Сабийгъуэ тхылъхэр

Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ управленэм и дзэ къулыкъущIэ, клубым и оператор Аттаев Азнор хэтащ я IэнатIэм иригъэкIуэкIа «Росгвардия. Книги детства» урысейпсо Iуэхум. Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ехьэлIауэ щытащ ар.

Видео жыпхъэм иту, урысей гвардием и лэжьакIуэр къеджащ «Иван-Царевич и Серый волк» урыс цIыхубэ таурыхъым щыщ пычыгъуэ.
- Iуэхум сызэрыхэтам икъукIэ сыщогуфIыкI, - жиIащ Урысей гвардием и щIыналъэ къудамэм и лэжьакIуэм. –Сабийхэм тхылъыр фIыуэ егъэлъагъуным и закъуэкъым абы и мыхьэнэр, атIэ ди адэ-анэр къызытхуеджэу щыта тхыгъэхэм ахэр гуапагъэм, гу хьэлэлыгъэм, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыным хуегъасэ.
Аттаев Азнор сабийхэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэну икIи ахэр къыхуриджащ художественнэ тхыгъэхэм еджэным зэман нэхъыбэ хухахыну.

 

БЛИЙ Даянэ.
Поделиться: