ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

ТекIуэныгъэм и Парадыр мэкъуауэгъуэм и 24-м екIуэкIынущ. Ари мылэжьэгъуэ махуэу щытынущ

Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа ТекIуэныгъэ Иныр мы гъэм илъэс 75-рэ зэрырикъур накъыгъэм и 9-м Iэтауэ дгъэлъэпIэну ди мурадат псоми. Хэт ищIэнт нобэ дызыхэт гугъуехьхэм хуэдэ дуней псом къытепсыхэну - цIыхухэр хуиту зэхуэс мыхъуу, унэхэм щIэубыда пэлъытэу щIэсыну къахудэкIыну? Аращ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэри, абыхэм я нэхъыщхьэ дыдэу щытын хуея парадри щIагъэIэпхъуар.

ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм къызэратамкIэ, ТекIуэныгъэм и Парадым теухуа унафэ къыдигъэкIащ УФ-м и Президент Путин Владимир. Ар ирагъэкIуэкIыну траухуащ мэкъуауэгъуэм и 24-м. А махуэм Москва и Утыку Плъыжьым къихьэнущ къэралым и лъэщагъыр дуней псом езыгъэлъагъуну урысеидзэм щыщ гупхэр. Парадым сыхьэтипщIым щIидзэнущ. Махуэшхуэм и кIэухыу сыхьэт 22-м хьэрэкIытIэ щхъуэкIэплъыкIэхэм къалэхэм я уафэхэр къагъэнэхунущ. А махуэр нэуфIыцIщхьэрыуэу къыхахауэ аракъым - 1945 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м Москва щекIуэкIащ фашизмэм текIуа къэралым - СССР-м - и дзэхэм я парадыр.
Утыку Плъыжьым иджырей парадым щеплъыну хуей псоми, зэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэ Iэмал яIэнукъым.
«Парадыр щекIуэкI махуэм, сыт щыгъуи хуэдэу, Утыку Плъыжьыр хуит зыхуащIынур махуэшхуэ дауэдапщэм хэтыну зэрырагъэблагъэм щыхьэт техъуэ тхылъ зыIыгъхэрщ, - жиIащ Москва къалэм и Iэтащхьэ Собянин Сергей. - Мы гъэр адрейхэми хуэдэжкъым. ЩытыкIэр гугъущ, аращи, цIыхухэр хуиту абы ирагъэхьэнукъым».
«Полк уахътыншэ» акцэри ирагъэкIуэкIакъым мы гъэм. Ари мы гъэм зэрагъэIэпхъуар и жагъуэ зэрыхъур наIуэу, УФ-м и Президентым къыхигъэщащ а Iуэхур щекIуэкIым деж цIыху куэд зэуэ зэрызэхуэсыр икIи мы гъэм апхуэдэу пщIы зэрымыхъунур. Зы цIыхур адрейм метр нэхърэ нэхъ гъунэгъуу бгъэдыхьэ щымыхъу мы зэманым ар ебгъэкIуэкIыныр къезэгъыркъым.
«Ди цIыху мелуанхэр зы сатырым хэту щызэщIэхъае, ди къалэхэм я уэрамхэм цIыхур псы къиуам хуэдэу къыщыдыхьэ, зауэм хэкIуэда я Iыхьлыхэр ягу къыщагъэкIыж а акцэр мы зэманым едгъэкIуэкI зэрымыхъур икъукIэ ди жагъуэщ. Ауэ ар ди фIэфIыныгъэм емылъыта щхьэусыгъуэщ - узыфэм нэгъуэщIу ущытемыкIуэфынукIэ, къагъэув мардэхэм дытемыту хъуркъым», - жиIащ Путиным икIи къыхилъхьащ уэрамкъыдыхьэр зы мазэкIэ ягъэIэпхъуэу бадзэуэгъуэм и 26-м ирагъэкIуэкIыну.
«Ари ди зауэлIхэм я щIыхьым и махуэшхуэм хуозэ - Дзэ-Тенджыз флотым и махуэм», - жиIащ къэралым и Президентым цIыхухэм а Iуэхухэм ятеухуауэ защыхуигъазэм.
Парадыр щекIуэкIыну мэкъуауэгъуэм и 24-р къэрал УнафэщIым мылэжьэгъуэ махуэу зэригъэувым теухуа хъыбари къатащ накъыгъэм и 30-м.

Илъэсищэ зи ныбжь дадэм еврэ мелуан 30-м щIигъу къыхихащ

КъызэрымыкIуэ щытыкIэ къыщихутам деж цIыху псори абы зэхуэмыдэу бгъэдохьэ. Псалъэм папщIэ, иджыблагъэ дэ ди нэгу щIэкIащ иджырей пандемием игъэгужьейуэ цIыху куэд зэрызэрехьэжьар, ерыскъыхэкIыу тыкуэнышхуэхэм щIэлъыр къащэхуфын нэхъей, къахузэр Iэрпхъуэру зэрызэщIащыпар. Ауэ щыIэщ къэхъуа гугъуехьым нэгъуэщIу еплъахэр. Ахэр зэпIэзэрыту егупсысащ щытыкIэм къызэрикIыным, псом япэрауэ, дохутырхэм, сымаджэхэр къегъэлыным хуэлажьэхэм зэрызыщIагъэкъуэным яужь ихьащ.
Апхуэдэу къыщIэкIащ инджылызыдзэм и ветеран, капитан Мур Том.

Езым и бынхэр и щIэгъэкъуэну абы Iуэхушхуэ кърихьэжьащ - коронавирусым земыгъэубгъуным яужь ит дохутырхэм папщIэ ахъшэ зэхуихьэсу хуежьащ. Езым хуиту къимыкIухьыжыфми, и щIакъуэ башым зытригъащIэурэ абы и лъэр щIыпIэ куэдым нихусащ икIи медицинэ лэжьакIуэхэм папщIэ еврэ мелуан 30-м щIигъу къыхихащ. Лъэпкъ лIыхъужьым а псори зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэм яхуигъэхьащ, узыншагъэ IэнатIэм хухах мылъкум халъхьэну.
ПсапащIэ Iуэхур къезыхьэжьа Мур Том и ныбжьыр илъэсищэ зэрырикъуар къэпщIа нэужьщ а псори нэхъри гъэщIэгъуэн дыдэ щыпщыхъур. Абы и юбилейр езым и унагъуэм и закъуэкъым хуэзыгъэлъэпIар - Инджылызым и щIыпIэ куэдым щыщхэр къехъуэхъуащ ветераным. Апхуэдиз зэфIэкI къызэрыкъуэкIам и хъыбар зэхэзыха цIыху мини 125-м нэхъыжьыфIым псалъэ гуапэхэр зытет открыткэхэр къыхуагъэхьащ. Абыхэм яхэлъщ Инджылызым и пащтыхь гуащэ Елизаветэ ЕтIуанэм и IэкIэ къыхуитхари. Капитан Том щогугъ карантиным пыщIа мардэхэр щхьэщахыжмэ, пащтыхь гуащэм хуэзэну.
Илъэсищэ щрикъу махуэр телъыджэ, гукъинэж зэрыщащIыным яужь иту гъэщIэгъуэн куэд къыхузэрагъэпэщат юбилярым. И унэм а махуэм щхьэщытащ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и лъэхъэнэм къагъэсэбэпу щыта кхъухьлъатитI. Инджылызым и дзэ оркестрым абы и щIыхькIэ макъамэхэр игъэзэщIащ. Полковник цIэр къызэрыфIащам нэмыщI, лIыхъужьым нэгъуэщI саугъэт телъыджи къыхуащIащ: мэлыжьыхьым и 30-р «Капитан Мур Том и махуэу» ягъэуващ. Рекордхэр зратхэ, Гиннесс и цIэр зезыхьэ тхылъми юбилярыр гулъытэншэу къигъэнакъым - псапащIэ нэхъыжь дыдэу зэрыщытым и щыхьэт сертификат къратащ.
Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа дадэ Iумахуэм жеIэ, и лъакъуэхэр къыщемыдаIуэ къэхъуми, и щхьэр фIы дыдэу зэрылажьэр икIи ар йогупсыс цIыхубэм сэбэп яхуэхъуну IуэхуфIхэр иджыри къызэрыхилъхьэным.

Нобэ

Дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым и дунейпсо махуэщ
Урысеймрэ Къэзахъстанымрэ щагъэлъапIэ Экологым и махуэр
Дание пащтыхьыгъуэм и конституцэм и махуэщ
Хабзэм ебакъуэу бдзэжьей къэубыдыным, ар щэным ебэныным и дунейпсо махуэщ
1706 гъэм Москва къыщызэIуахащ дзэ сымаджэщ (иджы - Бурденкэ Н. Н. и цIэр зезыхьэ дзэ клиникэ госпиталь нэхъыщхьэрщ).
1783 гъэм Франджым щыщ Монгольфье зэкъуэшхэу Жозеф-Мишелрэ Жак-Этьеннрэ дунейм щыяпэу уэгум ираутIыпщхьащ бахъэкIэ лажьэ аэростатыр. ЦIыхубэм илъэсищэ дэкIыжа иужькIэ уэгум щыпхаша гъуэгум и лъагъуэр къахузэIузыхар ахэрщ.
1881 гъэм хирургхэм я урысей зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
1945 гъэм Берлин Iэ щытрадзащ Германиер зэрыхагъэщIамкIэ икIи СССР-м, США-м, Инджылызым, Франджым я правительствэхэм Германием и власть нэхъыщхьэм и къалэнхэр зэрагъэзэщIэнум теухуа декларацэм. А къэралхэм я дзэзешэхэу Жуков Георгий, Эйзенхауэр Дуайт, Монтгомери Бернард, Латр де Тассиньи сымэщ абы зи Iэ щIэлъыр.
1954 гъэм Москва Эстрадэм и театр къыщызэIуахащ.
1967 гъэм КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыщIидзащ хьэрып-израиль зауэм. Ар тхыдэм хыхьащ Махуих зауэ цIэр иIэу - Израилыр Мысырым, Иорданием, Сирием ятеуат.
1981 гъэм США-м узыфэхэм якIэлъыплъынымкIэ и центрым и щIэныгъэлIхэм узыфэщIэ - СПИД зыфIащар - къахутащ.
1898 гъэм къалъхуащ Испанием щыщ усакIуэ, драматург цIэрыIуэ Лоркэ Федерикэ Гарсиа.
1926 гъэм къалъхуащ журналист, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта Бекъан Чыланий.
1930 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ Хъунэгу Нурет.
1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и мелиоратор Мамхэгъ Алексей.
1941 гъэм къалъхуащ Польшэм щыщ актрисэ цIэрыIуэ, ди къэралым щытраха фильм куэдми щыджэгуа Брыльскэ Барбарэ.
1945 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, публицист Бещтокъуэ Хьэбас.
1949 гъэм къалъхуащ радиожурналист Къудей Лидэ.
1950 гъэм къалъхуащ УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, псы есынымкIэ тренер, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь Покровская Татьянэ.
1951 гъэм къалъхуащ урысей тхакIуэ, философ, МКъУ-м и профессор, телевиденэм «ЩIалэ, пщащэ Iущ цIыкIухэр» нэтын цIэрыIуэр щезыгъэкIуэкI Вяземский Юрий.
1960 гъэм къалъхуащ шэрджэс еджагъэшхуэ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор Мамбэт Мурадин.
1967 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор ФиIэпщэ Владимир.
1967 гъэм къалъхуащ теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, «Япэ каналым» сабийхэм папщIэ, апхуэдэуи нэгузыужь нэтынхэр зыгъэхьэзыр и IэнатIэм и унафэщI Пельш Валдис.
1998 гъэм къалъхуащ урысей фигуристкэ, Олим Джэгухэм я чемпионкэ Липницкая Юлие.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 27 - 29-рэ, жэщым градус 19 - 21-рэ щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЗэкIуэцIыпхауэ щылъ дыгъужьыр тхьэкIумэкIыхьым йощэ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ