Нэхъыжьыр ягъэлъапIэ

УФСИН

Хэку зауэшхуэм ди къэралыр зэрыщытекIуэрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум ехьэлIа Iуэху гуапэхэр щокIуэкI республикэм и IуэхущIапIэхэм.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ УФСИН-м и лэжьакIуэхэри жану хэтщ апхуэдэ Iуэхухэм. Урысейм и УФСИН-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ IэнатIэм и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм, Управленэм и аппаратым, къуаншагъэ зылэжьахэм я тезырыр щапшыныж 3-нэ колонием я лэжьакIуэхэр зэщIыгъуу иджыблагъэ щыIащ Хэку зауэшхуэм и ветеран Марченкэ Сергей Фёдор и къуэм и деж.
ХьэщIэхэм я жагъуэ зэрыхъущи, нэхъыжьыфIым езым IущIэну, ТекIуэныгъэм и МахуэшхуэмкIэ ехъуэхъуну Iэмал ягъуэтакъым. Илъэс 97-рэ зи ныбжь ветераныр КъБР-м щыIэ МВД-м и сымаджэщым щIэлът, и узыншагъэм кIэлъигъэплъу. ХьэщIэхэм гуапэу къаIущIащ Марченкэ Сергей и пхъур икIи абы иратыжащ нэхъыжьыфIым хуагъэхьэзыра саугъэтхэр. Абы хьэщIэхэм фIыщIэ къахуищIащ и адэр зэрагъэлъэпIам, ар зэращымыгъупщэм папщIэ.
Марченкэ Сергей Амур областым къыщалъхуащ. И унагъуэр и гъусэу Налшык къэIэпхъуауэ щытащ езыр иджыри сабийуэ. 1939 гъэм Сергей щIыпIэм щыIэ аэроклубым зыхригъатхэри, абы кIуащ. А клубым зыщызыгъэсахэр Сталинград ягъэкIуащ зауэр къэхъея нэужь. 1942 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм ар зыхэт гупыр Къэзахъстаным ягъэIэпхъуащ, я къулыкъум абы щыпащэну. 1945 гъэм и мэлыжьыхь мазэм и пэщIэдзэм ар хэтащ Кёнигсберг ебгъэрыкIуахэм, мазэ дэкIри, щIалэр ТекIуэныгъэм а къалэм щыIущIауэ щытащ. Зауэ нэужьым Марченкэ Сергей Нашык къигъэзэжри, хабзэхъумэ органхэм щылэжьащ, и къалэнхэр хьэлэлу игъэзащIэу, щIэблэм щапхъэ яригъэлъагъуу.
 

ЗЭБАР Мадинэ, КъБР-м щыIэ УФСИН и пресс-IэнатIэм и унафэщI
Поделиться: