Дунейр егъэбжьыфIэ

Амщокъуэ Хьэжысмел (сэмэгумкIэ япэ итщ) Къэнжал зауэм и фэеплъу екIуэкIа, километр 500 зи кIыхьагъ шузекIуэр ирешажьэ.  2008 гъэ

 

IэщIагъэлIхэм  я  псалъэ

Гу лъумытэнкIэ Iэмал имыIэу иужьрей илъэсхэм Адыгэш лъэпкъым и пщIэм Урысейми хамэ къэралхэми щыхэ­хъуащ. Ар и фIыгъэщ а шы лъэпкъым езым и хэкум гулъытэ куу зэрыщы­хуащIми, къэрал уна­фэщIхэм шы зезыхуэхэм я лэжьыгъэм зэрызэщIагъа­къуэми, шы лъэпкъыр егъэ­фIэкIуэным елэжьу къэралымрэ республикэмрэ ит щIэныгъэ­рылажьэ институт­хэм Iуэ­хум псэемыблэжу щы­пэрыт IэщагъэлIхэм ялъэкI къызэрамыгъанэми.

Урысеймрэ хамэ къэралхэмрэ щаIэ щIэупщIэмрэ я бжыгъэмкIэ къэралым щы­зэрахуэ шыхэр зэплъытмэ, иужьрей илъэсхэм адыгэшыр адрей урысей шы лъэпкъхэм фIыуэ ящхьэдэхащ.
Шы зехуэнымкIэ Урысейпсо щIэныгъэрылажьэ институтым и Налшык къудамэм къызэрибжамкIэ, 2015 гъэм и щIышы-лэм и 1-м ирихьэлIэу Урысейм­рэ ха­мэ къэралхэмрэ адыгэшу 14044-рэ щызэрахуэрт. Абыхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэ­рым - 9240-рэ, Краснодар крайм - 1485-рэ, Адыгейм - 2019-рэ, хамэ къэралхэм - 790-рэ.
Урысеймрэ хамэ къэралхэмрэ адыгэшу итыр илъэс къэс къызэрыхатхыкIым, ахэр къызыхэкIа, зыщыщ лIакъуэ­хэр зэраубзыхум, иужьрей илъэ­сиплIым Iэпэдэгъэлэл ямы­щIу Адыгэшхэм я къэрал тхылъхэр къызэрыдагъэкIым шы лъэпкъым и пщIэр иIэтыжащ. Ар зэрырагъэфIакIуэ Iэмалу нобэ зэтеувахэм я фIы­гъэкIэ, щIыпIэ щхьэхуэм щы­зэрахуэ шы лъэпкъ къудейуэ къэмынэу, федеральнэ, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ, нэхъ шы лъэпкъыфI дыдэхэм хабжэ хъуащ адыгэшыр. А псор щхьэусыгъуэ хуэхъуащ абы ­хуащI гулъытэм зэрыхэхъуами, Урысейми хамэ къэралхэми ар щызэрахуэ щIыпIэхэм я бжыгъэр зэрыбэгъуами. Зи бжыгъэр хамэ къэралхэм 800-м щынэса адыгэшым и пщIэм нобэкIэ Урысейм щызэрахуэ адрей шы лъэпкъхэм ящыщу зыри лъэщIыхьэфакъым.
Дишхэр хамэ къэралхэм зэрынэсар куэдкIэ и фIыгъэщ адыгэшхэр зыхэта зекIуэхэмрэ шыгъажэ кIыхьхэмрэ къыщагъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм. НаIуэ хъуащ мы лъэпкъым щыщ шы бэшэчхэр, сыт хуэдэ гугъуехь пэщIэувэми, псынщIэу я къарур зэрызэтеувэжымкIэ ахэр, яхуэбгъэдэн щымыIэу, уанэш псоми япэ зэритыр. Абы щыхьэт тохъуэ иужьрей зэ­маным екIуэкIа шузекIуэхэм адыгэшхэм къыщагъэлъэ­гъуа бэшэчагъыр. Апхуэдэ зы щапхъэщ 2014 гъэм Франджым Урепелрэ (Баск щIыналъэ) Мон-Сен-Мишелрэ (Нормандие) зэпищIэу щекIуэкIа зекIуэр. Адыгэш хакIуэхэм тесу абы хэта ди шууейхэм Пиренеи бгылъэхэм махуиплIкIэ ирикIуэн зэрыхуейм хуэдэу, километр 1270-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэ гугъур махуэ 17-м якIуащ. А зекIуэр Каен къалэм щекIуэкI Дунейпсо Шыгъэджэгу Зэпеуэм и зэIухыгъуэм ирихьэлIати, Франджым и хъыбарегъащIэ Iэмалхэм хуабжьу ягъэIуат. ЦIыхубэр иджыри зэ щыхьэт техъуэжащ адыгэшыр зекIуэ гугъурэ гъуэгуанэ жыжьэкIэ зэ­рылъэрызехьэм.
Дунейпсо Шыгъэджэгу Зэ­пеуэм и Iыхьэ щхьэхуэу, зе­кIуэм хэта шыхэмрэ шууей-хэм­рэ утыкум зыбжанэрэ ­кърашэурэ цIыхубэ къекIуэлIам ира­гъэлъэгъуащ. ЗекIуэм хэ­та хакIуищри Франджым адыгэш фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм къыщагъэнащ шыгъажэ кIых зэхьэзэхуэхэм хэтыну. Илъэс блэкIам адыгэш хакIуэ Беркут II шыгъажэ кIыхь зэпеуэ лIэужьыгъуэу бгъум ­(километр 20-м щыщIэдзауэ 90-м нэс) ехъулIэныгъэшхуэ иIэу хэтащ, къинэмыщIауэ,­ ар фIыкIэ къыщыхэщащ Фран­джым щрагъэкIуэкIа шы­щIэхэм я зэхьэзэхуэ нэхъ ин дыдэм (километр 90-м), уеблэмэ и къарур зэрызэтеувэжа зэманкIэ псом япэ ищащ. Нобэ, Франджым шызэпеуэхэм, Беркут увыпIэ 805-м щыщу 21-нэр иIыгъщ. 2016 гъэм Франджым шыхэр бэшэчагъкIэ щызэпрагъэуэну зэхьэзэхуэм адыгэшу 5 хэтынущ.
Адыгэшым и пщIэм зэрыхэ­хъуэжам и фIыгъэкIэ, абы и бжыгъэр зэ­ры­хагъэхъуэным яужь итщ шы зезыхуэхэм. 2012 - 2015 гъэхэм шы щхьэ бжыгъэу къыхэ­хъуамрэ абыхэм я фIагъымрэ КъБР-м, Адыгейм, КъШР-м и Хьэбэз районым, Польшэм, Германием, Франджым къэ­рал тхылъхэм къыщыхэттхы­кIын папщIэ лэжьыгъэшхуэ едгъэкIуэкIащ. Ахэр ихуащ Адыгэшым и еб­ланэ къэрал тхы­лъым хуэтщIа гуэдзэным.
Къапщтэмэ, адыгэшхэм я нэхъыбэр пцIэгъуэплърэ пцIэ­гъуэплъ-фIыцIафэрэщ (процент 57-рэ), къарэрэ къарэ пэхурэщ (процент 40,8-рэ). Гу лъытапхъэщ къарэхэм я бжыгъэм процентипщIкIэ зэры­хэхъуам; шы зыфIэфIхэм ады­гэш нэсыр нобэ къарэу щытын хуейуэ къазэрыщыхъум ипкъ иткIэ, а шы плъыфэр нэхъ щIэ­уп­щIэ зиIэхэм ящыщщ. Ап­хуэдэу щыщыткIи, адыгэш лъэпкъым пцIэгъуэплъымрэ пцIэ­гъуэплъ-фIыцIафэмрэ я бжыгъэр процент 65-м нэсу щытмэ нэхъыфIщ.
КъБР-ми Урысейм и нэгъуэщI щIыпIэхэми адыгэшыр зэрыщагъэхъур гуартэу зэхэтущ. А Iэмалыр адыгэшым нэхъ йо­зэгъ икIи шыщIэхэм заужьынми хуэщхьэпэщ, бэшэчу щытын хьэлри къызэтригъанэу.
Иджырей адыгэшхэр хакIуэцIэр зезыхьэ лIакъуипщIым къатопщIыкI: Атлас, Фиолет, Лахран, Зураб, Аргамак, Али Кадым, Асланбек, Учинари, Зайчик. Гулъытэ нэхъ ягъуэт ­Фиолет, Лахран, Атлас, Дар, Зураб, Аргамак сымэ я лIа­къуэ-хэм. Шы зезыхуэхэр щыхьэт ­тохъуэ псом хуэмыдэу иужь зэманым Асланбек, Учинари, Зайчик сымэ я лIа­къуэхэм хэп­щIыкIыу зыкъызэраужьы­жым.
Дызэрыт зэманым адыгэ-шыр ефIакIуэу щызэрахуэ шыхъуэ IуэхущIапIэ зыбжанэм. КъБР-м, Адыгейм, Краснодар крайм псори зэхэту шы­хъуэ IуэхущIапIибгъу щолажьэ, къэ­ралым Iэщ лъэпкъыфI зезыхуэ IуэхущIапIэу илъытэу. Шы заводищ щыIэщ: Малкэ дэт шы заводыр (КъБР), «Таик» шы за­водыр (КъБР), «Аникеевым и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей шы заводыр» (Краснодар край). КъинэмыщIауэ, «племенной реп­родуктор» цIэр яIэу шы лъэпкъыфI щагъэхъуу IуэхущIапIих мэлажьэ: КъБР-м - «ЗекIурей», «Исуф», «Рассвет-Н», «Залым», «Эльбрус-Агро-Инвест; Адыгейм - «Джанет», мы гуп къедбжэкIам хэхуэ ­хъуну, шыфIхэр яIэу иджыри нэ­гъуэщI IуэхущIапIэ зыбжани республикэм итщ.
Шэч хэлъкъым шы зе­зыхуэхэм, щIэныгъэлI­хэм, IэщIа­гъэлIхэм, хьэрычэты­щIэ­хэм, шыр фIыуэ зылъагъу­хэм я гупыжхэр зы ящIрэ абы­хэм къэрал лэжьакIуэхэми хуэфэщэн гулъытэ къы­хуащIмэ, адыгэшым и дахагъым, бэшэчагъым, пэжыгъэм  итхьэкъухэм я  бжыгъэм хигъа­хъуэу, адыгэшыр  Урысейми­ хамэ  къэралхэми нэхъри  зэры­щефIэкIуэнум.  

Калашников Валерий,
ЩIэныгъэмкIэ Урысей ­Академием  и академик;
Ковешников Валентин,
мэкъумэш  щIэныгъэхэм я доктор, Шы  гъэхъунымкIэ урысейпсо  щIэныгъэрылажьэ институтым (ВНИИК) и  профессор;
Амщокъуэ Хьэжысмел,
ВНИИК-м  и Налшык къудамэм, КъБНИИСХ-м генетикэмрэ  селекцэмкIэ  и лабораторэм  я  унафэщI.

«Шы гъэхъунымрэ  шы  спортымрэ» журнал (гъэкIэщIауэ),  2016, №1

Акъыл  хэлъу  ягъасэ

Шы тесыныр зи лъым хэт адыгэхэм я щIыналъэм щызэрахуэ шым гулъытэшхуэ хуащIу къекIуэкIащ. Дэ къэбэрдеишкIэ дызэджэ адыгэш лъэпкъыр хьэрыпышымрэ къэжэрышымрэ ялъ щызыхэлъэда ­псэущхьэ махуэщ. Ар шыгъажэхэм егъэлеяуэ щылъэпсынщIэщ, щыбэшэчщ, щыжыIэдаIуэщ икIи щыхахуэщ. Иужьрей хьэлыр къыдамылъхуауэ, акъыл хэлъу зэрагъэсам и фIыгъэу пхужыIэнущ. Уанэгум ис адыгэр напIэзыпIэкIэ и шым теплъэкъукIыркъым, щIопщри ­игъэтIылъыркъым. Ауэ и лъэр лъэрыгъым къызэрырихыу, ар и шы ешам и пщылI, и атэлыкъ гумащIэ мэхъу. Хьэрыпхэм уакъыфIэкIмэ, адыгэхэм хуэдэу, шыр щымысхьу къызэрырахуэкIым къыкIэрымыхуу, щабагъкIэ зыгъэсэф лъэпкъ щыIэкъым. IэщэкIэ нэхъ IэкIуэ­лъакIуэ дыдэу Кавказым ис шапсыгъхэр шум и лIыгъэм зэрелIалIэм хуэдэ дыдэу, шым лIыгъэ ­халъхьэнми йолIалIэ.
Потто Василий,
Кавказым и тхыдэтх. 1890 гъэ

 

Адыгэ  уэрэд

Лермонтов  Михаил,  «Исмэхьил-бей»

Ди къуршхэм пщащэхэр щыкуэдщ;
Жэщ кIыфIыр вагъуэу я нэм щIэтщ;
Уадэпсэуну гъащIэ тыгъэщ,
Ауэ нэхъ лъапIэщ хуитыныгъэр!
Щхьэгъусэншэу псэу, си къуэш,
Мыри чэнджэщщ:
Ахъшэ уиIэмкIэ, си къуэш,
ШыфI зэгъэпэщ!

Унэну и гум изылъхьар
Гъуэгуанэ мыгъуэщ зытехьар,
Урысым ар пхуезэуэжынкъым:
Сыт щхьэкIэ? - И щуIэгъэр гъынкъэ!
Щхьэгъусэншэу псэу, си къуэш,
Мыри чэнджэщщ:
Ахъшэ уиIэмкIэ, си къуэш,
ШыфI зэгъэпэщ!

ШыфIым укъигъэпэжынущ,
Псыдзи мафIи ублихынущ;
Итщ ар губгъуэм гъуэбжэгъуэщу,
Жыжьэр Iэгъуэу къыпфIигъэщIу.
Щхьэгъусэншэу псэу, си къуэш,
Мыри чэнджэщщ:
Ахъшэ уиIэмкIэ, си къуэш,
ШыфI  зэгъэпэщ!

Профессорым и  псалъэ

Къэбэрдейхэр  адыгэщ, ауэ  адыгэшыр  «къэбэрдейщ»

Ди хьэщIэщым нобэ щыдипсэ­лъэгъущ зэрысабийрэ щIэныгъэкIи ­къулыкъукIи шы гъэхъуным пыщIауэ къекIуэкI цIыху гъэщIэгъуэн: мэкъу­мэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор, «Адыгэшыр хъумэнымрэ гъэ­бэгъуэнымкIэ зэгухьэныгъэм» и унафэщI Къагъырмэс Црай.

- Адыгэшымрэ «къэрэшей шы лъэпкъ» жыхуаIэмрэ сыт зэхуаIуэхур?
- «Къэрэшей шы лъэпкъ» щыIэкъым. Абы шэч хэлъкъым. «Къэрэшей мэл» зэрыщыIэм хуэдэ дыдэу, «къэрэ­шеиш» жаIэу ягъэIуну хуейти, фIэщыгъэр тхылъхэм ирырагъэтхэфащ. Аркъудейщ. Иджыпсту Урысейм мэкъумэш IуэхухэмкIэ и министерствэм абы ткIийуэ бгъэдыхьэн IэщIагъэлI зэрыщымы-Iэращ а псалъэмакъыр къыщIекIуэкIыр. Шы лъэпкъыщIэ, «порода» жыхуэтIэр, къэбгъэхъун папщIэ, ар зыхэхъукIын шы гуп, «породная группа» жыхуаIэм хуэдэ, уиIэн хуейщ, щхьэ бжыгъэ гуэрым нэсу. Илъэс зыбжанэ докIри, а зыхэхъукIыпхъэхэм я бжыгъэр здынэсыпхъэм нэса нэужь, абы лъэпкъыщIэ къыхащIыкI. Сэ Налшык шыгъэжапIэм и унафэщIу, къинэмыщIауэ СССР-м Мэкъумэш IуэхухэмкIэ и министерствэм «Шы гъэхъунымрэ шы заводхэмрэ епха» къудамэ нэхъыщхьэм и унафэщIым и япэ къуэдзэу сылэжьащ илъэс куэдкIэ. А зэманым иджы «Къэрэшей шы завод» зыфIащыжам «Къэрэшей ЦIыкIу шы заводкIэ» еджэу щытащ. Абы щыгъуэми иджыри абы щызэрахуэр адыгэшт. Ди шыгъэжапIэм щекIуэкI зэпеуэхэм къэрэшейхэм къашэу щыта шыхэр зэ­рыттха тхылъхэр къэпIэтыжмэ, псоми зэритыр адыгэшущ. ИгъащIэм «къэрэшеиш» жытIэу ттхакъым. Шы къэсыхункIэ «лъэпкъ тхылъ» иIэщ, паспорт хуэ­дэу. Абыхэми иратхэу щытащ къэрэшейхэм къашэу щытар зэрыадыгэшыр. Ар зрихьэлIэр 1970 гъэхэращ, куэд щIа­къым. А лъэхъэнэм я гуи я щхьи къэкIыртэкъым «къэрэшеиш» жаIэну. Мэзкуу сыщылэжьэхуи а фIэщыгъэр зы жьи къыжьэдэкIакъым.
1968 гъэм СССР-мрэ РСФСР-мрэ ­мэкъумэш IуэхухэмкIэ я министерст­вэхэм Шы зехуэнымкIэ союзпсо щIэныгъэрылажьэ институту Рязань къалэм дэтым зэхуэс щрагъэкIуэкIауэ щытащ. Сэ абы щыгъуэ Тимирязевым и цIэр зезыхьэ мэкъумэш академием аспиранту сыщыIэу арати, сызэрыадыгэм, си диссертацэри адыгэшым зэрытеу­хуам къыхэкIыу, лIыкIуэхэм я гъусэу ­Рязань срагъэблэгъат.
- КъэбэрдеицIэр щхьэхуэу бгъэIуу ядэрэт абы щыгъуэм?
- «Къэбэрдей» цIэр сыт щыгъуи ягъэIуу щытащ, уеблэмэ иджыпсту нэхъ­рэ нэхъ ину. Зэхуэсым щхьэусы­гъуэ хуэхъуар зы Iуэхугъуэ закъуэт: «Ин­джылыз-къэбэрдеиш къуэпсыр къа­был щIыныр». Къэбэрдейм а зэманым ­мэкъумэш IуэхухэмкIэ министерствэр зи IэмыщIэ илъыр ХьэщIэлI Мухьэмэдти, телефонкIэ сыкъэпсалъэ­ри жесIащ: мыпхуэдэ зэманым мыпхуэдэ щIыпIэм Iуэхушхуэ къыщаIэт, «инджылыз-къэ­бэрдеиш къуэпсым теухуауэ» зэхуэс щыIэщи, зыгуэр къэвгъэкIуамэ арат жысIэри. «Инджылыз уанэш лъы къабзэ» жаIэри щыIэщ. Абырэ адыгэшым-рэ къатепщIыкIыжарат «инджылыз-къэ­бэрдеиш къуэпс», е, урысыбзэкIэ жы­п­Iэмэ, «породная группа» хъуар. Адыгэш лъэпкъыр епщыкIуханэ лIэ­щIыгъуэ лъандэрэ щыIэт, иджы абы и къуэпс инджылыз-къэбэрдеишыр къы­зэрызэфIэувам щыхьэт техъуэ IэщIа­гъэлIхэм IэIэткIэ унафэ къащтэу, тхылъхэми иратхэу, 1968 гъэм утыку къихьэу арат. ХьэщIэлIым деж сыкъы­щымынэу, партым и обкомым мэкъу­мэш IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Кудзиевэ Верэ дежи сыкъэпсэлъат ардыдэр жесIэу икIи тIуми сыкъагъэгу­гъат зыгуэр нагъэкIуэну. Арати, зэманыр ­къосри, си кафедрэм и унафэщI Красников Андрей сри­гъусэу докIуэ зэхуэсым. Андрей Сергеевич и кандидат, доктор диссертацэхэр зытеу­хуар адыгэшрат, езыри илъэс къэс Налшык къакIуэрт. И диссертацитIми зы псалъэ иткъым «къэрэшеиш» жиIэу. Адыгэшым теу­хуауэ куэд дыдэ щищIэкIэ, щыпрофессоркIэ, Красниковыр къыщагъэпсэлъэнтэкъэ зэхуэсым. Къопсалъэ. Сэ сыаспирант къудейт, утыку срагъэхьэну сигу къэкIыххакъым. АрщхьэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ни­кIыну сызыщыгугъа лIыкIуэхэр министерствэми обкомми нагъэкIуакъым, адыгэу щIэсыр си закъуэт. Къэрэшейуэ цIыхуитху нэкIуат, мэкъумэшымкIэ ми­нистрыр я пашэу, Къэрэшей шы заводым и унафэщIыр я гъусэжу. Абыхэм къэпсэлъэн щIадзэри, дэтхэнэ зыми «инджылыз-къэбэрдей къуэпс» щызэхэвублэкIэ, дэри «инджылыз-къэ­рэшеиш къуэпс» дывгъэщI жаIэ.
- Абы щыгъуэ «къэрэшей шы лъэпкъ» жамыIэу, «къуэпс» жаIэу арат?
- Къэрэшей шы лъэпкъ жаIэну ягу къэкIыххэртэкъым, къезэгъыртэкъыми. Сытми, къэтэджхэурэ тхури апхуэдэ щIыкIэу лъэIуахэщ. Абдежым «аспирант щIалэм зыгуэр къыджиIэфыну пIэрэ а Iуэхум теухуауэ» жаIэри, псалъэ къызат.
Сэ сыкъэтэджри жысIащ «инджы­лыз-къэбэрдеиш къуэпсыр» хабзэм къигъэув мардэхэм зэрыхуэкIуэр. Сы­ту жыпIэмэ, ар къызытепщIыкI шы лъэпкъитIри къуэпсыщIэ къызыхэкIын бжыгъэм нэсу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыдиIэщ: «Малкэ шы заводым» къэ­бэрдей шы лъэпкъыр щызэрахуэ, Май районым дэт «Къэбэрдей шы заводым» инджылыз уанэш лъы къабзэ щызэ­рахуэ. А тIум нэмыщI иджыри шы щагъэхъуу фермэ 12 колхозхэмрэ сов­хозхэмрэ щыдиIэщ. Абыхэм щызэрахуэ шы бжыгъэм Iэмал къует инджы­лыз-къэбэрдеиш къуэпсым и Iуэхур къэпIэтыну. Къэрэшей-Шэрджэсым и лIыкIуэхэр зыщIэлъэIум и гугъу пщIымэ, абы утеп­сэлъыхьыну игъуэ къэмысауэ къы­золъытэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, инджылыз-къэрэшеиш зыфIэпщын зы шы закъуи щыIэкъым. ЩIыщымыIэр, «къэрэшей шы лъэпкъ» щыIэкъыми аращ. Дауэ инджылыз-къэрэшей ­къуэпсым и Iуэху къызэрыпIэтынур, ар къызыхэкIыпхъэ шы лъэпкъхэр ща­гъэхъу хъупIэ щымыIэу? Къэрэшей-Шэрджэсми щыIэщ «Къэрэшей ЦIыкIу шы заводи», фермэхэри, ауэ абыхэм щагъэхъур адыгэшщ.
Мэкъумэш IуэхухэмкIэ министерствэм шы гъэхъунымрэ шы заводхэм­рэ я IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и уна­фэщIрат зэхуэсыр езыгъэкIуэкIри, абы жиIащ: «Аспирант щIалэр захуэщ, уеб­лэмэ абы и псалъэр профессорхэм жаIам нэхърэ нэхъ щхьэпэщ, сэри абы сриакъылэгъущ. Сэ къыхызолъхьэ инджылыз-къэбэрдеишыр къабыл тщIыну, инджылыз-къэрэшеишым дытеп­сэлъыхьыныр зэкIэ пасэу тлъытэну. Хэт абыкIэ арэзы?» Псоми Iэ яIэтащ. Абы ипкъ иткIэ, 1968 гъэм щегъэжьауэ адыгэш лъэпкъым и къуэпс инджылыз-къэбэрдеишыр утыку итщ икIи щыIэщ.
- Къэрэшейхэр къып­пэ­псэ­лъакъэ «абыхэм зэрахуэр къэбэрдеишщ» щы­жыпIам?
- Дауэ къыспэпсэлъэнт, зэрыщымы-Iэр щащIэжкIэ, зыри жаIакъым. АпхуэдизкIэ гурыIуэгъуэти, утепсэлъыхьыныр лейт. «Къэрэшеиш» жаIэн щыщIадзар 1980 гъэхэращ. Езыр лъэпкъкIэ къэрэшейуэ Хотов Владимир жаIэри Тимирязевым и цIэр зезыхьэ мэкъумэш академием щылажьэрти, абырэ кафедрэм унафэщIу трагъэувагъащIэ зы щIалэрэ зэгухьэри къэрэшеишым теухуа тхыгъэхэр зэрагъэпэщащ, шым теухуа щIэныгъэ тхылъхэм ирырагъэтхащ. Ауэ шы лъэпкъым зэрыхуэфащэм хуэдэу, хабзэкIэ къэунэхуауэ икIи щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ щыхьэт иIэжу, апхуэдэ щыIэкъым.
- Къэрэшейхэр хэкум ирашу къагъэзэжа нэужь, адыгэш мин иратар пэж?
- 1956 - 1957 гъэхэм, къэрэшейхэмрэ шэшэнхэмрэ къагъэкIуэжа нэужь, Коммунист партым и Комитет Нэхъыщхьэм унафэ къищтат я псэукIэр щагъэпсынщIэну, лъэпкъ къэс щхьэж зэрыхузэфIэкIкIэ ядэIэпыкъуну. А зэманым Къэрэшей-Шэрджэсыр Ставрополь крайм хыхьэрт, ауэ щIыпIэкIэ нэхъ япэгъунэгъур Къэбэрдейрат. Абы щыгъуэм колхоз-совхозхэм щагъэ­хъуу шы мин 23-24-рэ хуэдиз диIэт. Сэ сызэригугъэмкIэ, Iэщ щхьэ бжыгъэкIэ фадэIэпыкъу къыжраIа къыщIэкIынт ди республикэми, Мэлбахъуэм колхоз-совхозхэм я унафэщIхэр, районхэм я парт секретархэр зэхуишэсри унафэ яхуищIащ: уэ шыуэ мыпхуэдиз уиIэщи, мыпхуэдиз ет къэрэшейхэм, уэ - мыпхуэдиз, псори пщIэншэу.
- Адыгэш къабзэт иратыр?
- Нэгъэсауэ адыгэш лъэпкът. 1957 гъэм езыхэм зыш ямыIэжу къекIуэлIэжахэти, адыгэш мин тыгъэ хуащIауэ щытащ. Ахэрат ди шыгъэжапIэм къашэу щытахэр, иджыпсту архивхэри а зэманым ттха программэхэри къэпIэтыжу уеплъмэ, плъагъунущ абыхэм къашар адыгэш защIэу зэрыщытар.
- Шы лъэпкъыщIэ къэунэхуащ жыпIэн щхьэкIэ, сыт нэхъ мащIэ дыдэу абы бгъэдэлъын хуейр, хуит узыщIыр е узымыщIыр сыт ар щIэуэ плъытэну?
- Дэтхэнэ зы Iэщри лъэпкъ щхьэхуэу, «порода» жыхуэтIэм хуэдэу плъытэн папщIэ, ар лъэпкъыфIхэм, урысыбзэкIэ «племенной» зи цIэхэм ящыщын хуейщ. Сэ илъэс тIощIрэ тхукIэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и Iэщ лъэпкъыфI зэгухьэныгъэм и унафэщI нэхъыщхьэу сыщытащ. Илъэс тIощIым щIегъури нобэр къыздэсым «Урысейм Iэщ лъэпкъхэр щызыубзыху зэгухьэныгъэм», Мэзкуу щылажьэм, сыхэтщ. 1995 гъэм цIыхуибл дыхъуу «Iэщ лъэпкъыфIхэм ехьэлIа хабзэ» («Закон о племенном животноводстве») къэтщ­тауэ щытащ. Республикэм сыкъэкIуэжа иужькIэ, КIуэкIуэ Валерэт президентыр а зэманми, Къэбэрдей-Балъкъэрым пап­щIи тхуэгъэхьэзыр апхуэдэ жиIэри, а хабзэр республикэми къыщытщтауэ нобэр къыздэсым щыIэщ. Мис а тIуми итщ «лъэпкъыфIкIэ» узэджэ хъуну Iэщыр зыхуэдэн хуейр. Иджы «лъэпкъ» (порода) жыхуэтIэм теу­хуауэ. ЛъэпкъыфIым щымыщыр лъэпкъ щхьэхуэу убж хъунукъым. Былымыр лъэп­къыфIхэм хагъэхьэн папщIэ, мардэ зыбжанэм нэсын хуейщ.
1. Япэрауэ, лъэпкъыфIым зэрыщы­щым щыхьэт техъуэ тхылъ, «племенная карточка», иIэн хуейщ. Ар цIыхур тIысу зыми къимылъагъуу и лэжьапIэ пэшым щитхыфынущ, арщхьэкIэ ар мащIэщ.
2. ЕтIуанэрауэ, Iэщыр Мэзкуу щыIэ «Былым лъэпкъыфIхэм я тхылъым» иратхауэ щытын хуейщ.
3. Ещанэрауэ, былымыр лъэп­къыфI­хэм хэзыгъэхьэ тхылъ хуэптхын ипэ, апхуэдэ тхылъым Iэщым и адэри и анэ­ри итын хуейщ, абыхэми апхуэдэ тхылъ яIэу, я адэ-анэхэри абы иту. ПцIы бупсу щытмэ, занщIэу тхылъыр къащтэри йоплъ. Абы былымым и бжыгъэ нагъыщэри, къыщалъхуа зэманри, щIыпIэри, ахэр къэзылъхужахэри итщ. Дэ дыкъызытехъукIахэм ятеухуауэ ныбжьиплI-тхукIэ дызэIэбэкIыфмэ арэзы дохъу, былымыр лъэпкъыфIу убжын щхьэ­кIэ, ныбжьиплI мынэхъ мащIэкIэ узэIэбэкIыфу щытын хуейщ: и адэ-анэр, адэшхуэ-анэшхуэр, абыхэм я адэ-анэр, я адэшхуэ-анэшхуэхэр. А плIым зыгуэр чэммэ, былымыр лъэпкъыфIым хабжэркъым.
4. Ауэ ари ирикъуркъым. Былымыр лъэпкъыфIым хыхьэу щытми, ар ягъэхъуным, ягъэбэгъуэным хухахауэ щытын хуейщ, лыхэкIыу къагъэщхьэпапхъэу щымыту. Лы ящIын папщIэ, ягъэхъур лъэпкъыфIхэм хабжэркъым. Дэтхэнэ зы былымри, уеблэмэ абы и адэ-анэр нэхъ лъэщ дыдэу ялъытэ «элита-рекорд» лъагагъ иIэу къыщIрырекI, езыр ягъэбэгъуэным хухахауэ щымытмэ, ар лыхэкI ящIыпхъэхэм хыхьэу аращи, лъэпкъыфIу убж хъунукъым.
- Хэт ар зэхэзыгъэкIыфыр?
- IэщIагъэлIхэр псоми еплъа нэужь, мэтIысри унафэ къащтэ: мыр лыуэ фIэкIа къэбгъэсэбэп хъунукъым. Абы зэреджэр «мыхъунур къыхэдзын» Iуэхущ.
Иджы шым догъэзэжри, а «къэрэшеиш» жыхуаIэр зищIыс дыдэр сыт? Мэзкуу «Шы гъэхъунымрэ шы зэ­хьэ­зэ­хуэхэмрэ» («Коневодство и конный спорт») и фIэщыгъэу щIэныгъэ журнал къыщыдэкIыу щытащ. Абы къытрезгъэдза тхыгъэм сыщытопсэлъыхь «къэ­рэшеиш» фIэщыгъэр къыздикIамрэ къикIымрэ. ЩIэныгъэлI псалъэкIэ абы зэреджапхъэр «Къэрэшей шы лъэпкъ­къым», атIэ «къэбэрдеишым и къэрэшей лIэужьыгъуэщ». Аращ щIэныгъэ­лIыбзэкIэ абы узэреджэну къезэгъыр.
- «ЛIэужьыгъуэр» «лъэп­къым» къы­зэрыщ­хьэщыкIыр сыт?
- Ар нэгъуэщI зыгуэрщ. Адыгэшыр адыгэшу къонэж абы щыгъуэми. Абы­хэм я гукъыдэжми зыдыдогъэкIу, дэри ди щхьэ дохъумэж. Зэран дахуэхъуркъым, аращ нэхъри ди жагъуэ щIэ­хъур: шы лъэпкъ щымыIэм шы лъэпкъ фIэпщ хъунукъым. Къэрэшейхэм зэрахуэ шым захуагъэм тету и цIэ къисIуэнщ жыпIэмэ, зэрыжыIапхъэр «къэбэрдеишым и къэрэшей лIэужьыгъуэщ».
Адыгэшыр, япэрауэ, зыми емыщхь, нэгъуэщI зыми хэмызэрыхьын шы лъэпкъщ. Теплъэм щIэныгъэ псалъэкIэ зэреджэр «экстерьер»-щ, абыкIи нэгъуэщI зы шы лъэпкъым ещхькъым адыгэшыр. ЕтIуанэрауэ, и пкъым и бы­дагъыр. КъинэмыщIауэ, уеплъкIэ умы­лъагъуу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, и хьэ­лымкIи адрей шы лъэпкъ псоми къащхьэщокI адыгэшыр. Уеблэмэ и псант­хуэ зэхэлъыкIэмкIэ, шыгъэ-лIыгъэкIэ ещхь­къым зыми. Сыт адыгэшыр адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр? И гур егъэлеяуэ кIэроп­щIэ а шыр зейм. Хьэр зейм псэкIэ етакъым, адыгэшым хуэдэу.
Иджы лIэужьыгъуэ, «тип» жыхуэтIэм теухуауэ. Къэрэшей лIэужьыгъуэ жыпIэ хъунущ, щIыжысIэр къэбэрдей шы лъэпкъыр лъэпкъыу къонэжри аращ. Ауэ шыщIэр къамылъху щIыкIэ къэрэшейхэр фIыуэ йолэжь адыгэшым, хъарзынэу ягъашхэ. КъинэмыщIауэ, анэри зыхуей хуагъазэурэ, абыхэм къа­гъэхъу адыгэшыр дыдейм нэхърэ зы сантиметр, сантиметррэ ныкъуэ­кIэ нэхъ ин мэхъу. Анэр къэбэрдейуэ, адэр инджылыз уанэш лъы къабзэрауэ щыщыткIэ, абыхэм къащIэхъуэри сантиметр зытхухкIэ нэхъ лъагэщ дэ ди инджылыз-къэбэрдеишым нэхърэ. ГурыIуэгъуэщ, фIыуэ щыбгъашхэкIэ нэхъ ин зэрыхъунур: IэпкълъэпкъкIэ нэхъ инщ, ауэ лъэпкъым зихъуэ­жыркъым абы щхьэкIэ. «Къэрэ­шеиш» зы­фIащыр аращ, абы узэреджэ хъу­нур «лIэужьы­гъуэщ»: лъэпкъыр зэрылъэпкъыу къо­нэж, къуэпси хъуркъым, лъагагъкIэ сантиметррэ ныкъуэкIэ зэрынэхъ лъагэращи, ар теплъэм и щытыкIэ къудейщ. ХьэлкIи щэнкIи шыр зэрыадыгэшщ. Ар мис а «экстерьер» жыхуаIэращ зы­хыхьэр, абы и зэхъуэкIыныгъэхэр жы­жьэ нэсыркъым.
- Интернетым щIалэгъуалэр щызодауэ: адыгэхэм «къэрэшеиш» щыIэкъым жаIэ, къэрэшейхэм «адыгэш» щыIэкъым жаIэ.
- Сэ си щхьэкIэ зы цIыху адыгэуи, мыадыгэуи, къэрэшейуи, урысуи срихьэлIакъым адыгэш лъэпкъ щыIэкъым жиIэу. Губзыгъэу апхуэдэ жызыIэн щы­Iэкъым, ар жызыIэнур делэщи, апхуэдэ сыхуэзакъым.
- Адыгейхэми къэрэшейхэм я гъу­нэгъу къэбэрдей-шэрджэсхэми я гуа­пэ хъуркъым адыгэшым урысыбзэкIэ «кабардинская порода» зэрыхужаIэр, адыгэ псори къызэщIиубыдэу «черкесская» жамыIэу.
- Адыгэшыр зэрыкъэбэрдеишыр зыми и жагъуэ щIэхъун щыIэкъым. Япэм ди хэкум къакIуэ зыплъыхьакIуэхэр псоми «шэрджэскIэ» къыдэджэрти, аращ «шэрджэсыш» цIэм ущIрихьэлIэр. Ауэ дуней псом адыгэшыр къызэрыщацIыхур «къэбэрдеишущ», абы уригушхуэн хуейуэ аращ, адыгэ псори адыгэщ.
Совет Союзым и зэманым «Шым теу­хуа тхылъ» томитху хъууэ къыдагъэкIауэ щытащ, Будённый Семён маршалым и нэIэ щIэту. Профессорхэр, академикхэр щытопсэлъыхь абы къэбэрдеи­шым. ЕпщыкIуханэ лIэщIыгъуэм, 1540 - 1550 гъэхэм, зэфIэувакIэт къэбэрдей шы лъэпкъыр, дуней псом щыцIэрыIуэу. Ар хэIущIыIу зыщIар къэбэрдей щIэ-ныгъэлIхэракъым, Инджылызым, Италием, нэгъуэщI къэралхэми къикIа зыплъыхьакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэщ. Мис абыхэм я нэгу щIэкIырт адыгэхэм я шыр фIыуэ зэралъагъур, я быным хуэдэу зэрапIыр, езыхэм шхын ямыIэу щытми, зыхуагъэныкъуэурэ зэрагъаш­хэр. Ялъэгъуар ягъэщIагъуэу щатхыж тхыгъэхэм адыгэм «шэрджэст» зэрыщеджэр. АрщхьэкIэ «шэрджэс шы лъэпкъ» щыIэкъым, щыIэр «къэбэрдей шы лъэпкъщ», ди къуэшхэм я жагъуэ щIэхъур аращ. Сэ сахуэзамэ, яжесIэнт я жагъуэ хъуным и пэкIэ, загъэщIэ­гъуэн зэрыхуейр: адыгэм кIахэхэри шэрджэсхэри хохьэ, псори дызылъэпкъщ, ауэ шыр къэбэрдейщ.
- Адыгэшыр хьэрыпышым къыте­хъукIар пэж?
- Пэжщ. Куэдым Iэджэ жаIэ ар къызы-техъукIам теухуауэ. Езы адыгэхэм шы куэду зэрахуэу щытащ, лъабжьэ хуэ­хъуауэ убжынур аращ. Иджыри «къэбэрдей шы лъэпкъ» жамыIэу, ауэ «щIыпIэм щызэрахуэ шы лъэпкъ» жаIэу. Иджы а «щIыпIэм щызэрахуэр» дэнэт къыздикIыр? Езы адыгэхэр лъэрызехьэу, лъэщу щытащ а зэманым, Урысейри къатемыкIуэфу. Зауэ IуэхукIэ зэбгъэрыкIуэ, зытекIуэ лъэпкъхэм яшхэр къахуурэ япIырт. Апхуэдэ зы щапхъэщ нэгъуейхэмрэ абыхэм яшхэмрэ. Ауэ ари мащIэт. Псом хуэмыдэу куэд къыздрашу щытар Хьэрып щIыналъэращ. Хьэрыпышыр езыр шы дахэщ, губзыгъэщ, игу-и щхьэ зэрызэтелъри ягу ирихьырт адыгэхэм. Хьэрыпышымрэ езыхэм яшхэмрэ къа­техъукIыжахэр фIыуэ зыхуей хуагъа­зэрт, езыхэр щыпсэу унэм щIагъэсырт. Зы зэманкIэ унэм и ныкъуэр шым ирату щытащ, шэщ ямыщIу. ИтIанэ, нэхъ быдэ ящIын щхьэкIэ, шэщми унэми щIамыгъэсу, щIымахуэми гъэмахуэми пщIантIэм дагъэтын щIадзащ. Ягъа­сэрт. Псалъэм папщIэ, зекIуэ жыжьэ кIуэну унафэ ящIамэ, зы шу-шууитIтэкъым абы кIуэр, цIыху щэ ныкъуэ, шууи­щэ е нэхъыбэж. Хъыбар зэIэпахырт: фишхэр вгъэхьэзыр, километрищэ е мин зэпытчынущ, къуршым дикIынущ, гъуэгур мывалъэщ, псыми дикIынущ, евгъасэ. Махуэм пщIэнейрэ, пщы­кIутхурэ псым хашэурэ, мышынэн щхьэкIэ, шыр ягъа­сэрт. Мис апхуэдэу илъэсищэ бжыгъэхэр кIуащ, а хьэрып шы лъэпкъри мыдрей нэгъуей­хэри къагъэсэбэпурэ, ди шыр здынэсам нэсащ. Нэхъыбэу хьэрыпышращ къызытехъукIар.
- Иджыпсту и Iуэхур зытетыр сыт адыгэшым?
- 2001 гъэ лъандэрэ «Къэбэрдей шы лъэпкъыр хъумэнымрэ гъэбэгъуэнымкIэ зэгухьэныгъэм» сриунафIэщIщи, зыжепIэ хъуну псоми яжызоIэ сигу ­къеуэр. Налшык шыгъэжапIэм инджы­лыз уанэш лъы къабзэм зратыжащ. Къэбэрдеишыр лъэпкъ къабзэу аращ. Иджы а лъэпкъ къабзэр зэрамыхуэу, лъы къабзэр зэрахуэн щIадзащ.
- «Лъы къабзэмрэ» «лъэпкъ къабзэмрэ» сыт зэрызэщхьэщыкIыр?
- Дуней псом шыуэ тетым лъы къабзэу яхэтыр шы лъэпкъитI къудейщ: хьэрыпышымрэ инджылызышымрэ. Мы­д­рей псоми, дэ дыдейри яхэтыжу, зэ­реджэр лъэпкъ къабзэщ. Абыхэм нэ­гъуэщI шы лъэпкъ яхэткъым, зэ­ры­щытщ. Къэбэрдеишым, псалъэм пап­щIэ, и анэр къэбэрдейуэ, и адэр хьэ­рыпышрауэ ялъытэ. Абы зэреджэр лъы зэхэлъэдащ.
Налшык шыгъэжапIэм къэбэрдеиш щызэрахуэжкъым. 1979 - 1980 гъэхэм пщIондэ щызэрахуэу щытащ, зыхуащIари адыгэшрат ар, ауэ инджылыз уанэш лъы къабзэм зратащ. Иджыпсту нэхъ тепсэлъыхьу щIадзэжащ адыгэшым, шэч хэмылъу. Ауэ ар зыхуей хуэзэн пап­щIэ, къэралым зыкъыщIигъакъуэу щы­тын хуейщ. Мэкъумэш IуэхухэмкIэ министерствэм къудамэ иIэщ ар и ­къалэну, «Iэщ лъэпкъыфIхэм епха хабзэми» къалэн къащещI: зи бжыгъэр мащIэ хъуа Iэщ лъэпкъхэм къэрал мылъку яхухэгъэкIын хуейщ, жеIэри. Адыгэшыр абы хохьэ. А гукъеуитIыр иджыпстукIэ диIэщ.
- 1957 гъэм шы мин 24-м нэс диIэт республикэм жыпIащ, иджы сыт хуэдиз диIэн?
- Мини 9-м щIигъу.  
- Хэт ахэр  зезыхуэр?  
-  Псом  нэхъыбэу  Малкэ шы заводым, абы  укъыфIэкIмэ, мэкъумэш IуэхущIапIэ  жыхуаIэхэм, цIыху щхьэхуэхэм  зэрахьэу.  
- Шы уиIэ?
- Нобэ  сыщыпрофессоркIэ, дауи,  шы зесхуэркъым.  Совет  зэманым  къэралым  къыпхуидэртэкъым шы зепхуэну,  ныкъуэдыкъуэхэм зы шы закъуэ яIэну  хуитт,  адрейхэм шыд фIэкIа зэрырагъахуэртэкъым. Ауэ ди  адэр шыхъуэт,  совхозым ейуэ шы  щищ хуэдиз  зэрихуэрти, абы лъандэрэ фIыуэ солъагъу шыхэр.

 

Адыгэш  табыныр губгъуэм  къокIыж.
Домбеякъым  къыхэщIыкIа  скульптурэр зыщIар  Лансере  Евгенийщ. 1878 гъэ

 

Адыгэ  шууей.
Домбеякъ  скульптурэр Лансере  Евгений  ищIащ. 1879 гъэ

 

 

Жыжьэ - гъунэгъу

Хьэтхэр,  касогхэр, шэрджэсхэр, къэбэрдейхэр

 

Хьэт зауэлIхэр.

 

Ди лъэпкъым и къежьапIэм дылъыхъуэн хъумэ, дэ щIэх-щIэхыурэ я гугъу дощI хеттхэмрэ хьэтхэм­рэ. Иджы шэч зыхэмылъыж гъэунэхугъэхэм зэрыжаIэмкIэ, хьэтхэр адыгэ-абазэхэм я адэжьу ялъытэ, хеттхэр зыщхьэщыува лъэпкъышхуэт. Нобэрей щIэ­ныгъэлIхэм шэч къытрахьэжыркъым «каск-ка­согхэр» зи адэ пасэ адыгэхэмрэ «апшылы»-хэр зи адэ абазэхэмрэ хьэтхэм япэгъунэгъуу псэуа, бзэ­кIи я лъэпкъэгъуу щыта зы лъэпкъыжьым къызэрызэдытепщIыкIам, ар къыхощ Ардзинбэ Владислав и щIэныгъэ тхыгъэхэм.  
Чех щIэныгъэлI Замаровский Войцех «Хьэтхэм я щэхухэр» зыфIища тхылъым щыжеIэ:
«Хьэтхэм ятеухуа тхыгъэ нэхъ кIэщI дыдэми я ­гугъу щумыщIу хъунукъым ятIа­гъуэм тету къагъуэтыжа таблицэ цIыкIуиплIым. Тхыгъэр зэрытхар хьэтыбзэщ, ауэ щIыпIэ-щIыпIэкIэ щымыщыбзэ гуэр къыхозэрыхь. Ахэр 1920 гъэхэм Истамбыл музейм къыщагъуэтыжа нэужь, 1930 гъэм хьэтыбзэр джыным ехъулIэныгъэ нэхъ ин ды­дэ хэзылъхьа чех щIэныгъэлI Грозный Бедржих тхы­гъэм къеджауэ щытащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, а тхыгъэр шыхъуэ IэщIагъэм теу­хуат.
Тхыгъэр зи IэдакъэщIэ­- кIыр хьэт пащтыхьым и шыхъуэ нэхъыщхьэ Кик-Кулит. Езы Кик-Кули хьэттэкъым, митанийхэм ящыщт. Ар хьэт пащтыхьым къригъэблэгъауэ арат, и пащтыхьы­гъуэм шыр зэрагъасэ IэмалыщIэхэм зыщригъэужьын папщIэ. «IэмалыщIэхэр» жы­пIэну иджы тIэкIу къе­мызэгъыж хуэдэу щытми, Кик-Кули и Iэмалхэр нобэрей «инджылыз шы зехуэ­кIэ» жыхуаIэм куэдкIэ тохуэ.
«Зэрытхыгъэу сыкъеджа нэужь, - етхыж езы Грознэм, - къызгурыIуащ сIэщIэлъыр Iыхьищ хъу учебникыу зэ­ры­щытыр: 1) шыр гъэсэным зэрыхуагъэхьэзырыр; 2) шыр ущу зэрагъасэр; 3) шыр жэуэ зэрагъасэр».
Псори зэхэту шы гъэсэным махуэ щитI ехь. ГъэщIэгъуэнщ зы лъэбакъуэ, зы зы­­гъэпсэхугъуэ, шхэгъуэ, псы ефэгъуэ, гъэпскIы­гъуэ дэмыхуу, IэщIагъэлIым а ­махуэ щитIым и кIуэцIкIэ ­ щIэн хуейр къызэрыритхэкIыр. Езыр индоевропейскэ тхыгъэу щытми, къуэ­кIыпIэм хуумыгъэфэщэн зэгъэзэхуэкIэкIэ зэхэлъхьа мы тхыгъэм укъе­гъэуIэбжь. Тхыгъэм щыщ ­термин куэд ми­таний-арийхэм я къэпсэлъыкIэм тетщ, псалъэм папщIэ, нобэ шы­хъуэ IэщIагъэм теухуа терминхэр инджылызыбзэу зэ­рыщытым ещхьу.
Тхыгъэр зэрыщыту къэдмыхьу, шы гъэхъуным пы­мыщIахэм яфIэгъэщIэгъуэ­нынкIи хъуну тIэкIум я гугъу тщIынщ. Хьэтхэмрэ митанийхэмрэ    шыхэр  шэщым щIа­гъэт, ауэ гъатхэмрэ гъэмахуэмрэ губгъуэм ща­гъэхъу. Нэхъыбэу удзрэ мэкъу­кIэ ­ягъашхэ, ари - жэщым. Ягъэпс­кIа нэужь, ­ хьэ Iусу ­ират. Iусым хьэ зэ­теуда хакIутэ, шым гъэныщкIукIэ ищIэн папщIэ. Апхуэдэу зэ­ры­щытым хуэдэу, шыхэм шхыныр ­хуиту хуаутIыпщыртэкъым, ар щыпаубыдымрэ загъэнщIыху щагъаш­хэ­хэм­рэ зэхэхащ. Ягъэсэн папщIэ къыхахыр шыгъажэ кIыхьхэм щытекIуэфхэ­рат. Япэрей гъэ­хьэзыры­гъуэм махуэ 21-рэ ехь. Езы гъэсэныгъэр ма­хуэми жэщми ирагъэкIуэкIырт, и кIэм деж шыхэм ущрэ жэ­-      кIэ километри 112-рэ зэпрагъэчу. Ар зыхузэфIэкIхэр дзэм хагъэхьэрт.
Мыбдежым хьэтхэм щIэныгъэмрэ гъуазд­жэм­рэ хуащIа хэлъхьэны­­гъэ абрагъуэм ды­къыб­гъэдо­хьэ, Цезарь   ещхьу,   дзэ   Iыгъы­ным «гъуа­зджэ» фIэтщынымкIэ ды­зэ­дэарэзымэ. Ар хьэт­хэр зэ­рызауэ шыза­къуэгухэр Iуэ­­хум нэхъ хуэ­щIауэ зэ­рыщытарщ. А Iэмалыр къэ­зыгупсысар езыхэр армы­рами, хьэтхэм апхуэдэ зэуэкIэ Iэмалым революцэ псо къыщагъэхъуауэ жыпIэ хъунущ.
Ассирий-вавилонхэри мы­сыр­хэри зэрызауэ шыза­къуэгухэм елъытауэ, хьэтхэм я шыгу зэщIэщIахэр, цIы­хуищ зэрыс, шэр­хъитI зыщIэтхэр куэдкIэ нэхъ псынщIэт, дэтхэнэ зыми и къа­лэныр зэрыубзыхуам къы­хэкIыу. Шыр шыгухум ­и унафэм щIэтт, шабзэ зы­Iыгъ зауэ­лIыр мэIузехьэм ихъу­мэрт, езы  шабзауэм  и   IитI­ри ­хуитт.   Ауэ   щыхъу­кIэ,   хьэтхэм  я бийхэм ­мэ­Iури яIы­гъын, шабзэри ягъэуэн, шыгухуми унафэ хуащIын хуей хъурт. Хьэтхэр зэрызауэ  шызакъуэгухэр нэхъри нэхъ псынщIэж ищIырт ахэр гупышхуэхэурэ зауэм зэрыIухьэм. ИтIанэ хьэт ­шыгум шыгухууи шабзауэуи дэтхэнэ хьэт щхьэхуитри ира­гъэтIысхьэрт, мысырхэм, ассирийхэм, вавилондэсхэм шыгум итIысхьэну пщы-уэркъхэм фIэкIа хуит ящIыртэкъым. ЛIакъуэкIэ зэ­хуэдэу зызылъытэж хьэт зауэлIхэр псынщIэу зауэм хуэIэкIуэ-лъакIуэ  хъухэрт, абы и фIыгъэкIэ езыхэри нэхъ текIуэныгут.
Гу зылъытапхъэ Iуэхущ гъущIым къыхэщIыкIа къа­мэ япэ дыдэ зыщIар хьэт Iэ­щIагъэлIу зэрыщытми. Хьэт къэралы­гъуэм цIыху цIыкIум и «гъущI лъэхъэнэм» щыщIедзэ!»
Тхыдэджхэм зэрыжаIэмкIэ, каск-касогхэр ди адэжьхэм къызэреджэу щыта лъэпкъыцIэщ. Тэтэр-монголхэр Кавказым къихьа нэужь, Кърымым кIуа касогхэм иджы дуней псор къызэреджэ «шэрджэс» лъэпкъ фIэщыгъэцIэ ягъуэ­тауэ къагъэзэжащ: тэ­тэр-монголхэм муслъымэн ди­­ныр къащ­та нэужь, зы­лъэIэсу щыта мамлюкхэм къы­фIаща, хьэмэ я хэку ­исыжу тэтэрхэм ядэгъуэгурыкIуахэм апхуэдэу къе­джэн щIадза - шэчыншэу тщIэркъым. ХьэтIохъу­що­къуэ Исмел Псыгъуэ зэрыжиIэмкIэ, а цIэр адыгэхэм къратащ  хьэрып щIына­лъэм къиIэп­хъукIа къурейш зэ­къуэшитIым - Шэррэ КIэс­рэ. Ахэр адыгэ-касогхэм пщы яхуэхъуа нэужь, хы ФIыцIэ Iуфэм щегъэжьауэ Кавказ бгыхэм нэс зыщы­зыукъуэдия Шэрджэсейр хуэм-хуэмурэ лъэпкъ зыбжанэу зэтепщIыкIыжащ, щIыпIэм е пщыцIэм елъы­тауэ зэщхьэщыкIыжхэу. А зэманращ зыхуэзэр ды­зытепсэлъыхь  шы лъэп­къым нэхъ лъэрызехьэу ады­гэхэм яхэта къэбэрдеипщхэм я хьэтыркIэ «къэ­бэрдей» фIэ­щыгъэр щи­гъуэтар. ЩIэныгъэлIхэм IупщIу жаIэркъым ар Тамбий Къэбардэ и цIэм епхарэ адыгэхэр Кърымым щыщыIам зыIуса «Къэбарт» псыцIэм  къыте­кIарэ. Иджыпсту а фIэщыгъэр унэцIэу зезыхьэхэр зэ­ры­зэджэжыр «Къэбартхэщ». ЖызыIэ щыIэщ, псалъэм папщIэ, осетинхэм, «касог­хэр» къэбэрдейхэм я закъуэ я лъэпкъыцIэуи.
Гумбольт и цIэр зэрихьэу Берлин дэт университетым, Рязань дэт, Шы зехуэнымкIэ щIэныгъэ­ры­­лажьэ институтымрэ КъБКъУ-мрэ «Фольксваген»  фирмэм   и   мылъкукIэ илъэс  блэкIам  ирагъэкIуэкIа кIэлъыплъыныгъэм и япэ Iыхьэр зэфIэ­кIащ. Абы къи­гъэлъэгъуащ адыгэшым и тхыдэр домбеякъым и лъэ­хъэнэ жы­хуаIэ пасэ­рей тхыдэжьым нэс зэрыIэбэр. Иджырей Iэ­мэп­сымэхэм къарит IэмалхэмкIэ псори зэралъытыну зыхузэфIэкIа нэмыцэ щIэныгъэлIхэр щы­хьэт техъуащ домбеякъым и лъэхъэнэм къыщежьа лъы налъэ щхьэхуэ- хэр, «гап­лотип» жыхуаIэхэм хуэ­дэхэр, зэлъытыпхъэхэм къащ­хьэ­­щыкIыу, адыгэшым и лъым щыкIэ нэхъыбэу къы­зэрыхэхуэр.  Абы и фIыгъэкIэ, наIуэу къыхэкъэбзыкIащ лъэпкъышыр   адрейхэм  къахэзыгъэщхьэхукI  нэщэнэхэр. ДяпэкIэ кIэлъыплъыныгъэм и етIуанэ Iыхьэм щIадзэну я мурадщ, иджы шым и лIакъуэхэр зэрызэтехуэ-зэ­рызэщхьэщыкIыр зэхагъэкIын папщIэ.
КъБР-м и Правительст­вэм 2020 гъэ пщIондэ ­зэ­фIагъэкIыну иубзыхуа ­Мэ­къу­мэш программэм Iыхьэ щхьэхуэу «Шы спортымрэ шы зехуэнымрэ зегъэужьыным» теухуауэ унафэ къищтащ иджыблагъэ, сом меларди 2,3-рэ те­кIуэдэну. Плъа­пIэ ящIахэм ипкъ иткIэ, адыгэшым и ­бжыгъэм процент 40, 4-кIэ хагъэхъуэну - шы бжыгъэр 4384-м нагъэсыну я мурадщ.
Программэм и гуэдзэ­ным къалэну егъэув рес­­пуб­ли­к­эм  и мылъкум къы­хэ­кIыу Щхьэ­лыкъуэ щIэ­ныгъэ­ры­лажьэ шыхъуэ ­Iуэ­ху­щIапIэ къыщызэIуахыну, накъыгъэм и 1-мрэ и 9-мрэ ирагъэ­кIуэ­кIыну шы­гъа­жэ­хэм ме­луан зырыз, фо­кIа­дэм и 1-м - ме­луа­нитI ­тра­гъэ­кIуэдэну за­гъэ­хьэ­зыр.

Хьэт пащтыхь.
Ди эрэм ипэкIэ 850-700 гъэхэм

 

 

Поделиться: