Дунейм щыхъыбархэр

ЩIыдагъэм и уасэр докIуеиж

Мы илъэсым зэрыщIидзэрэ щIыдагъэм и уасэр хэпщIыкIыу ехуэхыурэ къекIуэкIащ. Абы и щхьэусыгъуэр а продукцэр дунейпсо сату щIыпIэхэм зэрыщызэтрихьарт, коронавирус узыфэм дунейм зэрызыщиубгъуам и зэранкIэ щIыдагъэхэкIыу къэралхэм къагъэсэбэпхэр нэхъ мащIэ зэрыхъуарт, ар дунейпсо экономикэм хуабжьу егуэуэнкIи шынагъуэт.
ЩIыдагъэ къыщIэзыш, абы елэжь къэралхэр а IуэхумкIэ зэрызэгурымыIуэми гугъуехьхэр къыдэкIуащ. Псалъэм папщIэ, гъатхэпэм и 6-м Венэ щекIуэкIа зэIущIэм иужькIэ Сауд Хьэрыпым жиIащ щIыдагъэу къыщIишым хигъэхъуэну, и уасэми кIэригъэхуну. Абы иужькIэ Иракми, Кувейтми, Хьэрып Эмират Зэкъуэтхэми, Нигериеми ар зэрыдаIыгъыр, езыхэми апхуэдэ лъэбакъуэ ячыну зэрамурадыр ягъэIуащ.
Сытми, 2020 гъэм япэ мазищым щIыдагъэм и Brent маркэм и уасэр процент 65,6-кIэ ехуэхащ, WTI лIэужьыгъэр - процент 66,5-рэ. Мэкъуауэгъуэм щIыдагъэ баррелым хуэзэр доллар 22-рэт.
Иджы щытыкIэм зихъуэжащ, щIыдагъэм и уасэри докIуеиж - Brent маркэм хуэдэ баррелым доллар 33-рэ хуозэ. Ауэ абы иджыри хэхъуэну къалъытэ IэщIагъэлIхэм - доллар 35-м щIигъуну жаIэ.
ОПЕК-м хыхьэ къэралхэм мэлыжьыхьым и 12-м зэгурыIуэныгъэщIэ зэращIылIащ. Къэрал 23-рэ арэзы зытехъуа а дэфтэрыр илъэситIкIэ - 2020 гъэм и накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ 2022 гъэм и накъыгъэм и 1 пщIондэ - лэжьэнущ. Абы зэрыщыубзыхуамкIэ, щIыдагъэу къыщIашыр накъыгъэ-мэкъуауэгъуэ мазэхэм зы жэщ-махуэм баррель мелуани 9,76-м, 2020 гъэм и кIэм ирихьэлIэу баррель мелуани 8-м, 2022 гъэм и мэлыжьыхьым ирихьэлIэу  баррель мелуани 6-м нэсу ягъэмэщIэну я мурадщ.

«Евровидение»-ри ирагъэкIуэкIынукъым

Гъуазджэ IэнатIэм щынэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ зэпеуэм - «Евровидение»-м - и мыгъэрей зэхьэзэхуэр Нидерландхэм я Роттердам къалэм накъыгъэм и 12-м къыщыщIэдзауэ и 16 пщIондэ щекIуэкIын хуеящ. Коронавирус узыфэм дуней псор зыхидза гугъуехьхэм къыхэкIыу ари мы гъэм ирагъэкIуэкIынукъым.

ЦIыху куэд зэхуэзышэс апхуэдэ конкурсхэр, зэхьэзэхуэхэр мы гъэм ирамыгъэкIуэкIыныр нэхъ тэмэу къилъытащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм. Уеблэмэ, Европэр къэгъэнауэ, дуней псом дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ щэнхабзэ, щIэныгъэ, спорт махуэшхуэхэри къызэрагъэпэщу ядэркъым мы гъэм. Дызэрыщыгъуазэщи, Японием и къалащхьэ Токио бадзэуэгъуэм и 24 - шыщхьэуIум и 9-хэм къриубыдэу щызэхэтын хуея ХХХII Олимп Джэгухэри дызыхуэкIуэ илъэсым и бадзэуэгъуэм ягъэIэпхъуэн хуей хъуащ.
«Евровидение» зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм накъыгъэм и 18-м унафэ къащтащ уэрэджыIакIуэхэм я зэфIэкIыр къыщагъэлъагъуэ а зэхьэзэхуэр 2021 гъэм и гъатхэм зэхашэну. Къэралхэм я лIыкIуэхэу абы хэтынухэр нэхъ пасэу хэIущIыIу ящIауэ щытащ, ауэ дызыхуэкIуэ илъэсым ардыдэхэр зэпеуэм ямыгъэкIуэжынкIи хъунущ. Псалъэм папщIэ, гуп 41-м щыщу зэкIэ 18-рщ къыкIэлъыкIуэ илъэсым зэпеуэм хэтыну къыхахыжар. Урысей Федерацэм къыбгъэдэкIыу зэпеуэм кIуэн хуеяр «Little Big» гупырщ, ауэ гъатхэ дызыхуэкIуэ пщIондэ ари ямыхъуэжыну иджыпсту зыри щыхьэт техъуэфынукъым.

Нобэ
♦Метрологием и дунейпсо махуэщ
♦Бжьэхэм я дунейпсо махуэщ
♦Фэбжь зыгъуэтам еIэзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ
♦Индыл псым и махуэщ.
Индыл (Волгэ) Урысейм и мызакъуэу? Европэми щынэхъ псышхуэхэм ящыщщ - абы и кIыхьагъыр километри 3,7-рэ мэхъу.
♦1570 гъэм Антверпен (Бельгие) дунейм щыяпэу щытрадзащ географие атлас.
♦1873 гъэм США-м щыщ Страус Леви ищIащ джинсым къыхэщIыкIа гъуэншэдж. А щыгъыныгъуэр ящыщщ иджыпсту дунейм бжьыпэр щызыIыгъхэм.
♦1875 гъэм Париж къыщащтащ метр, литр, килограмм пщалъэхэр.
♦1887 гъэм урысей пащтыхь Александр Ещанэр яукIыну зэрыхэтам щхьэкIэ щхьэпылъэ ящIащ Ленин Владимир и къуэш Ульянов Александррэ абы щIыгъуахэм ящыщу цIыхуиплIрэ.
♦1902 гъэм Кубэм и конституцэмрэ ар Испанием и бжьым зэрыщIэмытыжым теухуа дэфтэрымрэ къащтащ.
♦1939 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ артист», «КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ.
♦1942 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къыдигъэкIащ Хэку зауэ орденым и япэ, етIуанэ нагъыщэхэр къэщтэным теухуауэ.
♦1557 гъэм къалъхуащ урысей пащтыхь, Рюриковичхэ ящыщу иужьрейуэ а къулыкъум пэрыта Федор Езанэр.
♦1799 гъэм къалъхуащ франджы тхакIуэ цIэрыIуэ Оноре де Бальзак.
♦1916 гъэм къалъхуащ совет кхъухьлъатэзехуэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Маресьев Алексей.
♦1927 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гугу Рашад.
♦1935 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЖьэкIэмыхъу Мусэбий.
♦1938 гъэм къалъхуащ усакIуэ, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэх Сэфарбий.
♦1939 гъэм къалъхуащ урысей эстрадэм и артист цIэрыIуэу щыта, УФ-м и цIыхубэ артист Карцев Роман.
♦1948 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм и санитар дохутыр нэхъыщхьэ, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик АкIырэ Аслъэн.
♦1958 гъэм къалъхуащ урысей актёр, продюсер, УФ-м и цIыхубэ артист Гуськов Алексей.
♦1955 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и адыгэбзэ редакцэм и редактор нэхъыщхьэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Тэтрокъуэ Астемыр.
♦1974 гъэм къалъхуащ «Черкес хэку» газетым жэуап зыхь и секретарь, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Абидокъуэ Лусанэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 19 - 20, жэщым градус 14 - 15 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЛIы хахуэр утыкум щощабэ, лIы щабэр утыкум щокIий.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр