Дунейм адыгэу тетыр мелуани 10-м нос

Хьэтхэм къатехъукIыжауэ, адыгэ лъэпкъ уардэр тенджыз ФIыцIэ Iуфэмрэ Джылахъстэнеймрэ я зэхуакум дэлъ щIыналъэм къэралыгъуэшхуэу щып­сэуащ илъэс мин бжыгъэкIэ. Адыгэ лъэпкъым и процент 95-р Урыс-Кавказ зауэжьым ихьауэ щытащ, зэтраукIами псэууэ ­къэнахэм ящыщ куэд дыдэ Хэкум залымыгъэкIэ ирашами. Урыс-Кавказ зауэм и пэ къихуэу Адыгэ Хэкум цIыху мелуани 2 щыпсэуащ. 1763 - 1864 гъэхэм ­къриубыдэу адыгэ мелуан 1,5-рэ яукIащ, ирашащ, е емынэмрэ ­таломрэ яхьащ. Гуауэ зэрытщыхъущи, ираша адыгэр псори ­Тыркум нэсакъым: гъуэгу тету уз зэрыцIалэхэр къахыхьэри, абы илIыкIащ, тенджызым щIилъэфа кхъухьхэм иса ады­гэ­хэри минкIэрэщ къызэрабжыр.

Нобэ ди лъэпкъэгъуу дунейм тетым я бжыгъэм ущIэупщIэмэ, къэпщытэныгъэхэм къагъэлъа­гъуэр зэхуэдэкъым, ауэ нэхъыбэм жаIэр цIыху мелуани 3,5-рэщ. Зэ­рыгурыIуэгъуэщи, цIыху мелуани 3,5-рэ фIэкIа дымыхъур пцIыщ, Тыркум и закъуэ адыгэу мелуани 7,5-рэ зэрыщыпсэур къэплъытэмэ.
Адыгэу дунейм текъухьахэр зыхуэдизыр зэгъэщIэным теухуауэ 2010 - 2017 гъэхэм ирагъэкIуэкIа къэп­щытэныгъэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къагъэлъагъуэ:
Тыркум - мелуани 7,5-рэ
Урысейм - 718727-рэ (2010 гъэ)
Абы щыщу:
Къэбэрдей-Балъкъэрым - 520.467-рэ (2010 гъэ)
Адыгэ Республикэм - 110229-рэ (2010 гъэ)
Къэрэшей-Шэрджэс Респуб­ликэм - 57427-рэ (2010 гъэ)
Краснодар крайм - 24061-рэ (2010 гъэ)
Ставрополь крайм - 10574-рэ (2010 гъэ)
Москва къалэм - 5374-рэ (2010 гъэ)
Осетие Ищхъэрэм - 2961-рэ (2010 гъэ)
Иорданием - 98.000-рэ
Сирием - 120.000-рэ
Иракым - 37.000-рэ
Ливием - 350.000-рэ
Сауд Хьэрыпым - 26.000
Германием - 45.000-рэ
Мысырым - 224.000-рэ
США-м - 7100-рэ
Палестинэм - 4300-рэ
Израилым - 4200-рэ
Сербием - 2100-рэ
Узбекистаным - 1400-рэ
Украинэм - 1000
Австралием - 1000
Болгарием - 500
Мадагаскарым-190-рэ
Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм зи Хэкум ираша мухьэжырхэмрэ Мысырым 1390 - 1517 гъэхэм теп­щэ­гъуэр щызыIыгъа адыгэ мам­люкхэм я щIэблэхэмрэ «адыгэ» (черкес) хужаIэу щыIэщ хамэ къэралхэм. Урысейм и щIыналъи 6-м нэхъ зэуIуу щопсэу адыгэ­хэр: Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, ­Къэ­рэшей-Шэрджэс республикэхэм, Крас­нодар, Ставрополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием (Мэздэгу щIыналъэм).
ЩIэныгъэлIхэм къраIуэ бжыгъэхэм дзыхь хуамыщIу, езыр-езыру къэпщытэныгъэхэр езыгъэкIуэкI щIалэгъуалэ жыджэрхэр диIэщ, ди гуапэ зэрыхъунщи. Абы­хэм къахутари ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуахэм фIыуэ къы­щхьэ­щIокI.
Пшахъуэр къигъэсэбэпурэ сурэт зыщI ГъукIэпщокъуэ Щауэмыр илъэс зыбжанэ хъуауэ къызэ­хекIухь ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу хамэ къэралхэр икIи Европэм,  Африкэм, КъухьэпIэмкIэ щыIэ адыгэхэм яIуощIэ. «Си лъэпкъым и бжыгъэр зэрагъэмащIэр, адыгэр лъэпкъ мащIэхэм дызэрыхабжэр си гум идэркъым. ЩIэныгъэр зи гъуазэ­хэм я пщIыхь къыхэхуэххэркъым дэ мелуани 10 дызэрыхъур!», - жеIэ Щауэмыр.
Адыгэу дунейм тетыр зы щIыналъэ щыпсэуну зэхуэсыжауэ ди ­нэгу къыщIэдгъэхьэнщ зы да­къикъэкIи, Европэм и къэралы­гъуэ куэдым исым нэхърэ нэхъыбэ ­дыхъуу дыпсэунут. Псалъэм пап­щIэ, Швейцарием цIыху мел­уани 8,3-рэ щыIэу аращ. Болгарием, цIыху мелуани 7,2-рэ, Сер­бием - мелуани 7,1-рэ, Латвием, Литвам, Эстонием зэхэту - мелуани 6,2-рэ, Данием - мелуани 5,7-рэ, Финляндием - мелуани 5,5-рэ, Норвегием - мелуани 5,2-рэ, Ирландием - ­мелуани 4,6-рэ, Монголием - ме­луани 2,9-рэ. Зэ­рытщIэщи, абыхэм ящыщ дэтхэнэри зыми емылъытауэ, экономикэ щхьэхуэ яIэу, заужьауэ апхуэдэщ. Уеблэмэ, къалъхур щыкуэд Таджикистаным, Къыр­гъы­зым, Тыркумэным, языны-           къуэ хьэ­рып къэралыгъуэхэм щыпсэуркъым апхуэдиз.
«Мелуани 10 хъу лъэпкъым нэ­мыплъ ептыныр тэмэмкъым. А мелуани 10-м сыт хуэдиз политик, дзэпщ, щэнхабзэмрэ бзэмрэ я лэжьакIуэ, щIэныгъэлI, IэщIагъэлI яхэт?! Адыгэм Иордание пащ­тыхьыгъуэм къыщыхуащI пщIэмрэ щIыхьымрэ сыт и уасэ!» - пещэ ГъукIэпщокъуэм.
Тыркум щыпсэу адыгэхэм зэрыжаIэмкIэ, я деж мухьэжырхэр ­мелуани 7,5-м щыщIегъу. Сирием адыгэу мини 120-рэ, Иорданием мин 90, Европэм мини 150-рэ,  Ливием мин ­350-рэ, Европэ КъухьэпIэмкIэ мини 100 щопсэу нобэ. Иджыри адыгэ мин ­бжыгъэхэр къэралыгъуэ зэмылIэу­жьыгъуэхэм яхэсу дыщыгъуа­зэщ.

«Черкесское зарубежье» газет.
Поделиться: