Шэшэн таурыхъхэр

Зи гугъу тщIыхэр Кавказым и лъэпкъыжьхэм ящыщщ. Ар Урысей империем щыхыхьар 1859 гъэращ, я хэкури лъэпкъри зауэ гуащIэхэм къарууншэ ящIа нэужь. Советхэм я зэманым шэшэнхэм автономнэ область (1922 гъ.), автономнэ республикэ (1936 гъ.) статусхэр яIащ. 1992 гъэ лъандэрэ Урысей Федерацэм хэт республикэщ.
Шэшэнхэр зэрызэджэжыр нохъучийщ. Абыхэм я бжыгъэр мелуаным щIегъу, нэхъыбэр щыпсэур я хэкущ, ауэ нэгъуэщI къэралхэми щыIэр мащIэкъым, Урыс-Кавказ зауэмрэ 1944 гъэм шэшэнхэр я лъапсэ ирашауэ зэрыщытамрэ къыхэкIыу.
IуэрыIуатэр, таурыхъхэр лъэпкъ художественнэ литературэм и къежьапIэщ. Тхыгъэ зимыIэу къекIуэкIа лъэпкъым дежкIэ абы и мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ. Шэшэнхэри абы и лъэныкъуэкIэ адрейхэм къазэрыщхьэщыкI щыIэкъым: IуэрыIуатэр цIыхубэм къиулъэпхъэща губзыгъагъэщ, беягъщ, бзэм и гущэщ.

ПцIыупсынкIэ хэт нэхъ Iэзэ?

ДИ КЪУАЖЭ щхьэлтетым деж хэт мыкIуами жиIэрат:
- Сэ щхьэлыпщIэ къыхэсхыркъым. Ауэ хьэжыгъэ уэстыжын ипэ псысэ къызжепIэн хуейщ, ари пцIы зэфэзэщу. Нэхъ Iэзэу пцIы зыупсым - уэрами сэрами - хьэжыгъэр къыхуонэж.
Апхуэдэурэ а щхьэлтетыр пцIы упсыным апхуэдизкIэ Iэзэ хуэхъуати, къытекIуэн жылэм къыдэкIыртэкъым: цIыхухэм гъавэ щхьэлым къашэрти, къэп нэщI яIыгъыу унэм кIуэжхэрт. Езы щхьэлтетыр нэхъ къулей, нэхъ напэншэ хъурт.
Зэгуэрым щхьэлым къэкIуащ шэшэн лIыжь цIыкIу, и къэпми щыдэжыным щыдэжын тедэжауэ. Илъри нартыху пут хъун-мыхъунт. А пут закъуэм щхьэлтетыр хуэнэпсеят.
- ПцIы зэхуэдгъэупс, текIуэм хьэжыгъэр ейщ, - жеIэ щхьэлтетым.
- ПцIы супсу мыбдеж сыщысыну, уэлэхьэ, сэ зэман симыIэ, ауэ щыдбгъэупсынукIэ - дыгъэупс. Ауэ зэкIэ дызэгурыгъаIуэ: укъыстекIуэрэ, - си хьэжыгъэр узот. СыптекIуэмэ, афIэкIа цIыхум пцIы упсынкIэ уапеуэнукъым, я хьэжыгъи бубыдынкъым.
ЗэгурыIуэри, щхьэлтетым къыхидзащ. ЦIыхухэри зэхуэсауэ йодаIуэ:
- Сэ зы джэдыжь сиIэгъащ. Гъавэ щIэгъэпща фIэкIа пхуишхынутэкъым, псынэпс фIэкIаи ирифынутэкъым. НтIэ, зы махуэ гуэрым ар унэм щIэзубыдэри, къущхьэм сыкIуащ си щIыхуэр къыхэсхыжыну. ЕтIуанэ махуэм къэзгъэзэжрэ бжэр Iусхмэ, пщIэрэ къэслъэгъуар? Сыкъызэрыта махуэ закъуэм пэшым щIэз джэдыкIэ къикIэцIри уэнжакъымкIэ къикIыжауэ унащхьэм тест. ЩIыхьэху сщIыри, джэдыкIэр унэм къыщIэтхыурэ пщIантIэм щызэтетлъхьащ. Асыхьэтуи джэджьей, гуэгуш шыр жыпIэн - къришащи, пщIантIэм дыщызэрамыгъакIуэу зэрызохьэри дэтщ. Сыкъэгубжьынтэкъэ, къурагъ къэспхъуатэри, пщIантIэм къыдэсхуну сыхуежьащ, арщхьэкIэ уащхъуэдэмыщхъуэу а псори зэхэлъэдэжри, зы джэдрэ зы гуэгушрэ хъуахэщ. Мис аращ сэ зэгуэр къысщыщIауэ щытар, - иухащ щхьэлтетым и хъыбарыр.
- Ар сыт! Мыдэ къедаIуэ сэ къысщыщIам-тIэ.
Сэ зэгуэр бжьэ згъэхъуу щытащ. Ауэ бжьаIуэр зи инагъым зы бжьэпщ фIэкIа яIэтэкъым. Ар бжьэхэм якIэлъыплъырт, фIыуэ игъэлажьэхэрт. Ауэ махуэ гуэрым си бжьэпщу плъагъур бзэхащ. Сэ тхьэ сIуащ ар къэзгъуэтыжу къэсхьыжыну, апхуэдизкIэ абы сыхуэныкъуэти. ЩIыпIэ мащIэ къэзджэдыхьа, цIыху мащIэм сеупщIа - зыми илъэгъуатэкъым, и хъыбари зэхахатэкъым.
ИкIэм-икIэжым къызжаIащ псы адрыщIым къыщыслъыхъуэн хуейуэ. СызэпрокIри, си нитIым ялъагъур си фIэщ хъуркъым: вы домбеихым япэщIэщIауэ си бжьэпщу плъагъур еуэр иригъэшхыу мавэ, пхъэIэщэ зэрамыщIэжыр иралъэфэкIыу. МащIэ явагъэнтэкъым - и пщэр трихащ. Бжьым къыщIэзгъэхури бжьапцIэр унэм къэсхьыжащи, согупсыс: сыт си Iэмалу згъэхъужыну бжьым триха и пщэр? Губзыгъэжь зыдэмыс жылэ щыIэ - чэнджэщ къызахьэлIэ: мэлыщэ гъэвэжарэ дэ убарэ зэхэпщи фIыуэ щыхуэ, жаIэри. Апхуэдэу сщIыри сыгъуэлъыжащ. Нэху сыкъекIрэ сыкIуэмэ, бжьапцIэр щIым щылъщ, и щIыIум пшэм щIэуэ дэшхуей ин къытекIауэ. Тхьэмпэу пытым нэхърэ дэуэ пытыр нэхъыбэт. «Я IэфIагъ-дыджагъ сеплъынт», - жызоIэри, ятIэ IэшкIэ къызощтэри сыдоуей, арщхьэкIэ сытехуэркъым, сытми ятIэкIэ сыдэуейм - ятIэр тенэм, сыдэуеймэ - тенэурэ махуищкIэ пхуэвэн гъавэ щIапIи хъуащ. Сыт сщIэнт, си выжьихыр дэсхуейри зващ, хъарбызрэ хъэуанрэ хэссащ. Iухыжыгъуэ щыхъум, аргуэру жыгым сыдопщейри: зы хъэуан закъуэ фIэкIа хэмылъу адрейхэр хъарбызщ. Укъэгубжьынтэкъэ, джыдэр си кIэпкъ дэлъыххэти, соуэри хъэуаныр зэгузогъэхум, уэлэхьи, зэгуохури, занщIэу тхьэкIумэкIыхь къолъэт. Джыдэр къызопхъуэтэжри кIэлъызодз. ТхьэкIумэкIыхьым IэщIэлъ тхылъымпIэ кIапэр къыIэщIоху. Сыкъеджэмэ…
- Сытыт абы итыр? - щIоупщIэ щхьэлтетыр.
- Куэдщ щхьэлтетым цIыхухэр зэрихъунщIар. Мы хьэжыгъэр шэшэн лIыжьым и мылъку хьэлэлщ. АфIэкIа къуажэдэсхэр къыумыгъэпцIэну жыпIащи, уи псалъэр умыгъэпцI - мис арат тхылъымпIэ кIапэм тетыр, - ар жиIэри, лIыжьым и пащIэр ириIуэнтIэкIащ.
Сыт ищIэжынт щхьэлтет нэпсейм - и псалъэр игъэпэжын хуей хъуащ.

Дыгъужьыр Мэчэ макIуэ

ЗИ джабэхэр иуэжа дыгъужьыжь пабжьэм хэлъу гупсысэрт жи: «Си гъащIэри къарури кIуащ. Япэм хуэдэу си лъакъуэхэм сыкърахьэкIыжыркъым, - сшхын тIэкIу къысхуэщэхужыркъым. ДяпэкIи сыт си псэукIэ хъунур? ЩакIуэм сыкъыщIагъэIэмэ-щэ?»
   Асыхьэтым игу къокI: «сеуэнщи, хьэж сщIынщ. Мэчэм сыкIуэнщи, хьэжыуэ къэзгъэзэжынщ. Сарыкъ сщхьэрыгъыу цIыхухэм сыкъалъагъумэ, пщIэ къысхуащIынщ, сыщакIуэу гугъу зезмыгъэхьыжу пщIэншэу сагъэшхэнщ».
Игу фIы щыщIэнт ар зигу къэкIа дыгъужьым! Мэз псом хэз ищIащ хьэжыщI зэрыкIуэр. Арати, дыгъу-жьыр гъуэгу техьащ, ауэ куэд имыкIуауэ, езэшри щIегъуэжащ:
- Си япэ итахэр Мэчэм кIуэуэ щыта? Си адэми абы и адэжми хьэж ящIакъым, абы щхьэкIэ шхын щхьэкIэ лIакъым!
Къыздигъэзэжам мэз лъапэм зыш щыхъуакIуэу хуозэ.
- Къохъусыж дыгъужь-хьэжы, - фIэхъус кърех абы шым, - дяпэкIэ дызэрыгъэныбжьэгъунщ, - шым и гугъэщ дыгъужьыр хьэжы хъуауэ.
Дыгъужьым сымаджэ нэпцI зещIри, ерагъкIэ къыдрешей:
- Си къару пэлъэщакъым гъуэгум. ЕрагъкIэ сыкъэкIуэжащ, хамэ щIыпIэ зыщызмыгъэлIэн щхьэкIэ. Сэ къэзгъэщIэжын щыIэкъым - сэлам зэзгъэхыж - зы IэплIэ гуапэ зэхуэдгъэщIыж.
Шым дыгъужьым и хьилагъыр къыгурыIуащ. «СощIэ сэ уи IэплIэр зыхуэдэр», - жиIэу йогупсыс ари, зыкъримыгъащIэу:
- Пэж дыдэу, IэплIэ зэтшэкIыжын хуейщ. Ауэ фIэхъус зэтхыжын и пэ, си лъакъуэ ижьым щIэлъ налыр щIэсысыхь хъуащи, сызэригъакIуэркъыми, кхъыIэ, къысхущIэч. Ар уэ къысхуумыщIэмэ, хэт къысхуищIэн?
«Налыр къыщIэсч щхьэкIэ сэ зыри схэщIыркъым, си сэбэп мыхъумэ. ЩысшхкIэ си дзэр къикъутэныр хэлъщ», - йогупсыс щхъуэжьыр.
Ауэ ар шым и щIыбагъ къызэрыдыхьэу къеуэри, дыжь топу къыхыфIихуащ.
- Сыт пабжьэм ущIыхэлъэдэжар? КъакIуи налыр сщIэх, - мэдыхьэшх шыр.
Дыгъужьым:
- Си адэри адэшхуэри нал къыщIахыу псэуакъым. Сэ  ар IэщIагъэ схуэхъункъым. Нал къыщIэсхыну арэзы сыхъу нэхърэ, Мэчэм сыкIуэми нэхъыфIщ, - жиIэри щIэпхъуэжащ.
Арати, жэм-жэурэ ныджэм зыв щыхъуакIуэу къелъагъу. «Выр шыкъым, къыпкIуэцIыпкIэнукъым. Нали щIэлъкъым. Мис иджыпсту зызгъэтхъэжынщ», - къогуфIэ дыгъужьыр, ерагъкIэ и лъэ зэблихыу бгъэдохьэ.
- О-о-о, къохъусыж, дыгъужь-хьэжы. ДяпэкIэ дызэрыгъэныбжьэгъунщ, - фIэхъус кърех абы вым.
- Сынэсыфа мыгъуэкъым абы. ЕрагъкIэ си лъэр къэсхьыжащ. IэплIэ пхуэсщIыжынщи, пабжьэм сыхэпщхьэжынщ сылIэну. Мыдэ зы IэплIэ зэзгъэшэкIыж…
КъыгурыIуащ вым абы и IэплIэр зыхуэдэри, жеIэ:
- Сэ зэи усщыгъупщэнкъым, тхьэмыщкIэжь, дауи, IэплIэ гуапэ зэхуэтщIыжыни хуейщ. Ауэ къомыхьэ-лъэкIыу си бжьакъуэм фIэщIа витIощыщIэр, кхъыIэ, къысхуитIэтыкI. Ар уэ къысхуумыщIэмэ, хэт къысхуищIэн?
«Ар сэркIэ хьэлъэкъым, - игукIэ жеIэ дыгъужьым, - мыхьэлъэми, си ныбэ изу зызгъэтхъэжынщ вылкIэ».
Вым и щхьэр ирехьэх, дыгъужьыр абы бгъэдохьэ, арщхьэкIэ къарууэ иIэмкIэ къоуэри, щхъуэжьыр кIэрахъуэу пабжьэм хедзэ.
- Дэнэ ужэрэ, си ныбжьэгъу? Си бжьакъуэр къыбжьэхэуауэ ара? КъакIуэ мыдэ, къыфIэтIэтыкI вытIощыщIэр.
- Хьэуэ, тIасэ. Си адэм вытIощыщIэ итIэтэжу щытакъым, сэри ар IэщIагъэ схуэхъункъым. Уи бжьакъуэпэ сыпыхуэ нэхърэ, хьэжыщI сыкIуэми нэхъыфIщ.
Ар жиIэри, щIэпхъуэжащ. Арати, адэкIэ жэм-жэурэ зы шыдыжь къелъагъу. «Мис си шэджагъуашхэр, - мэгуфIэ дыгъужьыр. - Шыдым бжьакъуэ темыт дэнэ къэна, нэхъ делэ псэ зыIутым яхэткъым, - шэч гуэри къысхуищIынкъым», - хьэл зэрыхуэхъуауэ, сымаджэ нэпцI зищIри бгъэдыхьащ.
- Къохъусыж, дыгъужь-хьэжы, - жеIэ шыдым.
- Сыт хьэжы, си гъунэгъу, - жеIэ щхъуэжьым, - сынэсыфакъым Мэчэм, сымаджэ сыхъури къэзгъэзэжащ, хамэ щIыпIэ сыщымылIэн щхьэкIэ. Иджыпсту зы IэплIэ пхуэсщIыжмэ, пабжьэм сыхэпщхьэжынущ сылIэн щхьэкIэ.
- Сэ куэдрэ сыпхуэщыгъуэнщ, си гъунэгъу, - жэуап кърет шыдым. - IэплIэ зэхуэдмыщIыжуи мыхъун! Ауэ, пщIэрэ, дэ лъэпкъ хабзэ къыддокIуэкI зыгуэрым фIэхъус етхыжын и пэкIэ абы и щIыхькIэ уэрэд жытIэу. Хуит сыкъэщI зы уэрэд пхужысIэну.
«Хуеймэ жрыреIэ, абы и зэран сыткIэ къызэкIрэ?» - арэзы мэхъу дыгъужьыжьыр.
Шыдыр Iуащхьэ нэхъ лъагэм докIуей, и гупэр къуажэмкIэ егъазэри мэкIий:
- Иа! Иа! Иа!
Къуажэр благъэти, цIыхухэм шыд джэ макъыр зэхахащ. Мы шыдым зыгуэр къыщыщIащ жаIэри, цIыхухэм фочуи, гуахъуэуи щхьэж къыIэрыхьэр, къапхъуатэри, къежэжьащ.
- Уигу ирихьа си уэрэдыр? - йоупщI шыдыр дыгъужьым, цIыхухэр благъэ къыщыхъум.
- Си закъуэу къыщIэкIынкъым уи уэрэдыр зигу ирихьар. Мо слъагъухэр «къохъусыж» къызжаIэну къажэу къыщIэкIынщ, атIэ абыхэм схуажеIэж сапэплъэну зэман зэрызимыIэр, - жиIэри, дыгъужьыр мэзым хэлъэдэжащ.
Си унафэм къедэIуэнукъым

ПЩЫ гуэр и бейгуэлыр щIыгъуу гъуэгу тетти, жэщ къатехъуэри,  япэу зыIущIа къуажэм дыхьахэщ. Хэт и деж деблэгъэн жиIэу бейгуэлыр пщым щеупщIым:
- Си унафэ къемыдэIуэн цIыху зэрыс унагъуэ севмышалIэ, - къыжриIащ зиусхьэным.
Бейгуэлым къуажэбгъум щыт унэр къыхихри, еблэгъахэщ, бысымми къыхуепсыхахэр дэгъуэу къигъэхьэщIащ. Гъуэлъыжыгъуэм пэшхэм ящыщ зым сабий гъы макъ къыщыщIэIукIым, пщым и нэщхъхэр зэхиукIащ:
- Сэ нэхърэ нэхъ зэфIэкI зиIэ цIыху зэрыс унагъуэ хьэщIапIэ схуэвмыщI жысIатэкъэ?
- Мыбы къыппэлъэщын искъым, зиусхьэн!
- Исщ. Сабий гъыр сэр нэхърэ нэхъ лъэщщ. Ар си унафэ къедэIуэнукъым.

Темыр Лъашэ арэзыкъым

НЕСАРТ теухуа хъыбар гуэрхэр зэхэзыха Темыр Лъашэ мурад ищIат абы и хьилагъэр здынэсыр игъэунэхуну, зэраIуатэм ещхьу губзыгъэрэ мыгубзыгъэрэ къищIэну. Арати, ар зэ  хъаным деж ираджэ. «Зыгуэр хуумыхьу укIуэну емыкIущ», - къыжраIати, къаз гъэжьа къыздещтэ. ЗдэкIуэм, йохъуапсэри, кIэбдзыр къыщIетхъри ешх. Хъаным деж щIыхьэу зы кIэбдз зыщIэмытыж къазыр и пащхьэ щрилъхьэкIэ, Темыр Лъашэ къогубжь:
- ЕIым-еIыххэ, къысхуэпхьа къазым и етIуанэ кIэбдзыр здэпхьар дэнэ? - жеIэри.
- Къазым лъакъуитI щIэт сытми? - игъэщIагъуэу фэ зытрегъауэ Несарт. - Ар сыт телъыджэ! Адрейхэм лъакъуитIкIэ зекIуэ къаз яриту, дыдейр лъакъуэ закъуэу щхьэ Тхьэм къыдита!
- Сэ сыделэ уи гугъэ, абыкIэ сыкъэбгъэпцIэну? Дэнэ   къаз лъакъуэ закъуэ уэ щыплъэгъуар!
- НакIуэ, уэзгъэлъагъунщ, - жиIэри хъаныр ирешажьэри, зы къаз щыхъуакIуэ ныджэм деш. Пэжу, ар щытт зы лъакъуэр щIиупщIауэ. Несарт и пцIыр къыщIигъэщын щхьэкIэ, хъаным мывэ къещтэри къазым иреутIыпщ, къэщта къазыр щIопхъуэж.
- Плъагъуркъэ, Несарт, абы лъакъуитI зэриIэр?
- Уэ зи щIыхьыр ин хъан,  сыт гъэщIэгъуэну хэлъыр гузэвэгъуэ ихуа къазым етIуанэ лъакъуэ Тхьэм къызэрыритам? Уэ зыгуэр мывэкIэ къоуамэ, уи лъакъуитIыр плIы мыхъуну ущыхьэт?
ЖиIэн имыгъуэтыжу, хъаныр абы къоупщI:
- Мо уафэм вагъуэ дапщэ ис? - жеIэри. Куэдрэ гупсысакъым Несарт:
- Мы си пыIэжьым цы налъэу тетым хуэдиз, - жи.
- ПцIыщ! - къилъащ хъаныр.
- ПцIы супсмэ, си бзэр иубыд, - Iэдэбу жэуап ет Несарт. - Уи фIэщ мыхъумэ, си пыIэм цы налъэу итымрэ уэгум вагъуэу исымрэ зэпэбжи еплъ.
Хъаным губжьыр ирекъухри:
- Несарт, дэнэ деж щIым и бынжэр зыхуэзэр? - къоупщI.
Несарт ихъуреягъыр къиплъыхьри, Iуащхьэ нэхъ гъунэгъум дожей, абы и курыкупсэм деж и башыр хитIэри:
- Мис мыбдежырщ, зи щIыхьыр лъагэ!
- Аргуэру пцIы боупс. Уи щхьэр пезгъэупщIынщ! - къэгубжьыпащ хъаныр.
- Зи фIэлIыкIыр ин хъан! Си щхьэр пебгъэупщIыныр Iуэхушхуэкъым. Сыт уи зауэлI хъыжьэхэм афIэкIа мыхьэнэ зимыIэ Iуэху я пщэ щIыдэплъхьэнур? ЩIыр къегъэпщи, Несарт тхьэмыщкIэм жиIэр зэрыпэжыр къэпщIэнщ.
Темыр Лъашэ къыгурыIуащ сыткIэ уемыупщIами, абы и жэуапыр зэрыхьэзырыр икIи и напэр темыкI щIыкIэ ар къыдихужащ.
Несарт зыхуеиххэр арат.

Нэгъуджэр къэхь!

ЛЪЭПКЪ куэдым Хъуэжэ теухуа хъыбархэр яIэщ. Ауэ абы зэреджэ цIэр щызэтемыхуи къохъу. Псалъэм папщIэ, ингушхэм Цабен жаIэ, шэшэнхэр абы НесарткIэ йоджэ.
Несарт жэщыбгым къэушауэ и фызым йоджэ:
- Уа, фызыжь, псынщIэу нэгъуджэр къэхьыт!
- Сыт, на, зэрыпщIынур?
- ПщIыхьэпIэ дэгъуэ гуэр хъарпшэру си нэгу щIокIри и кIэухыр нэхъ IупщIу зэзгъэлъагъунущ.

Несарт вакъэ къызэрищэхуар

ЗЭГУЭР Несарт и вакъитIым йоплъ, ижьыр зэрылэжьэпар къелъагъури, шырыкъущIэм деж макIуэ.
- Вакъэ хьэзыр уиIэ?
- СиIэщ.
- АтIэ лъакъуэ ижьым ейр къызэщэ.
- Iэу, хэт вакъэ лъэныкъуэ зыщэр?
- Сэ сыт тIу зэрызбгъэщIынур, зыр псэумэ?
- Дэнэ етIуанэр здэзбгъэхьынур? ХыфIэздзэну?
- Сыт щIыхыфIэбдзэнур? МазитI нэхъ дэмыкIыу сыкъэкIуэнурэ ари сщэхунущ.
ШырыкъущIэр дыхьэшхри, вакъэ лъэныкъуэр Несарт иритащ, къытригъэзэжу етIуанэр ищэхужыну и фIэщ мыхъуами. Ауэ мазитI блэкIри, Несарт къэкIуащ щэхуакIуэ:
- Иджы си вакъэ сэмэгур лэжьащ, къащтэ щIэр, - жиIащ абы.
- ТIури зэуэ сыт щIумыщэхуар? - егъэщIагъуэ шырыкъущIэм.
- ТIури зэуэ къэпщэхумэ, тIури щIэуэ щытынущ, итIанэ тIури жьы зэдэхъунущ. Сэ зэрысщIым хуэдэу къэпщэхумэ, сытым дежи я зыр щIэуэ щытынущ. А псом нэмыщIыжу, хэти вакъитI уасэ зэуэ хузэхуэхьэсыркъым.

ЩIалэ жеяр

БЖЕЙ мэзыжьым ибгъукIэ, къибыргъукI псынэпс къабзэм деж щыпсэурт   лIыжь тхьэмыщкIэ, ипхъу закъуэм фIэкIа мы дунейм гурыфIыгъуэ щимыIэу. Махуэ къэс пщыхьэщхьэхуегъэзэкI щыхъукIэ, пщащэр псыхьэ кIуэрт гуэгуэныр и дамэм тету. Зэгуэр хьэндыркъуакъуэм абы къыжреIэ:
- Уэ удахэщ икIи уIэкIуэлъакIуэщ. Ауэ щхьэгъусэ пхуэхъунур удым игъэжея щIалэрщ.
Хъыджэбзым ар и фIэщ хъуакъым. «Къэмыушыжу жей щауэ щыIэ? Хьэндыркъуакъуэм сигъэшынэну аращ», - жиIэщ, гуэгуэным псы къригъахъуэри къежьэжащ.
ЕтIуанэ махуэм хьэндыркъуакъуэр аргуэру къыкIэлъыджащ:
- Уэ удахэщ икIи уIэкIуэлъакIуэщ. Ауэ щхьэгъусэ пхуэхъунур удым игъэжея щауэрщ, - жиIэу. «ИщIэн ищIэжыркъым хьэндыркъуакъуэм. Сызэгуигъэпыну арагъэнщ», - и щхьэ тригъэужри кIуэжащ унэм. Ауэ ещанэ махуэми:
- Уэ удахэщ икIи уIэкIуэлъакIуэщ. Ауэ щхьэгъусэ пхуэхъунур удым игъэжея щIалэрщ, - къыщыжриIэм шынащ икIи жэрыгъэкIэ кIуэжри, псори и адэм жриIэжащ.
- Пэжынкъым, - шэч ищIащ лIыжьым, итIанэ: - Мыбдежхэм удым и зэран зэкIа щIалэ щыIэпэу сощIри, уэ абы ущIыдэкIуэн хуейр сыт? Дегъауи мы щIыпIэр дыгъэбгынэ.
Ябгынащ. Хьэпшып тIэкIу яIэIамэ, зэщIакъуэри, тыншу щыпсэун щIыпIэ къалъыхъуэу ежьащ. Мэзым хэту кIуэм-кIуэурэ, блын лъагэхэмкIэ къещIэкIа чэщанэм Iухьахэщ. ЛIыжьыр куэбжэм бгъэдыхьат Iуихын и гугъэу, арщхьэкIэ хьэлъкъкIэ гъэбыдауэ къыщIэкIащ. И дамэр пэщIигъакъуэри еIащ, арщхьэкIэ бжэр хъеякъым. Хъыджэбзым и Iэпэр зэрыхуихьу бжэр Iужащ. И адэр къыкIэлъыплъу ар пщIантIэм дыхьащ, лIыжьыр кIэлъежьа щхьэкIэ, лъэщIэмыхьэу куэбжэр Iууэжащ. Сыт хуэдизрэ пымылъами, пщащэм бжэр Iуихыу адэр дигъэхьэфакъым. Ихъуреягъыр къиплъыхьмэ, зы цIыху щилъагъуркъым. Чэщанэм щIохьэри, зы пэшыр нэщIщ, етIуанэми зыри щIэскъым, ещанэри аращ. Иужь дыдэ пэшым и бжэр Iуихмэ, щIалэщIэ гуэр щIэлъщ. Ар жейрти, дапщэрэ емыджами зэхихакъым. Хъыджэбзыр щIалэм и пIэм къыбгъурыт шэнтым тетIысхьащ, жьыхур къищтэри жьы щIригъэхуащ, нэхъ хуиту бэуэн папщIэ.
ИлъэситI кIуащ хъыджэбзыр сымаджэм и пIэщхьагъым деж щысурэ. Ещанэ илъэсыр къихьауэ пэшым цIыхубз мыцIыху къыщIохьэ. Ар чэщанэр зейм и IуэхутхьэбзащIэрат.
- КхъыIэ, - елъэIуащ абы хъыджэбзыр, - тIэкIу мыбы схукIэлъыплъ, сэ сыжэнщи си адэм и Iуэху зытетыр къэсщIэнщ.
Хъыджэбзыр чэщанэм къыдэкIри и адэр къигъуэтыжащ. Унэ тIэкIу ищIауэ ар мэзым щыпсэурт, пхъэм зыгуэрхэр къыхибзыкIрэ ищэу. И пхъум чэщанэм щигъэзэжым, адэм къыжриIащ:
- Узэш хъумэ зыгуэр къэгъакIуи, гуащэ псалъэ ныпхуезгъэхьынщ. ДэIэпыкъуэгъу ухуей хъурэ - сэ жан телъыджэ уэстынщ.
Хъыджэбзыр и адэм деж кIуэуэ къэкIуэжыху ещанэ илъэсыр кIуащ. Мыхъейуэ щылъа щIалэм и нэр къызэтрихащ. Удым илъэсищкIэ игъэжеяуэ арати, а пIалъэр къызэрысу къэушыжауэ арат.
ЩIалэм и нэр къызэтрихмэ, жьыхур иIыгъыу къыбгъэдэс IуэхутхьэбзащIэ цIыхубзыр елъагъу. А махуэм ар къыщIэкIуари арат - къэушыжыным и пэкIэ зы сыхьэткIэ сыбгъэдэсмэ, илъэсищми сэ сыкIэлъыплъа и гугъэнщ, жиIэри. Арат хъыджэбзыр и адэм деж зэрыкIуэр икъукIэ и гуапэ щIэхъуари. IуэхутхьэбзащIэр зыхуеям хуэдэу хъуат псори.
- ДяпэкIэ мы плъагъу псори ууейщ, - жриIащ щIалэм абы икIи щхьэгъусэ ищIыну псалъэ иритащ. Мэзым къикIыжа хъыджэбзыр IуэхутхьэбзащIэ ящIащ.
Махуэ гуэрым щIалэр бэзэрым кIуэн хуей мэхъу, хьэгъуэлIыгъуэм хуэщэхуэну.
- Уэ сыт къыпхуэсхьын? - йоупщI ар хъыджэбзым.
- Сэ куэд сыхуейкъым, - къет абы жэуап. - Мы чэщанэм пэгъунэгъуу гъуэгубгъум унэ цIыкIу Iуту плагъунущ. Абы зы лIыжь щопсэу, пхъэм хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр къыхищIыкIыу, къысхуэшэ гуащэ псалъэ;  пхъэ щIалэ дэлъей-къелъых цIыкIу,  сэ жан телъыджэ лIыжьым къуитынухэр.
ЩIалэм а лъэIур щыгъупщакъым - жыхуиIа псори къыхуишащ.
Къыхуишахэр къищтэри, хъыджэбзыр и пэшым щIыхьэжащ. Куэд дэмыкIыуи пэшым гъы макъ къыщIэIукIыу хуежьащ. ЩIалэр бжэм бгъэдыхьэрэ даIуэмэ, зэхех:
- Уа, си гуащэ цIыкIу, си гуауэм сыту уимыгъагърэ уэ, хьэмэрэ пфIэгуэныхь сыхъуркъэ?
Гуащэм ину гъын щIедзэ.
- Уэри пфIэгуэныхь сыхъумэ, - жреIэ абы пхъэ щIалэ цIыкIу дэлъей-къелъыхыфым, - удэлъейрэ щIым зытебдзэу, сыт щыкъуейуэ ущIызэпкърымылъэлъыр?
Пхъэ щIалэ цIыкIур долъей, мывэ лъэгум тохуэри, зэпкърощэщ.
- Уэ, сэ жан, сыпфIэгуэныхькъэ? - зегъазэ хъыджэбзым сэ жаным дежкIэ, - сыт унащхьэм укъигъэлъеижыху зыпIэту, мы си гущхьэм зыкъыщIыхыумысэр?
А псалъэхэр зэрыжиIэу, сэм зиIэтщ, унащхьэм жьэхэуэщ, къигъэлъеижри, хъыджэбзым дежкIэ къежьащ, и гущхьэм зыхисэну. АрщхьэкIэ, щIалэм бжэр Iуиудщ, щIэлъадэри, хъыджэбзыр лъэныкъуэ­кIэ Iуидзащ - асыхьэтым сэр мывэ лъэгум техуащ.
- Бжэм адэкIэ сыкъыщыту уэ жыпIа псори зэхэсхащ, иджы сэ сощIэ илъэсищкIэ къысхуэсакъар хэтми, - жиIащ щIалэм. - КъыздэкIуэ уэ щхьэгъусэу.
Хъыджэбзыр жэри и адэр къишащ. КIыхьлIыхь ямыщIу хьэгъуэлIыгъуэр дахащ. ГуфIэгъуэм и псапэу, IуэхутхьэбзащIэм зэхищIыхьахэр хуагъэгъуащ.
Абы лъандэрэ къуажапщэм деж щопсэухэр, мылIамэ.

Лы жьэрымэмрэ ахъшэ зу макъымрэ

ЗЭГУЭР унэм кIуэж пэтрэ, Несарт уэшхышхуэм хиубыдат. Абдежым шхапIэ щытти, Несарт абы щIэлъэдащ. Пэш кIуэцIыр хуабэт, лы жьэрымэ гуакIуэ щIэтт.
Уэшхыр теужауэ къыщыщIэкIыжым, шхапIэр зейм иубыдащ.
- Уасэр къызэт ущIэмыкIыж щIыкIэ, - жиIэри.
- Сыт щIостынур? - къыгурыIуакъым Несарт.
- Сыт жыхуэпIэр сыт? Ерыскъымэ IэфIым урибэуакъэ?
- Мэ дахэ къысщIихьащ, ауэ уи шхын слъэгъуакъым икIи сIухуакъым.
- Хьэуэ, хьэуэ, лы жьэрымэ IэфIым пщIэншэу урибауэ хъунукъым. Къащтэ и уасэр.
ШхапIэтетыр жиIам зэрытемыкIынур щилъагъум:
- Хъунщ, уэстынщ и уасэр, ауэ ахъшэхьэ унэм сыгъэкIуэж, - лъэIуащ Несарт.
КIуэжщ, ахъшэ къихьри къэкIуэжащ. ШхапIэтетри щысщ, къожьэри.
- Къэпхьа?
- Къэсхьащ, - жеIэ Несарт. И Iэр и жыпым ирелъхьэри, ахъшэ жьгъейр егъэзу:
 - Зэхэпхрэ?
- Зэхызох...
- Ди Iуэху зэпэкIуэжащ. Сэ уи жьэрымэм сепэмащ, уэ си ахъшэ зу макъым уедэIуащ.

 

   

 

Поделиться: