МЭРЕМ ПШЫХЬ

Прозэу тха усэхэр
Дыгъэ бзий Iуданэ

- Къажэ, си псэ, къажэ, си деж къэкIуэж! - сабий пцIанэ цIыкIум кIэлъоIэбэ цIыхубзышхуэ, жыгым хуэдэу дахэу.
Сабийр къажэркъым икIи къэкIуэжыркъым - ауи къеплъыххэркъым. Жьым ирихьэжьа пхъэупсахуэ нэхъей, пкIатэ-лъатэу, зэ зы лъэныкъуэмкIэ, зэми адреймкIэ триIуантIэу, тенджызым хуожэ.
- Ей, си щIалэ цIыкIу, зэ къэувыIэ, псым сэ ухэсшэнщ.
ЩIалэ цIыкIур мажэ.
Гулъ шыр хуэдиз фIэкIа мыхъу лъэбжьанэхэм дыгъэр тоцIуукI.
Сабий зекIуагъащIэм и лъакъуэ цIыкIуитIыр маститI хуэдэщ, дыгъэ бзийр Iуданэу илъэфауэ.
Зы лъэбакъуэ.
ТIу.
Щы.
Зы лъэбакъуэр - зы мастэнэщ.
Уафэ къащхъуэмрэ щIы щхьэфэмрэ сабийм зэреIулI дыгъэ бзий IуданэкIэ.
 
ХьэщIэм и чэнджэщ
Илъэсибгъум ит Маринэ унэ лъэгу къилъэсми, пэшыр зэлъыIуихми, тхылъ еджэми, - сыт ищIэми дзапэ уэрэд тIэкIу жиIэ и хабзэт. Маринэ и уэрэд жыIэкIэр унэм щIэсхэм ягу ирихьыртэкъыми, махуэ псом зэхэпхыр зыт: «Маринэ, бэяу! Бэяу, Маринэ!»
ХьэщIэ къахуэкIуат зэгуэр унагъуэми, гу лъитэщ абыи, щIэупщIащ:
- Уа, мы Маринэ щхьэ Iуэху фщIырэ?
- Iэмал хуэдгъуэтыркъым, уэрэд тфIыжеIэ; жиIэфми зыгуэртэкъэ, джэду гурым фIэкIа пщIэнкъым.
- И гугъу фымыщIу зэ феплъыт, - жи хьэщIэм. - Ар щIэгурымыр фыпэроуэри аращ. Уэрэд жызыIэ цIыхум къыпэрыуэ щымыIэу, и псэр хуиту, и гур утIыпщауэ щытын хуейщ. ИтIанэщ абы и макъыр къыщиутIыпщынури.
Къэжэр Хьэмид.

Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр
ПцIым лъакъуэ щIэткъым

Кхъэм яхь къахьыжыркъым. БлэкIам къыпхуегъэгъэзэжынукъым.
ЛIыр фэладжэщ жыпIэу йомыку. «Къы­зэ­рыщIэкIынур пщIэркъым» жыхуиIэщ.
Мазэрэ пэт дыркъуэ иIэщ. «Дагъуэ, дерт гуэр зимыIэ щыIэкъым» жыхуиIэщ.
МафIэм и гъунэгъу лыр мажьэ. Iыхьлы гъунэгъум и нэщхъеягъуэр сыт щыгъуи гум хохьэ.
Мащэ зытI мащэ йохуэж. НэгъуэщIым гуауэ езыщIэну хэтым ар езым къыщощIыж.
Мащэм зэ ихуар набгъэщи, тIэу ихуэр нэфщ. Зэ ищIа щыуагъэ дыдэр аргуэрыжьу зыщIэр хэзыкъухь псэлъафэщ.
Мэл гуартэ щIакъуэншэкъым. Адрейхэм зыгуэркIэ къащхьэщыкI гуэр гупым сыт щыгъуи хэтщ.
ПцIы бупсынумэ, лIам телъхьэ. Пхуэмыгъэлъэ­гъу­эн, пхуэмыгъэнэхуэн тегъэщIапIэхэр щыхьэт ещI.­
ПцIым лъакъуэ щIэткъым. «Жыжьэ унихьэсынукъым» жыхуиIэщ.
ПщIэгъуалэ утесмэ, иц щыщ къыпхохуэ. ЦIыхуфIым упыщIауэ, Iуэху хуиIэу, удэпсэууэ щытмэ, ифI къокIынщ, нэхъыфI ухъунщ.
ПщIэншэ уадэ Iэтыгъуейщ. ПщIэншэрылажьэм и Iэр лэжьыгъэм хыхьэркъым.
Сабийм и кIэтIий кIапэ бжыхьым пылъми, мэ­джэгу. Шынагъуэ сытхэр къыфIэмыIуэхуу, къыщыщIынкIэ хъунухэм емыгупсысу джэгу хабзэу зэрыщтым тражыIыкIа псэлъафэщ.
Сэ нэхъыфI умыгъуэтмэ, сыкъэшэж. Зэримы­пэ­сам­ цIыхур къыщыхуэнэжым деж къапсэлъ хабзэщ.
Сэшхуэ гъущэрылърэ фыз зэщIэплъарэ. «ТIуми уаIурымыIэбэ» жыхуиIэщ.
ШкIахъуэрэ пэт нэхъыжь яIэщ. Iэтащхьэ гуэр зимыIэ щыIэкъым.
Щауэ Къалидар.

 
ГушыIэхэр
Къызэузынур сщIэркъым

Хъуэжэ зы беижь гуэрым лIыщIэу хуэлажьэрт. Беижь нэпсейм зыгъэпсэхугъуэ яримыту лIыщIэхэр мэкъу иригъауэрт. Хъуэжэ тIэу-щэ абы елъэIуащ:
- Къуажэм сегъэхыжи си щыгъыныр зэзгъэхъуэкI, - жиIэурэ.
АрщхьэкIэ ар абы къиутIыпщыртэкъым. Хъуэжэ беижьым зыкIи щыхэмызагъэм, сымаджэ хъуауэ зигъэIури, къуажэм къехыжащ.
КIыхьу укъуэдияуэ гум илъу къашэжурэ унэм къызэрыблэгъэжу, хьэблэр къыпежьауэ псори къеупщIырт:
- Сыт къоузыр? Сыт къыпщыщIар? - жаIэурэ.
Хъуэжэ къыщIэупщIэхэм жэуап яримытыжурэ зыкъомрэ къэкIуа иужькIэ псори къызэхуишэсри, къахэкIиящ:
- Жэмыхьэт махуэ хъун, иджыри пIэм сыгъуэлъа щIыкIэкъым, къызэузынур сщIэркъым, - жиIэри.

СыфщыукIытэри, зызгъэпщкIуат
Жэщ гуэрым Хъуэжэ и унэм хъунщIакIуитI къыщIыхьащ. Ахэр щилъагъум, Хъуэжэ шынэри гъуэлъыпIэ щIагъым щIэпщхьащ. ХъунщIакIуэхэм унэм зыкъыщаплъыхьри, къадыгъуну зыри щагъуэтакъым, гъуэлъыпIэ щIагъым щыщIэплъэм, щтэIэщтаблэ хъуауэ абы щIэс Хъуэжэ къалъэгъуащ.
- СлIожь, ягъэщта джэдуужь хуэдэу уи нэр цIууэ мыбдежым щхьэ ущIэс? - жиIэри хъунщIакIуитIым я зыр къыщIэкIиящ Хъуэжэ.
- Си унэм щIэфхын зэрыщывмыгъуэтынур сщIэрти, сыфщыукIытэри, зызгъэпщкIуащ, зиусхьэнхэ, - жиIэри, Хъуэжэ гъуэлъыпIэ лъабжьэм къыщIэпщыжащ.

Узот сом щибгъумкIэ!
Хъуэжэ и жэмыр ищэжыну мурад ищIат. Нэху щымэ, бэзэрым ихуу ищэну игу илъу, пщыхьэщхьэм гъуэлъыжащ.
Жэщыбгым Хъуэжэ пщIыхьэпIэ илъэгъуащ: и жэмыр ихуауэ бэзэрым тетщ, езым сом мин жеIэ, ауэ сом щибгъу фIэкIа къратыркъым.
Абы хэту Хъуэжэ къэушащ. ПсынщIэу къыщылъэтщ, и цеижьыр зытриубгъуэщ, и вакъитIыр зылъыпиIури, жэкIэ Iуэм кIуэри и пщIыхьэпIэр пэжрэ пцIырэ еплъащ. Жэмыр жьэгъуашхэу Iуэм ист.
Ар Хъуэжэ и жагъуэ хъуауэ къэкIуэжри, гъуэлъыжащ. И нэр зытрипIэщ, и Iэр шхыIэным къыщIигъэжщ, и Iэгур иущIри жиIащ:
- Къащтэ, узот сом щибгъумкIэ.
КъардэнгъущI Зырамыку.

 
Къэхъуа
ЗэIущIэ гъэщIэгъуэн

 Си адэр хуабжьу мэз кIуэрейт икIи и гъащIэм и нэхъыбэр абы щихьырти, ди унэр игъэIэпхъуэжами зыми емыкIу къищIыну къыщIэкIынтэкъым.
Сэ школым сыщIэсти, «Ди адэ, мэзым сыздэшэ!» - жысIэ щыхъур тхьэмахуэ закъуэрт, абы щыгъуи и жэуапыр зыт: «Сэ мэз сыщIэкIуэр пхъэ къэсшэну аращ, ахъумэ уэ укъэсшэжыну аракъым». Сэри шатащхьэр тезыча джэдууэ зызущэхужырт. Ауэ зы махуэ гуэрым си адэм гъуэмылэр къыщыгъупщэри, си кIэныр къикIащ. ЩIакхъуэ Iыхьэрэ зы кхъуей ныкъуэрэ къасщтэщ, кIагуэ уэд цIыкIу гуэр сиIэщ сэ, флъэгъуами сщIэркъым, ар къыщызукIэжри, адэм сыкIэлъыкIуащ. Куэдрэ сыкIуа мащIэрэ сыкIуа, сытми, сыплъэмэ слъагъуу адэм сылъэщIыхьащ. Си адэм къеплъэкI и хабзэкъым: «Сыт, жи, укъыщIеплъэкIынур? Уи япэмкIэ плъэгъуарщ уи щIыбагъымкIи къэнар». Арати, сокIуэ, сылъэщIыхьэнуи сыхущIэкъуркъым: къызигъэгъэзэжынкIэ сошынэ. Ауэрэ мэзым дыщIыхьэри зыкъомыфIи ткIуауэ, зэуэ къудамэ етхъуэкI макъ ин зэхэсхри, «хъущт» жиIэу сыкъызэплъэкIащ. СыкъызэплъэкIмэ, зэрамыщIэжу зы мыщэ бацэжь гъуэгум къытехьауэ къыскIэлъоджадэ. Мо щIалэ къамылыфэр шэхум хуэдэу хужь сыкъэхъури, вагъуэижу гум сыдэжэхри, шым и пэщхъыным сыкъихуа хуэдэу, япэм сыкъилъэдащ.
- Мыр сыт, унэжын, къэхъуар, дэни укъикIа? - жиIащ си адэм, къэуIэбжьауэ.
Сэ си бзэгур кIэрэхъуэжыртэкъым, гулъэф хъуа­гъэнт.
- Гъу… гъу… гъуэмылэр къыпщыгъупщати къэсхьащ! - жысIащ сэ ерагъыу.
- Дэнэ щыIэ-тIэ?
- Мис, - жысIэу си блыгум сыщIэIэбэжмэ - бгъуэтмэ къащтэ, зыри щIэлъыжкъым.
Iуэхур зыIутыр къыгурыIуа хъунт, си адэр зэплъэкIащ… Мыщэжьым пэнцIыврэ лъэбжьанэкIэ гъуэмылэр зыкIуэцIылъ кIэзетыр ичатхъэрт, и кIэ тIэкIури ажэм и кIэу игъэпIэжьажьэрт, имыгъэпIэжьажьэми сщIэртэкъым… сытми, апхуэдэу къысфIэщIырт. Си адэр мащIэу пыгуфIыкIщ, и щхьэр ищIщ, псынщIэу шыгум сригъэтIысхьэри дежьэжащ.
Ар къыщыхъуар щыхупIэ еуэкIыгъуэти, абы дыфIэкIыу дыздэкIуэнум дынэсыху быхъ жысIакъым, си адэри щымащ. Дынэсри, си адэм шитIыр щIигъэхущ, лъахъэ ярилъхьэри къызжиIащ:
- Шыхэм яхуэсакъ, нетIэрей мыщэр Iэгъуэблагъэу щыIэщ.
Сэ аргуэру сыкъэшынащ, ауэ си адэм зыкъезгъэщIакъым. Пхъэ пиупщIыр къыхэслъэфырти, срахьэжьам хуэдэу, напIэзыпIэм сыхэлъэдэжырт: си адэм и гъунэгъуу сыщыIэмэ, бзу хэлъэт макъхэм сыкъагъащтэртэкъым.
Гур ткъузыжри дыкъежьэжащ, мыщэ лъэпкъи а куейм щызмылъэгъуауэ. Сигъэшынэну жиIауэ арагъэнт. Ауэрэ дыкъыздэкIуэжым, си адэм жиIащ:
- Ахъырзэману псынщIэу пхъэр къыхолъэф, тхьэмахуэ къэс укъыздэсшэнщ.
- Хьэуэ, сыхуейкъым, - жысIащ сэ, иужькIи щIызгъужащ: - Пхъэр псынщIэу къыхэзылъэфар сэракъым, мыщэрщ.
Брай Адэлбий.

Хабзэ
Гущэхэпхэ

Адыгэхэм унагъуэм къихъуа сабийм хабзэ куэд кIэлъызэрахьэу щытащ. Ди зэманым, а хабзэхэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр ягъуэтами, ахэр нэхъ мащIэ хъуакъым, нобэми сабий къалъхуам гулъытэшхуэ хуащI. Унагъуэм къехъуэхъуну я благъэхэр, я гъунэгъухэр къокIуэ. ЩIалэ цIыкIу къызыхэхъуам: «Щэуэ фхуигъэбагъуэ!», «И гущэкъу Тхьэм быдэ ищI!», «Лъэпкъ Тхьэм фхуищI!» - жраIэ хабзэщ. Хъыджэбз цIыкIуу щытмэ, мыпхуэдэу йохъуэхъу: «ЖыIэщIэ Тхьэм фхуищI!», «Тхьэм къыфхуигъэхъу!», «ЖыIэдаIуэ, насыпыфIэ Тхьэм ищI!»
Зэхъуэхъур сабийм и адэ-анэракъым, атIэ унагъуэм ис нэхъыжьхэрщ. Сабий къалъхуагъащIэр и Iэпкълъэпкъыр тIэкIу зэрымыубыдауэ гущэм хапхэртэкъым, хъыданым быдэу кIуэцIапхэрти, пIэм илът: «хъыдан жэрумэ» жыхуаIэжыр аращ.
Псом япэу, унэм къашэжа нысащIэм быдзышэ иIэн папщIэ нартыху хьэнтхъупс и гуащэм е и нысэгъум хуигъавэрти иригъафэрт. Сабийр япэу гущэм щыхапхэнум деж, хъыбар ирагъащIэрти хьэблэ фызыжьхэри Iыхьлы-благъэхэри къызэхуашэст. Гущэхэпхэм къекIуалIэр цIыхубзхэрт. НысащIэм и дыщым къокIри цIыхубз гуп къокIуэ: и адэ шыпхъу, и анэ нысэгъу, и шыпхъу нэхъыжь хуэдэхэр. Абыхэм къыздахь гущэхэпхэм ехьэлIа Iэмэпсымэхэр: гущэр, гущэ уэншэкур, гущэпсыр, гущэ хъыданыр, лъапэ щхьэнтэр. Ахэр гуапэу ирагъэблагъэ. Гупым я нэхъыжьхэр къызэхуэсахэм я деж щIашэ, абыхэм къэкIуахэм сэлам ирах, IэплIэ хуащI. Иужьым щхьэж хуэфащэм деж ягъэтIыс. Нэхъыжь дыдэр гъуэлъыпIэм ирагъэтIысхьэ, мыдрей нэхъыщIэхэр нысащIэр зыщIэс лэгъунэмкIэ яшэ, хьэпшып къыздахьахэри абыкIэ яхь. Абы иужькIэ гущэм хипхэну зы фызыжь лъэпкъым я нэхъыжьхэм ящыщу лэгъунэм ягъакIуэ. Фызыжьыр, лэгъунэм щIэсу хъуам сэлам кърахри, ягъэтIыс. Гущэхэпхэр зэращIынум псори хуэхьэзыру зэхэсщ. Фызыжьым «Бисмиллахьи рэхьманиррэхьим» жеIэри гущапIэр ещI, сабийр къещтэри гущэм ирегъэзагъэ. АдэкIэ нысащIэм и нысэгъу е унэкъуэщ фыз щIалэ гуэр бгъэдохьэри сабийр дахэу хепхэ. Абдеж нысащIэхэр нэхъ гъунэгъуу къагъэув, сабийм и анэри яхэту, зэрыхэпхэн хуейр ялъагъун, зрагъэщIэн папщIэ. Сабий хэпхэкIэми Iэмал куэд иIэщ: и пIэщхьагъыр лъахъшащэ пщIырэ абы есэмэ, щхьэдэгъэзей хъунущ, пIэщхьагъыр лъагащэми хъунукъым, и щхьэр щIиIуу, иригухыу хъунущ. Сабийм и гущэ хъыданхэр епшэкIын ипэкIэ и Iэхэр къэбукъуэдиищэмэ, ар дамэ гуэлэл, пщэ кIыхь хъунущ, и IитIыр кIэщIэбгуэмэ, пщагуэу, дамэдууэ къэнэнущ. И лъакъуитIыр зэпкъузылIащи, къэбгъэтIэсхъащи хъунукъым. Абы папщIэ, сабийм и лъакъуэ зэхуакум плIащIэу зэкIуэцIылъхьа хъыдан щабэ далъхьэри, быдэу япхэ.
Хуэсакъыпхъэщ сабийм и лъэтхьэмпэ цIыкIухэми я щытыкIэм. Ари гущэ хэпхэкIэм куэдкIэ елъытащ. Лъэтхьэмпэхэр укъуэдиярэ шэщIауэ хэппхэмэ, и лъэгудыгъуэхэр куу мэхъу. Зи лъэгудыгъуэ куу цIыхум зекIуэкIэ дахэ иIэщ. Абыхэм псоми сабийм и анэм гу лърегъатэ. Мыдрей фызыжьыр къытригъэзэжурэ мэхъуахъуэ:
- Гущэ махуэ Тхьэм пхуищI!
- ЖыIэдаIуэу Тхьэм къыпхуигъэтэдж!
Абы иужькIэ фызыжьыр зыхэса гупым къахотIысхьэж.
Гущэхэпхэр зэрызэфIэкIар къызэрищIэу, гупым я нэхъыжь фызыжьым унафэ ещI гущэр къахьыну, нысащIэри къыщIашэну. Ар зи пщэ къыдэхуэ нысащIэм и нысэгъу е и гуащэ нысэгъу хуэдэхэр макIуэри, сабийр зэрылъ гущэр къахь, нысащIэр абыхэм яужь иту къыщIаш, и Iэблэр яIыгъыу. Гущэр къэзыхьри нысэр къэзышэри фыз щIалэхэу, ауэ бын, унагъуэ яIэу щытын хуейт. Бын зимыIэ цIыхубз нысащIэм ирагъэIусэртэкъым: еIусэмэ, дяпэкIэ бын къыщIэмыхъуэжынкIэ шынагъуэу къалъытэрт.
Гущащхьэр бжэмкIэ гъэзауэ фызитI-щым къыщIах: «ЩIалэ (хъыджэбз) хьэщIэ къыфхудошэ. Махуэ Тхьэм ищI» - жаIэурэ.
«Лъапэ махуэ къыщIегъэхьэ. Лъэ быдэ Тхьэм ищI!», - жаIэрти мыдрей фызыжьхэр зэщIэтаджэрт, пшынэм къыдэфэрт, сабийм Iуплъэурэ насыпыфIэ, гъащIэ кIыхь хъуну ехъуэхъухэрт. Апхуэдэу сабийр ягъэлъапIэу, яIэту гущэр къыщIахьэрти, и щхьэр къаблэмкIэ гъэзауэ утыкум ирагъэувэрт. Абы иужькIэ нысащIэм и Iэблэр и нысэгъухэм яIыгъыу къыщIашэрт. Дыщым къикIахэм ящыщ зы абыхэм я ужьым итщ. Абы гуащэм къыхурагъэхьа Iыхьэхэр иIыгъщ. Гущэтелъхьэ хъужыр гуащэм щхьэкIэ дыщым ягъэхьэзыра фэилъхьэгъуэхэращ: джанэ, бостей, IэлъэщI, абы лъэпэдрэ сабынрэ телъу. БынжэпыупщIым и Iыхьэри апхуэдэу гъэпсащ. Гущэтелъхьэр къэзыхьам фызыжьу хъуам­ зырызыххэу сэлам ярех. ИтIанэ къихьахэр ярегъэлъагъу.
Фызыжьхэр къахьауэ хъуам йоплъри, нысащIэм и дыщым къикIахэм йохъуэхъу: «Къызыхуэфхьа цIыкIур Тхьэм псэ быдэ ищI!» Гуащэми йохъуэхъу: «ФIыкIэ угъэлажьэ!», - жраIэ. ИтIанэ хьэпшыпу хъуар дахэ цIыкIуу и пIэм ирагъэзэгъэж. Гуащэм къыхуахьа Iыхьэр езым къегъэнэж е езым нэхърэ нэхъыжьу пщыпхъу е нысэгъу иIэмэ, абыхэм яхуегуэш. Ари щэн дахэу, адыгагъэр зыгъэбелджылы хабзэу къалъытэ. Абы иужькIэ фыз нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ зэпэщхьэхуэу ягъэтIысри ягъэхьэщIэ.
Гущэхэпхэм ехьэлIа хабзэхэр нобэ псори зэрахьэжыркъым, сабийр гущэм хэзымыпхэххи щыIэщ.
Ныкъусаныгъэншэу, зэрыщытын хуейм хуэдэу тэмэму хапхэу сабийр гущэкIэ япIмэ, и Iэпкълъэпкъым и зэпэщынымкIэ, езым и узыншагъэмкIэ ар сэбэпышхуэ зыпылъщ.
Нобэрей анэм, сабийм щIэныгъэшхуэкIэ узэда медицинэр къакIэлъоплъ, абыхэм ятеухуа тхылъхэри чэнджэщхэри гъунэжщ. ИтIани, зыми зэран хуэхъунукъым лъэпкъым илъэс мин бжыгъэхэм къыпхаха Iэзагъэр, Iущыгъэр ящIэмэ, ягъэзащIэмэ.
Бгъэжьнокъуэ Барэсбий.
 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ