* * *

ЖысIэнкъым батэр мы дунейм
Щызгъэшу схьауэ, ауэ
Есхакъым зэи цIыхум лей,
Дэсхьакъым и жьэгу гуауэ.

И махуэр, жысIэу, кIыфI щысщIынщ, -
КъыхуэзмытIа зым мащэ,
Хьэлэлу сэ щысшхащ мы щIым
Си щIакхъуэ Iыхьэ мащIэр.

ИгъащIэм щIыхь къэзмылъыхъуа.
Си дежкIэ нэхъ щIыхь лъапIэт
СыщIэтмэ ди къуршыжь щхьэ тхъуа,
ПщIэ зиIэхэм я лъапэ.

Мылъку щIыни си гум къэмыкIа.
Къулейт дапщэщи си псэр -
И нуркIэ дыгъэ къыщIэкIам,
Я IэфIкIэ ди къуршыпсхэм.

ПсалъэпцIыр зигу ирихьыр хэт? -
Щытакъым ар си щIасэу.
ЖызыIэр пэжыр и гум хуитщ,
Щхьэхуитуи мэусэ.

Си къуэш - бгырысхэ, щымыта
ПцIы хэслъхьэу си уэрэдым.
Фи пащхьэ арщ сыщIимытар,
СыукIытэу напIэр къэсIэтын, -
УсакIуэ гуэрхэм хуэдэу.

* * *
Зэхызохыр къыхэIукIыу жэщым,
Куэдрэ сянэм уэрэд къызжиIар.
ЦIыхубз гуэрым щIигъэхъаеу гущэр,
И бын цIыкIухэм къахуриш хъунщ ар.

Жэщ мамырхэм щIылъэм къедэхащIэ
Мазэ нурыр - кIэншэу щIэщыгъуэнщ,
Абы ещхьщи, иджыпсту дахащэу
КъэIу гущэкъу уэрэдыр -
Жьы мыхъун.

ЗэзыдзэкIар Бицу Анатолэщ.

Кулиев Къайсын
Поделиться: