Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  къэрал мылъкур 2020 гъэм приватизацэ щIыным и Прогноз планым (программэм)
зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№113-ПП
2020 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м                              Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  къэрал мылъкур 2020 гъэм приватизацэ щIыным и Прогноз планым (программэм), Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм бадзэуэгъуэм и 31-м къыдигъэкIа унафэ №132-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI
МУСУКОВ Алий

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и сакъылэт фондым хыхьэ объекту къалъытахэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№114-ПП
2020 гъэм мэкъуауэгъуэм  и 1-м                            Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и сакъылэт фондым хыхьэ объекту къалъытахэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м къыдигъэкIа унафэ №218-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI
МУСУКОВ Алий

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Тарифхэмрэ псэупIэм и IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ и къэрал комитетым теухуа Положенэм и гуэдзэным зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№116-ПП
2020 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м     Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэщтэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Тарифхэмрэ  псэупIэм  и  IэнатIэм  щы­кIэ­лъып­лъынымкIэ и къэрал комитетым теухуа Поло­женэм и ­гуэдзэным, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Тарифхэмрэ псэупIэм и IэнатIэм щы­кIэлъыплъынымкIэ и къэрал комитетым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прави­тельствэм 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м  къыдигъэкIа унафэ №204-ПП-мкIэ арэзы зыте­хъуам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI
МУСУКОВ Алий

 

Поделиться: