Нэгъуей таурыхъхэм федаIуэ

ГъэщIэгъуэнщ нэгъуейхэр. ЗэрыжаIэщи, IэмыщIэ из фIэкIа хъуркъым, ари икъухьащ - Дагъыстэным, Къэрэшей-Шэрджэсым, Шэшэным, Ингушым. Куэд щIакъым нэгъуейхэр лъэпкъ щхьэхуэ зэрыхъурэ, епщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм - тэтэр хъанхэм я хьэмтетыгъуэм - къыдыщIедзэ. Я лъэпкъым зэреджэ хъуари хъан Нэгъуей и цIэращ. Арауэ къыщIэкIынущ я жьэрыIуатэ творчествэ къулейм хъанхэр хъушэу щIыхэтри. А хъанхэр езыхэр лажьэртэкъым, нэгъуейхэм къалэжьыр яшхыу дунейм тету арат. Нэгъуейхэр властри тетыгъуэри зыIыгъ хъанхэм зэрапэлъэщын щыIэтэкъым Iэмалрэ хьилагъэкIэ фIэкIа. УогъэщIагъуэри пхуэухыркъым мы таурыхъхэм хэт цIыху къызэрыгуэкIхэм зы губзыгъагъэ, зы хьилэшыгъэ-Iэмалшыгъэ телъыджэ ядыболъагъури!

Цыжьбанэм гъубжэ къызэригупсысар

ЗЭМАН жыжьэм уIэбэжмэ, цIыхур, адрей псэущхьэхэми хуэдэу, хъуакIуэу щытащ. Хъуныр кIуэху нэхъ мащIэ хъурт, ар зыхъуэкIур нэхъыбэ къызэрыгъэхъурт. Псэущхьэу щыIэр зэхуэсри, унафэ ящIащ: мыр мыпхуэдэу хъунукъым, зы Iэмал гуэр хэлъхьэн хуейщ… Нобэ щыщIэдзауэ, цIыхум удз щIишхыжын щыIэкъым!
Апхуэдэу щыхъум, цIыхум мэш, гуэдз, хьэ ящIащ. Псори хъарзынэ гуэру зэщIэбэгъуат. Ауэ ахэр зэрыIуахыжынур ящIэртэкъым - дауэ?!
ИтIанэ хъаным цIыхууи, хьэкIэкхъуэкIэуи, къуалэбзууи щыIэр зэхуишэсри, мыпхуэдэ псалъэкIэ захуигъэзащ:
- Гъавэ къехьэлIэжыгъуэр къэсащ, дэ а лэжьыгъэм и пIалъэ тщIэркъым. Ярэби, фэ къыфхэмыту пIэрэ къыджезыIэн, дауэ зэщIэткъуэжа хъуну ди мэшыр, хьэр, гуэдзыр?
Псори щымри боз зэтехъуат. Зы лIыжь закъуэ къахэкIуэтри, къэпсэлъащ, хъаным зыхуигъазэу:
- Укъыдэджати, дэ псори дыкъызэхуэсащ. ЦIыхуи, хьэкIэкхъуэкIи, къуалэбзуи, хьэпщхупщхэм нэгъунэ кърихьэлIащ мы ди пэкIушхуэм. Зы закъуэщ къытхэмытыр - цыжьбанэр. Абы зыгуэр къытхилъхьэнуми фщIэртэкъыми. Къафшэ ари. Ауэ абы фыщыдыхьэшхмэ, зигъэгусэнщ, псори ущIауэ дыкъызэхинэнщи, ежьэжынщ.
Хъаным игъакIуэри, цыжьбанэр къригъэшащ. КъыздэкIуэхэм, ар щыгъуазэ ищIащ хъаныр къыщIыхуейм.
Цыжьбанэр къэсщ, зишыхьри, жаIэм едаIуэу щIидзащ. АрщхьэкIэ, цIыхухэм абы гу лъатэри, къаувыхьащ. Нэхъыжьхэр щыму, Iэдэбу зэхэтщ, нэхъыщIэхэр пIытхъсытхъщ. КIуэху, я дыхьэшх макъыр нэхъ ин мэхъу.
Мыбдежым цыжьбанэм зэгуэп къищтащ: мыр лIо, къысщыдыхьэшхыну къраджауэ ара?! ИгъэкIэрахъуэри, дэкIыжащ.
ИужькIэ кIэлъыпхъэрыжат, ауэ цыжьбанэр здэкIуэнум нэсыжат! А лIыжь къезыгъэшам аргуэру жиIащ:
- Къэхъуа щыIэкъым, абы дэ къыджиIэну щытар къызэрыпщIэн Iэмал сэ сощIэ. Цыжьбанэр зыгуэрым къигъэгубжьа нэужь, щхьэхуэпсалъэ мэхъу. Зыгуэр щэхуу кIэлъыдвгъэутIыпщи, абы и щхьэм хужиIэжым едвгъэгъэдаIуэ.
- Сэ сывгъакIуэ, - жиIащ джэдум. - Сэр нэхърэ нэхъыфIу ар зыми хуэщIынукъым.
Пэжт абы жиIэр. Хъаным джэдур цыжьбанэм кIэлъиутIыпщащ. ЛъэщIыхьэри, щэхуу гъунэгъу зыхуищIащи, зэхех:
- Мы хъанри мы хъаныр, сыту былым гуэр ар! ЛIо гъубжэ пщIыным гугъуу хэлъыр, зы гъущI пIащIэ кърырещтэ, плъыжь хъуху кърегъэплъи, мазэ къэунэхуагъащIэм ещхьу кърырегъэшыж. ИтIанэ къазыдзэу Iурыречыжи - гъубжэр хьэзырщ!
Джэдур къэкIуэжу, зэхихар хъаным щыхуиIуэтэжым, абы и Iумэтым итхэм яжриIэщ, гъубжэхэр куэду ящIри, я гъавэр псынщIэу кърахьэлIэжащ.

Хэт пщащэр зыдэкIуар?

ЗЫ ЛIЫЖЬРЭ зы фызыжьрэ псэурт. Абыхэм яIэт щIалэ зэтIолъхуэныкъуищ. Ахэр бжьыфIэт, къарууфIэт, апхуэдизкIи зэщхьти, пхузэхэцIыхукIыртэкъым.
Зэ абыхэм ящыщ зы мэз кIуауэ, хъыджэбз дахэ гуэрым хуэзащ. ЩIалэм ар игу ирихьащ. Хъыджэбзми къигъэгугъащ къыдэкIуэну.
ЕтIуанэ махуэм зэшхэм ящыщ нэгъуэщI зыи макIуэ мэзым. Хъыджэбзым ар и щIалэра и гугъащ. ЩIалэр абы йолъэIу къыдэкIуэну.
Ар дауэ, къыгурыIуэркъым хъыджэбзым. Дыгъуасэ жесIатэкъэ сызэрыдэкIуэнур, нобэ гуэрым щхьэ къызэлъэIужрэ?! Ауэ зыри жиIэркъым, къегъэгугъэ дэкIуэну.
Ещанэ махуэм ещанэ щIалэри макIуэ мэзым. Ари абы хуозэ, йогуакIуэ. Хъыджэбзым аргуэрыр а япэрей щIалэра и гугъэщ.
- Псалъэ къызэт укъыздэкIуэну, - жеIэ ещанэ щIалэм.
Уа сыт гъэщIэгъуэн мыр, зыхуихьынур ищIэркъым хъыджэбзым, иджы ещанэу къызолъэIу сыдэкIуэну, сэри къызогъэгугъэ! Ауэ зыри жиIэркъым. Аргуэру псалъэ ирет дэкIуэну.
Арати, зэшищми къызэрашэнумкIэ я деж хъыбар ирагъащIэ. ЖаIэ я къэшэным нэхъыфI дунейм темыту.
Къос пIалъэри, щыри хъыджэбзым и деж макIуэ. Хъыджэбзым жыжьаплъэу и гугъащ зышэнум и ныбжьэгъуитI щIыгъуу къакIуэу. Щынэсым, хъыджэбзым жиIэнур имыщIэжу къонэ - щыри я теплъэкIэ зыт! Йогупсыс: дэтхэнэрауэ пIэрэ сызышэнур?
ЩIалищми жаIэ: мис мыращ сэ си къэшэныр!
Мыбдежым зэшхэр зодэуэж, дэтхэнэми жеIэ хъыджэбзыр езым нэхъ хуэфащэу.
Ауэ щыхъум, хъыджэбзыр къопсалъэ:
- Мыпхуэдэу дывгъэщI-тIэ. Нэхъ къызэрымыкIуэ, зыхуэдэ дунейм темыт саугъэт схуэзыщIым сыдокIуэ.
Зэшищыр лъэныкъуэ зырызкIэ зэбгрокI. АрщхьэкIэ псори бэзэрым щызэIуоуэж. Зыр гъуджэ гуэр йохъуапсэ. Сом мин и уасэт.
- Апхуэдизу щхьэ лъапIэ? - йоупщI.
- КъызэрыкIуэкъыми аращ, - жи. - Абы уэ пфIэфI дыдэр къищынущ.
- Мис аращ сэ сызыхуейр, абы хуэдэ дунейм теткъым! - мэгуфIэри, къещэху щIалэм гъуджэр.
НэгъуэщI зы къуэшыр алэрыбгъу гуэрым хуозэ. Ари сом мин и уасэт.
- Апхуэдизу щхьэ лъапIэ?!
- КъызэрыкIуэкъыми. Уи напIэр дэпхьейуэ къепхьэхыжыху, нэгъуэщI щIыпIэ укъыщигъэхутэнущ.
Дауи, мыхуэдэ дунейм теткъым, жеIэри, абыи алэрыбгъур къещэху.
Къуэш ещанэр бэзэрым щыIуощIэ зы мыIэрысэ закъуэ зыщэ лIыжь гуэрым. МыIэрысэр сом мин и уасэт!
- Апхуэдизу щхьэ лъа- пIэ? - йоупщI щIалэр лIыжьым.
- КъызэрыкIуэкъыми. Дунейм узыфэ теткъым, мыбы зэ уедзакъэмэ, имыгъэхъужын! - жеIэ лIыжьым.
ЩIалэр мэгуфIэри, мыIэрысэр къещэху.
Зэкъуэшхэр бэзэр къыдэкIыжыпIэм щызэхуозэжри, щхьэж къищэхуам щотхъуж. ИтIанэ ягу къокI ящыщ зым къищэхуа гъуджэ телъыджэм иплъэну - сыту пIэрэ, ярэби, утыр зращIэкI езы хъыджэбзым иджыпсту ищIэр?! Иплъэмэ - малIэри телъщ! ЗанщIэу щыми дэни узыхь алэрыбгъум зрадзри, хъыджэбзым и деж къыщохутэ. Абы ещанэ я къуэшым и мыIэрысэр ирагъэшхри, хъыджэбзыр узыншэ мэхъуж.
Мыбдеж гуэрми зэш зэдауэ къохъу: хэт хъыджэбзыр зыдэкIуэн хуейр?! Зым жеIэ:
- Гъуджэри алэрыбгъури псощ, пIэскIугъэ имыщауэ. Хъыджэбзым мыIэрысэр ишхащ. Апхуэдэу щыщыткIэ, ар зыдэкIуэн хуейр зи мыIэрысэ ишхаращ!
Хъыджэбзыр лIэуэ къэзыгъэхъужа мыIэрысэр зейм докIуэри, унагъуэу мэтIысыж, псэурэ тхъэжу.

Блащхъуэр, пцIащхъуэр, аргъуей псыгъуэр

АДДЭ, зэман жыжьэ гуэрым цIыхури, къуалэбзури, хьэкIэкхъуэкIэри зы бзэкIэ псалъэу щытащ. Мис абы щыгъуэ гуэл Iуфэ къамылым щызэдэпсэуащ зы блащхъуэжь, зи пэр мастэпэрэ зи лъакъуэхэр щхьэц налъэу псыгъуэ аргъуеижь цIыкIу, пцIащхъуэ бгъэгухуи я гъусэжу. Блэр мывэ фIыцIэ пIащIэ гуэрым и лъабжьэм щIэст, аргъуей псыгъуэм къамыл тхьэмпэр псэупIэ ищIат, пцIащхъуэм ауэ щыт жыг итырыгъум абгъуэ щиухуат. Дунейр щыхуабэм псори блэм и унэм щызэхуэсырти, зытемыпсэлъыхь щымыIэ жыхуаIэм хуэдэу, псалъэу щIэст.
Зэ блэр шыхьауэ мывэм тесу къэпсэлъащ:
- Мы сэ жысIэм фыкъедаIуэ. Сэ иджы япэ сызыхуэзэм илъ исфу сыщытыжынукъым. Нобэ щыщIэдзауэ исфыжынукъым цIыхулъ фIэкIа. Си ныбжьэгъу аргъуей, сынолъэIу, цIыхулъ нэхъ IэфI дунейм темыту жыхуаIэр пэжу пIэрэ? КъысхуэщIэт ар, къыздэIэпыкъут.
- Ауэ сыбдэIэпыкъун, сыт сыщIыбдэмыIэпыкъунур? ИгъащIэм къэхъуакъым сэ уэ ущызгъэщIэхъуа икIи къэхъунукъым! - Ахэр жиIэри, аргъуейр ежьащ блэр къыщIелъэIуар игъэзэщIэну. Махуэ псом къилъэтыхьащ аргъуей псыгъуэ. ХьэкIэкхъуэкIи, къуалэбзуи, хьэпщхупщи - лъы зыщIэту дунейм теткъым ар зэмыдзэкъа. ИкIи игъуэтакъым цIыхулъым нэхъ IэфI.
ЕшаелIауэ пщыхьэщхьэм къамылым къыщыхыхьэжым, пцIащхъуэ цIыкIум Iууащ.
- Ей, аргъуей убзэреижь цIыкIу, дэнэ къыщыплъэтыхьрэ? Уэ блэм къалэн къыпщищIар бгъэзэщIа? - йоупщI абы пцIащхъуэр.
- Ауэ згъэзэщIа! Сэ абы жиIэр сымыгъэзащIэу къэзгъэнэнт?!
- НтIэ, къызжеIэт, хэт илъ нэхъ IэфI?
- ЦIыхум и лъым нэхърэ нэхъ IэфI мы дуней псом теткъым, - жэуап къитащ аргъуейм.
- ПцIы уупсу къыщIэкIынущ. Сыгъэлъагъут-тIэ, уи бзэгур. Уэ цIыхулъ уефар пэжмэ, уи бзэгур плъыжьу щытынущ.
Аргъуейм и бзэгур къыщридзым, пцIащхъуэр епхъуэри къритхъащ - абы фIэкIа цIыхум зэран хуэхъункъым!
Аргъуейм, тхьэмыщкIэ, и нэпсыр къыщIэлъэлъащ. ЗанщIэуи лъэтащ блэм деж. ПцIащхъуэри лъэтащ абы щIыгъуу: зи бзэгур къричар блэм епсэлъэфрэ емыпсэлъэфрэ къищIэну хуейт.
Аргъуей псыгъуэм къелъэтыхьри къелъэтыхь, блэм нэкIэ пцIащхъуэр ирегъэлъагъу, зы псалъэ хужыIэркъым. Блэр зэм аргъуейм йоплъ, зэми пцIащхъуэм йоплъыж, зыри къыгурыIуэркъым.
ИтIанэ пцIащхъуэм жеIэ:
- Мы ди аргъуейр жыжьэ IулъэтыкIауэ къэкIуэжырти, къэсыжыху и жьэр мыувыIэу мы уэрэдыр жиIащ: « Дунейм лъыуэ тетым я нэхъ IэфIыр хьэндыркъуакъуэм ейращ, дунейм лъыуэ тетым я нэхъ IэфIыр хьэндыркъуакъуэм ейращ!» Ар жиIэурэ къэлъэтэжар, къыщысыж дыдэм, пичащ. И тэмакъым жьы еуагъэнщ, и жьэм псалъэ къыжьэдэкIыжыркъым.
Мыбдежым аргъуей псыгъуэм и нэм лъы къытелъэдауэ «вв-вв» жиIэрт. Блэм къыгурыIуащ Iуэхум зыгуэр зэрыщыщыIэр. Къэгубжьауэ зыкъыщигъазэм, пцIащхъуэр лъатэри ежьэжащ. Ауэ ар хунэсащ пцIащхъуэм и кIэм епхъуэу жьэдиудын.
Мис абы щыгъуэу жаIэ пцIащхъуэм и кIэр дыкъуакъуэ щыхъуар. ИужькIэ пцIащхъуэр цIыхухэм я деж къэкIуауэ, я унэ кIэрнизхэм абгъуэ щеухуэ. Блэми хьэндыркъуакъуэ ешх. Мыдрейуэ, аргъуей псыгъуэм и жьэр мыувыIэу мэву, ауэ псалъэ хужыIэркъым.

Къулейсыз Iэмалшы

ЗЭГУЭРЫМ зы хъаныжь псэуат, жи. Абы и лэжьакIуэхэм ахъшэу яритыр апхуэдизкIэ мащIэти, цIыху сщIэркъым, джэдуми ирикъунтэкъым. Зы лэжьакIуэ гуэрым мурад ещI: сылIыщIэщи, сылIыщIэщ, лIо абы, сыкIуэнщи, хъаным селъэIунщ си лэжьапщIэм тIэкIу къысхухигъэхъуэну, армыхъумэ, си унагъуэр шхын щхьэкIэ сфIызэтелIэнущ.
Йоуэри, лIыр хъаным и деж макIуэ. Я пщIантIэм дэт къазыжь закъуэр къызэдещтэ, IэнэщI дыдэу мыкIуэн щхьэкIэ. ТхьэмыщкIэм хъаным къазыр иретри, щIыхуэкIуами щыгъуазэ ещI. Тыгъэ тIэкIум нэхъ IэтIэлъатIэ къищIа хъаным жеIэ:
- Сэ уи лъэIур згъэзэщIэнщ, пхущIызгъунщ лэжьапщIэм. Ауэ мы къысхуэпхьа къазыр зэстынухэм щыщ арэзы мыхъуу зыри къэмынэн хуэдэу схуахуэгуэш.
Хъаным и унагъуэр цIыхуих хъурт: езы хъаныр, и щхьэгъусэр, и пхъуитIыр, и къуитIыр. ЛъэIуакIуэ тхьэмыщкIэр гупсысэ куэд хэмыту, гуэшыным и ужь йохьэ.
- Уэ, хъан, бэми унагъуэми уращхьэщ. Щхьэр щхьэм фIэпхыу, дэнэ пхьын, - жиIэри, къазыщхьэ гъурыр хъаным иритащ.
- Уэ, унэгуащэ, уи лIыр здэкIуэмкIэ уи нэр щыIэу, ар уи плъапIэу щытын хуейщ. Зыгуэрым ухуеплъэкIын щхьэкIэ, пщэ ухуейщи, мыр уэ пхузогъэфащэ, - жиIэри, абы фэм нэхъ лышхуэ зы-кIэрымылъ пщэр IэщIилъхьащ.
Хъаным и пхъуитIым дамэ зырызыр яритри, моуи кIэлъыпсэлъэжащ:
- Фэ, тхьэIухуд шыр цIыкIухэ, мы унэм филъэтыкIын хуейщи, дамэ фимыIэу хъунукъым.
ЛъэIуакIуэ кIуа тхьэмыщкIэм псом я ужь хъаным и къуитIым лъакъуитIыр яхуишиящ:
- Фэ тIур хъаным и щIэгъэкъуэну фыщытщи, мыхэр фимыIэу хъунукъым, фи зырыз фызот.
Апхуэдэу кIапэлъапэхэр яхуигуэшщ унагъуэми, езым мыдрейр зэрыщыту къищтащ, зыгуэр жамыIэн щхьэкIэ, зигъэзахуэу моуэ жиIэри:
- Иджы мы къаз тхьэмыщкIэм щхьэ пымытыжу, пщэи, лъакъуи, дами имыIэжу зыри хъужынукъыми, сэ къэсщтэжынщ.
Хъаным къыгурыIуащ абы зэхищIыхьахэр. Ауэ имыгъэщIагъуэуи къэнакъым лъэIуакIуэм и хьилэшагъэр. Абы къыхэкIыуи и улахуэм хущIигъуа къудейкъым, саугъэт лъапIэхэри иритри, иутIыпщыжащ.
А хьилэшым зы гъунэгъу фыгъуэнэд иIэт. Мор къулей зэрыхъуа щIыкIэм щIэдэIущ-щIэдэIури, мыр и щхьэм къихьащ: си гъунэгъум зы къаз закъуэ ихьу, хъаным и нэфI апхуэдизу къыщыщыхуакIэ, сэ къазитху хуэсхьынщи, деплъынщ итIанэ нэхъ къулей хъум!
Арати, къазитхур зэкIэрылъэлъу хуехьри, гъунэгъу хъуэпсэрынэIур хъаным и деж макIуэ.
Хъаным къыхуахьа къазхэр Iихщ, фIыщIэшхуи къыхуищIри, жиIащ:
- Мы уи къазхэр унагъуэм исым къытхуэгуэш, псори арэзы хъун хуэдэу.
Мыбдежым лIыр гупсысэм хэхуащ - дауэ къазитхур цIыхуихым зэхуэдэу зэрахуэбгуэшынур?! Хузэгъэзахуэркъым: дэтхэнэми къаз зырыз ептмэ, зым зыри лъымысу къонэ. Я къаз ныкъуэ-ныкъуэ язотри, куэд Iей къыдохуэ…
Апхуэдэу гупсысэ-гупсысэу, абы зыри къыщыхуэмыгупсысым, хъаным жеIэ:
- КIуэи, зы къазыр дэ псори арэзы дыкъищIу къытхуэзыгуэшауэ щытар къысхуэшэ.
Хуешэ. Ишар, куэдрэ мыгупсысэу, зы къазыр хъанымрэ и щхьэгъусэмрэ я пащхьэ ирелъхьэ:
- Иджы фэ щы фыхъуащ.
 ЕтIуанэ къазыр щIалитIым яхуигъэтIылъри, жиIащ:
- Фэри аращ, щы фохъу.
Ещанэ къазыр къаплъэу щыс хъыджэбзитI къэнам яритри, захуигъэзащ:
- Мис, фэри щы фыхъуащ.
Апхуэдэу яхуигуэшри, къэна къазитIыр езым и блэгущIэм щIилъхьэжащ:
- Иджы фи хьэщIэхэри щы дыхъуащ - псори дызэхуэдэщ, псори дыщырыщщ!
Хъаным аргуэру игъэщIэгъуащ абы и Iэмалшагъыр саугъэт лъапIэхэри хуищIащ.
Мыдрей гъунэгъу фыгъуэнэдым и Iэр щIиупскIэу абы бгъурыту щыкIуэжыр фэзгъэлъэгъуащэрэт!

Бжэнымрэ тхьэкIумэкIыхьымрэ

ЗЫ ЛIЫЖЬРЭ зы фызыжьрэ псэурт. Абыхэм пхъуищ яIэт. Хъыджэбзищми махуэ къэс лIыжьым и щхьэр яудэгурт:
- Ди адэ, кхъыIэ, бжэн къытхуэщэху, кхъыIэ, бжэн къытхуэщэху!
Зэ лIыжьыр бэзэрым кIэртIоф ищэну кIуауэ, игу къокIыж ипхъухэм я лъэIур. Къахуещэху бжэныр.
Хъыджэбзхэр бжэным щыгуфIыкIащ, егугъуу зэрахьэуи щIадзащ. ЛIыжьым чэзууэ абыхэм бжэныр яригъэгъэхъурт. Япэу нэхъыжьыр игъэкIуащ. Пщыхьэщхьэм бжэныр къихужри къэкIуэжащ. ЛIыжьыр бжэным йоупщI:
- ЛIо, ухъуэкIуа урикъуху, хъуа уи ныбэм из?
- Дауэ си ныбэ из зэрыхъунур?! Махуэ псом увыIэ имыIэу губгъуэм сэ сыкъыщрахуэкIащ, ауэ зы удзыпэ сеIэбыхыу къисчыну сыхунамыгъэсу!
ЛIыжьыр къэгубжьри, ипхъу нэхъыжьыр унэм щIихуащ.
ЕтIуанэ махуэм ипхъу курытым бжэныр хъуакIуэ дихуащ. Пщыхьэщхьэм лIыжьыр бжэным йоупщI:
- ЛIо, ухъуэкIуа урикъуху, хъуа уи ныбэм из?
- Дауэ си ныбэ из зэрыхъунур?! Махуэ псом увыIэ имыIэу губгъуэм сэ сыкъыщрахуэкIащ, ауэ зы удзыпэ сеIэбыхыу къисчыну сыхунамыгъэсу!
ЛIыжьыр къэгубжьри ипхъу курытри унэм щIихуащ.
Ещанэ махуэм ещанэ хъыджэбзым, я нэхъыщIэм, бжэныр хъуакIуэ дихуащ.
Пщыхьэщхьэм лIыжьыр бжэным йоупщI:
- ЛIо, ухъуэкIуа урикъуху, хъуа уи ныбэм из?
- Дауэ си ныбэм из зэрыхъунур?! Махуэ псом увыIэ имыIэу губгъуэм сэ сыкъыщрахуэкIащ, ауэ зы удзыпэ сеIэбыхыу къисчыну сыхунамыгъэсу!
Апхуэдэу щыхъум, лIыжьым мурад ещI и фызыжьыр иджы бжэныхъуэ игъэкIуэну. Пщыхьэщхьэм бжэным йоупщI:
- ЛIо, ухъуэкIуа урикъуху, хъуа уи ныбэм из?
- Дауэ си ныбэм из зэрыхъунур?! Махуэ псом увыIэ имыIэу губгъуэм сэ сыкъыщрахуэкIащ, ауэ зы удзыпэ сеIэбыхыу къисчыну сыхунамыгъэсу!
ЛIыжьым и фызыжьри унэм къыщIихун хуей хъуащ.
КъыкIэлъыкIуэ пщэдджыжьым лIыжьым езым бжэныр хъуакIуэ деху. Пщыхьэщхьэм къыдихуэжащи, лIыжьыр бжэным йоупщI:
- ЛIо, ухъуэкIуа урикъуху, хъуа уи ныбэм из?
- Дауэ си ныбэм из зэрыхъунур?! Махуэ псом увыIэ имыIэу губгъуэм сэ сыкъыщрахуэкIащ, ауэ зы удзыпэ сеIэбыхыу къисчыну сыхунамыгъэсу!
- Зэпытрэ зэкIэсу кIуэн, бжэн къуий! - хьэлэчу къэгубжьащ лIыжьыр. - Уи зэранкIэ сипхъухэри си фызыжьри унэм щIэзбгъэхуащ. Сэ уэ уфIэзгъэжынщ, мыдэ къурмэныр къэгъэс!
Бжэныр ирипхри, лIыжьыр ипхъухэмрэ и фызыжьымрэ я лъыхъуакIуэ ежьащ. Ахэр къегъуэтыж, кърешэлIэжри, сэр илъу щIедзэ.
АрщхьэкIэ бжэным зыкъыкIэритIэтыкIри, мэзым щIыхьэжат. Мэзым тхьэкIумэкIыхьым и унэм щрохьэлIэ, езыр щIэмысуи, еубыд. ТхьэкIумэкIыхьыр пхъы щхьэкIэ ежьауэ арати, къегъэзэж.
- Хэт мы си унэр зыубыдар?!
- Сэращ, бжэныр. Си бжьакъуэм уфIэслъэнщ, си лъакъуэхэмкIэ узутэнщ, си кIэмкIэ успхъэнкIыжынщ!
ТхьэкIумэкIыхьыр шынэри, щIэIащ. Жэрыгъэ защIэкIэ кIуэцIрож ар мэзым гъуэгыу. Бажэр къыIуощIэ.
- Сыт ущIэгъыр, тхьэкIумэкIыхь цIыкIу? - къоупщI бажэр.
- Дауэ сэ сызэрымыгъынур, си унэр бжэным сфIиубыдащ?!
- НакIуэ, бжэныр уи унэм пхущIэсхужынщ.
Ахэр тхьэкIумэкIыхь унэм къокIуэ.
- Хэт мы тхьэкIумэкIыхьым и унэр зыубыдар?! - кIиящ бажэр.
- Сэращ, бжэныр. Си бжьакъуэм уфIэслъэнщ, си лъакъуэхэмкIэ узутэнщ, си кIэмкIэ успхъэнкIыжынщ!
Бажэр шынэри, щIэIэжащ.
Мис аргуэру тхьэкIумэкIыхьыр гъуэгыу жэрыгъэ защIэкIэ кIуэцIрож мэзым. Дыгъужьыр къыIуощIэ.
- Сыт ущIэгъыр, тхьэкIумэкIыхь цIыкIу? - къоупщI дыгъужьыр.
- Дауэ сэ сызэрымыгъынур, си унэр бжэным сфIиубыдащ?! Къысхутрихыжыну бажэр къэкIуати, бжэным щышынэри, щIэпхъуэжащ.
- НакIуэ, бжэныр уи унэм пхущIэсхужынщ.
Ахэр тхьэкIумэкIыхь унэм зэгъусэу макIуэ.
- Хэт мы тхьэкIумэкIыхьым и унэр зыубыдар?! - кIиящ дыгъужьыр.
- Сэращ, бжэныр. Си бжьакъуэм уфIэслъэнщ, си лъакъуэхэмкIэ узутэнщ, си кIэмкIэ успхъэнкIыжынщ!
Дыгъужьыр шынэри, щIэIащ.
Мис аргуэру тхьэкIумэкIыхьыр гъуэгыу жэрыгъэ защIэкIэ кIуэцIрож мэзым. Зы аргъуеижь цIыкIу къыIуощIэ.
- Сыт ущIэгъыр, тхьэкIумэкIыхь?
- Дауэ сэ сызэрымыгъынур?! Си унэр бжэным сфIиубыдащ. Бажэри дыгъужьри къыздэIэпыкъуну хэтати, бжэным щышынэри щIэпхъуэжащ.
- НакIуэ, тхьэкIумэкIыхь, сэ къыпхущIэсхужынщ а бжэныр уи унэм!
Ахэр макIуэ тхьэкIумэкIыхь унэм. Аргъуейр мэкIий:
- Хэт мы тхьэкIумэкIыхьым и унэр зыубыдар?!
- Сэращ, бжэныр. Си бжьакъуэм уфIэслъэнщ, си лъакъуэхэмкIэ узутэнщ, си кIэмкIэ успхъэнкIыжынщ!
- Деплъынкъэ хэт сыт ирищIэми, жиIэу аргъуейр унэр зыубыдам и пэ щабэм щедзакъэм, бжэныр кIийуэ унэм къыщIэжри, щIэпхъуэжащ, тхьэкIумэкIыхьми и унэр къыхуэнэжащ.

Адакъэ нэпсей

АДАКЪЭМ зэгуэрым яжьэ Iуащхьэ лъэбжьанэкIэ зэIищIэрт. Зы папцIэ хьэлэчым фIоуэ. Абы пэмыжыжьэу зы фызыжь щIакхъуэ игъажьэу щытт. Адакъэр абы бгъэдыхьэри, кIиящ:
-Iуу-Iуу-Iуу-Iууу, си лъакъуэм зыгуэр къыхэуащ!
Фызыжьым адакъэм и лъакъуэм банэр къыхихыжащ. Адакъэм жеIэ:
- Си лъакъуэм а къыхэпхыжар модэ хьыи, мащэжьым идзэ.
Фызым банэр ехьри, мащэ куужьым иредзэ, адакъэми яжьэр зэIищIэу мэувыж.
Зэман докIри, адакъэр фызыжьым и деж къокIуэри, жеIэ:
- Си лъакъуэм хэлъа банэр къызэтыж!
- Уи жьэм хьэмбылу жьэдищIи, дэнэ сэ уэ уи банэр къыпхуздисхыжынур? Сэ уэ езым ар модэ мащэ куужьым избгъэдзащ!
- Си лъакъуэм хэлъа банэр къызэтыж жысIащи, къызэтыж! - мэкIий адакъэр.
- Уи жьэр убыд, уи пщэр пхуфIэзмыIуэнтIыкIыу! - идэркъым фызыжьым.
- Си банэр къызумытыжмэ, уи щIакхъуэр есхьэжьэнурэ сежьэжынущ!
Абдежым адакъэм щIакхъуэр къепхъуатэри, макIуэ-мэлъей. Махуэм жащ, жэщым жащ. ЕтIуанэ махуэм пщыхьэщхьэхуэкIуэу зы мэлыхъуэ цIыкIу IуощIэ. Мэлыхъуэр щыст, къудейуэ шху ефэу.
- Iуу-Iуу-Iуу-Iууу! ФIэхъус удох, мэлыхъуэ цIыкIу. ЛIо, щIакхъуэншэу щхьэ ушхэрэ?
- Сэ сызыхуэлажьэм, - жи мэлыхъуэ цIыкIум, - щIакхъуэ жысIэмэ, и IэштIымыр сегъэлъагъу.
- НтIэ, сэ уэ, мис, щIакхъуэ гъэжьагъащIэ уцэрэфыжауэ узотри, шхы.
Мэлыхъуэ цIыкIум щIакхъуэр шхын зэриухыу, адакъэм кIийуэ щIедзэ:
- Iуу-Iуу-Iуу-Iуу! Си щIакхъуэр къызэтыж!
- Сыт жыпIэр, сэ сшха щIакхъуэр уэ дэнэ къыздисхыжу уэстыжынур?!
- Къызумытыжынумэ, сэри мыр уэстыжынукъым, - жиIэщ, мэлым я нэхъ пшэрыр къипхъуатэри, адакъэр щIэпхъуэжащ.
Жэщми махуэми жэурэ, хъаным и унэм хуэзащ. Абы хьэгъуэлIыгъуэ щекIуэкIырт. Хъаным и пхъур лIы ириту арат.
Адакъэ бэлыхьыжьым и мэл пшэрыр хъаным иритащ. Хъаныр абы щыгуфIыкIащ - хьэщIэр куэдт, Iэнэм телъ щыIэжтэкъым. Адакъэр Iэнэм ягъэтIыс, пщIэ хуащIу. Абы мыувыIэу зеплъыхь, илъагъур егъэщIагъуэ: хъыджэбзыр дыщэ Iэлъыным хуэдэу дахэщ, псы щефэкIэ, и тэмакъым зэрехыр уолъагъу. Адакъэр абы егуэкIуащ.
И мэлыр шхын яуха нэужь, адакъэм хъаным жреIэ.
- Си мэлыр къызэтыж!
- Адакъэ, сынолъэIу, мы хьэщIэхэм я пащхьэм си напэр щытумых! - мэлъаIуэ хъаныр.
Мыдрейм щIичэркъым:
- Си мэлыр къызэтыж е уи пхъур къызэт!
Апхуэдэу адакъэм щыжиIэм, хъаныр къэгубжьри, адакъэм и щхьэр пичащ. Абдежым адакъэм щиухащ и гъащIэр.
Абы и лыр хьэщIэхэм яшхащ.

ХеящIэ

ЗЭШИТI псэурт. НэхъыщIэр хеящIэт, нэхъыжьым лъапсэр зэрихьэрт. НэхъыщIэм нэхъыжьым зэ моуэ жриIащ:
- Уэ сыпхуэдамэ, мы ди лъапсэр нэхъыфIыIуэу зесхьэнт.
Шынэхъыжьым ар и гуапэ хъуакъым.
- Сыт мыгъуэр хэпщIыкIрэ а узытепсэлъыхьым. Уэ унэм укъэкIуэжамэ, умыщIэIауэ ущIэсщ, зыбгъэпсэхуу. СыхеящIэщ жыбоIэри, жьэкIэ уахэту аращ цIыхум. Мы лъапсэр уэ зэ зозгъэхьэу уезгъэплъамэ, сыкъэпщIэнт ар тыншрэ гугъурэ!
- Ара? НтIэ, уэ хеящIэу улэжьэныр тынш цIыкIуу къыщыпщыхъукIэ, дызэгъэхъуажэ, - жиIащ шынэхъыщIэм. - Сэ уэ уи лэжьыгъэр сщIэнщ, сысейм уэ пэрыувэ.
Аращ ящIари. Шынэхъыжьыр хеящIэу кIуащ, нэхъыщIэм лъапсэр зэрихьэу щIидзащ.
Апхуэдэу здекIуэкIым, зэ абыхэм я деж щакIуитI къэкIуащ, ди Iуэхур тхузэхэгъэкI, дызэгурыIуэркъым, жаIэри. А тIум я Iуэхум хэплъэну зи къалэн нэхъыжьым жеIэ:
- Хъунщ, фи Iуэхур зэрыщытым щыгъуазэ сыфщI.
Зы щакIуэм жеIэ:
- Сэ сыщакIуэу, мэзым зы тхьэкIумэкIыхь сыщрихьэлIэри сеуащ. Шэр абы и щхьэм техуащ. Апхуэдэу щыщыткIэ, ар сэращ къэзукIар.
- Хьэуэ, - идакъым мыдрейм. - ТхьэкIумэкIыхьыр къэзыукIар сэращ. Сэ си шэр абы и кIэбдз лъакъуэмрэ и тхьэкIумэмрэ техуащ.
Шынэхъыжьым Iуэхур мыпхуэдэу ищIащ:
- ТхьэкIумэкIыхьыр зейр зи шэр щхьэм техуаращ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, модрейм зэрыжиIэм хуэдэу, зы шэр лъакъуэми тхьэкIумэми техуэнкIэ Iэмал иIэкъым.
ЩакIуэхэр щIэкIыжа нэужь, шынэхъыщIэм нэхъыжьым зыхуигъэзащ:
- Уэ Iуэхум тэмэму ухэплъакъым. Захуэр адрей щакIуэрат. ТхьэкIумэкIыхьыр и лъакъуэмкIэ и тхьэкIумэм етIэхъуу ирихьэлIамэ, сыт шэр тхьэкIумэми лъакъуэми зэуэ ятехуэнкIэ щIэмыхъунур?
Мыбдежым шынэхъыжьым къыгурыIуащ нэхъыщIэм пэж зэрыжиIэр.
Зэман докIри, абыхэм аргуэру лIитI къахуокIуэ. ТIуми щыхьыбз зырыз яIэт. Ахэр губгъуэм щыIуощIэ я щыхьитIми зы щIэжьей цIыкIу ябзеижу. Дэтхэнэми жеIэ щIэжьейр езым ейуэ. Зэдауэ мэхъури, хеящIэм и деж къокIуэ.
Шынэхъыжьыр абыхэм къыздаша щыхь шыр цIыкIум йоплъри, щыхьитIым я зым и Iэпэр хуеший:
- ЩIэжьейр зейр мис мыращ, абы и ныбэр иуащ.
 Мыбдеж гуэрым шынэхъыщIэр нэхъыжьым пэуващ:
- КхъыIэ, уи жагъуэ умыщI, ауэ пэжкъым а уэ жыпIэр. Ар зэрызэхэбгъэкIынур мыпхуэдэущ. Щыхь шыр цIыкIур псым хэдзи, и анэр абы кIэлъыпхъэрынущ, мыдрейм зигъэхъеинукъым.
 Зэныкъуэкъухэм а Iэмалыр ягу ирихьри, кIуэжащ.
Апхуэдэххэу екIуэкIыурэ, мыделэ дыдэмэ, зэ къыгурыIуэнтэкъэ, хеящIэ зэрымыхъунур хьэкъыу щыпхыкIым, шынэхъыжьыр лъапсэм къинэжащ, нэхъыщIэри пэрыхьэжащ и Iуэхум.

Бгъэхэмрэ мацIэхэмрэ я зэдауэ

АДДЭ зэманыжьым щыгъуэт мыр къыщыхъуар. Бгъэхэмрэ мацIэхэмрэ я пащтыхьхэм зэдауэ къаIэтат. Дэтхэнэри зыщытхъужырт, жиIэм езым шэч къытримыхьэжу.
- Дызэзэуэн хъумэ, си дзэр ууейм текIуэнущ! - зигъэцырт бгъэм я пащтыхьым.
- Хьэуэ, сэ си дзэр нэхъыбэщи, ууейр игъащIэкIэ къыпэлъэщынукъым! - идэртэкъым мацIэм я пащтыхьым.
Апхуэдэу щыхъум, бгъэм я пащтыхьым къыхилъхьащ:
- НтIэ, зэдгъэгъэзауэт. Уи мацIэу щэм си зы бгъэ пызогъэув.
- Хъунщ, - арэзы техъуащ мацIэхэм я пащтыхьыр. - Пщэдей нэху здэщым, тенджызым щхьэщыт уэгур зэхудипIалъэщ.
ЕтIуанэ махуэм и пщэдджыжьым я пащтыхьыр я гъусэу бгъэхэм тенджызым и ижьырабгъу уэгур яубыдащ. Абы ирихьэлIэу сэмэгурабгъумкIэ пшэ фIыцIэ къыщхьэщихуащ. Нэхъ гъунэгъу къэхъури, бгъэхэм къащIащ а къакIуэхэр мацIэхэр арауэ зэрыщытыр. Арати, зэпоув.
Бгъэхэм япэу уэн щIадзащ. Абыхэм мацIэхэм я псэр хуIуаудурэ, тенджызым мыувыIэу хаутIыпщхьэрт, ауэ, гъэщIэгъуэныратэкъэ, бийм хэщIIауэ къахуэщIэртэкъым. ЗэрыщIадзэ лъандэрэ зы бгъэм и хъуреягъым мацIэу щэ бжыгъэхэр щызеуэрти, щызеуэрт. Абыхэм бгъэм ирамыщIэ щыIэтэкъым: я нэхэр кърауIукIырт, яфыщIырт, я кIуэцIыр кърашхыкIырт! Я лъабжьэм къыщIэт тенджызым бгъэхэр зым адрейр кIэлъыкIуэу, зэ-      кIэлъхьэужьу хэлъалъэу хуежьащ.
Арати, тIэкIу фIэкI къэмынэжауэ, бгъэхэм я пащтыхьым къыгурыIуащ мацIэхэм зэрапэмы-лъэщынур икIи и дзэм щыщу къэнэжа тIэкIур зэщIикъуэри, лъэныкъуэ зригъэзыжащ.
Абы лъандэрэ мацIэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ мащIэщ бгъэуэ дунейм къытенэжар.

Беркутчир щакIуэ ежьащ.
Сурэтыр СЭВКIУИЙ Хьэмид ищIащ.

Поделиться: