Мэрем пшыхь

ГущIагъщIэлъхэр

ЩыIэщ дакъикъэ,  илъэс псо и уасэу

Тхьэ щыIэу зэрыжаIэрэ Абы и щыIэныгъэм шэч къытезыхьэхэри къогъуэгурыкIуэ. ЛъэныкъуитIри къайгъэншэу дунейм зэрытегъэтынут, абыхэм я зэхуакум фейдэ хэхыпIэ къыщызылъыхъуэ за­къуэтIакъуэхэр мыхъуамэ.

*   *   *
Гу къуэпсым пыкIэзызыхь пшыналъэ дахащэм содаIуэ. СедаIуэурэ, согупсыс: сыту дытхьэмыщкIэ дэ, цIыхухэр. А пшыналъэм иджыпсту си нэгу къыщIигъэува дунейм сэ зэи, зэи, зэи сытехьэфынукъым… ГъащIэр нэр игъэлажьэу фагъуэщ. Псэр ибэмпIыхьу къызэрыгуэкIщ. Гур къритхъунщIыкIыу пхъашэщ. ТхьэкIумэр икудэу хущхьэ макъ зэ­фэ­зэщщ. ГъащIэр - илъэс мин бжыгъэкIэрэ зэхалъхьа курыбэщ. Зэхэзылъхьари щIызэхалъхьари къахуэмыщIэж курыбэ зэкIуэкIащ. Абы дэ ди псори, псори хофыхь… ди хъуэпсапIэхэм ­къищынэмыщIа… ХъуэпсапIэхэр тхъурымбэ напIэурэ уафэм докIуей. ДокIуейри, а дэ зызыхуэтшийуэ зэи дызылъэмыIэс дунейм зыхаунащIэ.

*   *   *
ЩыIэщ дакъикъэ, илъэс псо и уасэу. ГуфIэгъуэрэ щIалэгъуэкIэ гъэнщIауэ. Дыгъэпсрэ насыпкIэ кудауэ… апхуэдэ дакъикъэ зыбжанэщ езыр мы гъащIэр зэрыхъур. Адрейр - куэнсапIэщ. Налкъут хьэдзэ цIыкIухэр щIэзыхъума куэнсапIэ самэшхуэщ.

*   *   *
КъызэригъэщIрэ цIыхур и къэкIуэнум щIэхъуэпсу, фIыуэ щыIэмкIэ щыгугъыу, и гугъапIэ псори абы щызэщIэн къыфIэщIурэ йокIуэкI. Иджы аракъым. Иджы цIыхур хуэпабгъэркъым къэкIуэнум. КъыфIэбгъэкIмэ, ар абы щымэхъашэу, щышынэу къыпщохъу… Насып диIэщи, щымыхъужми, иджы мыр жытIэну дыхуитщ. «Тхьэм гущIэгъу къытхуищI!»
*    *    *
ЦIыхур цIыху зэрыхъу лъандэрэ Iэщым нэхъри зыкъыщхьэщигъэкIыным хущIэкъу зэпытурэ къокIуэкI. Ауэ гъащIэм къыдиIыгъкъым ар цIыхум. ГъащIэм дежкIэ зи бзэ мыпсалъэр нэхъ фейдэуэ къыщIэкIынущ. А гупсысэурэ псалъэм нэхърэ. И щIагъуэхэр хуигъэщIагъуэ къудей мыхъуу, и да­гъуэхэри гъащIэм езыгъэлъагъужыфым нэхърэ… гъащIэм щытепщэхэм насып яIэщи, зи бзэ мыпсалъэхэм ещхь цIыхухэр мащIэкъым. Нэхъ пэжыр жыпIэнумэ, - куэдыкIейщ.

*   *   *
Iэдэж ящIа усакIуэр яугущхъуа хакIуэм ещхьщ. Ухуеймэ, мы дуней фIыгъуэм лъакъуащхьэкIэ хэгъэувэ, - апхуэдэм и нэм зэи хъуэпскI къыщIыхьэжынукъым
*    *    *
Жэнэтым щыгугъыу псэум и насыпщи, жыхьэрмэм пэплъэри насыпыншэ дыдэу убж хъунукъым. Насыпыншэ хъурейуэ къэлъытэн хуейр адэкIэ зыри здэщымыIэ шынагъуэм хэплъэ зэпыту псэурщ. Зыри. Зыри. Зы-ри…
*   *   *
ЛIэныгъэр а къызэрытщыхъум хуэдэу шынагъуэ?.. Хьэмэ?.. Я нэхъ еджагъэшхуэ дыдэми абы теухуауэ къыбжиIэфынур мащIэщ. Псэ ункIыфIахэм яхъумэ жэуапым елъытауэ - зырикIщ.

IутIыж Борис.

Ауан

Ахъшэ щIыхуэ

Ахъшэ щIыхуэ зыта лIыжьыр ар Iызыхам и деж куэдрэ кIуащ къыIихыжыну. АрщхьэкIэ, щхьэусыгъуэ Iэджэ къыхуищIурэ, къритыжыртэкъым… Ауэрэ жьы Iэджи къепщащ, псы Iэджи ежэхри, лIыжьыр аргуэру кIуэри елъэIуащ:
- Хьэмызэ! Алыхьым и хьэтыркIэ си ахъшэ тIэкIур къызэтыж! СыкъакIуэурэ, абы и уасэ вакъэ злэжьащ.
Хьэмызэ къилъащ:
- Сыту Iуэхушхуэ хъуа мы уи ахъшэр! Абы ухуэлIэрэ уэ иджы?! Къулей сыхъумэ, уэстыжынщ бжесIакъэ!
- Дапщэщ къулей ущыхъунур?
- Ар сэ сщIэркъым. Ар зыщIэр Алыхьырщ!
ЛIыжьыр пщIантIэм къыдэкIыжащ. Къы­дэ­кIыжри… Гъэмахуэу, щIымахуэу зыкъом екIуэкIауэ, аргуэру кIуащ:
- Къулей ухъуа, Хьэмызэ?
Хьэмызэ къыщIэгубжьащ:
- Илъэс зытхухым къулей хъу хабзэ? Сыту зэ пщымыгъупщэжрэ мы ахъшэр! Уэлахьа-а, апхуэдизрэ зы щIыпIэ сымыкIуэн. Сытуи тIэкIу умыщхьэхрэ, зиунагъуэрэ! Къулей сыхъумэ, уэстыжынщ бжесIащи, уэстыжынщ. КIуэ, кIуэж! Сэ апхуэдизрэ сынопсэлъэну сыхущIыхьэркъым!
Зыри жимыIэу лIыжьыр къыIукIыжащ икIи зэи тригъэзэжакъым. Ауэ ахъшэ щIыхуэ зритар ауан ищIурэ лIыжьыр зыхуэзэ цIыхухэм йоупщI:
- Ярэби, Хьэмызэ къулей хъуауэ пIэрэ?

Бекъул Барэсбий.

Хьэх Iэминат
Гъатхэм нэпс щIегъэкI

Iуэтэж

Ланэ лэжьапIэм щIэкIыжащ, сыхьэтих иригъэкъури. ПсынщIэу унэм нэсыжыну хуейт ар а махуэм. ЩIыбым къыщIэкIа иужь, уафэгъуагъуэ макъыр зэхихащ, асыхьэтуи уэшх иным къыщIидзащ. Жыг щIагъым псынщIэу щIэуващ хъыджэбзыр, и машинэм нэсыну хуэмыхъуу.
- Гъатхэм нэпс щIегъэкI, - жиIащ жыг щIагъым къыкIэлъыщIэувам.
- Ы-ы… - къыгурыIуакъым Ланэ.
- Нэщхъеягъуэ гуэр къэхъунущ, аращ апхуэдэу щIыжысIэр.
- Уэшх къешхмэ, ар нэщхъеягъуэ, сытми? - зэгуэпу жиIащ хъыджэбзым.
- НэхъыфIщ апхуэдэу узэригугъэр, ауэ…
- Сыт «ауэ»?  щIэупщIащ Ланэ, арщхьэкIэ щIалэр щытыжтэкъым.
Куэд мыщIэу уэшхми щигъэтыжащ, къэхъуар къызыгурымыIуа хъыджэбзыр и машинэмкIэ кIуэжащ. Ланэ щIалэм жиIар куэдрэ и гум икIакъым. «Щхьэ апхуэдэу жыпIэн хуей? Уэшхым Iейм ды­хуишэрэ сытми? Хьэуэ, пцIыщ ар, пцIыщ», - губжьырт хъыджэбзыр. Ар Аслъэн ежьэрт, жриIэжыну хуэпIащIэрт зэхихар, ауэ щIалэм и мыхабзэу зигъэгувэрт...
- Гъатхэм нэпс щIегъэкI.
- Сыт къэхъунур?
- Куэд мыщIэу ар уэ къэпщIэнущ, Ланэ.
- Сыт къэсщIэнур?..
Ланэ къэушащ. Сыхьэтитхур екIуэкIырт. ПщIы­хьэпIэ илъэгъуам егупсысу здэщылъым, и телефоныр къеуащ. Аслъэн и гугъащ.
- Ланэ, Ланэ… - хъыджэбз макът.
- Хэт ар?
- Ар Аслъэн и шыпхъу Ирэщ. Си хъыджэбз цIыкIу, ди щIалэм и машинэм мы жэщым зыгуэр къыжыхэуащ. Сымаджэщым къэтшащ, дыкъагъэгугъэркъым.
- Гъатхэм нэпс щIегъэкI, - жиIэри Ланэ трилъхьэжащ трубкэр.
Махуэ псом къэхъуар и щхьэм изагъэртэкъым абы. Аслъэн деж кIуэну мурад ищIащ Ланэ. Сымаджэщым нэса иужь, Аслъэн и шыпхъу Ирэ зыхуигъэзащ абы.
- Дохутырхэм зыкъищIэжауэ жаIащ, ухуеймэ, ущIэдгъэхьэнщ абы и деж.
- Сыхуейщ, сыхуейщ, - гуфIащ хъыджэбзыр.
Куэд мыщIэу Ланэ щIыхьащ щIалэм деж.
- Аслъэн, Аслъэн! - хуэмышэчу гъащ ар.
- Уэ ухэт? УсцIыхурэ? - къыгурымыIуэу жиIащ щIалэм.
- Дауэ? Сыт сыкъыщIумыцIыхур? Ланэщ си цIэр. Сыпщыгъупщэжа?
- УсцIыхуркъым. КхъыIэ, си деж укъэмыкIуэ, - Аслъэн апхуэдэу жиIэри бжэмкIэ Ланэ хуигъэлъэгъуащ.
- Хьэуэ, сыкъэпщIэжын хуейщ. Сэ уэрыншэу сыпсэуфыну? Хьэуэ. Сэ махуэ къэсыху сыкъэкIуэнщ, ауэрэ сыкъэпщIэжынщ. Сэ укъэзгъэнэнукъым, - Ланэ гъащ.
- Хъыджэбз дахэ, умыгъ, ауэ сэ жысIэм сытекIынукъым. УкъэмыкIуэ, укъэмыкIуэ си деж, - щIэгуэуащ ар Ланэ.
Ирэ и адэ-анэм и гъусэу къыщIыхьащ, кIий макъ щызыхихым.
- КхъыIэ, мы хъыджэбзыр си деж къэвмыгъакIуэ. Слъагъуну сыхуейкъым, сызэхэфхрэ, сыхуейкъым.
Унэм къэсыжа иужь, куэдрэ гупсысэу щысащ Ланэ. Аслъэн къызэримыцIыхужар и жагъуэ хъуат абы. «Гъатхэм нэпс щIегъэкI. Пэжщ ар». Игу къэкIыжащ щIалэм къыжриIар.
Пщэдджыжьым Ланэ сымаджэщым кIуащ, Аслъэн емыдаIуэу. Къэхъунур ищIэрт абы. Ирэ, хъыджэбзыр къыщилъагъум, занщIэу къыбгъэдыхьащ.
- Ланэ, фIыуэ утлъэгъуащ ди унагъуэм, удыдейуэ сыт щыгъуи дыбжащ, ауэ Аслъэн жиIами дебэкъуэну дыхуейкъым. УкъэмыкIуэ, уи Iуэху иужь ит, Алыхьым насыпыфIэ уищI.
Ланэ и гъащIэр къэувыIам хуэдэт, апхуэдизкIэ къэхъуар и гум ежэлIати. Зыми къамылъагъумэ, къемыпсалъэмэ, нэхъ къищтэрт абы. И фIэщ хъуну хуейтэкъым Аслъэн апхуэдэу кърищIэфыну. ХищIыкIрэт абы щIалэм и гум къыщекIуэкIым? Хьэуэ… Аслъэн апхуэдэу щIищIар Ланэ папщIэт. Ар гуфIэу, гушхуэу дунейм тетмэ, нэхъ къищтэрт, щIалэ сымаджэм кIэлъыплъ нэхърэ. Зэм-зэм хуэмышэчу къыщитхъынут, сыщIалэу си гъащIэр пкъутащ, сыхъуапсэу зэманыр макIуэ, жиIэнут. Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкIэ, Аслъэн Ланэ иутIыпщащ, и гур къиузыкIыурэ
Илъэсищ дэкIащ. Ланэ и гъащIэм зыри зихъуэжатэкъым. Гъатхэ уэшхыр къыщешхым деж Аслъэн игу къэкIыжырт. Гъатхэпэр екIуэкIырт. Ланэ зигъэгувауэ лэжьапIэм къыщIэкIыжырт. Уафэр къызыщIэуфIыцIат. Хъыджэбзыр псынщIэу и машинэм зэрынэсыжын Iуэху зэрихуэрт, уэшхым къыщIимыдзэ щIыкIэ. АрщхьэкIэ хуэхъуакъым. Уэшх иныр къелъэлъэхащ. Жыг щIагъым занщIэу зыщIидзащ Ланэ.
- Гъатхэ уэшхыр сфIэщIыIэщ.
ЩIалэ макъ гъунэгъу дыдэу къэIуащ. Хъыджэбзым зыкъигъэзащ. Илъагъур и фIэщ хъуртэкъым абы. Аслъэнт къепсалъар.
- Ланэ, уэра? - укIытэжащ щIалэр.
- Си цIэр пщIэжрэ уэ, сытми? Сыпщыгъупщэжауэ, сумыцIыхуу, сыпцIыхунуи ухуэмейуэ щытащ. Сыт иджы къэхъуар? Сытым зихъуэжа? - жиIащ хъыджэбзым.
- Апхуэдэу, кхъыIэ, жумыIэ. Си гур къыбогъэузыкI. Уэ пщIэркъым сэ мы илъэсищым гугъу сызэрехьар.
- Гугъу уэра ехьар? Си фIэщ хъункъым. ПцIыщ. Сэ сщIэнур къысхуэмыщIэу, гупсысэм сихьу, си лажьэр сымыщIэу, уэркIэ сысымэджащ. Ауэ уэращ гугъу ехьар. УкIытэ, апхуэдэу жыпIэн ипэкIэ, - губжьащ Ланэ.
- Сэ сыт сщIами, уэ щхьэкIэ сщIауэ аращ. Уи гъащIэр дахэу пхьымэ, нэхъ къасщтэрт, сэ сыхъужыху укъызбгъэдэс нэхърэ. Сэ куэд щIакъым сызэры­хъужрэ. ИлъэсищкIэ уэ укъыскIэлъыплъыфынут? Сызепхьэфынут? Хьэуэ.
- Апхуэдэу узэригугъар? СыпцIыхуртэкъым, си щытыкIэр къэпщIэфакъым. Уи гъащIэр узэрыхуейм хуэдэу пщIащ, - гъащ, хуэмышэчу, Ланэ.
- Аслъэн, - хъыджэбз макъ жыжьэу къэIуащ.
- Хэт къоджэр? - щIэупщIащ хъыджэбзыр.
ЩIалэм и щхьэр ирихьэхащ, зыри жимыIэфу.
- Уи щхьэгъусэу ара?
- Аращ.
Арауэ къыщIэкIынщ къыпкIэлъыплъари къып­щхьэщысари. Сэ схузэфIэмыкIынур абы ищIащ.
- Ланэ, Ланэ…
- Хьэуэ, Аслъэн, зыру жумыIэ. Сэ къызгурыIуэн хуейр къызгурыIуащ.
- Сыт? - щIэупщIащ щIалэр.
- Гъатхэм нэпс щIегъэкI, - жиIэщ, Ланэ жыг щIагъым къыкIыщIэкIыжри, уэшх иным хэту гъуэгумкIэ ирикIуэжащ.

Тхыгъэ кIэщIхэр

Тэрэзэ гъэщIэгъуэн

СримыхьэлIамэ, си фIэщ хъунтэкъым апхуэдэ тэрэзэ щыIэу. Пэжщ, зэхэсхырт зэрыщыIэр, ауэ си фIэщ схуэщIыртэкъым. АтIэ иджы, куэд щIакъым, си нэкIэ слъэгъуащ апхуэдэ тэрэзэ…
Зысшэчынщ, жысIэу тэрэзэм сызэрытеувэу, хьэлъагъыр къэзыгъэлъагъуэ стрелкэр занщIэу дэлъеящ. ШэчакIуэр Iэбэри гырэ трилъхьащ. Стрелкэм зигъэхъейри си хьэлъагъыр къэпща хъуащ: килограмм 80! «Флъэгъуа!» жысIэу, си пэр Iэтауэ, сыкъыщыIукIыжым, зы лIы къуэгъу цIыкIу гуэр къэсри тэрэзэм теуващ.
ШэчакIуэм, къыщылъэтауэ, абы и щхьэр хуегъэщхъ, «къеблагъэ, къеблагъэ, Чэрим!» жиIэу. Трилъхьа гырэшхуитIыр зэрытелъу, сеплъурэ стрелкэр долъей, ауэ шэчакIуэм ар зыкIи фIэгъэщIэгъуэн хъуркъым, мэIэбэри аргуэру зы гырэ нэхъ цIыкIуIуэ трегъэувэ.
- Килограмм 81-рэ, Чэрим! - жеIэ абы, лIы къуэгъу лъахъшэм хуэгуфIэу еплъурэ. ЛIыр арэзы ­хъуауэ IуокIыж.
- ПцIы еупс уи тэрэзэм! - сокIий сэ. - Мо лIы цIыкIум апхуэдиз къишэчынкIэ Iэмал иIэкъым.
ШэчакIуэр щытщ, и пащIэкIэ щIогуфIыкIри. ИтIа­нэ си тхьэкIумэм гъунэгъу зыкъыхуещIри щэхуу къызжеIэ:
- Уэ пщIэрэ а лIыр хэтми? Ди объединенэм и унафэщIыращ! Ар есащ и мыхьэлъагъ и хьэлъагъыу псоми закъыфIигъэщIу. Армыхъуамэ, щIалэ, си тэрэзэм лажьэ иIэкъым. КъыбгурыIуа иджы? Ауэ умыпIащIэ, а ди унафэщIым къишэчыр зыхуэдиз дыдэр куэд мыщIэу къигъэлъэгъуэнщ си тэрэзэм!
Ар жиIэри лIыр и Iуэху и ужь ихьэжащ: «Ей, хэт зишэчыну иджыри?»

УкъызэригъэщIауэ щыт

Зы пщэдджыжь гуэрым шыдыр зыщIэт шэщ цIыкIум къыщIагъэкIауэ маплъэри, къелъагъу абы и бжэм мелкIэ ину тетхауэ тету: «Мыбы щIэтыр адыгэш къабзэщ».
Шыдыр гуфIащи, зыхуэза и шыдэгъухэр къешэри бжэм тетхар ярегъэлъагъу. «Иджы фи фIэщ хъуа сэ сызэрыадыгэшыр?! Фи гугъати, фэ фхуэдэу, сэри сышыду!»
Гупым зы шыдыхъу бзаджэжь хэтти, жеIэ:
- АтIэ, ар пэжмэ, щыщыт шым хуэдэу.
- Ар Iуэху-тIэ-тIэ, фыкъэдаIуэ! - жеIэри, щыщыну хуожьэ, арщхьэкIэ, ар къемыхъулIэу, шыд кIиикIэу ину мэкIий:
- Iия!..
Псори зэщIодыхьэшхэ, ар ауан ящIу.
Шыдыхъум жеIэ:
- Умыделэу, Тхьэм укъызэригъэщIауэ щыт.
IуагъэзыкIри шыдхэр IуокIыж, мыдрейр нэщхъейуэ и закъуэу къагъанэри.
Къагъырмэс Борис.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр