Гъуэгум и фIагъыр къапщытэ

КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ Урысей цIыхубэ фронтым и къудамэу республикэм щыIэмрэ я лIыкIуэхэм «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хэту Май щIыналъэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэр къапщытащ.

Налшык - Май автомобиль гъуэгум и зы Iыхьэр нэгъабэ зэрагъэпэщыжащ, 2020 гъэм Ново-Курскэ къуажэм къыщыщIэдзауэ Октябрьскэ жылагъуэм нэс дэлъыр, километри 9,6-рэ зи кIыхьагъыр, зыхуей хуагъазэ. Мы зэманым ар зи пщэ дэлъ IуэхущIапIэм гъуэгум тралъхьа асфальтыр захуэ щIыным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр зэфIагъэкI.
Iуэхур зэрекIуэкIыр зрагъэлъэгъуа нэужь, къэпщытакIуэхэм къыхагъэщащ абы ныкъусаныгъэ зэрыхамылъэгъуар, апхуэдэуи гъуэгу лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIкIэ зытетын хуей шынагъуэншагъэм и хабзэхэри къызэрызэпамыудар.

 

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: