ХьэмкIэтIий деж

(Сихъу Сэфарбий зэритхыжамкIэ)

АБАЗЭХЭ лIыкIуэхэм епсэлъэн папщIэ, урыс пащтыхьыр (Александр ЕтIуанэр) 1861 гъэм и бжьыхьэм ХьэмкIэтIий къызэрыкIуэм и хъыбар Iуащ. Абазэхэхэмрэ урыс пащтыхьымрэ зэрызэIущIам и хъыбарыр иджыри къэс ящIэж зи ныбжь хэкIуэтахэм - зыбжанэрэ срихьэлIащ апхуэдэ лIыжьхэм, абыхэм ящыщщ си анэ дэлъху Азэмэт-Бгъуащэ Мэхьэмчэрий.
Си анэ дэлъхум илъэс тIощI хуэдиз и ныбжьт а зэманым; ари ирихьэлIащ ХьэмкIэтIий зэIущIэм. Абы къызэрызжиIамкIэ, пащтыхьыр къэмыс щIыкIэ цIыху куэд дыдэ щызэхыхьат ХьэмкIэтIий деж: хуейм ихьэри, лъэсхэр хъурейуэ къеувэкIауэ зэхэтт, шухэр абыхэм я щIыб къыдэуващ. ЛIыкIуэхэр утыкум щызэхэуващ, ахэр зи пщIэр лъагэ тхьэмадэ, шупашэ цIэрыIуэхэрт. Махуэр уэфIт, уафэр бзыгъэт.
Шэджагъуэ хъуауэ, шу гуп тралъэгъуащ гъуэгум. Заул нэхъ дэкIакъым - шухэр къэблэгъащ.
Шууищ япэ итщ: пащтыхьыр яку дэтщ, абы и ижьырабгъур иIыгъщ генерал Лорис-Меликов, сэмэгурабгъумкIэ - тэрмэш, полковник пщы Ло Мэмэт-Джэрий; абыхэм я ужь итщ генералхэмрэ лIыщхьэхэмрэ; шу гъусэхэмрэ щхьэхъумэхэмрэ къакIэлъоIэ. Шухэм яхэтщ пащтыхьым деж къулыкъу щызыщIэ бгырыс офицерхэри; Ло Мэмэт-Джэрий псоми къахэщырт, ар щIэныгъэ зиIэ офицерт (кадет корпус къиухат), абазэпщхэм ящыщт. Урысыбзэми адыгэбзэми хуэшэрыуэт ар. ЦIыху щхьэпэлъагэкIэ уеджэнтэкъым, илъэс 40 - 45-м ит лIыку бжьыфIэт. Ло Мэмэт-Джэрий адыгэ цей екIу щыгът, хьэзыр Iупэхут, и бгым дыжьын къамэ ищIат, хъурыфэ пыIэ лъагэ щхьэрыгът. И фащэкIи и зыIыгъыкIэкIи псоми къахэщырт.
ЦIыхур къызэщIэвати, гъуор яхэувэри, зэтригъэсабыращ.
Пащтыхьыр гъунэгъу къахуэхъури, епсыхащ, и гъусэхэри епсыхащ. ЦIыхур зэкIэщIэкIуэтри, пащтыхьыр утыкум ирагъэхьащ. «Здравствуйте, абадзехи!» - сэлам къарихащ пащтыхьым.
Япэ ит лIыкIуэхэм сэлам ирахыжащ пащтыхьым: «Берычэт бесын!» Пащтыхьым жиIащ: «Сэ бий хуэдэукъым сыкъызэрыкIуар, фIы къывэхъулIэмэ, зи гуапэ фи ныбжьэгъу хуэдэущ. Фи лъэпкъхэр псэууэ къызэрызэтенэнщ сэ сызыхуейр, фи хэкур зэрыффIэмыкIуэдынщ, дяку мамырыгъэрэ ныбжьэгъугъэрэ зэрыдэлъынырщ.
Урысейр къэрал абрагъуэщ, къалэнышхуэ къытпэщылъщ дэ. Ди гъунапкъэхэр дгъэбыдэн, хым дынэсын хуейщ, адрей къэралхэм далъэIэсын щхьэкIэ. ХымкIэщ адрей къэралхэм сату зэрадэтщIыфынур. Хы ФIыцIэр ди IэмыщIэ къимыхуэмэ, ар тхузэфIэкIынукъым. ДызэгурывгъаIуи, фи щIым гъуэгуищ пхыдвгъэш, хы ФIыцIэм и Iуфэм дыIухьэнущи - Анапэ, Суджыкъу къалэ, ТIуапсэ нэс. Гъуэгухэр щытщIкIэ, жылагъуэ гуэр дгъэIэпхъуэн хуей хъумэ, ахъшэ фэттынущ. Фэ урыс пащтыхьым и IэмыщIэ зифлъхьэн хуейщ, абы и зэран къывэкIынукъым фэ: фи лъэпкъ хабзэхэм дыхэIэбэнукъым, фи диныр зефхьэж, фызэрыхуейуэ фыпсэу.
Куэд щIащ фэ фыкъызэрыддэзауэрэ, лIыгъэ зэрыфхэлъри фызэрыхахуэри дощIэ. Фи лIыфI куэд хэкIуэдащ зауэм, ауэ дэ фыкъытпэлъэщынукъым - си дзэр инщ, лъэщщ. Зауэр и кIэм нэблэгъащ - Кавказыр урысхэм ей хъунущ. Зауэм хэкIуэдар ирикъунщ, акъыл зиIэм къыгурыIуэнущ ар. Фи щхьэр зыхэфлъхьэ зауэр вгъэувыIэмэ, фи лъэпкъыр къызэтенэнущ, нэхъыфIуи фыпсэу хъунущ. Урысей къэралым фи бийхэм фащихъумэнущ, абы и нэIэ фыщIэтынущ, къыфщхьэщыжынущ, уIэгъэхэр кIыжынщ, афIэкI дызэбиижынкъым, фи гукъеуэхэри фщыгъупщэжынщ, илъэс щэ ныкъуэ нэхъ дэмыкIыу, къэралым фыхэсыхьынщи, захуагъэм тещIыхьа къэрал хабзэкIэ фыпсэу хъунщ.
Фи щIэблэхэм щIэныгъэ ягъуэтынщ, фэр нэхърэ нэхъ тыншу псэу хъунщ ахэр. Фи Iуэхур хэплъэгъуэ хъуащ иджыпсту, аращ сыщIывэлъэIур: Кавказыр Урысейм и IэмыщIэ зэрихуэнур фIэкIыпIэ зимыIэщи, ар зэхэфщIыкI, си псалъэм фыкъедаIуэрэ си унафэм фыкъеувалIэмэ, фи лъэпкъыр къызэтенэнущ, абы фIыгъуэщ къыфхудэкIуэнур. ФыкъызэмыдаIуэмэ, си генералхэм унафэ яхуэсщIынурэ, зауэм щIэх дыдэ кIэ ирезгъэтынущ, абы сыт хуэдиз хэкIуадэми; зауэм фэ къыфхуихьынур мыгъуагъэщ, абы хисхьэнущ фи лъэпкъыр… ФызыщIэгупсысыжи, фIэкIыпIэ зимыIэм феувалIэ. Пащтыхьым и псалъэр быдэщ, сэ вжызоIэ ар зэрызгъэпэжынур, ар пащтыхь унафэкIэ фи фIэщ сщIынщ».
Полковник Ло Мэмэт-Джэрий адыгэбзэ къабзэкIэ цIыхум къагуригъэIуащ пащтыхьым и псалъэ шынагъуэхэр.
Щым хъуауэ зэхэтащ абазэхэхэр, тэрмэшым и псалъэр нигъэсыху. Заул дэкIри, утыкум къихьащ Хьэжымыкъуэ Хьэжы - арат япэ псалъэр зылъагъэсар. «Си хэкур апхуэдизкIэ фIыуэ солъагъури, псэр щIэстми, ар ди щIэблэм зэрыхуэсхъумэным сыхуэхьэзырщ сэ, - жиIащ абы. - Ди хэкум и хуитыныгъэм куэдрэ щIэзэуащ ди адэжьхэр, ар нобэрей щIэблэм тхуахъумащ. Иджы солъагъу ар IэщэкIэ зэрыдмыхъумэжыфынур. Ди гъунэгъу къэралхэм ящыщ зым дыхыхьэн хуейуэ и чэзу хъуащ… Тыркур динкIэ нэхъ тпэгъунэгъущ дэ, ауэ дзэкIэ зыкъытщIигъэкъуэну хуейкъым ар… Урысхэр куэд мэхъу, дэ дымащIэщ, ди къарур зэхуэдэкъым, дапэлъэщынукъым! Сэ жысIэращ: урыс пащтыхьым и унафэм девгъэувалIэ, ди натIэм къритхам дыфIэкIынукъым, Тхьэм игу къыдэбгъэнкъым абы щхьэкIэ…»
ЦIЫХУР Iэуэлъауэ хъуащ, хуэм-хуэмурэ къызэрыгъэплъри. Пащтыхьыр къаскIэри, тэрмэшым еупщIащ: сыт а тхьэмадэм жиIар; абы и псалъэр ягу ирихьагъэнкъым цIыхум. Хьэжымыкъуэм и псалъэр гуригъэIуа нэужь, пащтыхьым жиIащ: «Тхьэмадэр захуэщ, ауэ абы и псалъэр къабыл ящIа хъункъым цIыхум!..»
Хьэжымыкъуэм и ужькIэ къэпсэлъар Цей ЛIыщэщ. Ар лIыжь гъур лъагэт, и жьакIэ лъагуэр тхъуауэ, зэрыткIыбжьыр и нэгукIэ къапщIэу.
Цейр жьакIуэт - абы цIэрыIуэ ирихъуауэ; зэи зыми щышынэртэкъым ар, и гум илъыр ибзыщIынутэкъым.
ЦIыхум яхэплъэри, пащтыхьым зыхуригъэзэкIащ Цей ЛIыщэ.
«И къалэнти, урыс пащтыхьым къыджиIэн хуейр къыджиIащ, сигу ебгъэркъым абы, ауэ сэ жысIэнумрэ пащтыхьыр зыхуеймрэ зэтехуэнукъым. ЦIыхур зэщ къызэралъхур, жьы мэхъури дунейм йохыж. Лъэпкъри аращ.
ЦIыхум илъэсищэ къигъэщIэнкIэ мэхъу, лъэпкъыр илъэс минкIэ мэпсэу… Уахъты зимыIэ щыIэкъым. Кавказыр игу ирихьащ урыс пащтыхьми, ар зыIэщIиубыдэн щхьэкIэ, илъэс хыщI хъуауэ къыдозауэ. Дэри ди нэщ, ди псэщ ди хэкур, ар тхъумэурэ гъащIэр ттыфынущ. Абы щхьэкIэ жэуап щыдохь ди адэжьхэмрэ ди Тхьэмрэ я пащхьэм.
Ди щхьэр нэхъ дгъэнэхъыфIыркъым дэ - абыкIэ зыми шэч къытхуищIыфынукъым: ди псэм дыщебла къэхъуакъым. Лъы догъажэ, зауэм дыхокIуадэ, ар нэхъыфIщ гъэрыпIэм дихуэ нэхърэ. Ди хабзи ди дини къыхэмыIэбэну дыкъегъэгугъэ урыс пащтыхьым - ар ди фIэщ хъуркъым дэ.
Шыгъу Iэбжьыб хэфкIутэт псы чейм - шыгъу Iэбжьыбыр псым хэткIухьынущ. Лъэпкъышхуэм и IэмыщIэ ихуа лъэпкъ цIыкIуми аращ къыщыщIынур… Ди хуитыныгъэр тфIэкIуэдамэ, ди лъэпкъыр хэкIуэдэжащ - арыншауэ хъуркъым. Абы дыщIэзэун хуейщ, ди псэр пытыху. Ди хэкум, ди лъэпкъым, ди щIыхьым гъащIэр щIэтткIэ, емыкIу дыкъэзыщIын щыIэкъым. Кавказыр урысхэм яIэрыхьэнкIи хъунщ, ауэ шэрджэсхэр гъэр хуэщIынкъым урыс пащтыхьым.
Игу фIы къытхуилъу, фIыгъуэ къыдэуалIэмэ, и гуапэу жеIэ урыс пащтыхьым, итIани илъэс хыщI хъуауэ ди лъыр егъажэ.
Хьэуэ, Кавказыр е ди псэм и щIасэ гущапIэу диIэнщ, е кхъэмащэ тхуэхъунщ, ауэ гъащIэ диIэху, ар зыми Iэрыдгъэхьэнкъым. ЩIым дыщIыхьэжмэ, нэхъыфIщ гъэрыпIэм дихуэ нэхърэ. Ди адэжьхэм я напэр тетхынкъым, зыщыдгъэгъупщэнкъым абыхэм къызэранэкIа псалъэр: е лIэ, е лIыгъэ зыхэгъэлъ! Пэжыр я нэм щIэпIун я жагъуэщ пащтыхьхэм, ауэ сэ жызоIэ: урыс пащтыхьыр ныбжьэгъу тхуэхъункъым дэ, ар ди биижьщ, дилъ игъэжауэ. Си IэмыщIэ зыкъифлъхьэ, къыджеIэ урыс пащтыхьым. И щхьэр къремыгъэпцIэж абыкIэ. ЛIыгъэ зиIэм зитыркъым, зауэурэ гъащIэм покI. Хьэжымыкъуэ Хьэжы хуэдэ къэрабгъэхэм заткIэ, адыгэ лъэпкъым и напэр текIынукъым».
Цей и къуэм и псалъэр щиухым, цIыхур зэрызехьэ хъуащ; «узахуэщ, узахуэщ, Цей и къуэ!» - зэрогъэкIий цIыхур. И нэр къихуауэ, зеплъыхь пащтыхьым, и гъусэхэри гужьеящ, цIыхур къебгъэрыкIуэн я гугъэри.
Цей ЛIыщэ и Iэр иIэтри, цIыхур тесабырэжащ.
«Урыс пащтыхьыр ди хьэщIэщ нобэ, хьэщIэм кIэлъызэрахьэ хабзэм абазэхэхэр ебэкъуэн иремыгугъэ зыми. ЦIыхур зэбгрырекIыжи, лIыкIуэхэм я унафэм преплъэ».
ЦIыхум зэбгрыкIыжын щIадзащ. ЛIыкIуэхэм сэлам къарихыжри, пащтыхьыр шэсыжащ.
ЛIыкIуэхэр, цIыху 28-рэ хъууэ, Куржыпс кIуэжащ, зауэм и унафэр ящIын хуейти.

1922 гъэ, жэпуэгъуэм и 22-м.

Шэрджэсхэм я хасэ. 1834 гъэ

Къэбэрдейхэр. 1836 гъэ

 

«Черкесская правда».
Поделиться:

Читать также: