Мырзэр зыгъэсахэм сом мелуанхэр къаIэрохьэ

Налшык дэт курыт школ №31-м и егъэджакIуэхэр я унафэщI Егъуэжь Анзор яхэту.

 

Гъуащхьэхъумэныкъуэ цIэрыIуэ Мырзэ Резуан футбол лъагъуэм тезыгъэува Налшык дэт курыт еджапIэ №31-м иджыблагъэ сом мелуан зыбжанэ къыIэрыхьащ. Ар къыпэкIуащ нэхъапэм зыхэта «Ростов»-м еврэ мелуаниплI ириту Мэзкуу и «Спартак»-м ди лъахэгъур нэгъабэ зэрызыхигъэхьам.

Зы командэм икIыу адрейм щыхыхьэкIэ зэIэпах мылъкум я Iыхьэ хэкIын хуейщ ар зыгъэсахэм. Дуней псом зыкъом щIауэ щызекIуэ хабзэщ ар. Апхуэдэу щыт пэтми, а Iуэхугъуэр япэу ди республикэм къыщагъэсэбэпауэ аращ. Зи фIыгъэри Налшык дэт курыт еджапIэ №31-м и директор Егъуэжь Анзорщ. Куэдым ящIэ ныбжьыщIэхэр топджэгум щыхуагъасэ школ  абы илъэс зыбжанэ хъуауэ зэрыщылажьэр икIи футболист хъарзынэхэр къызэрыщыщIагъэкIыр. Иджы а Iуэхум и хъер зыIэрагъэхьэфуи зрагъэсащ.
- Псори тэмэму зэфIэкIащ, дэбгъуэн хэмылъу, - жеIэ Егъуэжь Анзор. - Зыхуеину дэфтэрхэр къанэ щымыIэу зэхуэтхьэсри, Мэзкуу и «Спартак»-м Iэрыдгъэхьащ икIи мыгувэу ди ахъшэ Iыхьэр къытхуаутIыпщащ. Ар зытедгъэкIуэдэнури пасэу дыубзыхуащ. Къапщтэмэ, ди стадионым и IэрыщI губгъуэр тхъуэжынущ, уэздыгъэхэр нэхъ къэзыгъэнэхуу абы щыфIэддзэнущ. Илъэс пщыкIутIым щIигъуащ абыхэм ди Iэ зэрыхунэмысрэ. 2008 гъэм хьэрычэтыщIэ Абрамович Роман и щIэгъэкъуэнкIэ  Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм къытхуиутIыпща мылъкумкIэ ди Iуэхухэр зэфIэдгъэувауэ арат. Абы лъандэрэ, дауи, псори жьы хъуащи, къэгъэщIэрэщIэжыпхъэщ.
Егъуэжьым дызэрыхигъэгъуэзамкIэ, Мырзэ Резуан Мэзкуу и «Спартак»-м щыхыхьэм щIата уасэм щыщу къалъысамкIэ нэгъуэщI IуэхугъуэфIхэри я еджапIэм щызэфIагъэкIыну загъэхьэзыр. Къапщтэмэ, спорт IэмэпсымэщIэхэр къащэхунущ, тренажёрхэр ягъэувынущ. ЕджапIэм и унэ лъэгухэр линолеумкIэ зэрахъуэкIынущ, топджэгу ныбжьыщIэхэм папщIэ зыгъэпсыкIыпIэхэр здэщыIэ зытIэщIыпIэхэу 8 яухуэнущ.
  Мырзэ Резуан папщIэ Налшык дэт курыт еджапIэ №31-м къратыжауэ щытын хуейщ еврэ минищэм нэблагъэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ - сом меуланибл. Дэтхэнэ зы школым и дежкIи ар щIэгъэкъуэныгъэшхуэщ.
  Мы Iуэхур къызэрежьэрэ илъэс хъуащ. Нэгъабэ и иджыри хуэдэ зэманым ди къэралым щыIэ спорт хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр Мырзэ Резуан Мэзкуу и «Спартак»-м зэрыхагъэхьарт. Ди лъахэгъур абы илъэсищкIэ хэтыну зэгурыIуэныгъэ ирищIылIат икIи ар  иджыри къэс зея «Ростов»-м адыгэ щIалэр къиутIыпщын папщIэ еврэ мелуани 4 мэзкуудэсхэм иратат.
Абы ипэкIэ Мырзэ Резуан дыщрихьэлIат Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм. Ар еплъыну къэкIуат Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым 2019-2020 гъэхэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэр къызэрызэIуах «Спартак-Налшык» - «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) зэIущIэм. КъыджиIащ Тулэ и «Арсенал»-м бэджэнд зэгурыIуэныгъэкIэ зэрыщыIэну пIалъэр иухыу Дон Iус Ростов зэригъэзэжар, ауэ абы и командэм зэрыщымыджэгунум къыхэкIыу ди республикэм иджыпстукIэ и закъуэу зэрызыщигъасэр.
Дэ тщIэрт Урысей Федерацэм футболымкIэ и зэхьэзэхуэ блэкIам «Арсенал»-м хэту фIы дыдэу зыкъэзыгъэлъэгъуа икIи къэралым и командэ къыхэхам ираджа Мырзэ Резуан щIэупщIэшхуэ зэриIэр. Ар зыхагъэтыну щIэхъуэпсырт Европэм и Чемпионхэм я лигэм мыгувэу щыджэгуну «Краснодар»-р, Европэм и Лигэр къызыпэщылъ Мэзкуу и «Спартак»-р, нэгъуэщI гуп лъэрызехьэхэр. Тулэдэсхэри гугъэрт игъащIэм ямыIа ехъулIэныгъэ къахуэзыхьахэм ящыщ ди лъахэгъум и Iуэхухэр зэблэууэ я деж игъэзэжыну. АрщхьэкIэ Мырзэм Налшык дыщыхуэза махуэм и гуащIэгъуэу зэпсалъэрт Мэзкуу и «Спартак»-мрэ «Ростов»-мрэ я унафэщIхэр. Зыр хущIэкъурт нэхъ пуду футболистыфIыр зыIэригъэхьэну, адрейр хуейт, зы соми тримыгъэкIуэдами, мылъку нэхъыбэ къригъэщIыну. ИкIэм-икIэжым зэгурыIуащ. Илъэс ипэкIэ зэрыхыхьэрэ, и фащэр щыгъыу, зэIущIищ фIэкIа езымыгъэкIуэкIа Мырзэ Резуан иращIылIа зэгурыIуэныгъэр иухынум илъэситI иIэжу къызэриутIыпщым папщIэ Мэзкуу и «Спартак»-м «Ростов»-м  хуигъэкIуащ еврэ мелуаниплI. КъищынэмыщIауэ, езы адыгэ щIалэми щхьэхуэу и щхьэзакъуэ контрактым Iэ тридзащ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ къыкIэлъыкIуэ илъэсищым Мэзкуу и «Спартак»-м и щIыхьыр зэрихъумэнур икIи къыпэкIуэну улахуэр, саугъэтыр зыхуэдизыр. Ахэри зэрымымащIэр гурыIуэгъуэт.
Арати, 2019 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 18-м щыщIэдзауэ Мырзэ Резуан щыщ зы хъуащ Урысей Федерацэм и футбол командэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэ Мэзкуу и «Спартак»-м (абы нэхърэ нэхъыбэрэ ди къэралым и чемпион хъуа щыIэкъым). Мэзкуудэсхэм я Iуэхухэр а лъэхъэнэм хуабжьу гугъусыгъуащ. «Спартак»-р илъэс зыбжанэ хъуауэ зыIэщIэлъ мелардырыбжэ Федун Леонид и мылъкум щысхьыркъым лIэщIыгъуэ нэблагъэ ипэкIэ Старостин зэкъуэшхэм къызэрагъэпэщауэ щыта «цIыхубэ командэр» къэралым щыпашэхэм хигъэхьэжын папщIэ. АрщхьэкIэ, Совет Союзыр зэхэщэщэжу Урысей Федерацэр щхьэхуэ хъужа иужькIэ, 1990 гъэхэм сыт щыгъуи псоми ятекIуэурэ чемпионыгъэр зыIэщIэзылъхьэжауэ щыта Мэзкуу и «Спартак»-м абы къыщытригъэзэжыфар 2018 гъэ закъуэращ. Ауэ куэдрэ абыи иригуфIакъым - псалъэмакъ мыщхьэпэхэмрэ зэрыхьзэриймрэ нобэми къыхэкIыркъым.
Iуэхур игъэзэкIуэжыну 2018 гъэм и кIэухым ирагъэблэгъа белорус IэщIагъэлI Кононов Олег зэрыхуейм хуэдэу гупыр зэуэ хузэщIэгъэрыуIуакъым. Апхуэдэу щыхъум тегъэщIапIэ ищIыну жэрдэм къыхилъхьащ Тулэ и «Арсенал»-м къыщызыгъэпэжахэр. Апхуэдэхэт Бакаев Залымхъанрэ Мырзэ Резуанрэ. Ахэр тIури гъуащхьэхъумэныкъуэщ икIи я лъэныкъуэ зырызымкIэ щебгъэрыкIуэурэ я командэм ехъулIэныгъэ куэд къыхуахьащ. Къапщтэмэ, Мырзэм «Зенит»-мрэ «Спартак»-мрэ яхудигъэкIа топхэм я фIыгъэкIэщ тулэдэсхэм я цIэр щIэIуар икIи я тренер нэхъыщхьэ Кононовыр лэжьэну Мэзкуу щIашар. Ар езыри, зэрытлъагъущи, фIыщIэмыщIэу къэнакъым: Iэмал зэригъуэту и пашэхэр зришэлIэжащ. Бакаевым и Iуэхур нэхъ тыншт - «Арсенал»-м бэджэнду «Спартак»-м иритати, къыIихыжащ. Мырзэм гугъу дехьын хуей хъуащ - пасэу зращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ар иджыри илъэситIкIэ «Ростов»-м ейт. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам ираджа иужькIэ, Резуан и пщIэр нэхъ лъагэжу дэкIуеящ. Ростовдэсхэм ар Iэзэу къагъэсэбэпащ икIи, щIэупщIэ зэриIэр зэралъагъуу, зралъэфыхьу щIадзащ, къыщIахыну мылъкум хэпщIыкIыу хагъахъуэу.
Дапхуэдэу хъуми, Iуэхур тэмэму зэфIэкIащ. Мырзэм Iэмал игъуэтащ куэд набдзэгубдзаплъэу къызыкIэлъыплъ командэ цIэрыIуэм хыхьэну икIи и зэфIэкIыр здынэсыр къыщигъэлъэгъуэну. Ар зэрымымащIэм щыхьэт техъуэфынут иужь илъэситхум ар зыхэта премьер-лигэм щыджэгухэу Мэзкуу и «Торпедо», Грознэ и «Тэрч» (иджы «Ахмат»), Ленинград областым и «Тосно», «Ростов», Тулэ и «Арсенал» командэхэр. Грознэрэ Дон Iус Ростоврэ къищынэмыщIауэ, адрейхэм ар щыпашащ. «Тэрч»-мрэ «Ростов»-мрэ и Iуэхухэр щIыдэмыкIами, Резуан и зэран хэлъкъым: япэм псынщIэу фэбжь щигъуэтащ, етIуанэм и тренер нэхъыщхьэм и джэгукIэр зэриубзыхум Мырзэм ейр темыхуэу къыщIэкIащ.  
Мэзкуу и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэ Кононов Олег и унафэм щIэту Мырзэ Резуан зэIущIи 8 Тулэ щригъэкIуэкIауэ арат. А мащIэри IэщIагъэлI цIэрыIуэм хурикъуащ ди лъахэгъум и зэфIэкIыр зэрылъагэр зригъэщIэн папщIэ. Абы щыгъуэращ Мырзэм дигъэкIа топхэм «Спартак»-мрэ «Зенит»-мрэ щыхигъэщIар икIи «Арсенал»-р зэи къэмыхъуауэ Iэта щыхъуар. ТопитI зэуэ къахудэзыгъэкIа адыгэ щIалэри мэзкуудэсхэм ягу ираубыдат.
КъищынэмыщIауэ, куэдым ящIэж 2018 гъэм ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр щыдгъэлъэпIа накъыгъэм и 9-м къалэ-лIыхъужь Волгоград (нэхъапэм Сталинград) щызэхэта Урысей Федерацэм и Кубокыр 2018 гъэм къэхьынымкIэ екIуэкI зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэр. Ди лъахэгъу Мырзэ Резуан абы щыдигъэкIа «дыщэ» топым и фIыгъэкIэ къэралым и футбол саугъэт нэхъ лъапIэхэм ящыщ зыр Iэрыхьащ Ленинград областым и «Тосно» командэм.
ЗэIущIэм и кIыхьагъкIэ Iэзагъ лъагэ къигъэлъэгъуащ Мырзэ Резуан. Абы еш ищIэртэкъым икIи щIэх-щIэхыурэ я хьэрхуэрэгъу Курск и «Авангард»-м и гъуащхьэхъумэхэр хуабжьу игъэпIейтейрт. Шэч хэлъкъым а зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэм ар и футболист нэхъыфIу зэрыщытам. Резуан и гугъуехьхэр псыхэкIуадэ хъуакъым икIи 80-нэ дакъикъэм дигъэкIащ, нэхъапэм зэи къэмыхъуауэ, «Тосно» командэм Урысей Федерацэм и Кубокыр Iэрызыгъэхьа топыр.
Тулэ и «Арсенал»-м хыхьа иужькIэ нэхъ жаныж хъуащ Мырзэр. Мызэ-мытIэу ар зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ икIи Красноярск и «Енисей»-м и гъуэр гъатхэпэ кIуам абы апхуэдизу дахэу хигъэщIати, премьер-лигэм и етIощIанэ джэгугъуэм щынэхъ телъыджэу къалъытащ.
Дауи, а псоми адыгэ щIалэм гулъытэ хэха топджэгум дихьэххэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ къахуригъэщIащ икIи хуэфащэ дыдэу Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Черчесов Станислав зи унафэщI гупым иригъэблэгъащ. Пэжщ, зэкIэ зыгъэсэныгъэхэмкIэ Iуэхур зэфIэкIащ, ауэ Мэзкуу и «Спартак»-м зэрыхыхьам Iэмал къритыну фэ тетщ мыгувэу тлъагъуну, къэралым и щIыхьыр ихъумэу, европэпсо утыку къихьауэ.
Мэзкуу и «Спартак»-м и генеральнэ директор Цорн Томас шэч къытрихьэркъым Мырзэм я командэр зэригъэлъэщынум:
- Мырзэ Резуан дэ къытхыхьащ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам ираджагъащIэу. Дэ къытIэрыхьащ техникэ гъуэзэджэ зиIэ, гъуэм лъэщу икIи Iэзэу еуэ футболист. Аращи, «Спартак»-м и сэмэгу лъэныкъуэр  къызэгъэпэща хъунущ ебгъэрыкIуэныгъэм хуэIэкIуэлъакIуэ щIалэ жыджэркIэ, - жиIащ абы лъэныкъуэхэм зэгурыIуэныгъэм Iэ традза иужькIэ.
Бахъсэн къалэм къыщалъхуауэ Налшык дэт курыт еджапIэ №31-м топ джэгуным Iэзэу зыщыхуэзыгъэса ди лъахэгъу щIалэм иужь лъэхъэнэм урысей футболым и цIэр фIыкIэ зэрыщыIуар гуапэщ. КъищынэмыщIауэ, абы и хъер екIащ футболым и лъагъуэ пэжым тезыгъэувахэми. Дыщыгугъынщ Мырзэ Резуан хуэдэ спортсмен Iэзэхэр дяпэкIи ди республикэм щыкуэдыну.
 

 

Футболист ныбжьыщIэхэр ягъасэ.

Мэзкуу и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэ
Тодескэ Доминикэ адыгэ щIалэр къегъэIущ.

Мырзэр къызэтегъэувыIэгъуейщ.

Къэралым и гуп къыхэхам ираджа
 Мырзэ Резуан.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: