Дунейм щыхъыбархэр

ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэхэр ягъэкIэщIыну?

УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым Экономикэ политикэмкIэ и комитетым къыхилъхьащ ИлъэсыщIэр къызэрихьэм ехьэлIа махуэшхуэ дауэдапщэхэр 2021 гъэм ягъэкIэщIыну. Нэхъ щхьэтечу жыпIэмэ, илъэсыщIэ махуэшхуэхэр щIышылэм и 1 - 3-хэм къриубыдэу зэфIагъэкIынырщ ар зытеухуар. А Iуэхум хэплъэну депутатхэм зыхуагъэзащ УФ-м ЛэжьыгъэмкIэ и министерствэм.

«Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зэрызиубгъуам и зэранкIэ мы илъэсым къэралым и цIыхухэр мылажьэу куэдрэ дэсын хуей хъуащ. Абы, зэрыгурыIуэгъуэщи, гугъуехь мымащIэ къыдэкIуащ, адэкIи ахэр нэхъ мащIэ хъуну зэкIэ угугъэныр щхьэгъэпщIэжщ. Абы къыхэкIыу, дызыхуэкIуэ илъэсым и махуэшхуэхэм деж зэкIэлъыкIуэу дызэрыдэсыр дгъэмэщIэныр тэмэму къыдолъытэ», - жиIащ Комитетым и унафэщI, «Урысей зэкъуэт» Урысейпсо партым и Совет нэхъыщхьэм хэт Кутепов Андрей.
Законопроектыр къыхэзылъхьахэм къабжащ цIыхухэр щымылэжьа махуэхэр. Псалъэм папщIэ, Урысей Федерацэм и Президентым и Указым ипкъ иткIэ, цIыхухэм лэжьапщIэ ирату дэсахэщ гъатхэпэм и 30-м къыщыщIэдзауэ мэлыжьым и 3 пщIондэ. Абы къыкIэлъыкIуэу, а мардэм мэлыжьыхьым и кIэ пщIондэ пащащ. КъимыдэкIэ, накъыгъэм и 6 – 8 махуэхэри улахуэ ирату цIыхухэр унэм щIагъэсащ. Мылэжьэгъуэ махуэу ягъэувауэ щытахэр IэнатIэ Iутым илъэс къэс зигъэпсэхуну щыхуит мазэм пагъэкIуэжауэ аракъым, атIэ Iэмалыншагъэм къыхэкIа Iуэхущи, дэтхэнэ зыми и отпускыр къигъэсэбэпыжыну хуитщ. Абыи мылъку мымащIэ текIуэдэнущ. А псори зэпалъытащ законопроектыр щагъэхьэзырым.
2020 гъэм и лэжьэгъуэ махуэгъэпс яубзыхуауэ щытам тепщIыхьмэ, лэжьэгъуэ махуэхэр 247-рэ хъун хуеящ, махуэшхуэхэр, щэбэт, тхьэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэр махуи 118-уэ хагъэхьат. ЗэкIэ дэдгъэхуа лэжьэгъуэ махуэхэм ТекIуэныгъэм и Парадыр щрагъэкIуэкIыну мэкъуауэгъуэм и 24-мрэ Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм папщIэ Iэ щаIэтыну бадзэуэгъуэм и 1-мри мылэжьэгъуэ махуэу зэрагъэувар хэплъхьэжмэ, мы гъэм мылэжьэгъуэ махуэхэр I47-рэ хъууэ къыщIедз. Ар зэкIэщ. АдэкIэ зэрыхъунур зыми ищIэркъым. ЦIыху псори дэкIыжу я лэжьыгъэ IэнатIэхэм пэрыту илъэсым щыщу къэнэжар ирахьэкIыну хэт щыхьэт техъуэфынур? А псори зэпалъытащ проектыр къыхэзылъхьахэм.
ИлъэсыщIэпежьэ дауэдапщэхэр ягъэкIэщIыныр куэдым ягу зэрыримыхьынури гурыIуэгъуэщ. Проектым и телъхьэхэмрэ абыкIэ мыарэзыхэмрэ щIадзауэ зодауэ. Апхуэдэу щытми, жэрдэмым купщIэ хэмылъу пхужыIэнукъым. ИлъэсыщIэ махуэшхуэ зэкIэлъыпытхэм цIыхухэр ирагъэзэшауэ лэжьапIэ зэрыдэкIыжыр куэд щIауэ зым и дежкIи щэхужкъым. Аращ законопроектыр дэзыIыгъхэр щIэмымащIэри.

Коронавирусым къелами,
доллар мелуан 1,1-м щIигъу щIыхуэ къытехуащ

США-м щыщ Сиэтлл къалэм щыпсэу Флор Майкл ящыщщ коронавирус уз зэрыцIалэр зэуалIэу абы хьэлъэу игъэсымэджахэм.

Дохутырхэм узыфэм къызэрыIэщIахам и гум щызу щыгуфIыкIыну хунэсакъым ар - сымаджэщым зэрыщIэлъам пэкIуэу итын хуейуэ кърагъэлъэгъуа счётыр щилъэгъуам, жиIэнур имыщIэу къэуIэбжьат ар. Доллар мелуан 1,1-м щIигъу щIыхуэу къытехуащ абы.
Илъэс 70 зи ныбжь Майкл махуэ 62-кIэ щIэлъащ сымаджэщым, къыхуащIэ Iуэхутхьэбзэм зы жэщ-махуэм доллар мини 9,7-рэ хуэзэу. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, ар ажалым кърагъэлащ: узым иубыдат абы и Iэпкълъэпкъ псор.
Апхуэдэу щытми, гъэхъужыпщIэм Флор и «бзэр иригъэубыдат». Иджы ар мэгугъэ ахъшэр къыпамыубыдыну. Къыпаубыдми, дэнэ кърихын апхуэдиз мылъку?
Америкэм щыпсэухэм ящыщу зи ныбжь хэкIуэтахэм лъэпкъ медицинэ страховкэ хуащI. Абы ахъшэ хуэзыутIыпщ «Medicare» компанием Майкл и жыпым зы центи кърыримыгъэхыу зэрагъэхъужам пэкIуэр хуитыну къыщIэкIынущ

Нобэ
США-м щагъэлъапIэ пщылIхэр хуит щыхъужа махуэр. 1862 гъэм США-м и президент Линкольн Авраам Iэ тридзащ я къэралым пщылIыгъэр щымыгъэIэжыным теухуа законым.
Журт автономнэ областым щагъэлъапIэ я гербымрэ ныпымрэ я махуэр
Алжирым и революцэм и махуэщ
Кувейтым и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

1920 гъэм РСФСР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советым щIэныгъэншагъэр гъэкIуэдыным теухуа урысейпсо комиссэ къызэригъэпэщащ.
1991 гъэм советыдзэхэр Венгрием къишыжын яухащ.
1924 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Лениным и цIэр зезыхьэ саугъэтым, СССР-м, Белоруссием я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Быков Василь.
1945 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ Селезнёвэ Наталье.
1951 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, РАЕН-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик Соблыр Андемыркъан.
1955 гъэм къалъхуащ совет хоккеист цIэрыIуэ, къэралым и гуп къыхэхам и гъуащхьэтету щыта, Олимп джэгухэм дыщэ, дыжьын медалхэр къыщызыхьа, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Мышкин Владимир.
1958 гъэм къалъхуащ хоккеист цIэрыIуэ, Совет Союзым и гуп къыхэхам хэту Олимп джэгухэм тIэунейрэ щытекIуа, зэ дыжьын медаль къыщызыхьа, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Макаров Сергей.
1960 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, республикэм и Правительствэм и саугъэтыр зрата БищIо Iэсият.
1967 гъэм къалъхуащ Норвегием щыщ спортсмен Дели Эрленд Бьёрн. ЛыжэкIэ къызэдэжэн спорт лIэужьыгъуэм абы щиIэ ехъулIэныгъэхэм хуэдэ къихьын зыхузэфIэкIа зэкIэ дунейм щыIэкъым. Ар Олимп Джэгухэм 8 щытекIуащ, дунейм бгъуэнейрэ и чемпион хъуащ.

Дунейм и щытыкIэнур
   «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 26 – 27-рэ, жэщым градус I8 - I9 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Дахэр зыгъэдахэр и щэнщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ