Советыдзэхэр Афганистаным щраша махуэм и фэеплъу

Дыгъэгъазэм и 25-м къэралым и дэнэ щIыпIи щекIуэкIащ советыдзэхэр Афганистаным зэрырашэрэ илъэс 39-рэ зэрырикъум теухуа фэеплъ Iуэхухэр. Налшык и Дэшхуей хадэм а зауэм хэкIуэда зауэлI-интернационалистхэм я фэеплъ итым деж щекIуэкIащ пэкIу.

- ЗауэлI-интернационалистхэм я фэеплъым деж дыщызэхуэсащ Хэкум и тхыдэм гуауэу къыхэна махуэр дигу къэдгъэкIыжыну: илъэс 39-рэ ипэкIэ, 1979 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м, Афганистан Демократие Республикэм ирашауэ щытащ Совет дзэхэм щыщ гуп пыухыкIа, - жиIащ пэкIур къыщызэIухихым Афганистаным и ветеранхэм я Зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI, КъБР-м и Парламентым и депутат Тхьэгъэлэдж Тимур.
- Мы махуэм ирихьэлIэу Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм къыщаIэтащ а зауэм теухуа Iуэхум хэплъэжыныр. Мы гъэм и щэкIуэгъуэм депутатхэм даIыгъащ советыдзэхэр Афганистаным зэрырашам 1979 гъэм и дыгъэгъазэм СССР-м и ЦIыхубэ депутатхэр зэрытепсэлъыхьа щIыкIэр къемызэгъыу къызэралъытэм теухуауэ къыхалъхьахэр. Советыдзэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу Къэрал Думэм къыщащтэну я мурадщ афган Iуэхум щыхэплъэжыну зыкъызэрыхуагъэзамрэ унафэмрэ. Апхуэдэуи Къэрал Думэм и депутат, ЗыхъумэжыныгъэмкIэ комитетым и тхьэмадэ Шаманов Владимир Президент Путин Владимир мэлыжьыхьым зыхуигъэзащ Афганистаным советыдзэхэр зэрырашам худиIэ политикэ бгъэдыхьэкIэр игъэнэIуэну.
Аращи, хабзэщIэхэр ягъэбелджылым, къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыным хуэщхьэпэну къызолъытэ. ЩIалэгъуалэм зыхащIэнущ дзэ къалэныр зыгъэзэщIа цIыхухэм жылагъуэмрэ къэралымрэ я пщIэу ялъагъужыр. Афганистаным къыщыхъуахэм а зауэм хэтахэр быдэу ипсыхьащ, ди щIалэхэм я къалэнхэр нэсу, адрейхэм щапхъэ яхуэхъуу, ди адэжьхэм яхуэфащэу, дызыщIапIыкIам темыкIыу ягъэзэщIащ, - жиIащ Тхьэгъэлэджым.
Афганистаным щекIуэкIа зауэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху 1800-м щIигъу хэтати, 54-рэ хэкIуэдащ, 300-м щIигъур зауэ нэужьым дунейм ехыжащ. Ди лъахэгъуу 3-м Бэракъ Плъыжь, 112-м Вагъуэ Плъыжь орденхэр, зым ЛIыгъэм и орденыр къыхуагъэфэщащ. ЦIыху 870-м «Хахуагъэм папщIэ», 907-м «Зауэм къыщигъэлъэгъуа зэфIэкIым папщIэ» медалхэр къыхуагъэфэщащ.
ПэкIум кърихьэлIахэр хэкIуэдахэм, зауэ нэужьым дунейм ехыжахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ.
Дзэ къалэныр щIыхь пылъу зыгъэзэщIа совет сэлэтхэм я лIыгъэм тепсэлъыхьащ, щIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыным гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэр жиIащ Зауэм, Лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Налшык къалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Абдуллаев Мустэфарэ Урысей ДОСААФ-м и щIыналъэ къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ, полковник Кирпичников Михаилрэ. КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ къады Мысыр Хъызыр хэкIуэдахэм я фэеплъу дыуэ яригъэщIащ.
ПэкIум хэтахэм удз дахэхэр тралъхьащ ЗауэлI-интернационалистхэм я фэеплъым, «Налшык дзэ щIыхьым и къалэщ» стеллэм.

  Сурэтхэр  Къарей  Элинэ  трихащ.

 

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: