2018 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм, зэкIэ къызэрабжамкIэ, кърикIуахэр

Республикэм и Правительствэм 2018 гъэм кърикIуауэ зэкIэ къабжахэм теухуа и зэIущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Абы хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым КъБР-м къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Е. А., муниципальнэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр.

 

Республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм теухуауэ зыхуэплъахэр къазэрехъулIам, «2024 гъэм нэсыху УФ-м зегъэужьынымкIэ лъэпкъ мурадхэмрэ стратегие къалэнхэмрэ я IуэхукIэ» Урысейм и Президентым къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ щIыналъэм къыпэщыт къалэнхэр гъэзэщIэным зэрыхуэхьэзырым теухуа доклад нэхъыщхьэр ищIащ Мусуков Алий.
КъБР-м и Премьер-министрым къыхигъэщхьэхукIащ валовэ щIыналъэ продуктыр сом меларди 149,8-м нэсыну, нэгъабэ елъытауэ проценти 102,7-рэ хъуну зэрыщыгугъыр. Апхуэдэу щэхуакIуэхэм хурагъэша товархэм, къыщIагъэкIа лэжьыгъэхэмрэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ я уасэхэр сом мелард 36,3-м нэблэгъэнущ.

Агропромышленнэ комплексыр

ЗэкIэ къызэрабжамкIэ, 2018 гъэм мэкъумэш продукцэу сом мелард 47,3-рэ и уасэ къалэжьынущ, ар нэгъабэ елъытауэ проценти 102-рэ хъунущ.
Дунейм и щытыкIэр фIы дыдэу емыкIуэкIами, республикэм и мэкъумэшыщIэхэм яхузэфIэкIащ гъавэу тонн 1 мелуаным щIигъу, хадэхэкIыу тонн мин 480-рэ хуэдиз, пхъэщхьэмыщхьэ, мэракIуэ зэмылIэужьыгъуэу тонн мин 260-м нэблагъэ кърахьэлIэн.
Пасэу къызыпыкIэ жыг хадэу гектар 1820-рэ хасащ мы гъэм. Псори зэхэту жыг хадэхэр гектар 19112-рэ, абыхэм ящыщу пасэу къызыпыкIэ жыг хадэхэу гектар 10788-рэ е процент 56,4-рэ мэхъу.
Дызэрыт илъэсым и пэщIэдзэм республикэм псори зэхэту тонн мин 93,6-рэ щIэхуэу пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэ 22-рэ щыIащ. Мы гъэм псори зэхэту тонн мин 24,7-рэ зыщIэхуэн хъумапIэу 9 щIыным елэжьащ икIи ахэр яуха нэужь гъэ къакIуэм и пэщIэдзэм диIэнущ псори зэхэту тонн мини 118,3-рэ зыщIэхуэн хъумапIэхэр. Абыхэм я фIыщIэкIэ зэман кIыхькIэ дагъуэншэу яхуэхъумэнущ пхъэщхьэмыщхьэу кърахьэлIэм и зэхуэдитIым щIигъур.
ЗэкIэ къызэрабжамкIэ, хозяйствэ лIэужьыгъуэ псоми 2018 гъэм къалэжьынущ лыуэ тонн мини 112,8-рэ е 2017 гъэм елъытауэ проценти 101,5-рэ, гъэшу тонн мин 501,8-рэ (проценти 102,3-рэ), джэдыкIэу мелуан 229,5-рэ (проценти 100).
Ерыскъыпхъэхэр къыщIэгъэкIынымрэ сырьем елэжьынымкIэ промышленностым и IэнатIэу цIыхухэм я дежкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ консервхэр гъэхьэзырыныр икIи абы ехъулIэныгъэ нэрылъагъухэр иIэщ. Пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI гъэбэгъуауэ условнэ банкI мелуан 340-рэ ягъэхьэзыращ, 2017 гъэм елъытауэ ар проценти 105,5-рэ мэхъу.
Мы гъэм мэкъумэш IэнатIэм къэрал дэIэпыкъуныгъэу сом меларди 2,37-рэ иратащ, 2017 гъэм елъытауэ ар проценти 122,6-рэ мэхъу. Нобэм ирихьэлIэу мэкъумэш продукцэ къэзылэжьхэм иратыжащ лимиткIэ яубзыхуа ахъшэ псори.

Транспортыр, гъуэгухэр, связыр

Хьэзыр ящIри къызэIуахащ «Кавказ» Р-217 автомобиль гъуэгумрэ «Щхьэлыкъуэ - Каменкэ» автомобиль гъуэгумрэ я зэхэкIыпIэр, апхуэдэу «Новопавловск - Прохладнэ - Мэздэгу», «Малкэ - Ингушли» автомобиль гъуэгухэр. «Прохладнэ - Елъхъуэт» гъуэгур зэрагъэпэщыжащ. Апхуэдэу зыхуей хуэгъэзэжащ щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгуу дунейм и къэхъукъащIэхэм я зэранкIэ зэхэкъутауэ щытахэр.

Ухуэныгъэмрэ инвестицэхэмрэ

2018 гъэм республикэм и щIыналъэм хьэзыр щащIащ псэупIэ унэу метр зэбгъузэнатIэ мин 433-рэ. 2018 гъэм «Ухуэныгъэ» лэжьыгъэ лIэужьыгъуэмкIэ зэфIагъэкIахэр зекIуэ уасэхэм ятещIыхьауэ проценти 100,1-рэ мэхъу.
Ахъшэм и хэкIыпIэ псоми я хьэкъкIэ 2018 гъэм капитал нэхъыщхьэм инвестицэу сом мелард 42-рэ, нэгъабэ елъытауэ проценти 100,5-рэ халъхьащ.

Туризмэр

БлэкIа лъэхъэнэм туризмэм и инфраструктурэм псынщIэу зиужьащ.
КъБР-м и курорт-рекреацэ, турист комплексым хиубыдэу щытащ курортхэмрэ туризмэмрэ я IэнатIэм щылажьэ организацэу 220-рэ.
Республикэм иджыпсту зэуэ турист мин 16-м нэблагъэм зыщагъэпсэхуфынущ. ЗэкIэ къызэрабжамкIэ, 2018 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIа туристхэр мин 500 хуэдиз хъунущ, ар нэгъабэ елъытауэ проценти 10-кIэ нэхъыбэщ.

ЗэгурыIуэныгъэхэр

БлэкIа лъэхъэнэм къриубыдэу властым и федеральнэ органхэм федеральнэ бюджетым къыхэкIыу КъБР-м и республикэ бюджетым псори зэхэту сом меларди 5-м нэблагъэ субсидиехэр къыхуэутIыпщыным теухуа зэгурыIуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэу 75-рэ иращIылIауэ щытащ. А зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иткIэ блэкIа зэманым къриубыдэу зэфIагъэкIащ социальнэ инфраструктурэм зегъэужьыным, экономикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм дэIэпыкъуныгъэ етыным хуэгъэза Iуэхухэр.
Къапщтэмэ, 2018 гъэм Белокаменскэ къуажэм и фельдшер-акушер пунктыр зэфIагъэхьащ, сабий 825-рэ зыщIэсыну школ Нарткъалэ дащIыхьащ, республикэм и курыт еджапIэхэм я спорт зал 20-м щIигъу зэрагъэпэщыжащ, апхуэдэу щэнхабзэмкIэ унэу 11, нэгъуэщI IуэхущIапIэу зыбжанэ капитальнэу зэрагъэпэщыжащ. ЗэIузэпэщ ящIащ къалэхэм щыIэ пщIантIэ 90, паркыу 4. Мыгувэу хьэзыр хъунущ Ташлы-Тала къуажэм и курыт еджапIэр, Арщыдан, Белэ Речкэ къуажэхэм я сабий садхэр, Налшык къалэм и спорт комплексыр, Бахъсэн къалэм кIэрыхубжьэрыхухэр щызэхадз и комплексыр.
Языныкъуэ ухуэныгъэхэр мы гъэм ирагъэжьащ икIи ахэр 2019 гъэм хьэзыр хъунущ. Абыхэм ящыщщ сабийуэ 1224-рэ зэкIуэлIэну курыт еджапIэу Налшык къалэм къыщрагъэжьар, егъэджэныгъэмкIэ IуэхущIапIэхэм хиубыдэу зи ныбжьыр мази 2-м щегъэжьауэ илъэси 3-м нэсыху ит сабийхэм папщIэ ящI ухуэныгъэ 19-р, Дзэлыкъуэкъуажэ и физкультурэ комплексыр, цIыху 400-м ятещIыхьауэ Нартан къуажэм щащI ЩэнхабзэмкIэ унэр.

Лъэпкъ проектхэр

Республикэр хуэхьэзырщ «2024 гъэм нэсыху УФ-м зегъэужьынымкIэ лъэпкъ мурадхэмрэ стратегие къалэнхэмрэ я IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Президентым къыдигъэкIа Указым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр гъэзэщIэным. Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыхэтыну унэтIыныгъэ 50-р къызэщIэзыубыдэ щIыналъэ проектхэм я паспортхэр къащтащ. Зыхуеину хабзэ мардэ лъабжьэхэр зэтрагъэуващ, лъэпкъ проектхэр гъэхьэзырынымкIэ республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я лэжьыгъэр тэмэму зэтраухуащ, Стратегие планхэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ советым хэтхэр, абы теухуа мы положенэр къащтащ. «ПроектхэмкIэ офисым» и къалэнхэр ирагъэбыдылIащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: