МэшбащIэ Исхьэкъ: Тхыдэр ди гъуазэщ, пщэдейр ди плъапIэщ

КъБР-м и тхакIуэхэр Мейкъуапэ щохьэщIэ. Сурэтым щыволъагъу Щомахуэ Амырхъан, Кулиев Къайсын, МэшбащIэ Исхьэкъ сымэ. 1976 гъэ

1557 ГЪЭМ адыгэхэр Урысейм хыхьауэ зэрыщытам хэти щыгъуазэщ. Абы зэи хущIегъуэжакъым адыгэхэр. А гъэракъым адыгэхэмрэ урысхэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм ублапIэ яхуэхъуар. Ридадэ теухуа романыр стхын ипэ ди лъэпкъым и тхыдэр нэхъ куууэ зджын хуей хъуауэ щытащ. ЕпщIанэ лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ благъэ дыдэ зэхуэхъуащ адыгэхэмрэ урысхэмрэ. Адыгэхэм абы щыгъуэ касогкIэ еджэу щытащ. Касог шухэр хэтащ тмутаракан дзэпщ Мстислав и дзэм - XI лIэщIыгъуэм. Ридадэрэ Мстиславрэ я хъыбар яхъумащ адыгэ IуэрыIуатэми (Нэгумэ Шорэ итхыжауэ) урыс летописхэми. ЗэрызэгурыIуар арати, Ридадэ и къуитI къан ищIауэ щытащ урыс дзэпщым. Шынэхъыжьым Юрий фIащащ, нэхъыщIэм - Роман. Ар Мстислав и малъхъэ хъуащ. Карамзин зэритхымкIэ, урыс лъэпкъ лъэрызехьэ зыбжанэ къатехъукIащ адыгэ дзэпщ Ридадэ и щIэблэм - Добрынскэхэ, Белеутовхэ, Сорокоумовхэ-Глебовхэ. Ридадэ и лIакъуэкIэ еджэу щытащ абыхэм.
Ридадэм къытехъукIахэм ящыщ куэд цIэрыIуэ щыхъуащ Урысейм и тхыдэм. Илъэс щищкIэ Урысейр зезыхьа Романовхэ пащтыхь тахътэр лъызыгъэсахэм яхэтащ ахэр, дзэпщышхуэхэри тхьэгъэпс цIэ-рыIуэхэри къахэкIащ; япэ урыс пащтыхь Романов Михаил и адэ патриарх Филарети ящыщщ абыхэм.
ГъэщIэгъуэнщ Ридадэ къытехъукIахэм ящыщ Лопухинхэ я лъэпкъым и хъыбарри. Лопухин Фёдор ипхъу Евдокие 1689 гъэм пащтыхь Пётр Езанэм и щхьэгъусэ - пащтыхь гуащэ хъуащ.
Пётр Езанэм ипхъу Елизаветэ и зэманым Лопухин Степан Сыбыр яхуащ. Пётр Ещанэм и нэфI ящыхуэжащ Лопухинхэ ящыщ гуэрхэм. Екатеринэ ЕтIуанэм и тетыгъуэм Лопухин Пётр губернатор къулыкъур хуагъэфэщащ, пщыцIэ къыфIащащ, Александр Езанэм ар юстицэмкIэ министр, иужькIэ Къэрал Советым и Iэтащхьэ ищIащ. Лопухин Иван ипхъу Варварэ Бытырбыху дэс нэхъ цIыхубз дахэ дыдэхэм ящыщащ, абы хьэщыкъ хуэхъуауэ щытащ урыс усакIуэшхуэ Лермонтов Михаил.
Ридадэ къытехъукIа щIэблэхэм ящыщщ адмирал Ушаков Фёдор. Абы и фIыгъэкIэ цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ щытащ Урысейм и флотыр. Адмиралыр езыр щыхьэт тохъуэ адыгэ дзэпщ Ридадэ и щIэблэхэм зэращыщым.
Ридадэ и щIэблэхэм ящыщщ юрист цIэрыIуэ, япэрей Къэрал Думэм и депутат Кокошкин Фёдор.
ГУГЪУЕХЬ куэд я нэгу щIэкIащ адыгэхэм, зэрыпхъуакIуэхэм зы махуи ягъэтыншакъым ахэр. Тырку сулътIанхэр, кърым хъанхэр къещэ зэпытащ Адыгэ хэкум, ар я IэмыщIэ ираубыдэн папщIэ. ЗэрыпхъуакIуэхэм фIыуэ ящIэрт адыгэхэр Iэрыубыд пщIымэ, Кавказ псом щытепщэ узэрыхъунур - адыгэ лъэпкъхэм нэхърэ нэхъ лъэщрэ нэхъ лъэрызехьэрэ истэкъым а зэманым Кавказым. Адыгэхэм я псэмрэ я хэкумрэ бий куэд къызэрещар ибзыщIыркъым тхыдэм. Тхыдэр апхуэдэуи щыхьэт тохъуэ адыгэхэр Iэрыубыд, IумпIафIэ ящIыфын бийхэм зэрахузэфIэмыкIам - ар къайхъулIакъым тырку сулътIанхэми, кърым хъанхэми, монголхэми.
Адыгэхэр тегушхуэгъуафIэ щIащIым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр езыхэм я дежщ щылъагъун хуейр: зэрыубыдрэ зы къэрал яухуауэ щытамэ, абыхэм зы бии зы зэрыпхъуакIуи игъащIэкIэ къапэлъэщынутэкъым - ар къыхощ тхыдэр зыдж щIэныгъэлI куэдым я тхыгъэхэм.
Бийхэр, зэрыпхъуакIуэхэр къахуэлъэ зэпытти, къакъуэувэн, къадэщIын щхьэкIэ, Урысейм щыгугъ зэпытащ адыгэхэр - Идар Темрыкъуэпщым и зэман лъандэрэ. Абы и лIыкIуэхэр зыбжанэрэ кIуащ Мэзкуу, Урысейм благъэ зыхуащIын щхьэкIэ. Абыхэм къехъулIащ зылъежьа Iуэхур - адыгэ лъэпкъхэм къакъуэуващ Урысейр, аращ урыс пащтыхьымрэ Къэбэрдейм и пщышхуэ Темрыкъуэрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэр щыхьэт зытехъуэр. А Iуэхум псом хуэмыдэу хэлIыфIыхьащ Темрыкъуэ и къуэ Мамсырыкъуэ - абы и цIэр урысхэми адыгэхэми я тхыдэм къыхэнащ, урыс тхыдэм Черкасский унэцIэмкIэ цIэрыIуэ щыхъуащ ар. Мамсырыкъуэ нэмыщI, Черкасский унэцIэр зэрахьэу щытащ Урысейм къулыкъу щызыщIа адыгэ дзэпщ куэдым. Абыхэм ящыщщ Темрыкъуэ и къуэ Михаил, Къардэныкъуэ и къуэ Василий, Къамболэт и къуэ Борис сымэ, нэгъуэщIхэри. Кърым хъаным и дзэр Урысейм 1591 гъэм щытеуам щыгъуэ ар зэхэзыкъута дзэм и Iэтащхьэу щытар Черкасский Борисщ; боярин цIэр къыфIащыгъащ абы - Урысейр бийхэм зэращихъумам щхьэкIэ. Борис и къуэ Ивани зэрихьащ а цIэр, ари щыцIэрыIуэщ урыс тхыдэм. Илъэс 32-кIэ хэтащ ар Бояр Думэм, илъэс тIощIым щIигъукIэ хэтащ абы Черкасский Къундет и къуэ Яков, ар Урысейм и правительствэм и Iэтащхьэуи щытащ. Апхуэдэ дзэпщ, лIыщхьэ цIэрыIуэ куэд къахэкIащ адыгэхэм, Черкасскэхэ я лъэпкъым. Абыхэм къахэкIащ Урысейм и япэ генералиссимус Алыджыкъуэ и къуэ Михаил.
Дэ, адыгэхэр, Урысейм благъэ дыдэ дызэрыхуэхъурэ лIэщIыгъуэ зыбжанэ хъуащ. Абы дропагэ дэ, зэи зыщыдгъэгъупщэркъым ди лъэпкъхэм яку дэлъ къуэшыгъэр, зэныбжьэгъугъэр дяпэкIэ нэхъри быдэ тщIын зэрыхуейр.

 

Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ