НэгъуэщI ут щоджэгу

СэвкIуий Хьэмид Владимир и къуэр 1964 гъэм ­Къэзахъстаным хыхьэ Джам­бул щIыналъэм къыщалъхуащ. 1979 гъэм и адэ-анэм ягъусэу ар Налшык къэIэпхъуэжащ. Хьэмид зэрымыщIэкIэ сурэт щIыным хуэкIуауэ къэ­зы­лъыти щыIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар а IэщIагъэм щы­дихьэхар Кавказым фIыуэ къыщацIыху монумент гъуазджэм хэлэ­жьыхь сурэтыщI Сындыку Тобий (Анатолэ) и лъэщапIэм щIыхьа иужькIэщ. Арщ­хьэкIэ гъащIэм зэры­мыщIэкIэ зыри къы­зэ­ры­щымыхъум хэт щымы­гъуазэр?!
Ставрополь педагогикэ институтым Художест­вэмрэ графикэмкIэ и факультетыр, иужькIэ Репиным и цIэр зэрихьэу живописымкIэ, скульпту­рэм­рэ архитектурэмкIэ Санкт–Петербург дэт институтыр къеух. Хьэмид и «НысащIэ» лэжьыгъэм папщIэ 1996 гъэм ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и диплом къыхуагъэфащэ. Щеджа институтым къы­зэ­ригъэпэщ гъэлъэ­гъуэ­ныгъэхэм и Iэдакъэ­щIэкI­хэр утыку щрехьэ. 1997 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и Парламентымрэ Правительствэмрэ «Иван Грозный принимает кабардинскую делегацию», «Вы­ход пахарей» паннохэр яхуещI. А илъэсхэм Сэв­кIуийр хагъэхьэ Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм. 1999 гъэм ар яхэтщ Москва дэт Хьисэ бегъымбарым и члисэм елэжь­хэм. Хьэмид и Iэрытххэм («Крещение киевлян», «Не­сение мощей Николая Угодника») члисэр ягъэдахэ. А лэжьыгъэхэм папщIэ абы дыщэ медаль къыхуа­гъэфэщауэ щытащ.
1999 гъэм абы и «Святой Георгий» сурэтыр Каталонием и Президентым и уар­дэунэм папщIэ ящэ­хуат.­
СэвкIуий Хьэмид и лэ­жьыгъэхэм я гъэлъэгъуэ­ныгъэ Испанием, Китайм, США-м, Голландием, Санкт-Петербург, Москва, Самарэ, Курск къалэхэм, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми щыIащ. «Собирающий камни» фIэщыгъэм щIэту Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 450-рэ щрикъум Санкт-Петербург къыщызэIуиха гъэлъэгъуэ­ныгъэр сыт и уасэ?!
СэвкIуийм и IэдакъэщIэкIхэм и гугъу щащIкIэ, ар «Адыгэ джэ­гуакIуэм» езыгъапщэри мащIэкъым, пэжу къыщIэ­кIынщ, ауэ ар «щыджэгур» нэгъуэщI утщ жумыIэмэ…

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

СэвкIуий Хьэмид и графическэ лэжьыгъэхэр.

Поделиться: