Къардэн Мурат: Абы щыгъуэм сэ зыгъэсэн щIэздзэу арат

1980 гъэм Мэзкуу щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимпиадэр нобэми IэфIу зигу илъхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Олимп чемпион Къардэн Мурат. Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и «WRESTRUS.RU» интернет-сайтым иджыблагъэ дригъэкIуэкIа псалъэмакъым ар IупщIу къыхощ.

- Мы мазэм илъэс плIыщI ирикъуащ ди къэралым и къалащхьэм щекIуэкIа Олимпиадэ-80-р зэрызэхуащIыжрэ. Зэман дэкIри, 2000 гъэм, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ уэ Олимп чемпион ухъуащ. А лъэхъэнэ жыжьэм теухуауэ сыт хуэдэ гукъэкIыжхэр уиIэ?
- Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр Мэзкуу щекIуэкIым си ныбжьыр илъэсибгъу хъуа къудейуэ арат. А лъэхъэнэм телевиденэм нобэ хуэдэу, дауи, зиужьатэкъым, ауэ фIыцIэрэ хужьу фэкIа къимыгъэлъа­гъуэми, экраным дыкIэрыпщIауэ дыкIэрыст, зэ­хьэ­зэхуэхэр зэрекIуэкIым зыри блэдмыгъэкIыу деплъыну дыхущIэкъуу. Сэ абы щыгъуэм сышколакIуэт, къуажэм сыщыпсэурт. Си сабиигъуэм и гукъэкIыж нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зыщ ар. Нобэми хуэдэу си нэгум щIэтщ штангист Варданян Юрэ Мэзкуу Олимпиадэм рекорд зыбжанэ зэрыщигъэувауэ щытар. Ар, дауи, чемпион хъуащ, и хьэрхуэрэгъухэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ къиIэтри. Варданян штангист гъуэзэджэщ, дуней псом и рекордхэр 43-рэ игъэувауэ.
Хуабжьу дригушхуэрт Олимпиадэр къыщызэIуахым Совет Союзым и бэракъыр иIыгъыну зыхуагъэфэща Балбошин Николай. Ар алыдж-урым бэнакIуэ цIэрыIуэт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, фэбжь зэригъуэтам къыхэкIыу ар Мэзкуу щытекIуэфакъым, ауэ абы и пэ Монреаль щыIа Олимп Джэгухэм чемпион щыхъуат.
Газет дыкъеджэкIэрэ, радио дедаIуэкIэрэ къэт­цIыхуа спортсмен гъуэзэджэ куэд ди къэралым щыIа Олимпиадэм телевизоркIэ щыдигъэлъэгъуат.­ Абыхэм ятеухуа тхыгъэхэр зытет напэкIуэцIхэр къыхэдгъэжурэ блыным фIэддзэрт, дригушхуэрт. А лъэхъэнэращ сэ бэнэкIэм зыгъэсэн щыщIэздзар.
- Мэзкуу Олимпиадэм и лIыхъужьхэм ящыщ гуэ­рым ущыхуэза къэхъуа?
- Дауи, си сабиигъуэм апхуэдэ Iэмал сиIакъым. Олимп чемпион тлъагъуну, абы депсэлъэну – ди пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым. Япэ дыдэу ар къы­щызэхъулIар 1987 гъэращ. Сэ сыщеджэ спорт интернатым ирагъэблэгъат уадэ дзынымкIэ а лъэхъэ­нэм дуней псом тIэунейрэ и чемпион, 1980 гъэм щыIа Олимпиадэм дыжьын медалыр къыщызыхьа Литвинов Сергей. Нэхъ иужьыIуэкIэ ди хьэщIащ лъагэу дэлъеинымкIэ дуней псом щытекIуа, 1988 гъэм Сеул щекIуэкIа Олимп Джэгухэм домбеякъ медалыр щызыIэрызыгъэхьа Быковэ Тамарэ. Ахэри дэ дызыщIэс интернатрат щеджар. Абы щыгъуэм япэ дыдэу Iэмал диIащ апхуэдэ спортсмен цIэрыIуэхэм дахуэзэну, зыгуэрхэмкIэ деупщIыну. КъыдгурыIуащ ахэри дэ тхуэдэ цIыхуу зэрыщытыр икIи, дызыщымысхьыжу зыдгъасэмэ, лъагапIэфI­хэр къызэрытпэплъэр.
- Уэ узыхэта алыдж-урым бэнэкIэм 1980 гъэм е­кIуэкIа Олимпиадэм ди щIалэхэм дыщэ медалу 5, дыжьыну 2, домбеякъыу 1 къыщахьауэ щытащ. Абыхэм ящыщ зыгуэрым иужькIэ ухуэза?
- Мэзкуу щыIа Олимп Джэгухэр къыщызэIуахым СССР-м и бэракъыр иIыгъыну пщIэ лъагэ зыхуащIа Балбошин Николай сыщыхуэзащ Поддубный Иван и цIэкIэ илъэс къэс ирагъэкIуэкI зэхьэзэхуэхэм ящыщ зым. 1988 гъэм сыIущIащ Олимп чемпион Сериков Щамил, Къэзахъстаным къыщызэрагъэпэща зэпеуэм сыхэту. Ди жагъуэ зэрыхъущи, иджыпсту ар псэужкъым. КъищынэмыщIауэ, слъэгъуащ Мэзкуу домбеякъ медалыр къыщызыхьа Крамаренкэ Борис, Дон Iус Ростов щрагъэкIуэкI зэхьэзэхуэм еплъыну ирагъэблэгъа хьэщIэ лъапIэхэм яхэсу.
- Абыхэми дэрэжэгъуэ, тегушхуэныгъэ гуэрхэр къуатауэ къыщIэкIынщ.
- Дауи. Сэ абы щыгъуэм спортым и мастер сыхъуакIэт икIи, апхуэдэ цIыху цIэрыIуэхэм сахуэза иужькIэ, нэхъыбэжым сытрагъэгушхуащ. Хуабжьу сыдихьэхыу седаIуэрт а чемпион гъуэзэджэхэм я дуней тетыкIэм, зэрызагъасэм теухуауэ къаIуэтэжхэм. Ди дежкIэ ахэр щапхъэ нэст, дызэреджэ тхылът.
- А лъэхъэнэмрэ иджырей зэманымрэ пхузэгъэпщэну?
- Хьэлэмэтщ зэбгъэпщэну, ауэ абы къикIыщэ щыIэкъым. А лъэхъэнэм бэнакIуэхэм я зэныкъуэкъуныгъэр куэдкIэ нэхъ гуащIэт - къэралыр зыкъом­кIэ нэхъ инт, щыпсэухэри нэхъыбэт. Сэ жысIэркъым иджырей бэнакIуэхэр нэхъ лъэрымыхьу, ауэ ди япэ итахэм зэрызагъасэ Iэмалхэр, зыпхырыкIын хуей­ Iуэхугъуэхэр хэпщIыкIыу нэхъ хьэлъэт. Нобэрей спортыр нэгъуэщIщ. Абы щыгъуэм бэнакIуэхэм увыIэгъуэ ямыIэу загъэсэн хуейт къэрал кIуэцIым щаIэ хьэрхуэрэгъу къомым ефIэкIыфын, япэ ищын папщIэ. Арати, Совет Союзым икIа дэтхэнэ спортсменри сыт хуэдэ дунейпсо зэпеуэми щынэхъ лъэщхэм яхэхуэрт.
Пэжщ, лэжьыгъэ лей ягъэзащIэуи къыпщыхъурт­. АрщхьэкIэ нэгъуэщIу хъунутэкъым - махуэ къэс псоми хьэкъ ящыщIыпхъэт уи гъусэу зызыгъасэ дэтхэнэми нэхърэ узэрынэхъ лъэщыр, нэхъыбэ зэрыпхуэзэфIэкIыр. Армырамэ, нэгъуэщI къэралхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэ инхэм уагъэкIуэнутэкъым.  
 Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и «WRESTRUS.RU» интернет-сайтым иджыблагъэ дригъэкIуэкIа интервьюм къегъэлъагъуэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Олимп чемпион Къардэн Мурат иужь илъэсхэм къулыкъу лъагэхэр щиIыгъыу щалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэми, гурэ псэкIэ спортсмен нэсу къызэрынэжыр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, цIыху цIэрыIуэхэмкIэ бей Зэрэгъыж къуажэращ ар къыщалъхуар. Ди адэжьхэм пщIэ лей зыхуащIурэ къэгъуэгурыкIуа бэнэкIэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ 2000 гъэм Австралием и Сидней къалэм щекIуэкIа Олимп Джэгухэм пашэныгъэр щызыубыда Къардэн Мурат щытхъу хэха хуэфащэщ. Абы и гъащIэ гъуэгуанэр щапхъэ зытраххэм хуэдэщ. АрщхьэкIэ псори нэгъуэщIу къекIуэкIыфыну къыщIэкIынут ар бэнэным щысабийм димыхьэхатэмэ. Я къуажэ школым физкультурэмкIэ и егъэджакIуэ ГъуэплъащIэ Замир игъасэ гупым хагъэхьэн папщIэ тхьэмахуэ енкIэ Мурат лъэIуэн хуей хъуащ. ЩIалэ цIыкIум и ерыщагъыр тренер Iэзэм къилъытащ икIи къыгурыIуащ спортсмен лъэрызехьэ къызэрыхэкIыфынур. Абы щыгъуэм Мурат дихьэхакIэт осетин бэнакIуэ цIэрыIуэ Андиев Сослъэн икIи 1976, 1980 гъэхэм ар Олимп чемпион щыхъуам зэрихьа гуфIэгъуэр пхуэмыIуэтэжынщ. Дэнэ щищIэнт илъэс тIощI дэкIмэ, езыри апхуэдэу зэраIэтынур?!
Къардэн Мурат сыт щыгъуи фIыкIэ игу къегъэкIыж гъащIэм и гъуэгу захуэм тезыгъэувахэр. Апхуэдэхэм ящыщащ ГъуэплъащIэ Замири. Аращ бэнэным япэ лъэбакъуэхэр щезыгъэчар. АбыкIэ фIыщIэ куэд бгъэдэлъщ и япэ тренерхэм ящыщу щыта Къалмыкъ Юри.
Мурат и ныбжьыр илъэсипщI ирикъуауэ арат я унагъуэр Налшык щыIэпхъуам. Дауи, спортым зыщыхуебгъэсэну абы Iэмалхэр щынэхъыбэт икIи ахэр нэсу къигъэсэбэпащ ныбжьыщIэм. Псом япэу Мурат зыхригъэтхащ бэнэкIэмкIэ секцэм. АрщхьэкIэ зыхэхуар иджыри къэс дэзыхьэха бэнэкIэ хуитыракъым, атIэ алыдж-урым бэнэкIэращ. Зи нэIэ щIэхуа Лобжанидзе Владимир абы а спорт лIэужьыгъуэр фIы дыдэу иригъэлъэгъуащ икIи и гъащIэ псокIэ зэрихъуэжын щымыIэу ищIащ.
ИужькIэ Къардэн Мурат щIэтIысхьащ Дон Iус Ростов дэт Олимп резервхэр щагъэхьэзыр училищэм. Ар и зыужьыныгъэм и зи чэзу лъэбакъуэ лъэщт. АдэкIэ къыпэплъэрт Краснодар щыIэ ФизкультурэмкIэ къэрал институтыр. Мурат щIэныгъи зригъэгъуэтырт, спортми щытекIуэрт.
Чехословакием щекIуэкIа зэхьэзэхуэ иныр Къардэн Мурат и дежкIэ зэхэгъэкIыпIэ инт. Япэ дыдэ зэIущIэм абы къыщыпэщIэхуащ хэгъэрейхэм ящыщ бэнакIуэр. Пэшым щIэсхэр зэрогъэкIий, мэфий, я спортсменыр трагъэгушхуэу. Мурати Iэнкун хъуауэ и хьэрхуэрэгъум пэщIэтщ. Абы и ныкъуэкъуэгъуми и Iуэхур хэплъэгъуэщ: къыдэщIхэм ялъагъуу текIуэну щIохъуэпс, ауэ къыхагъэщIэнкIи хуабжьу мэшынэ. Ар Мурат зыхищIэщ, чех щIалэр ипхъуатэри, идзащ. Къардэныр зэрытекIуар пэшым зэрыщагъэIуар хьэлэмэтущ: «ТекIуэныгъэ къабзэр къихьащ Къардэн Мурат, Совет Союзым къикIа шэрджэс щIалэм», - жиIащ, микрофоныр къищтэри, судья-хъыбарегъащIэм.
А псалъэхэр зыхэзыха зы щIалэ зэIэщIэлъ утыкум къилъэдащ, спорт фащэ щыгъыу. Абы Мурат быдэу IэплIэ къыхуищIри, къыжриIащ: «Сэри сышэрджэсщ. Тыркум и командэ къыхэхам сритренерщ, къызэрызэджэр Табур Билалщ. УкъимыкIуэт, шынэхъыщIэ, дэ уэ дыбдэщIынущ!»
Финалым хуэзыша зэIущIэращ Къардэным нэхъ къехьэлъэкIар. Нэмыцэ бэнакIуэр инт, къарут, ерыщт. АрщхьэкIэ ари хигъэщIащ, 6:2-уэ.
АдэкIэ Франджым къикIам ефIэкIын хуейт, дыщэр зыIэригъэхьэн папщIэ. ЗэIущIэм и пэ къихуэ дакъикъэхэм Мурат апхуэдизу и гур сабырт, зэпIэзэрытти, текIуэныгъэр къызэрыпэплъэр псэкIэ зыхищIэрт. Пэж дыдэуи, гугъу емыхьыщэу абы и хьэрхуэрэгъур хигъэщIащ икIи дунейпсо чемпион хъуащ. ЗэкIэ щIалэгъуэлэ зэпеуэм. Илъэс тIощI фIэкIа зи ныбжьыр мыхъуа Къардэн Мурат адэкIэ къыпэплъэрт и пщIэр нэхъ лъагэжу зыIэтыну балигъхэм я зэхьэзэхуэ гуащIэхэр.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Дунейпсо кубокыр япэу зыIэригъэхьащ. ИужькIэ тIэунейрэ (1995, 1997 гъэхэм) а ехъулIэныгъэм къытригъэгъэзэжащ. 1998 гъэм Европэм и чемпион хъуащ. А псори Олимп лъагапIэм хуэзышэ лъагъуэ дахэт.
Къардэн Мурат 2000 гъэм Сидней зэрыкIуэнур щызэхэкIар Олимп джэгухэм щIадзэным махуитху иIэжущ. А лъэхъэнэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ килограмм 76-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж щынэхъыфIу къалъытэ Мишиныр хигъэщIа иужькIэщ, Австралием кIуэ гъуэгур абы къыщыхузэIуахар.
ИгъащIэ лъандэрэ Олимпиадэм хэтыну зи хъуэп­сапIэ адыгэ щIалэм къыхукъуэкIа Iэмалыр­ нэсу къигъэсэбэпащ. Сидней и алэрыбгъухэм къыщыпэщIэува и хьэрхуэрэгъу псоми ар ефIэкIащ. Псом хуэмыдэу удэзыхьэхт кIэух зэIущIэр. Абы къыщыпэщIэтащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIа бэнакIуэ лъэщ дыдэ Линдлэнд Мэтт. Ар 3:0-у хигъащIэри, ди лъахэгъур Олимп чемпион хъуащ.
И адэ Наусбий имылъагъуами, Къардэн Мурат и ехъулIэныгъэхэм нобэ ирогуфIэ икIи ирогушхуэ и анэ Динэ, и къуэш нэхъыщIэ Хьэсэн, и щхьэгъусэ Иннэ, и къуэмрэ и пхъумрэ, и Iыхьлы, и благъэ, и ныбжьэгъу, къэзыцIыху куэдыр.
Спортым хэкIыжа иужькIэ Къардэным къулыкъушхуэ зыбжанэ къыхуагъэфэщащ икIи дэтхэнэри фIы дыдэу, и акъылрэ цIыхугъэрэ пэлъэщу зэрехьэ. Ар илъэс зыбжанэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президентым, иужькIэ - Iэтащхьэм, я чэнджэщэгъуу щытащ. ИтIанэ КъБР-м и Парламентым Физкультурэмрэ спортымкIэ и комитетым и Iэтащхьэу, СпортымкIэ министру лэжьащ. ИужькIэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу. Иджыпстуи къулыкъу лъагэм пэрытщ. КъБР-м и Хабзэгъэув IэнатIэм и УнафэщIым ар и къуэдзэщ. Мурат педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, спортым щIыхь зиIэ и мастерщ, ЩIыхь орденыр зезыхьэщ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: