Саин-Булат (чристэн диныр къыщищтэм Симеон зыфIащар) Идар Темрыкъуэ и пхъурылъхущ, урыс пащтыхь гуащэ Черкасскэ Марие и шыпхъу нэхъыжьым и къуэщ, Астрэхъан пащтыхьыгъуэр зылъысын хуея, иужькIэ Къасым хъаныгъуэм и тет хъуа Бекбулат и къуэщ.
ИЛЪЭСИПЩI и ныбжьурат 1552 гъэм Саин-Булат япэ дыдэу Москва щашам. Абы щIыгъут и адэ-анэр - Бекбулатрэ Алтыншашрэ. Мы хъан гуащэм щхьэкIэ «зи щхьэцыр дыщафэ» жаIэу щытащ.
1561 гъэм Идар Гуащэнэ урыс пащтыхьым хуэзышахэм Саин-Булат щIалэщIэри яхэтащ. Ауэ, зэрыжытIащи, ар Москва нэхъ пасэу яшэри, Иван IV и унэм щыпсэууэ, нэгъуэщIым дзыхь яхуимыщIу и нэIэ къытету, уеблэмэ псори зыщышынэ пащтыхьым фIыуэ къилъагъуу къэхъуат. Абы зауэлI хъыжьэ къызэрищIыкIар Ливон зауэм щигъэлъэгъуат, езыр и ныбжькIэ щIалэ дыдэми.
Симеон Дыщэ Ордам тетыгъуэ щызыIыгъа хъанхэм къатепщIыкIахэм ящыщт, зы зэман абыхэм яIэщIэлъат урысыщIхэри, езыхэми пащтыхькIэ еджэрт.
Пащтыхь Иван Шынагъуэм къанэ щымыIэу дзыхь хуищIырт адыгэ пхъурылъхум. Ар езыр егъэлеяуэ гурыщхъуэщIт, дауи апхуэмыдэнрэт, и анэ Глинская Еленэ, и япэ щхьэгъусэ Анастасие, абы къыхуилъхуа бынихым ящыщу плIыр щхъухькIэ ягъэлIамэ?
Иван IV зыгуэр зэхищIыкI зэрыхъурэ илъэгъуар боярхэм я зэрышх-зэрылIрэ пащтыхь унэм щызэрахьэ хьэгъэщагъэмрэти, гъэщIэгъуэнт абы и дзыхь зыгуэрым зэрыригъэзыххэр. Саин-Булат цIыху губзыгъэт, и псалъэр игъэпэжынут - абы фIыуэ щыгъуазэт пащтыхьыр. Уеблэмэ гукIи псэкIи зигъэпсэхуну хуеймэ, Къасым хъаныгъуэм кIуэрти, Саин-Булат дэщIыгъуу щакIуэрт, зыгъэпIейтей Iуэхухэм тепсэлъыхьырт. Езы пащтыхьым и нэIэ щIэту Саин-Булат щIэныгъэ а зэманым зригъэгъуэтати, Иван IV гупсэхугъуэ игъуэтырт абы щепсалъэкIэ, игъэщIагъуэрт, и ныбжьым емылъытауэ зэрыIущыр, Къасым пащтыхьыгъуэ цIыкIур IэкIуэлъакIуэу зэрызэрихьэр.
Абы къинэмыщIауэ, Къасым хъаныгъуэм щыкIуэкIэ, пащтыхь гуащэ Марие Iэмал игъуэтырт фIыщэу илъагъу и шыпхъу нэхъыжь Алтыншаш бгъэдэсыну, и гум щызэтрихьа псор абы хуиIуэтэну.
Пащтыхьым къыгурыIуэрт и щхьэгъусэр гугъу зэрехьри, и шыпхъум деж зэрызыщигъэпсэхур и гуапэт.
Марие пэжу къызэрыбгъэдэтыр, цIыхугъэ зэрыхэлъыр, и щIалитIым, Иванрэ Фёдоррэ, я анэ дыдэм хуэдэу зэрахуэщабэр, зэрахуэсакъыр пащтыхьым зыхищIэрти, езыми Марие насыпыфIэ хъун щхьэкIэ сыти хуищIэнут. Гузэвэгъуэ куэд зылъэгъуа Иван IV гупсэхугъуэ щигъуэтыр Марие епсалъэу щыбгъэдэсырт.
Пащтыхьыр, я Iуэху зэрыхъункIэ хъунум здегупсысым, Саин-Булат куэдкIэ зэрыщыгугъыр, абы хуимурадыр нэхъ IупщI хъурт.
Иван IV къыгурыIуэрт къэралым зэхъуэкIыныгъэ щегъэкIуэкIын зэрыхуейр, ауэ ар цIыхубэми къазэрытехьэлъэнур, боярхэми зэрамыдэнур икIи сыт и лъэныкъуэкIи ахэр зэран къызэрыхуэхъунур ищIэрт. Пащтыхьыр хуейт цIыху къэзыгъэпэжын, и дзыхь зригъэзын. Абы апхуэдэ хуэхъуну къилъытар пащтыхьыным зи нэ къыхуимыкIыщэ Саин-Булатщ.
1575 ГЪЭМ, пащтыхь гуащэ Марие зэрылIэрэ илъэси 6 дэкIауэ, Грозный Иван токIри, пащтыхьыгъуэр Саин-Булат ирет. Ар иджыри зэ щыхьэт тохъуэ Иван IV пащтыхь гуащэ Марие и Iыхьлыхэм дзыхь яхуищIу зэрыщытам.
Грознэм, дауи, и тетыгъуэр ибгынатэкъым, пащтыхьыгъуэр зылъысам иращIэкI хабзэ псори Саин-Булат хуащIами. Абы Успенскэ соборым пащтыхь тажыр къыщыщхьэратIэгъат. Марие и шыпхъу нэхъыжьым и къуэ, Идар Темрыкъуэ и пхъурылъху Саин-Булат Урысей псом и пащтыхь хъуат, Иван IV и унафэкIэ. Ар Земскэ боярхэм я думэм тхьэмадэу щIэст, и цIэр щIэту унафэ къыдигъэкIырт, пащтыхь уардэунэм щыпсэурт.
Грозный Иван игъэзащIэрт пащтыхьыгъуэм щызекIуэ хабзэхэр: Московский Иван зыфIищыжат; шыгу зэщIэщIакIэ къикIухьырт, боярхэм хуэдэу; тхыгъэкIэ зыкъыхуигъэзэн хуей хъумэ, я нэхъ цIыху къызэрыгуэкIым зэритхын хуейм хуэдэу: «Государю Великому князю Симеону Бекбулатовичу Всея Руси Иванец Васильев с сыновьями Иванцом, да с Федорцом челом бьют…» жиIэу къыщIидзэрт.
Симеон и адэ, астрэхъан пщышхуэ Бекбулат 1552 гъэм Москва япэу къэкIуат, Грозный Иванрэ Мариерэ зэрышэным илъэсибгъу иIэу.
Абы тхыдэтххэм гу лъамытэу защI, Урысейм и пащтыхь Грозный Иван и гъащIэр къызэрекIуэкIам теухуауэ мы Iуэхугъуэм куэд къыпхуиIуатэми.
КъызэрыщIэкIымкIэ, пащтыхьым и нэIуасэу щытащ Бекбулатрэ абы и щхьэгъусэ Алтыншашрэ. Абы къикIращи, пащтыхьыгъуэр игъэбыдэн щхьэкIэкъым Иван IV къэбэрдеипщым ипхъу щIишар, атIэ абы и Iыхьлыхэм щыщ зэрицIыхум, ахэр игу къызэрыдыхьэм трищIыхьагъэнущ.
Грозный Иван и гуращэр къехъулIащ. Симеон Думэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр щригъэкIуэкIащ, пащтыхьым и Iуэху хэмылъ хуэдэу. Абы къикIращи, Иван IV и тетыгъуэри, уеблэмэ и гъащIэри хуихъумауэ жыпIэ хъунущ.
Мыри тщIапхъэщ: Грознэм и Iуэху здигъэкIуатэм, Саин-Булат «зыщхьэщихащ» Къасым пащтыхьыгъуэм и тажыр. Чристэн диныр къищтати, муслъымэн пащтыхьыгъуэм абы къэрал унафэ къыщыIэщIалъхьэнутэкъым.
А псом къинэмыщIауэ, ар яIэщIэкIуэдащ тетыгъуэм щхьэкIэ зэрыукI боярхэм. Хьэгъэщагъэ зэрихьэу, Годунов Борис пащтыхьыгъуэр щиубыдым, Симеон теухуауэ мыпхуэдэу иригъэтхат: «Царя Симеона Бекбулатовича и его детей и иного никого на Московское государство не хотети, не видети, не думати, не мыслити, не дружитися, не ссылатиси с царем. Симеон ни грамотами, ни словом не приказывати на всякое лихо…». АбыкIи къэувыIакъым Годуновыр: абы и унафэкIэ Симеон и нэхэр иращIащ.
Лжедмитрий Езанэм тетыгъуэр щиубыдам, Симеон цIыхум ящыгъупщэжын папщIэ, ар иригъэшащ Вологдэ пэгъунэгъу Кирилло-Белозерскэ къулъшырыфым.
«А ты бы царя Симеона постриг со всем оборотом честно и покоити его велел в монастырь… как старца Иону Мстиславского». Зи гугъу ищIыр Мстиславский Иван Фёдор и къуэрат, ипэIуэкIэ и щхьэр щIащауэ монахыу къулъшырыфым щIаубыдар. Мстиславскэм ипхъу Анастасие Симеон и щхьэгъусэт.
Симеон и щхьэр щIащэщ, монах щыгъыныр къыщатIагъэри, Стефан цIэри фIащащ. Къулъшырыфыр псэупIэ хуэхъуащ абы и щхьэгъусэ Анастасии. Ар абы щылIащ 1607 гъэм.
Лжедмитрий Езанэр яукIа нэужь, тетыгъуэр еубыд Шуйский Василий. Абыи къилъытащ зи щхьэр щIаща, зи нитIыр нэф, жьыфэ къызытеуа Симеон зэран къыхуэхъуу. Пащтыхь тажыр зэрыщхьэритIагъэрэ тхьэмахуитI дэкIауэ арат унафэ щищIам: «Взяти старца Стефана, что был царь Симеон Бекбулатов, ехати с ним по нашему указу, где ему велено». Шуйскэм пащтыхь Симеон иригъэшащ Хы хужьым и хытIыгухэм щаухуа Соловецк къулъшырыфым.
1612 гъэм Симеон и благъэхэм Iуэху ящIри, ар Кирилло-Белозерскэ къулъшырыфым, къалащхьэм пэгъунэгъум, кърагъэшэж. Абы дэIэпыкъуат Марие и дэлъхум и къуэ Черкасский Дмитрий Мамсрыкъу и къуэр - дзэзешэ цIэрыIуэр, пщы Черкасский Иван Борис и къуэр (Пожарскэм и ныбжьэгъуу, и Iуэху игъэкIуатэу бгъэдэтар). Черкасский Иванрэ илъэс 17-м иту пащтыхьыгъуэр зылъыса Романов Михаил Федор и къуэмрэ зэшыпхъуитIым я бынт. Михаил пащтыхь тажыр къыщыщхьэратIэгъа махуэм Черкасский Иван боярин ящIат.
Симеон Бекбулат и къуэр илъэс 70-м щIигъукIэ псэуауэ, 1616 гъэм щIышылэм и 25-м дунейм ехыжащ. Пащтыхьым игъуэтыжын хуей пщIэм хуэдэ хуащIу, абы и хьэдэр Кирилло-Белозерскэ къулъшырыфым къыщIахыжри, Москва дэт Симоновскэ цIыхухъу къулъшырыфым щыщIалъхьэжащ.
СэIэбцокъуэ Нуриет, тхакIуэ, журналист (Мейкъуапэ).
Урысей пащтыхь Симеон - Идар Алтыншаш и къуэр.
Идар Алтыншаш - Астрэхъан пщым и щхьэгъусэ, Гуащэнэ и шыпхъур.