МАРШАК Самуил

ЗэгъунэгъуитI

Зэгуэрым си цIыхугъэ лIыжьыр
ЕлъэIуащ и гъунэгъу къулеижьым:
- Бэзэрым нобэ щызиIэщ Iуэхуи,
СрикIуэну къызэт уи шыдыр хьэхуу.

- Иджыпсту си шыдыр дэткъым унэм,
Мо джабэм тIэкIу щызгъэхъуэкIуэну
ДэзгъэкIати жьыуэ пщэдджыжьым,
КъэкIуэжакъым, - жеIэр къулеижьым.

А тIур уэршэру щытыхункIэ
Шыдым и кIий макъ къоIукIыр IуэмкIэ.
- СыкъэбгъэпцIащ, - жи лIыжьым
зигъэгусэу, -
Уи шыд къэкIийм и макъыр си нэIуасэщ!

Къулеижьым зиумыскъым, зехъунщIэ:
- ПцIы супсыну си напэм къысхуимыдэ -
Сэ ныбжесIар уи фIэщ умыщIу,
Уи фIэщ щхьэ пщIырэ къикIияр а
шыдым?!

Нэщхъейуэ лIыжьыр пщIантIэм
къыдокIыжыр,
И щхьэр фIэхуауэ хуэму здэкIуэжым.
Къелъагъур къуакIэ лъащIэм къыщIэж
псынэм
ЯтIэм хэнауэ бгъэдэту зы щынэ.

Псы хуэлIа щынэ лъэрымыхьыр
Зыхэт хъушэм лъэщIэмыхьэу
КъыщыувыIати псынэ Iуфэм
Зыщигъэпсэхуу, псы тIэкIуи ирифу
ЯлъэщIыхьэжын и гугъэу хъушэм.

Ауэ щынэ сымаджэ къарууншэм
И лъакъуэ псыгъуэхэр ятIэм щыхэнэм,
КъыдэмыкIыжыфу къыIунат и
Iуфэм псынэм,
Хэмыхьэжыфу зыхэта хъушэм.

ЛIыжьым къуэкIийм къыдехыжри
щынэр
Епх и лъакъуэхэр зригъэлIалIэу,
Кърелъхьэри и плIэм,
Къехьыр щынэр езым и унэм.

Щынэр ириубыда къудейуэ Iуэм,
Ину бжэм зыгуэр къытоуIуэ.
Бжэр щыIуихым лIыжьым къелъагъур:
БжэщхьэIум тетщ къулеижь и гъунэгъур.

- Си гъунэгъу, къызэтыжыт си щынэр,
Къыщыбгъуэтри ар къуакIэ лъащIэ
псынэм
Къэпхьащи фи дей,
Къызэтыж,
Щынэр сэращ зейр.

- Уи щынэ лъэпкъ слъэгъуакъым, -
жеIэр лIыжьым, -
НэхъыфIщ къэлъыхъуи утету и
лъэужьым.
Къулеижьыр щебэкъуэхыжым
бжэщхьэIум,
Iуэм ит щынэм и кIий макъыр къоIур…

Ар зэхехри къулеижьым,
Гукъанэ ищIу зыхуегъазэ лIыжьым:
- Иджыпсту къыщыIуар мо уи Iуэм
Си щынэм и макъырщ,
ар къызоцIыхужыр.
ПцIы умыупсу, нэхъыфIщ къызэтыжи.

ЛIыжьым губжьауэ иредзылIэжыр
бжэр и унэм:
- Тхьэ леи сыхуейкъым сIуэну абы щхьэкIэ,
Уи фIэщ хъууэ и кIий макъыр щынэм,
Гъунэгъум къыбжиIар уи фIэщ
щымыхъукIэ!

 СЕРПИН Яков

 Аргъуеипщ

 1.
Къэсащ аргъуейхэм я лэжьакIуэ
 кIуэгъуэр,
Ауэ ямыщIэххэу
Къатехъуащ гузэвэгъуэ:
ЗэшэзэпIэу кIуэдащ
Аргъуеипщ лъакъуэ псыгъуэр.

Е пщэдджыжьым, хэнэу шэдыпсым,
КъыхэмыкIыжыфу хэкIа и псэр,
Е шы къэгубжьар къыхэуэу кIэкIэ,
И ажалыр къигъэса тхьэмыщкIэм?..

И кIуэдыкIари зым имыщIэу,
Псэуми е лIами хамыщIыкIыу,
КIуэдащи нэхущым
Къахуэгъуэтыжкъым аргъуеипщыр…

Нэщхъейщ, мэщыгъуэ аргъуей хьэблэр,
ЗэщIогъуагэ аргъуеипщ быныр,
КъашакIэщ я аргъуей молэр,
Аргъуеипщым тхьэ хуелъэIуну.

Аргъуей молэм и дамэхэр кIэзызу,
Зигъэмакъыхъуу хьэблэм зыхуегъазэ:
- Аргъуейхэ, зэтефлъхьэ псоми
фи шы уанэр,
ФымыгъэкIуэду пщIэншэу зэманыр

Пщым и лъыхъуакIуэ гъуэгу фытехьэ
ПсынщIэу, жьыр къыфлъэщIэмыхьэу,
Ар пщыуэ къыдитащи Тхьэм,
Къэдмыгъуэтыжым емыкIу
къыттехьэнщ!
2.
Шы гъэшхахэр кIапсэлъэрышэу
Ирожэ джабэм и шытх тхышэм,
Аргъуей шууейхэм кърахащи сэшхуэр,
ЗэрогъэкIийхэр, зэрыгъэгушхуэу.

Гъуэгу напщIэм сабэр къыщаIэту,
Аргъуейм я цIыкIуи ини зэроIэтыр.
ДэмылъэтыкIыфыну, уеблэмэ, аргъуей,
Зэгъэкъуауэ гъуэгур яугъуей.

Зэрымыплъа къэнакъым щIагъуэ,
Дзыгъуэгъуи, уеблэмэ, мыщэгъуи.
Жыг лъэдакъэжьми
Щылъыхъуащ и лъабжьэм,
Къахуэмыгъуэту аргъуеипщым
И лъэужьыр.

Дыхьахэщ къуакIэлъакIэ Iэджи,
ЗэрыгъэкIийуэ аргъуеипщым еджэу,
Пэ псыгъуэ цIыкIукIэ гъуанэпщIанэм
Ипэщэщыхьхэу, жыг кугъуани
Иплъахэщ зыри къамыгъанэу.

Дунейм трагъуэтэжкъым
аргъуеипщыр,
Ешащ накъырэм епщэ накъырапщэр.
Пшапэ зэхэуэм къигъэIэгъуэу
Шынагъуэр,
Аргъуей ешахэр хуэзащ
Зы дзыгъуэгъуэ.

ЙолъэIухэр дзыгъуэм:
- Ныжэбэризэм
Хуит дыщI дыщыжеину уи гъуэм.

 3.
ПцIыи пэжи,
Пэжи пцIыи,
Е къэхъуат,
Е къэмыхъуат,
Е пщIыхьэпIэ
Тхьэгурымагъуэу
Ялъэгъуауэ къащыхъуат…
Загъэпсэхуарэ я гур хэхъуэу
Аргъуейхэр нэхущым
ЗэщIотэджэжыр…
Шылэхъар пIащIэр зытриубгъуэу
Пщэдджыжьым хьэщIэхэм
Къахохьэ дзыгъуэр,
Ирегъэблагъэри
пщэдджыжьышхэм,
Дзыгъуэр аргъуейхэм йоупщIыр:
- Уэрэд къудей жывмыIэу Iэнэм
Фыпэрысащ фимыIэу дэрэжэгъуэ,
Фыщытыншакъэ фэ си унэм,
Фигу ирихьакъэ си шхыныгъуэр?
Е фыщIимыгъэзагъэу хьэщIэщым,
Гукъеуэ гуэрхэр фи псэм къепэщэщрэ?
Жэуапыр хуэму къет аргъуей
 нэхъыжьым:
- ДиIэщ гуауэшхуэ, хэгъэрей, -
ТфIэкIуэдащи аргъуеипщыр,
 и лъэужьыр
Къыщыдгъуэтыжыфыркъым
мы куейм.

Дыгъуасэ лъандэм щIыдощыкIыр,
Зы къэдмыгъанэу тафи къуакIи,
Аращ аргъуейр дищIауэ щхьэжагъуэ
Дыщызыгъэсыр гууэщIу дыщыгъуэу.

4.

 Абы и псалъэр щызэхихым, дзыгъуэр
Аргъуейм къащодыхьэшхыр ауаныщIу:
- Абы щхьэкIэ зэхэсхэм щыгъуэу,
Фи делагъэм и инагъыр къысхуэмыщIэ!
 
Дзыгъуибгъу шыр зэрыбын
Си лIыжьым сэрэ
Къэтлъхуат, щымыIэу ядэбгъуэн
Дгъэсахэт, тпIахэт,
ЯIэу пщIэрэ щхьэрэ.
Езыхэри уеплъынкIэ защумыгъэнщIу,
Цы щабэ цIыкIухэр дыгъэм пэлыду
Нэ фIыцIэ пIащэхэу, тхьэIухуд защIэу.

Къыдатырт псоми гуфIэгъуэр куэду.
Тлъагъухэрт фIыуэ, ди псэм хэдмыхыну,
Ди гугъакъым а гуауэр къыттепсыхэну -
Пхъэбгъу къехуэхам щIипIытIащ шыритхур,
Шырищым я псэр тIэщIихащ ажалым.
Къэнэжа закъуэ я нэхъыщIэр
Къетхьэхмэ, щIытэу,
Дэтхьеймэ, гъущIэу,
Къэдгъэхъурт сакъыу, ди нэIэ щIэту.

Ауэ зэгуэрым зэрымыщIэу
Дзыгъуэ шыр кIасэм
Къыжьэдэхуа псалъэм
Дзыгъуэпщым къигъэкъуэлъауэ и лъыр,
Зэ уэгъуэм къыхеудыр и псэр.

Мызэгъауэ и гур абыкIи,
Мыпхуэдэу къытщIогубжьэр дзыгъуэм:
«- Мис аращ, дзыгъуэхэр фыщыкIым -
Зэрыжылэу фэзгъэхунщ абы и
лъагъуэр!»
Лъапэ щабэмкIэ щIелъэщIыкIыр
Дзыгъуэ цIыкIум и нэпс
псыхьэлыгъуэр…
 5.
Зоплъыж аргъуейхэр зэрыгъэуIэбжьауэ:
Гуауэшхуэщ къыщыщIар я хэгъэрейм!
КъызэфIоувэ я аргъуей нэхъыжьри,
Захуегъазэр мыпхуэдэу аргъуейм:

ФызэщIэшаси зывмыIэжьэу,
Пытщэжынщ ди гъуэгум мы
пщэдджыжьым.
Теувауэ бгы лъагъуэ нашэкъашэхэм,
Аргуэрыжьщи щIапщытыкIыр
къуршхэр.
ЕшаелIауэ здытетым гъуэгум,
Гукъанэжь Iэджи къагъэкIыжыр я гум:
КъыщыщIэдзауэ щыхэлъахэм гущэм
Бэлыхь зыхигъэтахэр аргъуеипщым.

КъахуигъэкIуауэ Тхьэм аргъуейм я тепщэу
Я гугъащ иджыри къэсыхункIэ.
Ямыгъуэтыжми нобэ ар щыхэпщыр,
Ялъагъукъым нэхъыкIэ хъууэ я псэукIэр.
Къызэрамышэжыфым щхьэкIэ пщыр
я унэм,
Алыхьми къахуищIыркъым гукъанэ…

Ялъагъуркъым аргъуейхэм абы щхьэкIэ
Гулъытэншэу я дамэр пыгъукIыу,
КъатеункIыфIакъым дуней нэхур,
Нэхъ фагъуи хъуркъым пщэдджыжь
тхьэхур.
 6.
ПцIыи пэжи,
Пэжи пцIыи,
Е къэхъуат,
Е къэмыхъуат,
Е пщIыхьэпIэ
Тхьэгурымагъуэ
Ялъэгъуауэ къащыхъуат…
Аргъуеипщым щхьэкIэ щыгъуэу
КъакIухьын хуей щхьэи хъуат?..

Ар тэмэмкъым, зиусхьэным
Ухуэщыгъуэу уи зэманыр
ПщIэншэу бгым щыбгъэкIуэдыныр.
ЯтIэ бдзантхьэм я лъэр хэнэу,
Банэ къуацэхэм къачатхъэу,
Мылыф фар зэрагъэдзэкIыу
Къамылъыхъуэу зиусхьэныр,
ЩIимысыжыр сыт я унэ?
 
Пщы хуэныкъуэкъым аргъуейр.
Зиусхьэн ар сыткIэ хуей?
Нэхъ тэмэмкъэ пщыр зыхахурэ,
Зэрихуэжу щхьэж и Iуэхур,
ЗэдапIыжу аргъуей быныр,
Хуиту илэжьыхьмэ унэм.

Инрэ пщыхэм я зэфIэкIыр?!
Аргъуеилъыр къыщIафыкIыу,
Куэдщ бэлыхьу далъэгъуар -
Пщыншэу ирепсэу аргъуейр!
Я лъакъуэ цIыкIухэр дэгъэзеяуэ,
Къраудри пщыхэр зэуэ,
Аргъуеипщхэм я псэр мэкIуэж
хьэршым,
Аргъуейхэм щIадзэр псэун пщыншэу!

ПшэкIэплъыр кIэщIогъуалъхьэ уафэм,
ЗэIуах аргъуейхэм санэхуафэр,
Аргъуей щхьэхуитхэм хьэгъуэлIыгъуэр
ЯIэтыр пщыхэр ящIымыгъуу…
ПцIыи пэжи,
Пэжи пцIыи,
Е къэхъуат,
Е къэмыхъуат,
Е пщIыхьэпIэ тхьэгурымагъуэ
Ялъэгъуауэ къащыхъуат…

 СМИРНОВ Дмитрий

Жьыгъэм теухуа балладэ
 
Пасэрей жыжьэм къыхэплъыжу,
Доплъей уафэгум зы къыр дзакIэ.
ЩIэблэ къэсыху зэIэпахыжу,
Еджэу я къыркIэ жьыкIэфэкIэм.

ТкIийт икъукIэ хабзэр а лъэхъэнэм -
Жьыр кърадзыхти мывэ блыным,
И дуней гъащIэм пагъэкIыну
Хадзэрт псы уэрым и архъуанэм.

Зэгуэр пщыхьэщхьэ хуегъэзэкIыу,
ЩIалэщIэм нэпсыр щIилъэщIыкIыу,
Нэщхъейуэ дишырт къырым адэр,
Илэжьыр и гум къыхуимыдэу.

ЩIалэм къыхуэмыIэту напIэр,
Щхьэщешэр адэр къыр щыхупIэм.
Щытщ и Iэр къыхуэмыжыIэщIэу,
И адэ закъуэм хуемыIунщIу.

Елъагъури и къуэм и гум щыжьэр,
Мыпхуэдэу къыжреIэ лIыжьым:
- КъызэIунщI, си щIалэ, хабзэр хабзэщ,
Ар гъэзэщIэныр уэрщ зи фарзыр.

ЩIалэм и гур йоткIухьыжыр и бгъэм -
Адэм зыхуищIынут щхьэузыхь.
Адэм къыжреIэ: - «Укъэрабгъэщ!
Жьы сыхъуакIэщ сэ, укъысщымысхь».
ЙоIунщIыр. Щхьэр ищIагъыу лIыжьыр
Йолъэтэхыр мывэ джафэ блыным.
Пшэплъым хэджэгухьри и ныбжьыр,
ЩыкIуэдыжащ къыр задэ лъабжьэ
гъунэм.

Щытщ щIалэр мывэм хэжыхьауэ и лъэр,
И псэ кIэзызыр кIэщIэплъэу къыр
 щIагъым.
Вагъуэбэ уафэм щыщэнауэу къаплъэм,
ЗыхищIэ хуэдэщ игу щыщIэр шапсыгъым.

Жыхьэнмэм къиIукIрэ е жэнэтым,
Къигъэушыжу пшапэ зэхэуар,
Игъэгулэзу зэхэзыхыр псэ зыхэту
Макъ дэгу хьэлъэ къуакIэм къыщыIуащ.

- Е къуацэ, е жыг гуанэ,
Си вакъэр фIэнащи зэрымыщIэу.
СыфIэлъщи солэлэхри блыным,
СыфIэгъэхуж бжэгъу гуэркIэ
 къызэIунщIи…

Ауэ щIалэм и гум къыхуимыдэ
ИгъэзэщIэну къыщIелъэIур адэр.
Ирегъэубыдри бжэгъу кIыхьым и
 кIапэр,
ЛIыжьыр къыдешыжыр хуэму
 бжьэпэм…

- ЩиухакIэ Алыхьым мыпхуэдэу, си адэ,
Иджы уащызгъэпщкIунщи псоми быдэу,
ЦIыхухэм бгым ущыздзыжа къафIэщIу
ИрекIуэкI.
Уэ пыщэж уи гъащIэм…

Зэманыр кIуэуэрэ зэгуэрым
Хэкум бийхэр къозэрыгуэ уэру,
Щысхьыншэу бийм иукIат хуэукIыр,
Къэнари хуейт ихуну гъэру.    

ЦIыху цIыкIур щыхъум хэкIыпIэншэ,
ЩIалэщIэр макIуэ лIыжьым деж,
Къатепсыхахэр щыхуиIуатэм,
Чэнджэщ мыпхуэдэу къетыр адэм:

- Фи Iуэхур икъукIэ, пэжщ, хэплъэгъуэщ,
НэхъыфIщ фихьэжмэ щтапIэ.
СоцIыху сэ зым ямыщIэу лъагъуи,
Мис ар фхуэхъунщ зекIуапIэ.
ЦIыхухэр зэхуэшэси ешажьэ,
Си щIалэ, а лъагъуэ щэхумкIэ.
СигъэтIысхьи къэпым сэ лIыжьыр,
Сыкъэгъанэ, бийр згъэщхьэрыуэным
 щхьэкIэ…

Иришэжьащ ныбжьыщIэм цIыхухэр,
Къыхэмыхуауэ я пщIыхьэпIэ,
Бгым иришэжри лъагъуэ щэхукIэ,
Къригъэлахэщ бий гъэрыпIэм.

ЩIалэщIэм и Iущыгъэр ягъэщIагъуэу
ЦIыхухэм щIаIэтэрт кIэншэу я гуфIэгъуэр.
Къыщалъытэм псоми ар лIыхъужьу,
Къуэм утыкум кърешэ и адэ лIыжьыр…

Къэумэзэхауэ зоплъыжхэр цIыхухэр,
ЗэтрищIауэ щым телъыджэлажьэм.
И нэгур нэхурэ хуиту зэIухауэ
И хэкуэгъухэм къахоувэ лIыжьыр.    

- Сэракъым, жеIэр щIалэм, зи фIыгъэр
ФыкъызэрикIар бийм и къапхъэным,
Адэм и ныбжьыр нихусами жьыгъэм,
СхузэфIэкIатэкъым ар бгым щыздзыну.

Зи лъабжьэм шынагъуэу псы уэрыр
 щыхъущIэу,
Ноби уардэу щыт къыр лъагэ дзакIэм
Иджы кърадзыхыжкъым жьыкIэфэкIэр,
Яхъумэ пщIэ хэха нэхъыжьхэм хуащIу…

 

ЗэзыдзэкIар УЭРЭЗЕЙ Афликщ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ