ВЫНДЫЖЬ Марие: КхъуейплъыжькIэрыщIэм и кIапсэ цIанлъэу, Си насып кIапэм зыкIэрызощIэ…

ДифI догъэлъапIэ

 

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, усакIуэ цIэрыIуэ, уэрэдус Iэзэ Вындыжь Марие и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу. Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и адыгэ редакцэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ IэкIуэлъакIуэ Вындыжьым радиом щигъэхьэзыр нэтынхэр купщIафIэщ, щIэблэр гъэсэнымкIэ, щIэныгъэ тэмэм ягъуэтынымкIэ, егъэджэныгъэм и мардэфIхэм дэнэкIи зыщаубгъунымкIэ IэмалыфIхэщ.

Зи IуэхущIафэхэмкIэ дахэ, гупсысэхэмкIэ шэщIа адыгэ бзылъхугъэр макъамэмрэ усыгъэмрэ псэкIэ зыхэзыщIэ цIыхущ. Вындыжь Марие и къалэмыпэм къыпыкI усэхэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым ятеухуащ. Абыхэм къызэщIаубыдэ сабиигъуэ IэфIри щIалэгъуэ дахэри, анэ лъагъуныгъэри хэкупсэ гурыщIэхэри. Вындыжьым и усэхэм ящыщ куэдым ди композиторхэм макъамэ щIалъхьауэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм утыкушхуэхэм щагъэзащIэ. УсакIуэм и сабий уэрэдхэр цIыкIухэм я гум, я псэм нэс, абыхэм япэу жаIэ уэрэд хъуахэщ.
 ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ цIыху зэчиифIэр щыцIэрыIуэщ ди къэралми, ди лъахэми, ар урысейпсо, республикэпсо уэрэд зэхыхьэхэм я лауреатщ. И лэжьыгъэфIым папщIэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэхэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм я щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр къратащ, утыкушхуэхэм куэдрэ щаIэтащ, щагъэлъэпIащ.
ГъащIэр фIыуэ зылъагъу цIыхущ Вындыжьыр, унагъуэ насыпкIи Тхьэр зыхуэупсахэм ящыщщ. Абы и щхьэгъусэ Къэшэж СулътIан и IэщIагъэкIэ сурэтыщIщ. Мариерэ СулътIанрэ щогуфIыкI я бынхэу Анжелэрэ Альбертрэ, абыхэм тыгъэ къыхуащI щIэблэ дахэм я насыпым, ехъулIэныгъэхэм.
И махуэшхуэм и пэ къихуэу Марие жэуап къритащ ди упщIэ зыбжанэм.

- Марие, псом япэрауэ, си гуапэу сынохъуэхъу уи махуэшхуэмкIэ. Иджы хуэдэу гукъыдэж уиIэу, уи зэфIэкIхэм къахэхъуэу адыгэ лъэпкъым куэдрэ Тхьэм ухуигъэлажьэ, уузыншэу, унагъуэ насыпым ущымыщIэу. Нобэ ббгъэдэлъ усакIуэ, уэрэдус зэчийм и щIэдзапIэр здэщыIэр дэнэ?

- Упсэу. Шэч хэлъкъым дэтхэнэ усакIуэми бгъэдэлъ зэчийм и лъабжьэр сабиигъуэм зэрыщыIэм. Сабиипсэ къабзэм зыщIешэ къэзыухъурехьу гулъытэ мащIэ нэхъ мыхъуми зрит Iуэхугъуэхэр, игуми къонэ. Сэри аращ. Збгъэдэлъ зэфIэкIыр, куэд-мащIэми, и фIыгъэщ си адэ Вындыжь Коля.
Сэрмакъ къуажэм щыпсэу адыгэ мэкъумэшыщIэ унагъуэшхуэм, пщIэрэ нэмысрэ зэрылъым сыкъыщалъхуащ, сыкъыщыхъуащ сэ. Зэрыбыниблым - зэкъуэшищрэ зэшыпхъуиплIым - ящыщу сэ сыкурытти, нэхъыжь ягъэпажэми нэхъыщIэ ягъафIэми сащыщакъым. Ауэ щыхъукIи, нэхъ инхэм хуэдэу къалэн гуэрхэр зи пщэ дэлъхэми сахиубыдэщакъым, кърахуэкI нэхъ цIыкIуIуэхэми сахэтакъым. Дыбыныбэ унагъуэми, адэ-анэр хущIэкъуащ ди сабиигъуэр зэрытхуагъэIэфIыным, зэрытхуагъэдэхэным, дэтхэнэми къытлъысащ абыхэм я гулъытэ, я псалъэ гуапэ. Сэ нэхъыбэу си адэм сыкIэрыщIат. Ноби зэхэсх хуэдэщ абы сызэригъэжеижу щыта уэрэдхэр, си тхьэIумэм итщ таурыхъ, псысэ хьэлэмэтхэр, къебжэкIхэр, зауэ хъыбархэр къызэрызжиIэжу щыта и макъ щабэр, зыхызощIэ къыздилъэу щыта и Iэ пхъашитIыр... А лъэхъэнэм си лъым хыхьауэ, си псэм хэпщIауэ къыщIэкIынущ иужькIэ къыскъуэкIа усакIуэ зэфIэкIыр. Си адэм абы щыгъуэ къызжиIэу щыта къебжэкIхэмрэ таурыхъхэмрэ балигъ сыхъуа нэужь зэрызмытхыжам хуабжьу сыхущIогъуэж…
 Школым сыщыщIэса илъэсхэри гукъинэ сщыхъуащ. Псом нэхърэ нэхъыфIу слъагъу дерсхэм ящыщт адыгэбзэр, литературэр. Класс унафэщIу диIа Лыджыдэ Хьэлимэт Темыржан и пхъум дигъэджыр урысыбзэми, адыгэбзэми фIы дыдэу хищIыкIырт. Хьэлимэт къызэригъэпэща литературэ гупжьейм сыхэту, япэ усэхэр стхын щIэздзащ. Гъатхэпэм и 8-м ирихьэлIэу Хьэлимэт хузэхэслъхьауэ щытащ «Си егъэджакIуэ» усэ цIыкIур. «ЩIэныгъэ нэхум сэ сыхэзышэ, Дахагъэ псоми сыхуогъэушэ» псалъэхэр хуэкIуэпст си егъэджакIуэм. Усэр иужькIэ зэзгъэзэхуэжщ, Блашэ Владимир макъамэ щIилъхьэжри, уэрэди хъужащ.
Абы къыкIэлъыкIуащ си адэм къызжиIэжауэ щыта зауэ хъыбархэр лъабжьэ зыхуэсщIа усэ гуп. Ахэр псори си адэм фэеплъ хуэсщIащ... Ар хуабжьу щIэхъуэпсырт си усэхэм ящыщ къытрадзауэ илъагъуну, арщхьэкIэ хунэсакъым - си усэхэр куэдрэ гъэпщкIуауэ сIыгъащ, ахэр утыку къисхьэн, къытрезгъэдзэн езмыкуу. Зэманыр сэ къызэжьэнт…
- Уи нобэрей ехъулIэныгъэхэр уи адэм псэкIэ зыхищIэу, абыхэм щыгуфIыкIыу Тхьэм къыщIигъэкI, Марие…
 ЕджапIэ нэхъыщхьэм ущыщIэтIысхьам усыгъэм адэкIи ухыхьэнымкIэ, уи зэчийм нэхъри зиужьынымкIэ хэт сымэ гъуэгугъэлъагъуэ пхуэхъуар?

- Адыгэбзэм нэхъ куууэ сыхуеджэну, усыгъэм и щэхухэм щыгъуазэ зыхуэсщIыну сыщIэхъуэпсырти, школ нэужьым еджэным щыпысщащ япэщIыкIэ педучилищэм, итIанэ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие къудамэм. Абы щыгъуэ шэщIауэ къыздэлэжьащ критик, щIэныгъэлI цIэрыIуэ Сокъур Мусэрбий, усэ гъэпсыкIэм и хабзэхэм щыгъуазэ сыхуищIу, игурэ и псэрэ зэIухауэ. Япэ дыдэ утыку сизышари си усэхэр зыгъэлъэгъуари Мусэрбийщ. «МакъыщIэхэр» республикэпсо щIалэгъуалэ зэпеуэ щыIэу, 1973 гъэм абы сишэри, си усэхэм сыкъыщригъэджауэ щытащ. КъэпщытакIуэ гупым хэтхэт Мысычэ Пётр, Тхьэгъэзит Зубер, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ сымэ. Сокъурым абыхэм гу лъаригъэтауэ щытащ си усэбзэм и зэхэлъыкIэм, абы къыщызгъэсэбэп художественно-изобразительнэ Iэмалхэм, къызэщIэзубыдэ гъунапкъэхэм.
А зэпеуэм сэ усэхэмкIэ япэ увыпIэхэр къыщысхьауэ щытащ. Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу а илъэсхэм щыта ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сэри, прозэмкIэ япэ увыпIэр къэзыхьа ХьэIупщы МуIэеди, сабий усэмкIэ пашэ хъуа АфIэунэ Лиуани телевиденэм дишэри, нэтын щхьэхуэ тхуащIауэ, ди IэдакъэщIэкIхэми дыкъыщригъэджауэ щытащ.
Си зэфIэкIыр утыку исхьэным сытезыгъэгушхуари Сокъур Мусэрбийщ. Арауэ жыпIэ хъунущ иужькIи усыгъэм сыщызыIыгъар.
- Ар дауэ? Усыгъэм укъыхэмыкIыну псалъэ уигъэтауэ арат?
- Университетыр къэзуха нэужь, ди къуажэ школым лэжьэн щыщIэздзащ сэ. Куэд дэмыкIыу унагъуэ сихьащ. Арати, унагъуэри, лэжьыгъэри, бын пIынри зы схуэхъури, усэ тхыныр IэщIыб сщIат. Зэгуэрым (Налшык дыкъэIэпхъуат абы щыгъуэм) уэрамым сыщыхуозэ ХьэкIуащэ Андрей. Абы пщIэ хуэзымыщIрэ фIыуэ зымылъагъурэ адыгэбзэ къудамэм къыщIэмыкIами ярейщ. Сэри си гуапащэ хъуат си егъэджакIуэм сызэрыхуэзар. ДызэщIэупщIэри, си Iуэху зыIутхэр жесIащ, зэкIэ усэ тхыным сызэрыхуэнэмысми сыхутепсэлъыхьащ. Абдежым Андрей къызжиIащ: «Уэ бзылъхугъэ цIыкIум бгъэпэжакъым Сокъурыр (ар дунейм ехыжакIэт) къызэрыпщыгугъар. Ар сыт хуэдэу хуейт уэ усакIуэ цIэрыIуэ ухъуну. Хуабжьу щIэхъуэпсырт…» А псалъэхэр си гум зыпхидзащ. Пэж дыдэу, сэ къысщыхъуащ си унэтIакIуэм зыгуэркIэ сепцIыжауэ, шыуагъэшхуэ сщIауэ. Унэм сыкъэкIуэжри, ХьэкIуащэм сызэрыхуэзамрэ дяку дэлъа псалъэмакъымрэ щыгъуазэ хуэсщIыжащ си щхьэгъусэр. ИтIанэ абыи къызжиIащ усэ тхыныр IэщIыб зэрысщIар зэримыгуапэр, уеблэмэ къалэн къысщищIащ пщыхьэщхьэ къэс зы усэ стхын хуейуэ.
Ар си гум илъу, ди бынитIыр здэсшэ Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм сыкъэкIуащ. ЦIыкIухэм вокалымкIэ ядэлажьэ Блашэ Владимир тхьэусыхащ сабийхэм жрагъэIэн уэрэд цIыкIукIэ дызэрыкъулейсызыр. Арати, сэ жысIащ апхуэдэ усэ зытIущ зэрахуэстхыфынур. Усэ цIыкIу схьымэ, абы макъамэ щIигъэувэу е макъамэ хьэзыр къызитрэ абы псалъэ щIэслъхьэурэ уэрэд зыбжанэ зэдэттхащ. Ахэр сабийхэми яфIэфIу ягъэзэщIащ. ИужькIэ а уэрэдхэр педколледжым и студентхэм ятхащ, лэжьапIэ здагъакIуэ школхэм я гъэсэнхэм ирагъэщIэну. Апхуэдэурэ си сабий уэрэдхэр хэIущIыIу хъуащ.
Абыхэм къакIэлъыкIуащ лъагъуныгъэ лирикэр, хэкупсэ темэр, цIыху зэхущытыкIэхэр, щIыуэпсым и теплъэхэр, нэгъуэщIхэри къызыхэщ усэ куэд. А лъэхъэнэм си творчествэр хуэдэт къэунэхуагъащIэ псынащхьэм: япэщIыкIэ зыкъомрэ къибыргъукIыу, псыр зэхуихьэсу, итIанэ лъагъуэ къигъуэтрэ ежэхын щIидзэу. Си усэхэм иужькIэ гу къылъызыта композиторхэм ящыщщ Къэбэрдокъуэ Борис, Даур Аслъэн, ЗэрамыщIэ Заретэ сымэ. Дызэгъусэу ттха уэрэдхэр ягъэзащIэу хуежьащ ди уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Сокъур Ольгэ, Нэхущ Чэрим, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Хъыжьрокъуэ СулътIан, Лий Аслъэнрэ абы и щхьэгъусэ Иринэрэ, Хьэцей Тимур сымэ, нэгъуэщIхэми.
- Уи усэхэр, уэрэдыпкъхэр щызэхуэпхьэса тхылъ сыт щыгъуэ къыщыдэбгъэкIынур? Си гугъэмкIэ, абыхэм щыгъуазэ зызыщIыну хуейхэр мащIэкъым.
- Си усэхэуи уэрэдхэуи зы тхылъ цIыкIуи зы тхылъышхуи дунейм къытехьакъым, Къанокъуэ Арсен иджыри ди республикэм и Президенту щыщымытым щыгъуэ, 2004 гъэм, и мылъкукIэ къысхудигъэкIа «Сабиигъуэ гъуэгу» уэрэдылъэ цIыкIум фIэкIа. Ари илъэс бжыгъэкIэ щIэлъащ ди щIыпIэ тхылъ тедзапIэм къыщысхудамыгъэкIыу. Абы щыгъуэ фIыщIэ пэлъытэу Къанокъуэм хуэстхауэ щытащ «Шытхьэлэ къуажэ и щIалэ пажэ» уэрэдыр.
Усэуи уэрэдуи стхахэр зэхуэсхьэсауэ сиIэщ, хуейуэ къыщIэупщIэ псоми язот, ахэр утыкушхуэхэм щагъэзащIэ. Ауэ езы усэхэр къызэрысхудамыгъэкIынур хьэкъыу спхыкIати, тхылъ тедзапIэм къыщIэсхыжащ. Школхэм, ЩэнхабзэмкIэ унэхэм я лэжьакIуэхэм пшыхьхэр щысхуащIкIэ, абыхэм усэщIэхэм сыкъыщоджэ, уэрэдыщIэхэри ди артистхэм щагъэзащIэ.
- Усэ тхынымрэ радиожурналисту улэжьэнымрэ зэран зэхуэхъурэ, Марие?
- Хьэуэ, уеблэмэ зыр адрейм щIигъэбыдэу, сэбэп хуэхъужу щытщ. ЦIыху нэхъыбэм уахуэзэхукIэ, дэтхэнэми и IэщIагъэм теухуа щхьэхуэныгъэхэр къыбощIэ, и гурыгъу-гурыщIэхэм, хъуэпсапIэхэм щыгъуазэ уохъу. ИужькIэ ахэр къыщыбогъэсэбэпыж усыгъэм.
Апхуэдэурэ си гъащIэ къуэпсхэр зэхэухуэна мэхъу. Абыхэм ящыщщ си блэкIари, нобэрей дунейри, къэкIуэнум хузиIэ си гуращэхэри. Дауи, псом нэхърэ нэхъыщхьэр си унагъуэрщ, ди бынхэрщ, абыхэм я щIэблэрщ. Ахэр псори си насып щыгъэщ. Аращ си усэхэм ящыщ зым «Насып ткIуэпсхэр зэхуэсхьэсауэ, ГъащIэ зэIусщэм хызогъэбыдэ» щIыщыжысIэри.
- ГъащIэм сыту пIэрэ щынэхъыщхьэр иджыри, Марие? Дауэ уеплърэ?
- Нэхъыщхьэр цIыхухэм яку дэлъын хуей IэфIагъырщ, лъагъуныгъэрщ, пэжыгъэрщ. ЛIэужьыгъуэ куэду гуэша лъагъуныгъэ псори гуапэщ, лъапIэщ, псэр зыщыгуфIыкI гурылъщ, насып къахуэзыхьщ. Лъагъуныгъэм къару лъэщ зэриIэр, ар пагагъым зэрытекIуэр къыщыгъэлъэгъуащ «Си насып гъуэгуу гъуэгуанэ жыжьэ» зыфIэсща усэм.
КхъуейплъыжькIэрыщIэм и кIапсэ цIанлъэу,
Си насып кIапэм зыкIэрызощIэ…   

Епсэлъар ЖЫЛАСЭ Маритэщ.
Поделиться: