КъардэнгъущI зырамыку и адыгэ гушыIэхэр

КъардэнгъущI Зырамыкурэ Гъут Iэдэмрэ. 1988 гъэ

Къуажэм дэс нэхъыжьыфІыр хьэщІэм бгъэдэсыну къыщраджэкІэ, абы хьэщІэр зэрилъытэну хабзэмрэ Іущыгъэмрэ и закъуэтэкъым зэплъыр, атІэ Іэнэр зэрызригъэкІуэну и псэлъэкІэми мыхьэнэ иратырт. Псом хуэмыдэу хьэщІэр нэжэгужэу щыгъэсыным, гукъеуэ иІэми, гуныкъуэгъуэ кІуэцІылъми, псори щыгъэгъупщауэ, къызэкІуэлІа уна­гъуэм и хуабэрэ и дахэрэ зэрызыхегъэщІэным хущІэ­къурт. ГушыІэм пщІэ хуащІу щытащ ди япэ итахэм. Ауэ сытми жаІэкъым адыгэхэм «ГушыІэр Тхьэм и щІасэщ», жаІэу.
Гупыр игъэгупу, игъэгушыІэу, езыми и Іыхьэ ­иIыгъыжу цІыху гъэщІэгъуэну дунейм тетащ КъардэнгъущІ Зырамыку. ЩІэныгъэшхуэ бгъэдэлът, лэжьыгъэшхуэ и щІыбагъ къыдэлът, ауэ цІыхум задищІу щытыкІэ дахи хэлът - гушыІэкІэ, псалъэ нэщхъыфІэкІэ я гукъыдэжыр къиІэтырт, гукІэ пэблагъэ зыхуищІырт.
Зырамыку зыщІэжхэм зы жьэу къыхагъэщ, ар гушыІэу, адыгэ анекдотхэр жиІэжу зэхэзымыхам зэхиха щыІэкъым, жаІэу. Нобэ КъардэнгъущІыр къытхэмытыжми, и псалъэр къэнащ, и щІэиныр лъэпкъым щІэныгъэ хэхыпІэрэ Іущыгъэ гуэну къыхуэнащи, дыхэІэбэ пэтми, и щІэм дынэмысу зыдохьэ.
Зырамыку зэхуихьэсыжа адыгэ гушыIэхэр зыгуэрхэм адыгэ гупсысэкІэм къемызэгъыу, имыгъуэ жаІэнкІэ хъунщ. Абы и жэуапу езым и псалъэхэм нэхъыфІ пхуетыну къыщІэкІынкъым: «Мы анекдотхэм хуэдэ ди адыгэлІхэм, ди адыгэ фызхэм, ди адыгэ хъыджэбзхэм, ди адыгэ нанэхэм ящІэнкІэ Іэмал иІакъым, ящІэпами, къащыщІыпами, щІытебдзэн щыІэкъым. Апхуэдэр ущэхун хуейщ», жаІэу. Хьэуэ, ахэр зэхэзылъхьар езы лъэпкъырщ, а лъэпкъыр абыкІэ зыщыдыхьэшхыжу аращ. Лъэпкъыр щызыщыдыхьэшхыжыфым деж - узыншэщ. Дунейм нэхъ лъэпкъ Іущу тет журтхэм нэхъ анекдот нэхъыбэ зиІэ щыІэкъым, я гушыIэхэр щІауфэркъым, ягъэхъыбар икІи къытрадзэ. АбыкІэ ахэр зыщодыхьэшхыж».
Сыт щІыбгъун?! ГушыІэр Тхьэм и гупкІэм ису кърашэкІынухэм ящыщу щыжаІэкІэ, а фІыгъуэм зыхэдвмыгъэн, маржэ!
Табыщ Мурат.

 

Шыц уэсыр къесу узэрысым уимыкI!

ХьэщIэмрэ бысымымрэ зэбгъэдэсурэ махуэр кIуащ.
«ХьэщIапIэрынэр емыкIущ» жыхуаIэрати, бысымым и жагъуэт хьэщIэр жэщырыпщ къинэну.
Дунейр къызэIыхьауэ зэрызехьэрт, хьэщIэми гъуэгу техьэжын таучэл ищIыртэкъыми, зигъэхъейртэкъым.
 - Къысхуэгъэгъу, си хьэщIэ, сыщIэкIынщи дунейм и щытыкIэм сыкъеплъынщ, - жиIэри, щымыхъум, бысымыр щIэкIащ. Зыкъиплъыхьщ-зыниплъыхьри, къыщIыхьэжащ.
 - Дуней дэгъуэщ, уафэ лъащIэр нэхущ, хьэщIэихуж уэсщ, - жиIащ бысымым.
 - ГъэщIэгъуэныр къызжепIаи, си бысым, - жиIэри, хьэщIэр щIэкIащ. Зыкъиплъыхьщ-зыниплъыхьщ, къыщIыхьэжри:
 - «Шыц уэсыр къесу узэрысым уимыкI» жаIащ пасэрейхэм, си ныбжьэгъу, - жиIэри, тIысыжащ.
 

Нэхулъэщ, пхъэ лъакъуэ!
И лъакъуэ лъэныкъуэр пахри, пхъэ лъакъуэ пагъэувауэ зауэм зыгуэр къикIыжат.
Фыз къишэн щыхъум, хъыджэбзхэм ялъыхъуу щIидзащ. АрщхьэкIэ, лъакъуэ зэрыпымытыжым щхьэкIэ, къыдэкIуэн имыгъуэтурэ куэдым ялъыхъуащ.
ИкIэм, ямышэу къыдэнэжауэ зы хъыджэбзыжь щхьэ къуий къишауэ зэдэпсэурт. Зы пщэдджыжь гуэрым къызэщыухэри:
 - Нэху ща, щыгуху? ЩIэкIи плъэт! - жиIащ лIым, фызыр зэрыщхьэкъуийм щхьэкIэ ауан ищIу.
Фызыр щIэкIщ, зыкъиплъыхьщ-зыниплъыхьри, къыщIыхьэжри:
 - Нэхулъэщ, пхъэ лъакъуэ! - жиIэри гъуэлъыжащ.

Лашэ мэгие
Зэгуэрым, джэгуакIуэ цIэрыIуэ Агънокъуэ Лашэ уэрамым здрикIуэм, елъагъу: и ныбжьэгъу лIыжьым лъэныкъуэкIэ ещIа бжыхьыр къигъэувыжауэ пэщIэсэ ирет, и къуэр абы йоплъри щытщ. Лашэ ар хуэшэчынт:
И адэр гумызагъэти,
И къуэм игу зэгъащ.
И къуэр гумызагъэтэмэ,
И адэм игу зэгъэнт! - жиIэри блэкIащ.

Дэтхэнэр нэхъыфIу илъагъурэт?
Фызабэм зы къуэ закъуэ иIэти, къригъэшащ. Махуэ гуэрым щIалэм пхъэ гулъэ къишэри къыдыхьэжащ. Анэр пщIантIэм дэтт. ЩIалэм зиплъыхьри, анэм фIэкIа илъэгъуакъым.
 - Ей, нэ зэкIэрыгъапщIэ, гу зэкIэрыгъапщIэ щIэс? - еупщIащ къуэр анэм.
 - НысащIэ лъэдакъачэу хьэлу зэгуэча зыгъа­жьэра зи гугъу пщIыр? - пидзыжащ анэм къуэм.

Къамэм сыщыхуей хъунур сэ сщIэрэ?
Дизыкъуажэ нэмэз щищIкIэ къамэр зэи зыкIэрихыртэкъым. Иджыри арати, къамэр кIэрыщIауэ нэмэзлыкъым тест.
 - Ан-на, нэгъуэщI мыхъуми, нэмэз пщIыху тIэкIукIэ къамэр зыкIэрыпхмэ, сыт хъун? - жиIащ фызым, хуэмышэчыжу.
ЛIым сэлам итри:
 - Мы нэмэзым сыщытес дакъикъэрамэ сщIэрэ сэ къамэм сыщыхуей хъунур! - жиIэри, и нэмэзым щIидзэжащ.

Зы дэр скъутэмэ, тIущ къысхуэнэр
И лIыр лIэри, фызыжьыр фызабэу къэнат. Зы зэман дэкIа нэужь, и къуэхэм ящыхьащ «ЛIы сефтыж!» жиIэри.
И къуэ нэхъыщIэр бзаджэ гуэрти, дищ къихьри и анэм иритащ:
 - Мы дищыр уи къуищым ди зырызщ, нанэ. Мы дищыр дзэкIэ пхуэкъутэмэ, лIы уеттыжыну унафэ тщIащ, - жиIэри.
Нанэм дзэ Iусыжтэкъым. Зы дэр зыжьэдигъэтIысхьауэ и жьэ кIуэцIым къыщригъэжыхьырт:
 - Мы зыр скъутэмэ, тIущ къысхуэнэр, - жиIэурэ.

Ефэндым имыщIэу, уэ пщIэрэ?
И лIыр лIэри, нанэр и закъуэу къэнат.
Къуищ иIэти, щыри хэкIауэ унагъуэ щхьэхуэ зырызу псэурт.
И нысищри бзаджэ защIэти, нанэр зыми зрашэлIэн ядэртэкъым. Дэтхэнэми жиIэрт:
 - Сыт сэ си закъуэ си гуащэр щIэспIыжын хуейр?
Апхуэдэу щыхъум, и къуищыр зэхуэсыжри я анэм унафэ тращIыхьащ, зы тхьэмахуэм зым деж, адрей тхьэмахуэм адрейм деж ихьурэ щигъэIэну.
Апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэгуэрым и къуэшым деж кърихауэ езым и деж щихьым, ефэндыр къыдэкIауэ куэбжэм деж щыту илъагъури:
 - Фи анэр апхуэдэу щIыбкIэ къевмыхьэкIыу, лIы ефтыжын хуейщ, - жиIащ.
Зи анэр зи щIыбым ис щIалэм зыкъигъазэри ефэндым зыкъыхуигъэгусащ:
 - Iэу, ефэнды, ди анэм щхьэкIэ ар дауэ пхужыIа?
 - Ефэндым имыщIэу уэ нэхъ пщIэрэ! - жиIэри, фызыжьыр къуэм и щIыбым итIыхьащ.

Зэщхьыркъабзэщ
Зауэ нэужьт. ЦIыхухэр шхынкIэ хуэкъулей дыдэтэкъым.
ЛIыжь-фызыжьым япхъу закъуэр зыша я малъхъэ щIалэжьым малъхъэишэ хуащIат.
ЛIыжь-фызыжьым нэгъуэщI яIэтэкъым, джэдыкIэ гъэвар укъэбзыжарэ тепщэчым папцIэу изу къыхутрагъэуващ, зы цырибон литр и гъусэу. Езы тIури лъэныкъуэкIэ къэтIысыжащ.
Малъхъэ щIалэжьым зы цырибон стэкан изу ирикъухри, джэдыкIэ укъэбзахэр зыр зым и ужь иту зыжьэдигъэтIысхьэурэ иригъэмэрэкIуэхыу щIидзащ. Малъхъэжьыр апхуэдизкIэ псынщIэу шхэрти, джэдыкIэхэр зэкIэлъхьэужьу тепщэчым къикIыурэ щIалэм и жьэм кIуэрт.
ЛIыжьым и нэр тенауэ абы еплъырт.
- Ан-на мыгъуэ, сыбогъэукIытэ, сыт апхуэдизу ди малъхъэм ущIеплъыр? - хъущIащ фызыжьыр.
- Уэлэхьэ, фызыжь, а джэдыкIэр къызэрыкIамрэ ар зыжьэдыхьэмрэ зэрызэщхьыркъабзэр согъэщIагъуэри арам сызэплъыр, - жиIащ лIыжьым.

Сыт щыІэ абы нэхърэ нэхъыфІ?
Адэр лIэуэ телът, и къуэхэри щхьэщытт.
- Ей, сэ фэ къыфхуэзгъанэри!.. - жиIэрт адэм.
- ЖыIэ, ди адэ, сыт къытхуэбгъанэр? - еупщIырт и къуэхэр.
 - Ей, сэ фэ къыфхуэзгъанэри!.. - жиIэрт аргуэру.
«Ди адэм къытхуигъанэр къыщIыджимыIэр, хамэ щIэтщи аращ, - заплъыхьащ щIалэжьхэм. - ФыщIэкI!» - жаIэри хамэу щIэтыр къыщIахуащ.
 - ЖыIэ иджы, ди адэ, къытхуэбгъанэр? - еупщIащ ахэр я адэм.
 - Мы дуней нэхур къыфхузогъанэ! Дахэ-дахэу фытет, фымыуцIэпIу!

Мыхьэнэ иIэжтэкъым
И къуэжь делэр щысурэ анэр хьэдэ къуаншэ хъуат.
Пщэдджыжьым щIалъхьэну лIыжьхэр къызэхуэсауэ хьэдэ къуаншэр щалъагъум, ешхыдэу щIадзащ:
 - Сыту ущIалэ хъерсыз, уи анэр зумыгъэзэхуэжу хьэдэ къуаншэ щхьэ пщIа?
 - Уэлэхьэ, зэбгъэзэхуэжкIи ар анэ мыхъужынут! - жиIащ къуэжь делэм.

Хэт нэхъ и гуIэгъуэт?
ЗэтIуанитI я лIыр ягъейрт.
 - Нобэрей махуэ мыгъуэр сыту гуIэгъуэшхуэт!.. - жиIэурэ нэхъыщIэр гъырт.
- Нобэрей махуэр гуIэгъуэшхуэтэкъым, гуIэгъуэшхуэр уэ укъыщыдаша махуэрт! - пидзыжащ тIуанэ нэхъыжьым, гъуэгыурэ.

Дыщ
ЗэнысэгъуитIым зым и дыщыр къулейт. Адрейм и дыщыр тхьэмыщкIэ дыдэт.
Зэгуэрым, тIури я дыщым къикIыжауэ, кърагъэшхар зэхуаIуэтэжырт:
 - Алыхь, си дыщым зыкъыстраукIэжам: сэ абы мэл схуамыукIам, гуэгушыр гъэварэ бжьыныхукIэ шыужауэ самыгъэшхам. ТхьэмщIыгъуныбэ схуамыщIам, шэ щIэгъэпщтхьа, тхъур къыщIэжу кхъуейжьапхъэ къысхутрамыгъэувам. Сэ шхыныгъуэ IэфIу схузэбламыхар укIуэдыжи!.. «НэхъыбэIуэрэ ущыIэ щIэмыхъунур сыт?» - лъаIуэурэ, сакъыфIэкIуэжащ, - жиIащ зи дыщыр къулей нысэгъум.
 - Алыхь, сэри си дыщым сыдрахьеймэ, сыгъущIэу, сыкърахьэхмэ, сыщIытэу сагъэхьэщIам. Алыхь, къэбыр гъэвауэ, къэбыр гъэжьауэ, къэбыр шыпс щIыжауэ сагъэшхам, - жиIащ зи дыщыр тхьэмыщкIэм.

ПыIэ хуабэ
Я малъхъэр малъхъэишэ ящIауэ лъэпкъым ягъэхьэщIэрт. Псоми я щIэщыгъуэщ, псори хузэблах, псори «ди малъхъэр» жари зэхэзожэ.
Ауэ малъхъэ щIалэжьым и псэлъэкIэмрэ и зыIыгъыкIэмрэ тэмэм дыдэкъым.
Абы къеплъщ, къедаIуэри, лъэпкъым ящыщ гуэрым жиIащ:
 - Уэлэхьэ, ди малъхъэр куэду пыIэ хуабэ си гугъэм!
Малъхъэжьым абы къикIыр къыгурыIуакъым.І
 - Мыр ффIэхуабэуи?.. - жиIэри, и пыIэр щхьэрихащ. - Уэлэхьэ, мыр хьэхум, апхуэдэуи мыхуабэ. Ауэ, хуабэ фыхуеймэ, къуацэ хъужауэ, сэ зы пыIэ гъуабжэжь сиIэщи, уэт пыIэ хуабэ! Фыхуеймэ, ар сщхьэрыгъыу сыкъэкIуэнщ иджы сыкъыщыкIуэкIэ.
Псори зэщIэдыхьэшхащ: пыIэ хуабэм къыщынэжтэкъым малъхъэр - пыIэ хуабэжь дыдэт.

Псори, псори фыкъэдаIуэ!!!

«Юнеско» жыхуаIэжым я деж къыщыщIэдзауэ щалъхуа Жанхъуэтхьэблэм я деж щыщIэтIыкIыжауэ фигу къыдогъэкIыж: 1998 гъэр «КъардэнгъущI Зырамыку и гъэ» зыфIэтща илъэст.
Абы ипкъ иткIэ, «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым я редакцэхэм щылажьэхэр мыпхуэдэу дехъуэхъуащ, Зырамыку.
Гупыр зыгъэгупыр,
ЖаIэ, гуп и уасэщ.
Лъэпкъыр зыгъэлъэпкъхэр -
Уасэ зимыIэжщ.
ЛIыбэм ялъэмыкIыр
ЗылъэкIа хэкулIхэм
Уэ уащыщщи, хъуэхъур
Псоми пхудоIэт:
Уи пкъыр пкIатэу,
Уи гур лъатэу,
Уи макъ дахэм дэни къыщилъэтыхьу,
Уи щIыхь иным дэни щытепсэлъыхьу,
Тепсэлъыхь пэтми, яхуэмыухыу,
Къыптетхыхь пэтми, нахуэмытхысу,
Лъэпкъ псо къызэрыпхьэхуфар нэрылъагъурэ,
Нэрылъагъум и щэхур къахуэмыхутэу,
КъахуэмытIэщIу,
Уэ, а псом зыри хыумыщIыкI хуэдэ,
Хэбгъахъуэрэ гухэгъуэр уиIэ зэпыту
Илъэсищэм ущхьэдэхыну
ДО-ХЪУА-ХЪУЭ!!!

Поделиться: