МЭРЕМ ПШЫХЬ

Ар пэжщ
Сурэтхэм къысхуаIуэтар

Куэд щIатэкъым Мухьэмэд цIыхугъэ къызэрысхуэхъурэ, абы къыхэкIыуи, щIалэ хьэлэлу, хабзэ хэлъу зэрыщытым фIэкIа, и Iуэху сыщыгъуазэтэкъым.
Зымахуэ, лэжьыгъэр сухауэ, Пушкиным и уэрамым сытету сыздэкIуэжым, ар шокъщ жиIэу къысхуэзащ.
- Уоу, сэлам алейкум, сыту фIыт узэрыслъэгъуар! - жиIэри, Мухьэмэд си Iэр гуапэу къиубыдащ. - Тхьэм щхьэкIэ, неблагъэ. Мис мыращ ди унэр.
КъызэрыщIэкIамкIэ, абыхэм я куэбжэпэм дежт дыщызэхуэзар. «Уи еблагъэ куэд ухъу, иужькIэ дыныщIыхьэнщ», - жысIа щхьэкIэ, Мухьэмэд си Iэблэр иутIыпщакъым.
- ИужькIи дыхущIыхьэнщ, иджыпсту хьэщIэ ихьэгъуэ дыдэщ, зиунагъуэрэ, кхъыIэ, неблагъэ, си жагъуэ къыумыщIу», - жиIащ абы, и псалъэхэм фэрыщIагъэ лъэпкъ зэрахэмылъыр къыбгурыIуэу. КъезмыгъэкIущэ пэтми, сыщIэмыхьэу хъуакъым.
Унэм Мухьэмэд и фызым и закъуэт щIэсыр.
- Мыращ ди пщыIэтесыр, фызэрыцIыху, - жи Мухьэмэд. ЦIыхубзым нэмысыфIэу и Iэр къеший. ХьэщIэщым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, залым сыщIашэри, диваным срагъэтIысхьэ. Унэгуащэр, тIэкIурэ фIэкIа щымыту, щIокIыж, зыгуэр зэримурадыр пщIэуэ. Пэж дыдэуи, асыхьэтым пщэфIапIэмкIэ Iэуэлъауэ макъ къыщоIу.
- Хуабжьу си гуапэ хъуащ ди унэ укъызэрыщIыхьар, - жеIэ Мухьэмэд. - Паркым шахмат дыщызэдэджэгу къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIрэ, зиунагъуэрэ! Моуэ дэ иджыпсту…
Мухьэмэди пщэфIапIэмкIэ кIуащи, зэщхьэгъусэхэм, зэхэсх къудейуэ, я псалъэмакъыр къоIу. Абы щыщу псалъэ зырызщ си тхьэкIумэм IупщIу къихьэр: «Хэт?... Гороно… лэжьапIэ… лъэкIынущ… тыкуэным… экстра…».
АдэкIэ зыри зэхэсхыжакъым. Бжэ макъ къэIуат. КъызэрызгурыIуамкIэ, Мухьэмэд тыкуэным кIуэну щIэкIагъэнут. Сыщысщ си закъуэу, пэшыр къызоплъ. ЩIэтыпхъэр щIэтщ: щыгъын шкаф, стIол, шэнт къегъэувэкIауэ, сервант, и ныкъуэм - тхылъ, адрейм хьэкъущыкъу дэту, алэрыбгъу зы блыным, сэ сызэрыс диваныр зыбгъэдэтым, фIэлъщ. Тумбочкэ, телевизор, телефон… Ямылей слъагъуркъым.
Сыщысщ, созэш. «Дауи, мо сервантыщхьэм телъыр сурэт альбомщ», - жызоIэри къызощтэ, сотIысыжри, абы сеплъу щIызодзэ. Альбомым сурэт дэзу дэлът. «Сыт мыхъуми, сытригъэунщ», - жызоIэ.
Альбомым и къыщIэдзапIэм щызолъагъу сабий пцIанэ цIыкIу и дзыгъуэ щхьэцыр иджыри тету, ныбафэкIэ щылърэ ерагъкIэ къыдэплъеиф къудейуэ. «Мухьэмэду пIэрэ?». Сурэтыр къызохри, и щIыбым тетхам соплъ. Абы тетт: «Мухьэмэд илъэс ныкъуэ щрикъуам». КъыкIэлъыкIуэ сурэт зыкъомри ар сабийуэ щыщытам трахат.
Ауэ мис мыр адрейхэм ещхьтэкъым: Мухьэмэд ин хъуат, кIэстум зэфIэт щыгът, галстук дэлът, хъыджэбз гуэрым и гъусэу жыг щIагъым щIэтт. Соплъ абы и щIыбым тетхам: «Студентыгъуэ илъэсхэр». Мис дипломыр иIыгъыу траха сурэтри. Мыдрейр, дауи, лэжьэн щыщIидзам трахащ: екIуэкIыу чертеж зыфIэлъ блыным щIыбагъкIэ бгъэдэтщ, линейкэ иIыгъщ, зыгуэрым йогупсыс. Инженерыр зэгупсысын мащIэ!
Сурэтхэм сеплъурэ сыздэкIуэм, си нэр къытоувыIэ абыхэм ящыщ зым: Мухьэмэд къэпсэлъапIэм итщ, фалъэ IэщIэлъ хуэдэ, и Iэпхъуамбэхэр ищIащ - дихьэхауэ зыгуэрым топсэлъыхь. Дауи, къедаIуэхэм зыгуэр ягуригъаIуэу аращ.
Соплъ сурэтхэм. Сыт пщIэн нэгъуэщI? Хъарзынэу си зэш тоу. Мухьэмэди къигъэзэжыркъым.
Сурэт гуэрым Мухьэмэд стIолым бгъэдэсу итщ. Абы и нэгум иболъагъуэ и щхьэр гупсысэм зэрыхэлъыр, япэм хуэдэу нэщхъыфIэуи щытыжкъым… Мухьэмэд «Волгэм» исщ, и щхьэр мащIэу Iэтауэ, къоплъэкI…
Мис абы и портрет… Аргуэру зы портрет. Аргуэру зы… Абыхэм языхэзым и щIыбагъым тетхат мыпхуэдэу: «Бригадиру сыщыщытам». Адрейм - «Орден къыщызатам». Ещанэм - «Налшык щекIуэкIа совещанэм сыщыщыIам». ЕплIанэм - «Волга» къыщысщэхуам. Адрейм - «Си япэ фызыр щизгъэкIыжам». НэгъуэщIым - «Нобэ илъэс 29-рэ сохъу». Мис иджыри зы. Абы тетщ: «Ди председателым и зам сащIащ»…
Соплъ сурэтхэм, соджэ абыхэм тетхам. ИкIи си нэгум къыщIоувэ Мухьэмэд «зэрыдэкIуея пкIэлъейр». МакIуэ щIалэр, и щхьэр Iэтауэ, и бгъэр гъэкъауэ, портрет инхэр иригъэщIу, сурэт цIыкIухэр зэримыпэсыжу… Хьэуэ, сыщыуэрти. Мис зы сурэт: Мухьэмэд яхэтщ цIыху Iувым, дауи, собранэ екIуэкIыу аращ. Мухьэмэд, выщIэ ешам ещхьу, и щхьэр фIолэл, нэщхъейуэ йоплъых. Сурэтым и щIыбагъым тетщ: «Зам къулыкъум сыкъыщытрагъэкIыжам».
Пэжу жысIэнщи, мы сурэтыр хуабжьу сигу ирихьри, зысхуэмыубыдыжу щэхуу куэдрэ сыдыхьэшхащ. ИтIанэ паспортым трагъапщIэм хуэдэ си сурэт цIыкIур си бгъэ жыпым къинауэ илъти, къисхри, и щIыбагъым тестхащ: «Мухьэмэд и деж хьэщIапIэ сыщыщыIам щыгъуэ» жиIэу. Ар стIолым теслъхьэри, унэгуащэм «ущысыркъэ-на, Мухьэмэд иджыпсту къэсыжынущ», - жиIэу къыскIэлъыщIэкIа щхьэкIэ, Iуэху пIащIэгъуэ сиIэу щхьэусыгъуэ сщIыри, сыкъыщIэкIыжащ.

КЪАГЪЫРМЭС Борис.

ГушыIэ
ЩIакхъуи кIэзети къысхуэхьыну?

Ди хьэблэм зылI дэсащ ХьэжмысосткIэ еджэу. Нэхъ щхьэхынэрэ жеинкIэ нэхъ ерыщрэ дэнэ къипхынт?! АпхуэдизкIэ щхьэхынэти, езым и къалэнхэри и щхьэгъусэм ищIэн хуейхэри унэгуащэрат зэфIэзыгъэкIыр. Куэбжэпэм деж щыт тетIысхьэпIэм махуэ псом тест, блэкIри къыблэкIыжри зригъащIэу.
Махуэ гуэрым и щхьэгъусэр Хьэжмысост къелъэIуащ езым шэджагъуашхэр игъэхьэзырыху лIыр тыкуэным кIуэуэ щIакхъуэ къихьыну. Щхьэусыгъуэ мин къигъуэтурэ Хьэжмысост зрилъэфыхьу хуежьащ.
Абы и хьэлыр зыхуэмышэчыж и щхьэгъусэм жиIащ дяпэкIэ зэрымыпщэфIэнур, зэримыгъэшхэнур. Ар щызэхихым, Хьэжмысост щIакхъуэ уасэ къищтэри щIэкIащ. Ауэ дэнэ тыкуэным щыкIуэнт, тетIысхьэпIэм тетIысхьэщ, тутын щIигъанэщ аби, зыгуэр блэкIыным пэплъэу хуежьащ. Куэдрэ щыса, мащIэрэ щыса, Хъуэжэ къэсащ. Сэлам зэраха нэужь, Хьэжмысост щIэупщIащ Хъуэжэ здэкIуэр къищIэну.
- ЩIакхъуэ щэху тыкуэным сокIуэ, - щыжиIэм.
- Уэ пхуэди къэслъыхъуэр, сэ зы щIакхъуэрэ кIэзетрэ къысхуздэхь, - жиIащ Хьэжмысост.
Хъуэжэ ахъшэр къищтэри, тыкуэнымкIэ иунэтIащ. Абы ирихьэлIэу Хьэжмысост и щхьэгъусэр пщIантIэм къыдэувыкIри, лIыр тетIысхьэпIэм тесу щилъагъум:
- СлIожь, тыкуэным укIуакъыми щIакхъуэщэху.
- Модэ Хъуэжэ кIуэрти, абы ахъшэр естащ.
Зыкъомрэ пэплъауэ, Хъуэжэ къэкIуэжу щилъагъум, лIыми зыкъиIэтащ. Гъунэгъур къыщысыжым, и Iэ зырызымкIэ щIакхъуитI иIыгът.
- КIэзет къысхуэпхьакъыми, Хъуэжэ, - жиIэу Хьэжмысост щыщIэупщIэм.
- Уэлэхьи, сэ IипщI спымыт щIакхъуи кIэзети къэсхьыну, - къитащ жэуап Хъуэжэ.

ПЩЫБИЙ СулътIан.

ЦIыкIухэм факъыхуеджэ
Iуэхур дауэ зэрыблэжьынур?

Пщэдджыжьым Юрэ къэушащи, щхьэгъубжэм доплъ. Дыгъэ къопс. Махуэр уэфIщ.
ЩIалэ цIыкIуми гупыж ещI зыгуэр илэжьыну.
Мэгупсысэри щысщ: «Си шыпхъу цIыкIур псым итхьэлэу сэ къыхэсхыжамэ аратэкъэ!».
Абы хэту и шыпхъу цIыкIур къыбгъэдолъадэ:
- Юрэ, кхъыIэ, си гъусэу ныщIэкIи, тIэкIурэ къэкIухь!
- IукI, зэран укъысхуэмыхъуу сыгъэгупсысэ!
Хъыджэбз цIыкIум зигъэгусэри IукIыжащ.
Юрэ пещэ и гупсысэхэм: «Мы ди нанэ дыгъужьхэр къытеуэу, сэ ахэр фочкIэ сыукIамэ аратэкъэ!».
Абдеж я нанэ къыбгъэдохьэ:
- Юрэ, хьэкъущыкъур зэщIэкъуэжыт.
- Уэри зэщIэкъуэж, сыхущIыхьэркъым сэ!
Фызыжьыр къеплъщ, и щхьэр игъэкIэрахъуэри, IукIыжащ.
Юрэ адэкIэ мэгупсысэ: «Уа, мы си Трезоркэ псыкъуийм ихуарэ сэ къисхыжамэ аратэкъэ!».
Абы ирихьэлIэу хьэ цIыкIур къыIуолъадэ. И кIэр егъэкIэрахъуэ: «Псы сегъафэ, Юрэ!» - жиIэ хуэдэщ.
- ЗыIуегъэх адэ! Зэран умыхъу, сэ согупсысэ!
Трезоркэ и жьэр зэтрипIэжри, пабжьэм хыхьэжащ.
Юрэ и анэм деж кIуащи, йоупщI:
- Моуэ зы IуэхуфI гуэр дауэ злэжьа хъуну?
Юрэ и щхьэм Iэ къыдилъэри, анэм жиIащ:
- Уи шыпхъу цIыкIур тIэкIу къешэкI, нанэ и гъусэу хьэкъущыкъур Iухыж, Трезор псы егъафэ.

ОСЕЕВЭ Валентинэ.

ГъэщIэгъуэнщ
Зэчий зыбгъэдэлъ пащтыхьхэр

Римым и пащтыхь Аврелий Марк (121 - 180) сытым дежи зауэм хэтт, Рим пащтыхьыгъуэм и гъунапкъэхэр ихъумэу. Ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу, Аврелий зэман къыхуигъуэтыфырт литературэр, философиер, хабзэр джыным. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа «Гупсысэхэр» тхылъыр нобэр къыздэсым яфIэгъэщIэгъуэну цIыхухэм щIаджыкI.

* * *

Инджылыз пащтыхь Генрих VIII (1491 - 1547) музыкант телъыджэу щытащ. Абы дахэу игъэбзэрэбзэфырт органыр, вирджиналыр, арфэр. Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм къалъытэ «Зеленые рукава» макъамэ цIэрыIуэр зытхар арауэ.

* * *

Румынием и пащтыхь гуащэ Елизаветэ (1843 - 1916) и Iэдакъэ къыщIэкI поэмэхэмрэ таурыхъхэмрэ къызэрытрыригъадзэр езым къигупсыса цIэр - Сильвэ Кармен - щIэдзауэт.

* * *

Карл Щэджащэр (Великий) (747 - 814), франкхэм я пащтыхьыр, тхылъ еджэфу зыщригъэсар балигъыпIэ иувауэщ. Ауэ щыхъукIи, и къэрал псом курыт школхэр къыщызэIуихырти, европэм щынэхъ цIэрыIуэ щIэныгъэлIхэр иригъэблагъэрт.
Карл Щэджащэм и лъэхъэнэм архитектурэ лэжьыгъэхэмрэ прикладной гъуазджэмрэ зиужьауэ щытащ.

КЪЭБАРТ Мирэ.

КъэкIыгъэхэр
ШкIэплъ

«ШкIэплъ зытелъ нэхърэ дагъэ зытет» псалъэм дахэ нэхърэ, фIы жыхуиIэу аращ, ауэ а псалъэм шкIэплъым и дахагъри къыхощ.
ШкIэплъыр губгъуэ къэкIыгъэщ. Ар Европэм и КъуэкIыпIэ, Балкан, Кавказ, Тырку щIыналъэхэм къыщокI. Нэхъыбэу дыгъапIэ, мывалъэ, пшахъуалъэ щIыпIэхэм ущрихьэлIэнущ.
Гъатхэм къыхокIри, и пкъыр сантиметр 30 - 50-кIэ докIей. Бадзэуэгъуэ - шыщхьэуIу мазэхэм къриубыдэу ар плъыжьыфэу, лъагэу къогъагъэ. Абы и гъэгъахэм бжьэхэм фо къыхах.
И тхьэмпэ удзыфэр бжым хуэдэу кIыхьу папцIэщ, хужьыфэу цы щабэ цIыкIу тетщ.
Нало Заур и зы усэм шкIэплъым мыпхуэду щыхужеIэ:
Мыр лъакъуапцIэу
Къохьэ губгъуэм,
Щхьэгъум кIыхь зыкъещIыр,
И щхьэ кIыхьыр зэщIогъагъэ
Плъыжь нэрынэ защIэу.
ЗэбгъэщIэну пщIымэ гугъэ,
Аращ зэджэр шкIэплъкIэ.
Бжьыхьэм ящIыр гъэтIылъыгъэ,
Абы и лъабжьэплъыр
.
ШкIэплъыр пасэ зэманым адыгэм узыншагъэм и сэбэпу зэрахьэу щыта къэкIыгъэщ. Абы и лъабжьэ гъуар псым халъхьэрти, къагъавэрт. ШкIэплъыпсым и фэр плъыжьыбзэщ. Ар тэмакъ, жьэжьей уз зиIэхэм ираф.
Абы къищынэмыщIауэ, шкIэплъыпс плъыжьымкIэ мэлхэр нэгъуэщIхэм яхэмыгъуэщэн папщIэ ираIэрт.

ДОХЪУЩОКЪУЭ Синэ.

Гупсысэр - псалъэкIэ
УпщIэ нагъыщэ

Телъыджэу зэхэджащ цIыху гъащIэр. ГъэщIэгъуэнми къыщынэркъым абы и къуэгъэнапIэ-быдапIэ куэдым уи нэр къыхузэтепхыныр, ар плъыфэбэу, къуэпсыбэу, нурыбэу икIи къуабэбжьабэу зэрыухуам укIэлъыплъыныр. Къыпхуэмыпщытэным хуэдизщ зэрыупщIэ нагъыщэ здэгъэувыпхъэу а гъащIэм къытлъыкъуигъэкI жыхуэпIэр. Жэуапым я нэхъ пэжым и къэулъэпхъэщыным, хэкIыпIэм я нэхъ захуэм и къэгъуэтыным зэману хуэдутIыпщри лъытэгъуейщ.
Узыфэ IэубыдыпIэншэм Iэпкълъэпкъым зэрызэриугуашэм ярейуэ, зэрыупщIэ нагъыщэ куэдым увыIэпIэ зыкъысхуащIащ. ЗэщIаблащ, зэщIащтащ, зэщIаубыдащ си гъащIэр. ДэнэкIэ тесIуантIэми, дэздзыхми, къэзгъэшми, сикIуэтми - дапщэщи си гъуэгур яуфэбгъу, гъуэм кърахуа благъуэу къыспотIыс. ГурыфIыгъуэмрэ нэплъэгъуэмрэ зы бэлыхь есщIами ярейуэ спагъэжыжьэ. Си фэм симытыжу фагъуэ сащI, фэтегъуэ сихъукIынми увыIэгъуэрэ тепыIэгъуэрэ ямыщIэу Iуэхур ирашалIэ, лIэныгъэр IэфIыпс къысщащI. Фащэм я нэхъ дахэр зыхуэзгъэфащэу хэIэтыкIа нагъыщэ пагэкIэ зэщIэзудыжа си лъагъуныгъэ дахащэми къылъагъэс я щхъухь шынагъуэр, къопэбжьауэ, къуоныкъуэкъу яфIэщыпсу. Си гур тIу иращIыкIыну къыхуодзэлашхэ. Я щхьэр ягъэщхъарэ езэш ямыщIэу къытоуIуэ, къопIэстхъ. Зы дакъикъи псэхугъуэ ирагъахуэркъым яуныкъуу зэлъэпэуэжыну гу тхьэмыщкIэр. Зы Iэмали къысхуэгъуэтыркъым ар буныкъуныр хэкIыпIэу зэрыщымытыр, икIута из зэрымыхъужыр къагурызгъэIуэну. ГъырнэIурэ псэкIуэду ирызагъэкъуэкI си гъащIэр. ЩIэращIэу, щIэщыгъуэу, щIэхъуэпсымрэ щIэбэгымрэ ебэкIыу зэгуэр сызыхэпсэукIа гъащIэр. Лъэгуажьэмыщхьэ захуэсщIу селъэIуа, си щхьэр яхуэзгъэлъэхъша пэтми, я фIэщ схуэщIыркъым гур буныкъу зэрымыхъунур - ныкъуэдыкъуэу, къыхуэныкъуэ щымыIэжу, къеижыр къыхукъуэплъу къэплъэнэф пэлъытэу дунейм зэрыщыхьэулеинур, зэрыщылеинур. ИтIани, сызэхахыркъым, къысхуэдэгущ. ГуитIщхьитIу сагъэпсэуныр яфIэкъабылу лей къыстрагъэхьэ, хьэм ирагъэхь, къупщхьэжьу си гум къодзэгъу. Ауэ зэкIэ пэлъэщыркъым, яхуэгъэщащэркъым, яхуэуныкъуркъым. Яхуэуныкъуркъым быдэ дыдэу зэрыубыдауэ, фошыгъупсым хэлъэфа IэфIыгъэкIэ псыхьыжауэ гу курыкупсэм лъагъуныгъэр хэгъэпщIащи, дыгъэ бзийм къыхэча Iуданэ дыщэпскIэ и гъунэхэр къэдыхьыжащи. МыщIэ цIу цIыкIуу гум итIысхьащи, Iэрымылъхьэ-нэрымылъагъу бзуубзэ макъкIэ псэм епсэлъащи. Полъэщ, дзыхэркъым икIи икIуэтыркъым ар. УпщIэ нагъыщэу къыпэщIэувэр зэрырищIыкIыфын, я лъапси я къуэпси зэрыщIигъэхуфын къару лъэщ къызэрыкъуэкIыфынум ирипагэрэ ириину, къащыдыхьэшхрэ къащIэнакIэу гум къоцIуукI, къолындыкI, къогуфIыкI…

ЖАМБЭЧ Рабия.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ