмал имыIэу ди гупсысэ хэтлъхьэнущ, ар къызэремызэгъыр жытIэнущ. ГазетхэмкIэ, театрхэмкIэ, Щэнхабзэм и унэхэмкIэ ди лъэпкъ щIэиныр дымыхъумэжмэ, сыткIэ зэрытхуэхъумэнур? Абыхэм япэ итыжщ бзэр еджапIэхэм щегъэджын зэрыхуейр. Бзэр унагъуэ IуэхукIэ пхузехьэнукъым, пхуэхъумэнукъым, къэрал хабзэкIэ, къэрал къарукIэ щIэмыгъэбыдамэ. Сыхуейт ар ди къэрал унафэщIхэм къагурыIуэну.
- IуэхущIапIэ щхьэхуэхэмрэ унагъуэмрэ я къалэнхэр гурыIуэгъуэщ. Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, лэжьакIуэхэр сыт хуэдэ къарукIэ хэувэфрэ а зи гугъу пщIы гукъеуэм?
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм илъэс куэд ипэ кърихьэжьа «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэ-фестивалыр хуабжьу телъыджэ тщыхъуат. ИкIи Къэрэшей-Шэрджэсым апхуэдэ дыдэ проект щедгъэжьауэ щытащ, щапхъэ фтетхри. Дэ сытым дежи еджапIэхэм дадолажьэ, егъэджакIуэхэм сэбэп дахуохъу. Дэ къыджьэхэмыуэу къанэркъым лъэпкъыр зыхэт гугъуехьхэр, адыгэр зыгъэпIейтейхэр. Абыхэм Iэмал имыIэу дызэрыхэлIыфIыхьыным иужь дит зэпытщ.
- МащIэу узылъэIэса Iуэхум - адыгэ зэрыс зэкъуэш республикищым я зэпыщIэныгъэр гъэбыдэным, нэхъри егъэфIэкIуэным дауэ уеплърэ, Александр?
- Дэ псори ды зы лъэпкъщ, дызэкъуэшщ, щIыпIэкIэ дызэпэщхьэхуэ щхьэкIэ. Зэкъуэуда дыщIэхъуар а лъэхъэнэм щыIа политикэ еплъыкIэщ, нэхъ зэIухауэ жыпIэмэ, хэбгуашэмэ, я къарур нэхъ мащIэ хъунщ, адрейхэм яхэшыпсыхьынщ жаIэу дызэкъуачауэ аращи. Совет властым и мурадыр къэмыхъун щхьэкIэ нэхъ быдэу дызэрыубыдын хуейщ, ди бзэри, ди щэнхабзэри зэрытхъумэным, зэрызедгъэужьыным дытелэжьапхъэщ.
- Упсэу, Александр, уи мурадхэр къохъулIэну си гуапэщ.

Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: