Дунейпсо Шэрджэс фестивалым (1991 гъэ) и лIыкIуэхэу нэIуасэ тхуэхъуахэм ящыщщ Сирием щыпсэу адыгэ пщащэ КIэдыкIуей Хъанэ.
Хъанэ Дамаск еджапIэ нэхъыщхьэр къыщиухащ. И IэщIагъэкIэ сурэтыщIщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэт зыбжанэ Сириемрэ США-мрэ ехъулIэныгъэ яIэу щагъэлъэгъуащ. ИужькIэ КIэдыкIуейр стюардессэу лэжьащ, къэрал куэд илъэгъуащ. Езым зэрыжиIэжымкIэ, Хэкужьым нэхърэ нэхъыфI, нэхъ дахэ, нэхъ зыгъэпIейтей дунейм темыту аращ.
Хъанэ, фестивалыр здекIуэкIым, мызэ-мытIэу утыку итурэ тлъэгъуащ, гуакIуэу уэрэд жиIэрт, псэм дыхьэу и усэхэм къеджэрт. Фи пащхьэ нобэ нитлъхьэ усэри КIэдыкIуей Хъанэ и IэдакъэщIэкIщ.
ХЬЭТУ Пётр.
Адыгэ хэку
Сыпхуохъуахъуэ, си Хэку
дахэ,
Нэщхъеягъуэ уимэщIэну,
Уи гуфIэгъуэхэр мардэншэу,
Уи дунейри тхуэмамыру
УдиIэну сыпхуохъуахъуэ.
Уэ уи мэзым зыщыдгъэнщIу,
Уэ уи щыгум дыщылажьэу,
Уи нэхъыжьхэр дэгъуэу
гъуазэу,
Къуалэбзухэм уагъэдахэу
УдиIэну сыпхуохъуахъуэ.
Хамэ цIыхухэр уэ
къохъуапсэу,
Псыхъуэу уиIэм щызэблэжу
Ди лъэпкъ жылэр
щыбэгъуауэ,
Уи гъунэгъухэр къомыщэжу
УдиIэну сыпхуохъуахъуэ.
Уэ уи уафэм дэ дыщIэту,
Ди пэрытхэм щхьэр яIэту,
Лъагэу, ину уэ уи ныпыр
Ди Хэку дахэм щыдэмауэу
УдиIэну сыпхуохъуахъуэ.
Уэ уи мазэр къытхуэнэхуу,
Уэ уи дыгъэм дигъэхуабэу,
Уэ уи уэсым дигъэщIыIэу,
Iуащхьэмахуэ щхьэгъэрыту
УдиIэну сыпхуохъуахъуэ.
Уэ уи гъатхэм дэ дыхэсу,
Ди лъэпкъ псори зэнэзэпсэу,
Гупсэ IэфIым ухуагъадэу,
Фадэ Iэнэр яIэтыфу
УдиIэну сыпхуохъуахъуэ!