Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и языны­къуэ указхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щыIэм теухуа положенэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2012 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м къыдигъэкIа Указ №65-УГ-мкIэ къащтамрэ къару ямыIэжу къэлъытэным теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Iэтащхьэм и Указ

1. Къару ямыIэжу къэлъытэн:
«Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щыIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2009 гъэм дыгъэгъазэм и 9-м къыдигъэкIа Указ №198-УП-м;
«Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щыIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2009 гъэм дыгъэгъазэм и 9-м къыдигъэкIа Указ №198-УП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2011 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м къыдигъэкIа Указ №193-УП-м;
«Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щыIэм теухуа положенэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2012 гъэм мэлыжьыхьым и ­20-м къыдигъэкIа Указ №65-УГ-м.
2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ
2020 гъэм гъатхэпэм и 25-м
№28-УГ

 

Поделиться: