Мэрем пшыхь

КъулыкъущIэ

Ауан

КъулыкъущIэкъуу зы щIалэжь дэст къуажэ гуэрым. Мыплъыжь дыдэми, хуэплъыжьыфэу дипломышхуи зыIэригъэхьауэ иIэт Дизыкъуажэ. Езыр теплъэкIи дэгъуэт, сыт хуэдэ гуп яхэгъэхьи утеукIытыхьынутэкъым.
НыбжьэгъугъэкIэ, IыхьлыгъэкIэ жыпIэми, къуажэми районми IупэфIэгъухэр щиIэт абы. ЛэжьапIэ зыкъоми къыхукъуагъэплъат тхьэмыщкIэм, ауэ ахэр и щхьэм ирипэсыртэкъым, хуигъэфащэртэкъым и дипломым. Ар зыщIэхъуэпсыр зыт: пэш екIу иIэу, и бжэм абджыпсым дыщэпскIэ тетхауэ и унэцIэр, и цIэр, и адэцIэр кIэрыIулIауэ, «тIыкъ-тIыкъ» жрагъэIэу теуIуэурэ фIэкIа зыри щIамыгъэхьэу.
Зыкъомрэ лъэIуами, илъэсым нэблагъэкIэ ежьами, Iулъхьэ тIэкIуи IэщIахами, къикIуэтакъым Дизыкъуажэ, зыхигъэлъащ шыIэныгъэшхуэ. Дауэрэ мыхъуами, зыIэригъэхьащ и хъуэпсапIэ лэжьапIэ пэшыр, шэнтжьей щабэр… ТхьэмыщкIэр тыншыжащ, иIуэтэжащ, гуфIэжащ, «гъащIэ IэфIым и кIапсэ кIапэр» къыIэрыхьащ.
ЗдагъэкIуар дэрбзэр фабрикэрат. «Мыбы зэкIэ щыщIэдзи, адэкIи деплъынщ», - къыжраIат ищхьэмкIэ щыIэхэм.
ЛэжьапIэ пэшым зыIэпишауэ щIэст махуэми жэщми, зыщигъэнщIыртэкъым. ТхылъымпIэ зыкъом и стIолым телът. Ахэр зэригъэзахуэрт: зымкIэ щыIэр адреймкIэ ихьынт, абыкIэ щылъхэр мыдреймкIэ кърихьэкIынт. Абыхэм ярытхэр зищIысыр дэнэ къэна, апхуэдиз тхылъымпIэр зэбгъэзэхуэну гугъут, гугъу дыдэт абы и дежкIэ. Ахэрат ар кабинетым къыщIэзымыгъэкIыр. И деж щIыхьэ псоми хущIэмыхьэу къажриIэрт. Дапхуэдэу мыхъуами, мазэ зыплIытхум нэсат зэрыкъулыкъущIэрэ, ауэ щагъэува махуэ закъуэр мыхъумэ, лэжьакIуэхэм яхуэзатэкъым, нэхъ гъунэгъуу ицIыхухэр бухгалтерием щIэсхэмрэ секретарымрэт.
Махуэ гуэрым псори къызэхиплъыхьыну мурад ищIри, лэжьапIэ пэшым къыщIэкIащ, щIэплъащ цеххэм, зыхуэза цIыхухэм псалъэ гущIыхьэ куэд ярипэсащ, и блокнотми зыгуэрхэр иритхащ. Абы иужькIэ махуэ гуэрым зэIущIэ иригъэкIуэкIыну мурад ещI. Махуэ къагъэлъэгъуамрэ сыхьэт бжыгъэмрэ ирихьэлIэу къызэхуэсащ лэжьакIуэхэм я нэхъыбэр. Къызэхуэсахэр щIэсщ залышхуэм, поплъэ унафэщIым.
Сытми, сыхьэт ныкъуэфI дэкIауэ, цIыхухэр еша-елIауэ, къекIуэлIахэм ящыщ гуэрхэри зэбгрыкIыжауэ къыщIыхьащ унафэщI дахэшхуэр. Цеххыр къыщызэхикIухьам и цIыхухэм закъызэрыригъэлъэгъуам нэхърэ нэхъ Iеижт нобэ, лэжьакIуэхэр зыри игъэпсалъэртэкъым. Псалъэ дыджу къыжьэдэкIхэр залышхуэм щIэз хъуат.
Апхуэдэу фIэкIа Iуэхум бгъэдэмытынумэ, яхуимыгъэгъуну быдэу щиIуэжри, зэIущIэр зэхуищIыжащ лIы хуэдэу. Залым къыщIэкIыжа цIыхухэр бампIэрт, зыр зым еупщIыжхэрт: «Хэту пIэрэ ар апхуэдизу къэзыгъэгубжьар?» «Апхуэдэу пIэрэ ар сытым дежи зэрыщытынур?» Яхуэухыртэкъым абы и щытыкIэр ягъэщIэгъуэн, къахуэщIэртэкъым зыхуахьынур.
Апхуэдэ зэхуэсхэр нэхъыбэрэ иригъэкIуэкIыну къигъэгугъат лэжьакIуэхэри, игъэпэжащ Дизыкъуажэ. ЗэIущIэхэр нэхъыбэрэ иригъэкIуэкIыху, и псалъэхэри нэхъ дыджыж хъурт унафэщI щIалэм. Щымыхъужыххэм, лэжьакIуэхэм нэгъуэщI Iэмал щамыгъуэтыжым, IукIыжу хуежьащ. Ауэ апхуэдэ щытыкIэм зыкIи иригузавэртэкъым унафэщIыр. Нэжэгужэт сытым дежи. Секретарри мызэ-мытIэу хэпсэлъыхьат я Iуэхур зэрекIакIуэм, ауэ абыи къикIа щыIэкъым, «Деплъынщ, дегупсысыжынщ», - жиIа мыхъумэ. Езыр и лэжьапIэ пэшым щIэтIысхьэжауэ щIэсщ, нобэми ныжэбэми мэгупсысэри…
ФымыIэуэлъауэ, мэлажьэ Дизыкъуажэ!

КIурашын Алий.

Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр

Пшынауэм езым фIэфIыр кърегъэкI

Псым щхьэтепIэ имыIэмэ, къабзэ хъуркъым. Бзылъхугъэхэм ятеухуащ. «КъакIэлъыплъын, къахуэсакъын яIэн хуейщ» жыхуиIэщ.
Псыпэр зэрыжэм псыкIэри ирожэ. Гъэсэныгъэм ехьэлIауэ нэхъ къагъэсэбэп хабзэ псэлъафэщ: бынхэр (нэхъыщIэхэр) я адэ-анэхэм (нэхъыжьхэм) ядоплъей, я щапхъэм ирогъуазэ, абыхэм я лъэужьыр езыхэми яху.
Псыр псэхэлъхьэжщ. «Зыуегъэужьыж, къару къыпхелъхьэж» жыхуиIэщ.
Пшыналъэр бгъунлъэмэ, лъэпкъыр мэукIытэ. «Лъэпкъыр зыгъэукIытэн умылэжь» жыхуиIэщ.
Пшхын уимыIэмэ, щIым езауэ. «Гъавэ ухуеймэ, щIым елэжь» жыхуиIэщ.
Пшынауэм езым фIэфIыр кърегъэкI. Езыр нэхъ къыздикIынумкIэ къыщоуэ, и псалъэр абыкIэ ешэ.
Пщэдджыжь хьэщIэ гъэхьэщIэгъуафIэщ. «Куэд хуейкъым, шей къудейкIи зэфIокI» жыхуиIэщ.
Пщым и щIыб джатэ щагъэдалъэ. ЦIыхум и нэщIыбагъкIэ хуэдалъэ зи хабзэ «къуэгъэнапIэ фочауэхэм» ятеухуащ.
«ПыIэр къэхь» жысIати, щхьэр къихьащ. Iуэху бгъэдыхьэкIэ пхэнж зиIэм теухуащ.

Щауэ Къэлидар.

Тхыгъэ кIэщIхэр

Жьы хъуа усакIуэхэр

Фэ фIыгъуэу вбгъэдэлъа псори поэзием ефтащ - фи щIалэгъуэри, щIэныгъэри, къарури, талантри. Езыхэм къызыхуэвгъэнар фи псэмрэ фи къупщхьэм телъыж фэ тIэкIумрэщ, склерозырщ, инфарктырщ. Сынывоплъри – сигу фщIогъу. АтIэ фэ фщыщ дэтхэнэри щытакъэ къуршыбгъэм хуэдэу зэгуэр псэкIэ лъэтэфу! Апхуэдэуи фэ фыкъыхэнащ фи усыгъэхэм.
Ауэ, поэзием псори ефтами, фыкъулейщ фэ. Фи тхыгъэ томхэр фи щIыб къыдэтщ, фи бын нэхъыфI дыдэхэм хуэдэу. Сыт атIэ, абы елъытауэ, жьыгъэри, склерозри, инфарктри! Фи цIэхэр фщIыфащ уахътыншэ, фи тхыгъэхэр пежьащ къэкIуэну зэманхэм!

Ещтауэмрэ щтаучымрэ

Художественнэ тхыгъэм гъэсэныгъэ мыхьэ­нэшхуэ зэриIэм шэч хэлъкъым, ауэ абы гъэсэныгъэ зритыфынур зи щIэныгъэм, культурэм хэзыгъэхъуэну, фIым, дахэм зыхуиузэщIыну, Iейм зыщызыдзеину мурад зиIэрщ. Ар къохъулIэнукъым тхылъ къапщтэрэ укъеджэ къудейкIэ. КъохъулIэн папщIэ, тхылъыр - ещтауэм, абы еджэр - щтаучым ещхьу щытын хуейщ - зэжьэхэуамэ, хъуаскIэм хуэдэу, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм я мафIэр я кум къыдихыу. Армырамэ, сыт хуэдиз тхылъ ухуейми еджэ - зэштегъэу мыхъумэ, сэбэп къыпхуэхъунукъым.
СощIэж, зауэ нэужьым ди къуажэ дэсащ щIалэ гуэр, тхылъ куэд еджэу. «Мыр зыгуэр хъунущ», - жаIэрт абы щхьэкIэ. Ауэ хъуакъым. Iуэхуратэкъэ, нэхъ мыгъасэр зырызт: зэуэрейт, хъуэнэрейт, дыгъуэрабзт. Зыри къыхихыфакъым абы зэджа тхылъхэм: ещтауэр фIыми, щтаучыр мыхъуу, хъуаскIэншэ мывэу къыщIэкIат.

Гъуэбжэгъуэщым къытригъэзэжыркъым

Гупсысэ гъэщIэгъуэн, образ щIэщыгъуэ е куэд щIауэ къэплъыхъуэ псалъэ гуэр уи щхьэм къихьамэ, сыт хуэдэ Iуэху пIэщIэгъуэ уимыIэми, уи жеин къакIуэми, угукъыдэмыжми - псори IэщIыб щIыи, тхы ар, итхэ уи бгъэгущталъэ тхылъым. Апхуэдэ дакъикъэм, зыгуэр птхыну гукъыдэж щыбгъуэта дакъикъэм, пщIэшхуэ хуэщIын хуейщ. ХуумыщIу блэкIакъэ - упыкIащ, а уигу къихьахэр пIэщIэхужмэ, укIэлъыпхъуэ пэтми, къагъэзэжынукъым, гъуэбжэгъуэщым къызэрытримыгъэзэжым ещхьыркъабзэу.

Уэ езыр зэплъыж

Зыгуэрым ухущIэбжэн ипэкIэ, уэ езыр зэплъыжыт: абы хужыпIэнухэр уэ уи дежи къыщумыгъуэтыну пIэрэ? Уэ пхэлъ мыхъумыщIагъэхэр нэгъуэщIым иумыудэкIи, узыхущIэбжэри, уи бийри нэхъ мащIэ хъунщ.
Къагъырмэс Борис.

ГушыIэхэр

Иджы сыт къэхъужар?

Я Iыхьлы гуэрым я хьэгъуэлIыгъуэм кIуэну иригъажьэурэ, анэм и къуэ Угъурлыжь еущийр:
- Чэф зыпщIу уи напэр зытумыхыж, си щIалэ. Благъэхэри умыгъэукIытэ.
- Сыт абы щхьэкIэ сщIэн хуейр, ди анэ?
- ТIэкIу ухэфурэ, стэканыр гъэувыж, и кIэм нэс иумыкъуртIыкIыу.
- Дауэ?! - къэуIэбжьащ Угъурлыжь, кърат чэнджэщыр къабыл имыщIу. - Хьэнтхъупс сефэми ерыскъы гуэр сшхыми, щIэмычэу жыпIэу щытащ: «Уи насыпыр къыумынэу, пшхыр нэгъэс» жыпIэу… Иджы сыт къэхъужар?..

ЛIыгъур Чэрим.

Джэду хьэжы зещI

Джэдур Iэмал хуекIуэу дзыгъуэхэр зэтришхыхьыну мурад ищIат. Лейуэ зэрихьахэм хущIегъуэжауэ, и гуэныхьхэр ипшыныжыну хьэжыщI кIуэну зигъэIуащ. Дзыгъуэхэри я гъуэм къыхуикIыу къыхуэкIуэу яриха лейр къыхуагъэгъуну ялъэIуу лIыкIуэ яхуищIащ.
Дзыгъуэхэм я фIэщ хъури, утыкум къихьащ. Джэдуми зигъэуардэу яхыхьэри къыщIидзащ:
- Къэпым щхьэ зэриIэр, абы илъыр абыкIэ къипх зэрыхъур псоми фщIэрэ? - жиIэри яхэупщIыхьащ.
- Сыт щIэдмыщIэр? - жаIащ псоми зыжьэу.
- АтIэ, а къэпыщхьэмкIэ къивмыхыу къэп щIэрыпсыр щIэвугъуэныр сыт? - жиIэри дзыгъуэхэр зэтриукIащ.
ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр.

Сыт щыгъуи зым тет

Мысхьуд беижь гуэрым и деж пщафIэу щылIыщIэрт. Абы Iэщ иукIыху кIуэцIыр, бейм зримыпэсу, езым къритыжырт. КIуэцI къыхуигъэнэжыр и лIыщIапщIэм пигъакIуэурэ кърит щыIэтэкъыми, Мысхьудыр беижьым хузэгуэп хъуащ.
Зэгуэрым бейм и лIыщIэм унафэ хуищIащ хъарбыз къыхуихьыну. Мысхьуд хъарбызыр къигъэжыхьри, фэр беижьым хуихьащ. Беижьым ар щилъагъум:
- Сыт мы къысхуэпхьар? - жиIэри къыщIэкIиящ, щIэнэкIалъэ зыщIар суд пащхьэм иришащ.
СудыщIэр Дизыкъуажэти, беижьым и гукъеуэм едаIуэри, апхуэдэу щIищIамкIэ Мысхьуд еупщIащ.
- Iэщ сукIмэ, и кIуэцIыр къызитыжырт, ар си улахуэми пигъакIуэрт. Арати, иджыри кIуэцIыр сэ къэзгъэнэжауэ аращ.
- АтIэ, мыбы лIыщIапщIэу епт тIэкIум ущIэфыгъуэжу судым къэпшауэ ара? КIуэцIыр нэхъ къапщтэ хъужамэ, ар уэ къэгъани адрейхэр лIыщIэм ет дяпэкIэ, сэ абыкIэ хуит узощI, ауэ сыт щыгъуи зым тет, - жиIэри иутIыпщыжащ судыщIэм беижьыр.
Жылау  Нурбий.

Иуан Владимир
*   *   *
Ди нэгум щIэлъыр, цIыхухэ, къысхуэмыщIэ.
Щхьэ апхуэдизу псори хъийм дикIа?
Мы дуней дахэр нэхъыфIщ зэIыдмыщIэм.
ЩыIэкъым абы зыгуэр тезыха.

Дунейм техуэжкъым ди угъурсызагъыр.
Демыш, итIани, дэ дызоныкъуэкъу.
Мы дунеишхуэр, тщIэми и инагъыр,
Догуэш, догуэшри, ари тхуримыкъу.

*   *   *
Щымщ щIыгур плъыру, зыми сыкъимыщIэ,
ЩIыхэщIыр гущIэр жэщым къысхуэмыщIэ.
Мы дуней хуитым сэ сыщIытемыхуэр
КъищIэн и гугъэу си гум сызэрехуэр.

*   *   *
Си нэгу къыщIохьэ зы пщыхьэщхьэ гуэрым
Уэ уи сурэти, занщIэу мэбзэхыж.
ИIэту си гур зы гуапагъэ гуэрым,
Къыкъуоури жьыбгъэу, псынщIэу мэкIуэдыж.

*   *   *
БалигъыпIэм и щыгу сыдэкIыхукIэ
СыхуэпIащIэу, лIыпIэ сиуващ.
ГъащIэр блэжри, сэ зыкъэсплъыхьыхукIэ,
Жьыгъэ жьэгум сыкъыдэхутащ.

*   *   *
Ди жагъуэ зэрыхъущи, цIыху псор зэхуэмыдэ.
Къытхэтщ Iужажи, ди бзэри зымыдэ.
Нэхъыжь хуэзами ауи къизымыдзэ.
Апхуэдэ куэдым уагъэщI гузэрыдзэ.
Хабзэ зыхэмылъым жьантIэр хуохъур кIуапIэ.
Нэмысыншагъэм хуохъур ар къежьапIэ.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ