Къэзыгъэзэжахэм «Спартак-Налшыкыр» ягъэлъэщ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2020-2021 гъэхэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм зыхуигъэхьэзырын щIэзыдза «Спартак-Налшыкым» хъыбарыфI къыдигъэщIащ. Абы къагъэзэжащ илъэс зыбжанэкIэ ди республикэм и щIыхьыр къэралпсо утыкум щызыIэтахэу Джатэрывэ Къазбэч, Мэкъуауэ Залым, Пащты Руслан, Багъэтыр Альберт, Гугуев Магомед сымэ.

Иужьу зэхэта зэхьэзэхуэм «щыкIуэцIрыхуа» «Спартак-Налшыкым» щIэгъэкъуэн лъэщ къызэрыIэрыхьам ар и щыхьэтщ. АбыкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ Мэшыкъуэ Аслъэн зи унафэщI футбол клубым икIи адэ-мыдэкIэ щызэбгырыдза ди щIалэ лъэрызехьэхэм ящыщ зыбжанэ кърашэлIэжащ. Ахэр щапхъэ нэс зэрахуэхъунум шэч хэлъкъым Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм хэт адрей нэхъыщIэIуэхэми икIи дяпэкIэ къалэн нэхъ инхэм зрапщытыну дыщогугъ.
«Спартак» стадионым и джэгупIэ губгъуэм иджыблагъэ щекIуэкIа пресс-конференцыр нэхъыбэу зытеухуар ди республикэм къэзыгъэзэжа щIалэхэрат. Ахэр езыхэри абы кърихьэлIат.
НэгъуэщI къэралхэм я командэ цIэрыIуэхэм зэрыщащIым хуэдэу, япэ дыдэу ди деж къыщрахьэжьа мы Iуэхугъуэ дахэр куэдым ягу ирихьащ. Журналистхэм кърагъэцIыхужащ гупым щIэуэ къыхагъэхьахэр икIи абыхэм епсэлъэну, я гъусэу сурэт зытрагъэхыну Iэмал яIащ. Коронавирус уз зэрыцIалэм дызэригъэува щытыкIэ хьэлъэр мыхъуатэмэ, шэч хэмылъу, зэIущIэм кърихьэлIэнут топджэгум дихьэх цIыхуищэхэри.
Пресс-конференцыр къызэIуихащ «Спартак-Налшык футбол клубым и унафэщI Мэшыкъуэ Аслъэн.
- Фи махуэ фIыуэ! Нобэ фи пащхьэ къитшащ ди командэм къыхыхьа щIалэ зыбжанэ. Ахэр фэ фымыцIыхуу щыткъым икIи «Спартак-Налшыкыр» зэфIэувэн, абы и пщIэр лъагэу Iэта хъун папщIэ дэтхэнэ зыми хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ, - къригъэжьащ Мэшыкъуэм и псалъэмакъыр. – Дыгъуасэ (мэкъуауэгъуэм и 10-м – Ж.З.) фи пащхьэм ис дэтхэнэ зыми зэгурыIуэныгъэ етщIылIащ икIи мыгувэу щIэзыдзэну Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым и зэхьэзэхуэм ди республикэм и щIыхьыр щахъумэнущ. Ахэр нэхъапэм къытхэтащ икIи зэфIэкI ин къагъэлъагъуэу дагъэбжьыфIащ. Иджыри куэдкIэ дащогугъ, сыту жыпIэмэ зыкъом щIащ ехъулIэныгъэ гуэрхэр зэрыдимыIэрэ икIи топджэгум дихьэххэм я щIыхуэ къыттехуащ. ЗэфIэкI щIагъуэ къыщыдмыгъэлъэгъуа икIи коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ нэхъ пасэу ирагъэуха 2019-2020 гъэхэм я зэхьэзэхуэм кърикIуахэм лъэныкъуэ IэджэкIэ дыхэплъэжащ, дерс зыбжани къыхэтхащ. Абыхэм япкъ иткIэ, КIэбышэ Заур зи пашэ тренер гупым ди пащхьэ къралъхьащ «Спартак-Налшыкыр» зыгъэлъэщыфыну футболист зыбжанэм я унэцIэхэр. Нобэ ахэр фи пащхьэм исщ. Дэ тлъэкI къэдгъэнакъым Джатэрывэ Къазбэч, Мэкъуауэ Залым, Пащты Руслан, Багъэтыр Альберт, Гугуев Магомед сымэ къетшэлIэжын папщIэ. Езыхэри арат зыщIэхъуэпсыр. АдэкIэ фи упщIэхэм жэуап естыну сыхьэзырщ.
- Хуабжьу гуапэщ «Спартак-Налшыкым» и ехъулIэныгъэхэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа щIалэхэм къагъэзэжын зэрыщIадзар. АдэкIи къыпащэну дыхуейт. Къапщтэмэ, премьер-лигэм щыджэгу Тулэ и «Арсенал»-м и зэгурыIуэныгъэм къыхупищакъым Бырхьэм Къантемыр. КъищынэмыщIауэ, Мэшыкъуэ Хьэчим зыхэт Курск и «Авангард»-р зэхуащIыжащ, езыр щIэлъэIуауэ япэ дивизионым къыхокIыж Къалмыкъ Амур топ зыбжанэ щыдигъэкIа «Армавир»-р. Ахэри къэфшэжыну фыхущIэкъуакъэ?
- Хэти щIохъуэпс апхуэдэ футболистхэр зэхигъэхьэну. Шэч хэлъкъым Бырхьэм Къантемыри Мэшыкъуэ Хьэчими мыгувэу командэ лъэщ гуэрхэм къызэрыщыщIидзынум икIи щIэупщIэшхуэ зэраIэм. Аращ зэкIэ я гугъу щIэдмыщIари. Япэ дивизионым къыхэкIыжами, Къалмыкъ Амур зэгурыIуэныгъэ хуиIэщ «Армавир»-м. Зыхэт командэр щежьэм къыкIэрыхуащи, абы ди гъусэу зэхьэзэхуэм иджыпсту зыхуегъэхьэзыр, иужькIэ яхыхьэжын хуэдэу.
- Абдежым къыхэвгъэхьэнухэр щывухауэ абы къикIрэ?
- Къанэ щIагъуэ щымыIэу. Иджыри зы гъуащхьэхъумэфI къыдолъыхъуэ.
- ЗыхэвгъэхьахэмкIэ фыарэзы?
- Шэч хэмылъу. Тренерхэр зыщIэлъэIуа псори къетшэлIэфащ икIи зэгурыIуэныгъэ етщIылIащ.
- Езы тренерхэр, КIэбышэ Заур я пашэу, мы зэIущIэм сыт къыщIримыхьэлIар?
- Ахэр иджыпсту хуабжьу хущIэмыхьэщ. Абы щыгъуэми, зэхьэзэхуэр щыщIадзэнум ирихьэлIэу щыIэну пресс-конференц зыубгъуам, топджэгум дихьэххэри хэту, КIэбышэ Заур я пашэу тренерхэри щыIэнущ.
- «Спартак-Налшыкыр» зыхэт Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым хэт сымэ иджыри щыджэгунухэр? ЗэрагъэхъыбарымкIэ, Осетие Ищхъэрэ-Аланием и командэхэм абы зыкъыщагъэлъэгъуэнукъым – «Алания»-р япэ дивизионым хыхьэну мэныкъуакъуэ, Владикавказ и «Спартак»-р зэхуащIыж. КъищынэмыщIауэ, «Армавир»-р езыр хуейуэ япэ дивизионым къыхокIри, етIуанэм къытхохьэ. ЗэрыжаIэмкIэ, ЕсэнтIыгу, Таганрог, ТIуапсы, Грознэ къалэхэм я командэхэри «Ипщэ» гупым щыджэгунущ. Пэжу пIэрэ а хъыбархэр?
- Дэри зэхэтхащ апхуэдэ гуэрхэр, арщхьэкIэ зэкIэ гурыIуэгъуэр мащIэ дыдэщ. Официальнэу къытхуагъэхьыну тхылъхэм дыпоплъэ.
- ЕтIуанэ дивизионым зэхьэзэхуэщIэм щыщIидзэнур дапщэщ?
- 2020-2021 гъэхэм я зэхьэзэхуэм Урысейм и премьер-лигэм шыщхьэуIум (августым) и 1-м щыщIедзэ. Абы иужькIэ махуэ зыбгъупщI дэкIмэ, дэри зэпеуэр зэхэдублэну къыщIэкIынщ.
АдэкIэ упщIэхэр зыхуэгъэзар «Спартак-Налшыкым» къэзыгъэзэжахэрат.
- «Муром» командэм укъыхэкIыжыну къохьэлъэкIа?
Пащты Руслан: - Хьэуэ. Уи унэжь хуэдэ щыIэкъым.
- Дэнэ щIыпIэ ущыджэгуну нэхъ къапщтэр – губгъуэм икура хьэмэрэ ибгъумкIэ?
- Тренерым къысхуигъэфащэращ. Абы къысхуигъэув къалэнхэр згъэзэщIэну сыхьэзырщ.
- Къэзахъстаным и командэ къыхэхам ущыджэгуауэ Урысей Федерацэм и етIуанэ дивизионым укъыщыхутэну тыншу къыщIэкIынкъым.
Джатэрывэ Къазбэч: - Налшык сыт щыгъуи командэ лъэщхэр иIащ. КъищынэмыщIауэ, илъэсиблкIэ Къэзахъстаным сыщыIати, унагъуэм хуабжьу сыхуэзэшащ. Сэ Азие Курытым сыщыIащ, ар Къэбэрдей-Балъкъэрым къанэри. Арати, си сабийхэр щIагъуэу срамыгъусэу къэхъуащ. Иджы дызэуIужащи, гулъытэ нэхъыбэ езгъэгъуэтын хуейщ.
- «Спартак-Налшыкым» нэхъ пасэжу къэбгъэзэжыну зэхэтхат. Сыт узыгъэгувар?
- Мы гъэр къызэрихьэрэ Налшык къызэрызгъэзэжыным иужь дитщ. АрщхьэкIэ зэхьэзэхуэр зэрекIуэкI регламентым апхуэдэ Iэмал къыщызитар иджыщ: Къэзахъстаным и командэ къыхэхам сыщыхыхьэм а къэралым и гражданствэр къэсщтэн хуей хъуащ икIи Урысей Федерацэм и нэгъуэщI къэрал цIыху сыхъуащ. Абы и етIуанэ дивизионым апхуэдэхэр щыджэгуну иджыри къэс хуитакъым. Куэд щIакъым ЕАЭС-м (Къэзахъстаным, Белоруссием, Армением, Къыргъызым) къыддыхэт къэралхэм щыщхэр хамэ къэрал цIыхуу Урысейм къызэрыщамылъытэжрэ. Арати, «Спартак-Налшыкым» сыщыджэгуну къэзгъэзэжыну Iэмал иджы згъуэтащ.
- Дивизион нэхъыщIэхэм хэт командэхэм Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокым ехьэлIа зэпеуэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъагъуэмэ, яхузэфIэкIынущ премьер-лигэм и гуп лъэщхэр кърагъэблэгъэну. Псоми дощIэж Мэзкуу и «Спартак»-м къэралым и къалащхьэм 2017 гъэм ерыщу фызэрыщыпэщIэтар. Апхуэдэ гуэр дяпэкIэ ди нэгу щIэвгъэкIыфыну?
Гугуев Магомед: - Зи гугъу фщIы зэIущIэм Пащты Руслан дэрэ дыхэтащ икIи нобэми ар IэфIу дигу илъщ. Апхуэдэ дэрэжэгъуэ топджэгум дихьэххэм еттыну дэ сыт щыгъуи дыхущIокъур, ауэ ар зэгъэхъулIэгъуафIэкъым.
Иджыри зэ фэдгъэцIыхужынщ «Спартак-Налшыкым» къэзыгъэзэжахэр:
Джатэрывэ Къазбэч – и ныбжьыр илъэс 34-рэ ирикъуащ, гъуащхьэхъумэныкъуэщ. 2004-2006 гъэхэм Налшык и «Спартак»-м и щIалэгъуалэ гупым хэтащ, 2007-2011 гъэхэм «Спартак-Налшыкым» и фащэр щыгъыу Урысейм и премьер-лигэм зэIущIэ 88-рэ щригъэкIуэкIащ. Иужьу хэтащ Бахчисарай и «Къызылташ» командэм.
Гугуев Магомед – и ныбжьыр илъэс 31-рэ ирокъу, гъуащхьауэщ. 2014-2017 гъэхэм «Спартак-Налшыкым» щыджэгуащ икIи зэIущIи 116-м топ 36-рэ я хьэрхуэрэгъухэм щыхудигъэкIащ. Иужьу зыхэтар Ставрополь и Динамо» командэращ.
Пащты Руслан – и ныбжьыр илъэс 27-рэ ирикъуащ, гъуащхьэхъумэныкъуэщ. 2017-2018 гъэхэм «Спартак-Налшыкым» щыджэгуащ. Иужьу хэтащ «Муром» командэм.
Багъэтыр Альберт – и ныбжьыр илъэс 26-рэ ирокъу, гъуащхьэхъумэныкъуэщ. 2015-2017 гъэхэм «Спартак-Налшыкым» щыджэгуащ. Дон Iус Ростов и СКА командэм иужьу хэтащ.
Мэкъуауэ Залым – и ныбжьыр илъэс 25-рэ ирикъуащ, гъуащхьэхъумэщ. 2011-2017, 2018-2019 гъэхэм «Спартак-Налшыкым» щыджэгуащ. Иужьу хэтащ «Армавир» командэм.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Сурэтхэм: Джатэрывэ Къазбэч.Мэкъуауэ Залым.Пащты Руслан. Багъэтыр Альберт. Гугуев Магомед.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: