Псоми ящIэн хуейщ

Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ управленэм медицинэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ и гупым и унафэщI, полицэм и майор Аппаев Мухьэмэд хэтащ IуэхущIапIэм иригъэкIуэкIа радио нэтыным.

Ар тепсэлъыхьащ короновирус уз зэрыцIалэм щIыналъэ къудамэм зыщемыгъэубгъуным ехьэлIауэ ящIэхэм, дэтхэнэ цIыхури жэуаплыныгъэ хэлъын зэрыхуейм, абыхэм Iэмал имыIэу зыхащIыкIыпхъэ Iуэхугъуэхэм.
- Нобэ дуней псор щытыкIэ гугъум итщ. Ди къэралым, республикэм щыпсэухэм ящIапхъэщ зэрызахъумэжыну щIыкIэм ехьэлIа псори. Ди узыншагъэм дэ езыращ и хъумакIуэр, - жиIащ Аппаевым.

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: