Щтырыгъу зыкъуищIэкIми гъащIэм, УцIантхъуэу, уи гъуэгу утемыкI

Ныбжьэгъум и псалъэ

(Вындыжь Марие)

Усэ тхыным дихьэх, абыкIэ зэчий зыбгъэдэлъ цIыхур сыт хуэдэ IэнатIэ бгъэдэмытми, зэман къигъуэтынущ икIи и псэр темыпыIэу елэжьынущ тхэным, а тхыгъэхэр и купщIэкIи, и гупсысэкIи удахьэхыу дунейм къызэрытехьэным хущIэкъунущ. Псалъэр зыгъэIурыщIэфым, ар зэхэщIыкIыгъуэу, фIэщхъуныгъэ хэлъу къэзыгъэсэбэпыфым сыт хуэдэ гупсысэри удихьэхыу, гумрэ псэмрэ дыхьэу къеIуэтэф. Апхуэдэ цIыхухэм ящыщу Вындыжь Марие къэплъытэу щытмэ, щыуагъэ хъуну сэ къысщыхъуркъым.

Зыпэрыт журналист IэнатIэм махуэ къэс щилэжьын хуейуэ къыпэщыт Iуэхухэр Марие зэран къыхуэхъуркъым усэ купщIафIэ куэд дунейм къытригъэхьэнымкIэ. Вындыжьым и усэхэм укъеджэну тыншщ, Iэзэу, купщIафIэу тха сатырхэм удахьэх, гум тыншу къонэ, дызрихьэлIэ псалъэ шэрыуэхэм, жыIэкIэ дахэхэм ди бзэм зрагъэужь, къулей ящI.
 Вындыжьым и усэхэмкIэ хэку лъагъуныгъэм, хабзэ-нэмысым, гуащIэдэкI хьэлэлым дыхуреджэ, ди фIэщи ещIыф апхуэдэхэр тхэлъыныр зэрыIэмалыншэр, арыншауэ нобэрей гъащIэм узэрыхэмыпсэукIыфынур:
Щтырыгъу зыкъуищIэкIми гъащIэм,
УцIантхъуэу, уи гъуэгу утемыкI.
Пшагъуэбэм ухидзэм, уи гущIэм
И нур щIихъумэн лъумыгъэкI.

(«Си гъащIэ лъагъуэ»)
 Дэтхэнэ зы усакIуэми хуэдэу, Вындыжь Марие куэду иIэщ Хэкум, лъахэм, щалъхуа щIыналъэм ятеухуа усэхэр. «Си лъахэ», «Адыгэ пшыналъэ», «Хэку-анэ» усэхэм щыдолъагъу хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр, псалъэ гъущэ къудей мыхъуу, ар зэрыт щытыкIэ къэлъэхъшам гурэ псэкIэ зэрыригузавэр. Апхуэдэу щытми, и лъахэр, и бзэр зэригъэлъэпIэныр, абы и къыщхьэщыжакIуэу зэрыщытыныр и усэхэм щегъэIу:
ЗгъэлъапIэр сытым щыгъуи си бзэрщ,
Пудыгъэ лъысу сымыдэн.

Дэтхэнэ зы адыгэми хуэдэу, ар щIохъуэпс хамэщI щыпсэу адыгэхэм я хэкужьыр ягъуэтыжыным. Адыгэ пшыналъэр, лъэпкъыр зы хъужыну зыщыгугъыр цIыху псоми захригъэхыну хуейщ. А макъамэращ хэкум къыхуеIэжыныр игъэпсынщIэну зыщыгугъри:
Адыгэу хъуар, зэхэлъхьи лIыгъэ,
КъытхуешэлIэж адэжь и жьэгу.
Адыгэ къафэр фхуэтщIу тыгъэ,
Лъэпкъым тщIыжынт бжэIупэ джэгу.

ЩIыуэпсыр хъумэным, абы и дахагъым хуэмыуса усакIуэ гъуэтыгъуейщ. Уеблэмэ къыпщыхъунри хэлъщ а темэм хужыпIэни къэбгъэлъэгъуэни щумыгъуэтыжыну. Вындыжьым и усэхэм, абы хужаIахэм я фIыпIэр къызэщIакъуэжри, езым и макъамэ дахащи щIегъэувэжыф. Псалъэм папщIэ, гъэщIэгъуэныщэу къыхехыф абы зэгъэпщэныгъэхэр, олицетворенэхэр. Ахэр нэгъуэщIхэм я деж щыдмылъагъухэщ, езым и псэм къыдэуша, езым къигъэщIыжахэщ. Апхуэдэхэщ: «Анэ быдзышэ хуэлIа сабийуэ, Псы хуэлIэ щIылъэм и жьэр ущIат», «Зи гъусэр къуршым щыкIуэда къыууэ», «Бжьыхьэ дадэм, зэшу, папщэу, Губгъуэ нэщIым зыщеплъыхь», «Къуршыжь зэхуакухэм Псышэ – пшэ фIыцIэр Жьыбгъэр щIэрыIэу къыкъуилъэфащ».
Марие и усэхэр рифмэ зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэхэм тету зэрыщытыр а псом хэплъхьэжмэ, усыгъэм и щIэщыгъуэ псори абы къехъулIауэ жыпIэ хъунущ. Вындыжьым и усэхэр къарууфIэщ, усакIуэм и жьэм жиIэр и гум зэрилъыр щынэрылъагъущ абыхэм. И мурад дахэхэр гъэзэщIа мыхъу щIыкIэ зэманыр зэрепIэщIэкIыр, гъащIэм зэрыхэщIыр къехьэлъэкIыу, Марие жеIэ:
Зэману дахэ, сумыгъэпIащIэ,
ТIэкIу зыпкIэрысщIэми, къысхуэгумащIэ.
Мы зэм си лъэIур уэ схуэгъэзащIэ,
СыхущIыхьакъым, сумыгъэпIащIэ.
Жьыгъэр си лъэмбым къыумыгъэувэ,
ГъащIэ IэфIыпIэр сфIумыгъэмащIэ.
ТIэкIурэ зышыIэ, тIэкIу зыгъэгувэ,
Зэману дахэ, къысхуэгумащIэ.

Зи лъэужьыр къабзэ, зи Iэужьыр дахэ, зи чэнджэщхэр лъапIэ, зи гупсысэр куу ущиякIуэ Iущым сохъуэхъу иджыри куэдрэ тхуэпсэуну, ди гупсысэр ишэщIу, бгъэдэлъ хьэл-щэн дахэр щIэблэм щапхъэ яхуэхъуу. Уи мурадыфIхэмрэ гъащIэмрэ зэтехуэу дунейм Тхьэм бащэрэ утригъэт, си ныбжьэгъу лъапIэ!

ДЫЩЭКI Марие, КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ.
Поделиться: