МЭРЕМ ПШЫХЬ

«Ди адэ-анэр дощэж…»

Мыр къыщыхъуар Япониеращ. Токио къыщыдэкI газетхэм ящыщ зым мыпхуэдэ хъыбар къытрадзащ: «Ди адэ-анэр дощэж: адэр илъэс - 70, анэр илъэс 65-рэ мэхъу. Я уасэр йен 1000-щ!»
КъызэрыгуэкIыу щымыт апхуэдэ хъыбарым къеджэ псоми ягъэщIагъуэрт: «Дэ дызыхуэкIуам еплъ! Бынхэм адэ-анэхэр ящэж». НэгъуэщIхэм жаIэрт: «Ар щхьэ идэрэ властым. Дунейкъутэж жыхуаIэр аракъэ?!». А хъыбарым псалъэмакъыу кърикIуам гъуни, щIэи иIэкъым, абы щытепсэлъыхьырт унэми, уэрамхэми, тыкуэнхэми, дэни.
Зэгуэрым а газетыр унагъуэщIэ гуэрым яIэрыхьащ. Абыхэм я нэхъыжьхэр машинэ зэжьэхэуэм хэкIуэда къудейт, я щхьэр къахуэмыIэту псэурт. Апхуэдэ гуауэр зыгъэв унагъуэм, газетым тет хъыбарыр икIагъэ дыдэу къащыхъуащ, адэ-анэм я гум щыщIэми егупсысащ. А гупсысэр зигу къэкIа быным имыщIэфын щымыIэу къалъытэри, лIыжь-фызыжьыр къащэхуу я адэ-анэ япIэ ирагъэувэу зэдагъэпсэуну зэщхьэгъусэхэм мурад ящIащ. Ахъшэр къащтэри, къытрадза хэщIапIэм кIуащ…
ЛIымрэ фызымрэ зыIухьар уардэунэ ехьэжьат, и пщIантIэхэр дахэу къищIыкIарэ удз гъэгъа плъыфэбэхэр дэтыжу. ЯпэщIыкIэ щыуа я гугъащ, арщхьэкIэ куэбжэм хэлъ уэзджынэр тракъузэри, лIыжь гуэрым бжэр къахуIуихащ. Зэщхьэгъусэхэм лIыжьым жраIащ къыщIежьа Iуэхур, икIи я адэ-анэр зэрамыIэжым зэригъэгулэзыр, а гуауэр езыхэми ящигъэпсынщIэн, щытыкIэ гугъу ихуа лIыжь-фызыжьми ядэIэпыкъун щхьэкIэ, ахэр къащэхуну къызэрежьар. Я Iуэхур хуаIуэта нэужь, къыIукIыжыну зыщагъэхьэзырым лIыжьым къажриIащ ахэр зэрыщымыуар икIи унэм иригъэблэгъащ.
И щхьэгъусэми къеджэри, бысымхэр хьэщIэхэм къабгъэдэтIысхьащ:
- Мы унэ-лъапсэ флъагъур зейри, щыпсэури дэращ, - жиIащ лIыжьым. - Абы нэмыщIи хъугъуэфIыгъуэ куэд гъэтIылъауэ диIэщ. Ауэ бын зэрызэдэдмыгъуэтам къыхэкIкIэ, цIыхуфI гуэрым къыхуэдгъэнэну мурад тщIащ. Абы щыгъуэм хэкIыпIэу къэдгупсысар, газетым хъыбарегъащIэ къытредгъэдзэнырщ. Дэ дызэрегупсысамкIэ, абы къыпэджэжынур гу, псэ къабзэ зиIэ цIыхуфI гуэрт. Фэ апхуэдэу фыкъыщIэкIащ. Фи жэрдэмым фэ - пщIэ, дэ гурыфIыгъуэ къытхуихьащ. Пэжыр жысIэнщи, апхуэдэ хьэпшыпым щэхуакIуэ къыхукъуэкIыну ди гугъакъым. ИгъащIэ лъандэрэ зэхуэтхьэса псори фэ къыфхуэдгъэнэныр игъуэу къыдолъытэри, ди деж фыкъакIуи фыщыпсэу.
Къэбарт Мирэ.

Хъыбар
Сократ и Iущыгъэ

Сократ зыгуэр еупщIащ:
- Уи ныбжьэгъум уэр щхьэкIэ къызжиIар пщIэрэ?
- Зэ умыпIащIэт, - къигъэувыIащ ар Сократ, - а жыпIэнум япэщIыкIэ щэ егупсысыж.
- Щэи?
- Сытым дежи, зыгуэр жыпIэн ипэ щэ уегупсысыжын хуейщ. Япэрауэ, пэжрэ пцIырэ зэхэгъэкIыпхъэщ. Иджыпсту къызжепIэнур пэжу ущыхьэт?
- Хьэуэ, сэ зэхэсхар бжесIэжыну аращ.
- Апхуэдэу щыхъукIэ, ар пэжрэ пцIырэ пщIэркъым. ЕтIуанэрауэ, а жыпIэнум гуапагъэ гуэр пылъын хуейщ. Си ныбжьэгъум щхьэкIэ зы фIы гуэр къызжепIэну ара?
- Хьэуэ, фIыкъым, Iейщ.
- Си ныбжьэгъум фэ Iей къытебгъэуэну зыбогъэхьэзыр, - къыпищащ Сократ, - пэжми пцIыми умыщIэу. Ещанэ Iущыгъэм ущIэзгъэдэIунщ, - а жыпIэнум сэбэпынагъ пылърэ пымылърэ уегупсысын зэрыхуейрщ. Уэ зи гугъу пщIыр Iэмал имыIэу сэ сщIэн хуей? ЗыгуэркIэ сэбэп къысхуэхъуну?
- Хьэуэ, апхуэдэу Iэмалыншэу щыткъым.
- АтIэ, - жиIащ Сократ, - жыпIэну узыхуейм пэжи хэлъкъым, гуапагъи къыпэкIуэнукъым, сэбэпынагъи пылъкъым. Сыт атIэ ар къыщIебгъэжьэхар?! Зыщыгъэгъупщэ…

КIэщIу
Джобс Стив мелардырыбжэ зэрыхъуар

♦Къызэралъхурэ мази мыхъуауэ, ар нэгъуэщIым ипIыну иратащ.
♦И ныбжьыр илъэси 9 щрикъум школым къыщIадзыжащ.
♦Илъэс 17-м иту щеджэ лицейм къыщIадзыж.
♦Ар уэрамым щожей, птулъкIэ нэщIхэр ищэурэ мэпсэу.
♦Илъэс 20 щыхъум Индием макIуэ, захуагъэ лъыхъуэу. Ауэ щIыпIэр къемызэгъыу, зыбжанэрэ хьэлъэу мэсымаджэ.
♦И ныбжьыр илъэс 21-рэ хъууэ, и гаражым компьютер щищIу щIедзэри, компание къыщызэрегъэпэщ. Ар лажьэу зэтриухуэн щхьэкIэ, ахъшэ хуейти, и хьэпшыпхэр ещэж.
♦ТIэкIу докIри, и лэжьэгъум къыхыфIедзэ, зэдащIэ Iуэхум зыри къимыкIыну къыщохъури.
♦КомпьютерыщIэхэр ищIу щыщIидзэм, аргуэру зыгуэрым къелъахъэ. Абы и проектыщIэр игъэкIуэтэн папщIэ, ахъшэ къыхухилъхьэну зыри тегушхуэркъым.
♦Илъэс 25-рэ хъуа къудейуэ инвестор къегъуэт икIи проектым ехъулIэныгъэшхуэхэр къыпокIуэ.
♦Зы сыхьэтым къриубыдэу щIалэщIэр Америкэм щынэхъ къулей дыдэ щIалэ мэхъу.
♦Джобс Стивщ абы и цIэр. А гаражым къыщежьауэ щыта компанием зэреджэр «Apple»-щ.

Дохъушокъуэ Синэ.

Псалъэ шэрыуэхэр
Имылъ къолъэт

ИкIута из хъужыркъым.
ПхэщIар, пфIэкIуэдар пхузэфIэгъэувэжынукъым, зыIэрыбгъэхьэжыфынукъым, бгъуэтыжынукъым жыхуиIэщ.
Ем щыгъуэ бжьэдыгъур зэшщ.
ЩытыкIэ гугъум цIыхур зэрешалIэ, гъунэгъу зэхуещI.
Имылъ къолъэт.
Фочыр нэщIщ жыпIэу уримыджэгу, ар узэдауэ къыщIэкIыу щIэщхъу къызэрыпщыщIын пщIэнукъым жыхуиIэщ.
Гъуэгум пкIэлъей ебдзмэ, кIэщI мэхъу.
Гъуэгум хъыбар щыжыпIэмэ, ущыуэршэрмэ, зэшыгъуэ хъуркъыми, гъуэгуанэр къыптехьэлъэркъым.
Узыхьыну псым псы пэгун хикIэнущ.
Iуэху щIэпхъаджэ зылэжьыф цIыху гущIыIэм хужаIэ.
ЦIыхубзым пшэрыхь хущанэ.
ЦIыхубзым Iыхьэлейуэ пщIэ, нэмыс, Iулыдж зэрыхуащIыр, и щIыхьыр зэрахъумэр, зэрамыгъэщIэхъур уигу къэзыгъэкIыж псэлъафэщ.

Щауэ Къэлидар.

ГъэщIэгъуэнщ
КъызэрыщIэкIымкIэ…

Италием щыIэ Ортон къалэм дэт пощт къудамэм письмо къахуэкIуащ. Абы тетхат: «Ортон дэс уэчыл нэхъ акъылыншэ дыдэм хузогъэхь». А тхыгъэм куэдрэ «къикIухьащ» зыми къащтэн ямыдэу. Зэгуэрым, зэман зыкъом дэкIауэ, зы уэчыл гуэр тегушхуащ письмор зэтричыну. Конвертым ахъшэшхуэ къызэреIыпх хъун чек дэлът, тхыгъи щIыгъут: «КъызэрыщIэкIымкIэ, а узэригугъэм хуэдэ дыдэу уакъылыншэкъым уэ!».

Сыт зэджэр?

Урыс химик цIэрыIуэ гуэрым и деж щIэлъэдащ и унэм щылажьэ щIалэр:
- Зиусхьэн, уи библиотекэм дыгъу къыщIыхьащ.
ЩIэныгъэлIым и лэжьыгъэр зэпимыгъэууэ щIоупщIэ:
- Сыт зэджэр?

Жэуап

Генералыр усакIуэм йоупщI:
- КъызжеIэт: акъылра хьэмэрэ акъылыншагъэра нэхъ хьэлъэр?
- Дауи, акъылыншагъэрщ, - жи усакIуэм.
- Ар сыт щхьэкIэ, - егъэщIагъуэ генералым.
- Жыжьэ унэмыс, сэ си гум щIэщIар зы шыщ, уэ шиплIым укърашэкI…

ЩIыIэм дисынутэкъым

Вольтер и унэм тхэн щIэзыдзагъащIэ усакIуэ ныбжьыщIэхэр куэдрэ щыплъагъурт. Франджы тхакIуэ цIэрыIуэм и гуапэу иригъэблагъэрт ахэр икIи чэнджэщ щхьэпэхэр яритырт. Апхуэдэу зы щIымахуэ пщыхьэщхьэ гуэрым мафIэр щыпIэнкI хьэкум и джабэм Iусу Вольтер усакIуэ ныбжьыщIэм щедаIуэм, къыпыгуфIыкIри жиIащ:
 - Уи Iэдакъэ къыщIэкIа мы усэхэм мафIэ нэхъыбэ хэлъу, мы хьэкум уи усэ нэхъыбэ илъу щытамэ, мыпхуэдизу щIыIэм дисынутэкъым.

Шыпш Даянэ.

Сабийхэм папщIэ
Хэт и къуэр нэхъыфI?

ФызитIым псыкъуийм псы кърахырт. Абыхэм ещанэр къабгъэдыхьащ. Абдеж япэгъунэгъуу щылъ мывэм къакIуэри къытетIысхьащ зы лIыжь, зигъэпсэхуну.
Арати, зы фызым адрейм жреIэ:
- Си къуэр бланэщ, Iэмалшыщи, зыми хигъэщIэфынукъым.
- АтIэ сэ си къуэм жэнэтбзум хуэдэу уэрэд жеIэ. Апхуэдэ макъ зиIэ щыIэкъым, - жеIэ адрейм.
Ещанэр щымщ.
- Уэ зыри жыпIэркъыми уи къуэм щхьэкIэ, - жаIэ фызитIым.
- Сыт жысIэн, - и дамащхьэр дрегъэуей фызым. - СыщIыщытхъун бгъэдэлъу сщIэркъым абы.
Я пэгунхэм псы изу кърагъахъуэри фызищри ежьэжащ. ЛIыжьри абыхэм яужь иувауэ макIуэ. КъоувыIэ фызхэр, загъэпсэху. Тыншкъым мо пэгун изхэр пхьыну, я Iэхэр егъэуз, я бгыр еIуантIэ.
Асыхьэтым ялъагъу щIалэ цIыкIуищ къажэу.
Зым зыщхьэпредз, шэрхъыу зегъэкIэрахъуэ - фызхэр ягъэщIагъуэу йоплъ.
Адрейм уэрэд жеIэ, къызэролъэлъ жэнэт бзууэ. Дихьэхауэ йодаIуэри щытщ фызхэр.
Ещанэр и анэм бгъэдэлъэдащи, пэгун хьэлъитIыр къыIех ихьыну.

Осеевэ Валентинэ.
ЗэзыдзэкIар Къагъырмэс Борисщ.

ЦIыхушхуэхэм жаIэ
Щхьэ ущIэупщIэрэ?

Нэмыцэ еджагъэшхуэ Гумбольдт Александр Мексикэм зыплъыхьакIуэ щыIэти, илъагъу псом щхьэкIи и гъусэхэм еупщIырт, зищIысыр, зыщIар, щащIар, къыздикIар зригъэщIэну хуейуэ. Арати, зыплъыхьакIуэхэр къезышэкIхэм ящыщ зы мексиканец хуэмышэчыжу щIоупщIэ:
- Къысхуэгъэгъу, ауэ уэ дуней псом щыцIэрыIуэ ущIэныгъэлIщ, апхуэдизым щхьэ ущIэупщIэрэ?
- Апхуэдизым сызэрыщIэупщIэракъэ адрейхэм ямыщIэ щIэсщIэр, - жиIащ еджагъэшхуэм.

Драматургым и жэуап

Пасэрей алыдж драматург Софокл и ныбжьэгъухэм яжриIэрт и зы трагедием хэт сатырищ итхын щхьэкIэ махуищкIэ егугъун хуей зэрыхъуар.
- МахуищкIэ сатырищ птхауи? - егъэщIагъуэ зым. - МахуищкIэ сатырищэ зыбжанэ стхынут сэ!
- Птхыфынут, ауэ махуищ къудей псэуну арат! - итащ жэуап Софокл.

Уэ хэт зыхуэбгъэкъабзэр?

Америкэм и президенту щыта Линкольн Авраам деж хамэ къэрал къикIа зы дипломат къыщIыхьащ. Абы ирихьэлIэу Линкольн и вакъэр илъэщIырти, дипломатыр щIоупщIэ:
- Дауэ, уэ, Америкэм и президентым, уи вакъэр езым бгъэкъабзэуи? - егъэщIагъуэ щIалэм.
- Согъэкъабзэ, - итащ жэуап Линкольн, - уэ хэт зыхуэбгъэкъабзэр?

ЩIыуэпсыр захуэщ

Франджы философ Монтень зэгуэрым гу лъитащ:
- СызэреплъымкIэ, мы дуней псом пэжу гуэша щыхъуар акъылырщ.
- Ар сытым къыхэпха? - жаIэу щыщIэупщIэм.
- Акъыл къызэремэщIэкIым щхьэкIэ зыгуэр тхьэусыхэу зэхэфха? - итащ жэуап Монтень.

Гъуазджэм и щэху

Нэмыцэ композитор цIэрыIуэ Бах Иоганн Себастьян органым макъамэ къригъэкIыу абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъу зы щIалэ ирихьэлIат. Макъамэр иуха нэужь, дэрэжэгъуэр и нэгум къищу щытхъу псалъэхэмкIэ Бах зыщыхуигъазэм, композиторым кIэщIу пиупщIащ:
- Ямылей зыри хэлъкъым мыбы: нотэхэр зэрызэкIэлъыхьын хуейм хуэдэу къапщтэмэ, макъамэр езыр-езыру къикIынущ.

ЗэвгъэцIыху
Къалэ нэхъ ехьэжьахэр

Дуней псом щынэхъ дахэ дыдэу блэкIа илъэсым къалъыта къалипщIым япэр Лондонщ (Инджылыз). Пэжщ, узэплъынрэ телъыджэ пщыхъунрэ и куэдщ а къалащхьэм. Дыгъэ къызэрыщепсым нэхърэ уэшх къыщыщешхыр нэхъыбэми, псом нэхърэ нэхъ дахэщ.
ЕтIуанэр Парижщ (Франджы). АлейкIи жиIа классикым: «Париж зэгъэлъагъуи, итIанэ лIэ!» Ауэ, пэжыр жыпIэмэ, мы къалэр фIыуэ зымылъагъухэри щыIэщ. Абы и щхьэусыгъуэр куэдыкIейщ. Зэбгъэлъагъурэ, итIанэ утепсэлъыхьмэ, нэхъыфIщ.
Ещанэ увыпIэр зейр Сиднейщ (Австралие). 2000 гъэм Олимп Джэгухэр щекIуэкIа нэужь, дуней псом къыщацIыхуащ Сидней. Шэч къытумыхьэжу жыпIэ хъунущ абы зыщыбгъэпсэхуну зэрыгъуэзэджэр.
ЕплIанэр Нью-Йоркщ (США). Нью-Йорк псом хуэмыдэу щыдахэр илъэсыщIэ махуэшхуэхэр щагъэлъапIэм и дежщ. Туристхэм я нэхъыбэр щIымахуэращ а къалэм щыкIуэр. Апхуэдэу щытми, гъэм и адрей зэманхэми ущызэшынукъым Нью-Йорк.
Етхуанэ увыпIэр зылъысар Римщ (Италие). Мы къалэр зыхуэдэр жыпIэным зэманышхуэ текIуэдэнущ, хэплъхьэни, хэпхыни щымыIэу екIущ, дахэщ. ЗэрыжаIэмкIэ, зиплъыхьыну зыфIэфI дэтхэнэ цIыхури зэ нэхъ мыхъуми Рим кIуэн хуейуэ и къалэнщ.
Еханэр Барселонэщ (Испание). Урысейм щыщ туристхэр фIыуэ щыгъуазэщ псалъэкIэ зэхаха къудейкъым Каталонием и къалащхьэм и дахагъым. Абы кIуэ дэтхэнэми къыщикIухьын, зыщиплъыхьын щIыпIэ куэд иIэщ Барселонэ.
Ебланэу къакIуэр Мельбурнщ (Австралие). Абы щыIахэм зэрыжаIэмкIэ, зыми емыщхь дахагъ иIэщ къалэм. Куэд зи нэгу щIэкIа туристхэм яфIэтелъыджэ архитектурэкIэ къулейщ Мельбурн.
Еянэ увыпIэр зейр Берлинщ (Германие). ЩIалэгъуалэ щыкуэдщ абы.  Арагъэнщ къалэжь дыдэ Берлин и «щIалэгъуэу» къыщIыпщыхъур. ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ нэмыщI, тхыдэ куу зиIэ къалащхьэм узэплъын и куэдщ.
Ебгъуанэр Амстердамщ (Голландие). Абы  и цIэр щызэхэпхкIэ уи щхьэм къихьэр хуитыныгъэщ. ЦIыху куэд зэрыщыпсэум нэмыщI, а къалэм и цIэр зыгъэIуар Ван Гог и музейр, Рембрандт и унэ-музейр зэрыдэтырщ.
ЕпщIанэр зратар Мадридщ (Испание). Ар туристхэм нэхъыфIу ялъагъу къалэхэм ящыщщ. Дунейр щыхуабэщ, уи нэгу зыщиужьынущ.  Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, къалэр зыухуар Окний лIыхъужьырщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Мадрид музей гъэщIэгъуэн куэд дэтщ, Европэм щынэхъ ин дыдэр - Прадор абы щыIэщ. 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ