Адэ-анэхэм я лъэIукIэ

Сабий псоми я деж щIэупщIэшхуэ щызиIэ «Смешарики» урыс мультсериал цIэрыIуэр лъэпкъыбзэ 15-кIэ зэрадзэкIащ икIи къэрал 60-м къыщыдокI. Адыгэ щэнхабзэмкIэ «Адыгэ» фондымрэ «Каракан» телестудием и унафэщI Къущхьэ Оксанэрэ я фIыгъэкIэ иджы ди щIэблэм Iэмал яIэщ абы адыгэбзэкIэ еплъыну.

Москва щылажьэ икIи щыпсэу адэ-анэхэр щIэлъэIуащ мультсериалхэр, псом хуэмыдэу цIыкIухэр нэхъыбэу зэплъ «Смешарики-р» адыгэбзэм кърагъэзэгъэну, я сабийхэм анэдэлъхубзэр фIыуэ зэрамыщIэм зэригъэгузавэм къыхэкIыу.
Студиер илъэс 18 хъуауэ мэлажьэ. Япэу абы адыгэбзэкIэ щызэрадзэкIащ «Шрек» мульт­фильмыр. «Адыгэ» фондым и лъэIукIэ абы къыкIэлъыкIуащ «Рапунцель», «Король Лев», «Храбрая сердцем», «Ледниковый период», «Спирит», нэгъуэщI лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. А мультфильмхэр «Адыгэ» фондым и сайтым къыщывгъуэтынущ.
«Смешарики»-р зэзыдзэкIар КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Думэн Мурэдинрэ усакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Лъостэн Музэрэщ. Апхуэдэ Iуэхум, дауи, акъыл зэхэдзэ, зэдауэ куэд кърокIуэ. Адыгэ псалъэхэм я пасэрей жыIэкIэр мыкIуэдыжын щхьэкIэ ахэр къэгъэсэбэпын, гъэлэжьэн хуейщ. Абы щыгъуэми, литературэбзэм ахэр къыумыгъэзагъэмэ, лэжьыгъэр къызыгурыIуэнур еплъхэм я проценти 5 къудейрщ. Ар хуэбгъадэ хъунущ голливуд фильм къапщтэу пасэрей славяныбзэкIэ зэбдзэкIыным. Лэжьыгъэр зи пщэрылъхэр ХьэIупэ ДжэбрэIил, Црым Руслан сымэ, бзэ щIэныгъэлIхэм йочэнджэщри, зы Iуэхугъуэ гуэрым траубыдэ.
Мультсериалым хэт лIыхъужьхэм я цIэхэри ди бзэм нэхъ пэгъунэгъу зэращIыным хущIэкъуащ: Нюшэ - Пэщабэ, Крош - ТхьэкIумэшхуэ, Копатыч - ТIэрей… Ди бзэр зыджхэм ар нэхъ тынш икIи щхьэпэ ящыхъун папщIэ субтитрхэр адыгэбзэкIэ традзащ.
Лэжьыгъэм щIалъхьэну псалъэхэр жаIэну ирагъэблэгъащ Музыкэ къэрал театрым, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист пажэхэр. Абыхэм ябзыщIыркъым ар Iуэхугъуэ къызэрымыкIуэу зэрыщытыр, театр утыкум ущыджэгуну куэдкIэ нэхъ тыншу къызэралъытэр.
Дэтхэнэ зы актёрми зы лIыхъужьщ «къигъэпсалъэр», сыту жыпIэмэ, артистым и макъыр пхъуэж щхьэкIэ, абы и жыIэкIэ-къэпсэлъыкIэмкIэ къыбоцIыхури. Къыхэгъэщыпхъэщ, лIыхъужьхэм я ныбжьым пэгъунэгъуу актёрхэр къызэрыхахыр. «Смешарики» мультсериалым я гуащIэ хэлъщ Балъкъэр Юрий, Къардэн Радик, Мысост Вадим, Щэрмэт Людмилэ, КIэбышэ Ахьед, Къардэн Заур, Хьэмырзэ Ахьмэд, КIэхумахуэ ФатIимэ, Балъкъыз Валерэ сымэ.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: