Мэрем пшыхь

Дыгъужь бын

(Дадэ и хъыбархэм ящыщщ)

Мэрем пщыхьэщхьэм Дадэ и гурыфI къикIри дигъэтхъэжащ: IэфIыкIэ куэду къытхуищэхури, хьэблэ щIалэ цIыкIум къытхуигуэшащ. ИужькIэ дызэхигъэтIысхьэри, таурыхърэ хъыбаркIэ зыдигъэтIыжащ. Мы хъыбарыр а пщыхьэщхьэм Дадэ къыджиIахэм ящыщ зыщи фыкъеджэ, фигу ирихьмэ, фымыбзыщI.
…ТIэ, си адэшхуэм сригъусэу гъэмахуэ гуэрым уэтэрым сытест Iэпыдзлъэпыдзу. Мэлыхъуэхэм зэпымычу дыгъужь бын и гугъу ящIырт. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, ахэр ди пщыIэм и гъунэгъу дыдэу къэтIысат.
- КъэукIын хуейщ, армыхъумэ псэупIэ къыдатынкъым, - жиIащ мэлыхъуэхэм ящыщ зым. АрщхьэкIэ лэгъупэжьым идакъым.
- Хьэуэ, дыгъужьхэри хьэхэм хуэдэу губзыгъэщ, уеблэмэ хьэхэм нэхърэ нэхъ губзыгъэщ, ахэр щыпсэум и гъунэгъуу зэи щыщакIуэркъым. ЩыщэкIуэн дэнэ къэна, Iэмал ягъуэту нэгъуэщI дыгъужьи щагъэщэкIуэнукъым. Сэ абы фIыуэ сыщыгъуазэщ!
Лэгъупэжьым и псалъэм зыри падзыжакъым.
Махуэ гуэрым си адэшхуэм сэрэ ди закъуэу пщыIэм дыкъытенат. Ди пщэдджыжь Iуэхухэри зэфIэдгъэкIати, хуабжьу сызэшырт. Абы гу лъитэри Дадэ жиIащ:
- НакIуэ, ПIытIыкъ, ди гъунэгъу дыгъужь шыр цIыкIухэр зэрыджэгур уэзгъэлъагъунщ!
Сэ дуней гуфIэгъуэр сиIэу Дадэ и ужьым ситу дежьащ.
- Мо Iуащхьэ папцIэшхуэр плъагъурэ? - зыкъригъэзэкIащ абы си дежкIэ. - Мис абы и лъабжьэм щIэсщ ди дыгъужьхэр.
- Ди гъунэгъубзэщ, - жысIащ сэ.
- Ди гъунэгъубзэщ, - арэзы хъуащ Дадэ. - Ухуеймэ, гъунэгъу Iыхьэ яхуэхь!
Дэ гъуэгум дэддзыхри, Iуащхьэшхуэм жыжьэу къыпэткIухьу щIэддзащ. Апхуэдэу щIэтщIым сегупсысу дыздэкIуэм, Дадэ къэпсэлъащ:
- Зыщумыгъэгъупщэ, ПIытIыкъ, дыгъужьхэр мэкIэ бзаджэщ. ЗанщIэу дыкIуэмэ, жьыр ди щIыбагъымкIэ къоуэри дыкъащIэнурэ загъэпщкIунут, иджы дыкъамыщIэу гъунэгъу дыдэу декIуэлIэфынущ.
Куэдыщэ дымыкIуу мывэшхуэ гуэрым и къуагъым дыкъуэтIысхьащ.
- Дежьэнщ, ахэр мыгувэу къикIынущ гъуэм, зыри жумыIэу щыс, - унафэ къысхуищIащ си адэшхуэм, дыгъэм еплъурэ.
Пэж дыдэу куэдрэ дызэпагъэплъакъым дыгъужь шырхэм. Ахэр я анэм и гъусэу тафэм къытехутащ. Шырхэр тху хъурт, гъэщIэгъуэн гуэрури джэгухэрт. Я джэгукIэр зыкъомкIи ди пщыIэм тес хьэпшырхэм я джэгукIэм ещхьт, ауэ къызгурымыIуэ гуэрхэри хэлът. Дыгъужь анэжьыр и лъакъуэхэр щIиукъуэдиикIауэ щыст, и шырхэр зэрыджэгум кIэлъыплъу, зэзэмызи и дзэлыфэр яхуитIу.
- ЗэрыщэкIуэнум хуегъасэ, - къызэIущэщащ Да­дэ, и закъуэрыуэ фочыр мывэм ириупсейуэрэ.
- КхъыIэ, Дадэ, уемыуэ, - селъэIуащ сэ си адэшхуэм.
- Iэу, ПIытыкъ, дауэ сеуэн! Гуэныхькъэ, тхьэмыщкIэхэр, я дыгъужь папэр яукIауэ, адэншэу къохъу.
И бынхэр зэрыджэгум зыкъомрэ кIэлъыплъа нэужь, дыгъужь анэжьыр къэтэджри хуэмурэ IукIри, здэкIуари сымылъагъуу бзэхащ.
Сэ сызэгупсысыр къищIа хуэдэ, Дадэ жиIащ:
- И бын цIыкIухэм яшхын къахуихьыну щакIуэ ежьащ.
… Бжьыхьэр къихьауэ ди пщыIэм дыгъужьхэр къытеуэри, зы щынэ бэгъуа яхьащ. Ар я жагъуэ хъуауэ чэтыр къыздаплъыхьым, лэгъупэжьым жиIащ:
- Мы ныжэбэ ди хьэщIахэр дыгъужь щIалэхэщ, шэч хэмылъу, ди гъунэгъухэр арагъэнущ.
- Сыт щхьэкIэ, дыгъужьхэр я гъунэгъуу щымыщакIуэу жызыIар уэракъэ? - щIэупщIащ мэлыхъуэхэм ящыщ зы.
- Ахэр иджыри щIалэщ, хабзэр ящIэркъым, - и фIэщыпэу жиIащ лэгъупэжьым.
А махуэ дыдэм Дадэ сэрэ аргуэру дыкIуащ дыгъужь быным я деж. Япэрей мывэжьым дыкъуэтIысхьауэ дыздыкъуэсым, дэ тлъэгъуар телъыджэщ. Дыгъужь анэжьым и шыр цIыкIухэр дзапэкIэ къищтэурэ хыфIидзэрт, едзакъэурэ игъэпщIэурт. ПщIэнтэкъым ахэр езым и быну.
- Хьым, - къыпыгуфIыкIащ Дадэ, - ныжэбэ къахьа щынэм щхьэкIэ ешхыдэу аращ и шырхэм! Ешхыдэ уэ, дыгъужьыжь, ешхыдэ!
Журт  Биберд.

ГушыIэхэр

Гъэмахуэм  хуабэ  дыдэ  мэхъу

ЩIымахуэт. Хъуэжэ и деж и цIыхугъэ гуэр хьэщIэу къеблэгъат. Унагъуэ бейм къыхэкIа, пэш хуабэм щыпсэууэ еса хьэщIэм игу ирихьакъым Хъуэжэ и хьэщIэщ щIыIэр. ИужькIэ, зыхуэмышыIэу, ар Хъуэжэ къеупщIащ:
- Мыпхуэдэ пэш щIыIэм дауэ фыщIэсыф? Сыт щыгъуи мыпхуэдэу щIыIэ фи пэшыр? - жиIэри.
- Хьэуэ, сыт щыгъуи щIыIэкъым, гъэмахуэм хуабэ дыдэ мэхъу, - жиIащ Хъуэжэ.

Сыкъэушмэ, пщIыхьэпIэт!

Абрэдж гуэр гупым яхэсу игъэхъахэр яхуиIуэтэж пэтрэ, къуажэ  тетыр хьэщIэщыбжэм Iухьащ. Псалъэмакъыр щызэхихым, щIэмыхьэу бжэм кIэрыувэри кIэщIэдэIухьащ. Абрэджым иIуэтэжырт пащтыхьыгъуэм и тетхэм я бийуэ зэрихьа лIыгъэхэр, полицэхэм зэрезэуар, зэраIэщIэкIар.
«Мис иджы гупыр щыхьэту къэзумысащ абрэдж хахуэр», - жиIэу тетыр бжэр Iуихри щIыхьащ.
Абрэджыр абы къыIуплъэри, къызэредэIуар къыщыгурыIуэм:
- Сыкъэушмэ, пщIыхьэпIэт! - яжриIащ зи жьэ ущIауэ къедаIуэ гупым.

Хьэндыркъуакъуэхэм я  бзэр  ищIэрт

Пщым Хъуэжэ чэнджэщэгъуу къищтат. Махуэ гуэрым ар здришажьэри, и хэкур къиплъыхьыну пщыр гъуэгу теуващ.
Куэд къызэхакIухьа, мащIэ къызэхакIухьа, шэдым зэщIищтауэ зыщIыпIэ гуэрым ахэр нэсащ.
Шэдхэм хэс хьэндыркъуакъуэхэр, зым адрейр кIэлъыджэ хуэдэу, зэрыгъэкIийхэрт. Асыхьэтым ину щатэри, пщыр Хъуэжэ къыхуеплъэкIащ:
- Сэ иджы зыт къысхуэтыжыр. Ар хьэпщхупщхэми хьэкIэкхъуэкIэхэми я        бзэр ищIэу зы чэнджэщэгъу сыхуейт, - жиIэри.
- Абыхэм я бзэр сэ тIэкIу къызгуроIуэ, сытыт, зиусхьэн, узыхуейр? - еупщIащ Хъуэжэ пщым.
- Сыт атIэ а хьэндыркъуакъуэхэм зэжраIэр? - щIэупщIащ пщыр.
- Мы щIыпIэм шэду щыIэр яфIэмащIэу ахэр зэроукI. Ауэ хьэндыркъуакъуэхэм я нэхъыжьыр уэ хуабжьу къыпщотхъу: «Фымыгузавэ, - яжреIэ абы зэрыгъэкIий хьэндыркъуакъуэхэм, - мо блэкI пщыр   псэумэ,  щIыпIэ псори  шэд  зэфэзэщ  хъунщи  дытыншыжынщ».
Хьэндыркъуакъуэм къигъэгубжьа  пщым зэры­нэсыжу унафэ ищIащ шэдхэр ягъэгъущыну.

Махуэ Iэлисэхь.

IуэрыIуатэ

Мэлыхъуэмрэ  пщымрэ

Псыжь и Iуфэ пщитI Iуст - зыр адрыщIкIэ, зыр мыдрыщIкIэ. АдрыщIым ис пщым и гъунэгъум ебзэджэкIын мурад ищIащ. ЛIыкIуэ хуигъэкIуащ:
- Уи хакIуэр умыгъэщыщ, абы и щыщ макъыр зэхихмэ, си шыбзым щинэжынущ, - жери.
ХакIуэр щыщынумэ, и жьэр пхуэубыдын? Зыпс фIэкI я мызэхуакуми, хакIуэм и щыщ макъыр адрыщIым нэIусынутэкъым, псыр уэрт, уафэгъуагъуэ хуэдэ Iэуэлъауэрти.
- ХакIуэм сыт и лажьэ, фIэгъэнапIэщ зылъыхъуэр, - жиIащ мыдрыщIым ис пщым. - Сыт ди жэуап? - жылэм ечэнджэщащ.
Пщым и мэлыхъуэм жиIащ:
- ЩIалэ зыбжанэ зыщIызгъунщи, псым сызэпрыкIынщ: сэ хуэсхьынщ жэуап.
ЩIалэ зыбжанэ зыщIигъури, мэлыхъуэр Псыжь зэпрыкIащ, бжэгъу зырыз къащтэри.
Псым зэрызэпрыкIа нэхъ хэлъакъым: къуажэм дэувауэ я хьэхэр зэтраукIэ. Пщым хъыбар ирагъэщIащ:
- Ди гъунэгъум я щIалэхэм, псым къызэпрыкIауэ, ди хьэхэр зэтраукIэ, дапэлъэщыркъым.
- Мыдэ къысхуэфшэ! - унафэ ищIащ  пщым.
Хуашащ.
- Сыт хьэхэр щIызэтевукIэр? - къахуилъащ пщыр.
- ЗэтедукIэнкъэ, - жиIащ мэлыхъуэм. - Ди мэлыр къущхьэхъу тхуащи, фи хьэр мэбанэри, мэлыр ягъэхъуакIуэркъым: щтэри хьэрэкъуакIэ дыхьэжащ.
- Ар дауэ хъунт! - игъэщIэгъуащ пщым. - ПцIы щхьэ къысхуэвупсрэ? Мыхъунщ къызжефIэр.
- Ди хакIуэм и щыщ макъыр фи жылэ къыщыIускIэ, фи хьэм я банэ макъыр къущхьэхъу нэIусынкъэ? - жэуап иритыжащ мэлыхъуэм.
АдрыщI ис пщыр укIытэжри, и гъунэгъум и Iуэху зэрихуэжакъым.

Псалъэ шэрыуэхэр

Уи напэр пщэжкIэ къулей ухъунукъым

ГъащIэм нэхърэ нэхъ  егъэджакIуэшхуэ  щыIэкъым.
Жьэм хужымыIэр нэхэм къаIуатэ.
Сом чэму сом мин щыIэкъым.
Дахагъэр Iэпкълъэпкъым, гуапагъэр псэм хэлъщ.
Театрыр цIыхубэм я гъуджэщ.
ЗимыIуэху зезыхуэр зэи Iуэхуншэ хъуркъым.
«Акъылыр схуэчэмми, къару сиIэщ», - жиIэу гуфIэрт щIалэжьыр.
Насыпу щыIэм я нэхъыфIыр унагъуэ насыпырщ.
Зыщалъхуа Хэкум щымыпсэужым гъащIэм и IэфIыр фIыуэ зыхищIэркъым.
Куэдрэ зи щхьэ щытхъужу псалъэр, щIэх дыдэу цIыхухэм къаужэгъу.
Шыдым тесри шум йохъуапсэ.
Адыгэ жьэгум и тетыр унэгуащэрщ.
Ахъшэ зи мащIэм бохъшэ зэрихьэркъым.
Адэ-анэм емыдаIуэм гуIэу гъащIэр ехь.
Гуащэр щытепщэм пщыр щеудыхащ.
Адэ-анэ мыхъумыщIэхэри бын хъуа-щIа щогугъ.
Хьэхуу ептар къыщеIыпхыжкIэ къопэбжьауэмэ, апхуэдэ IуэхукIэ афIэкIа пэщIэщIэгъу  зыхуумыщI.
Узыхуэныкъуэ къэплъыхъуэным емыкIу хэлъкъым.
Псыр зэрыщытым нэхърэ нэхъ ткIуаткIуэ пхуэщIынукъым.
Сыт хуэдэ фащэри цIыхум къыхуэзыхьыр зэманырщ.
Убзэрабзэу щIыхуэ пIех, гыбзэр и телъхьэу къуетыж.
ЦIыхум фIыуэ къалъагъур насыпыфIэщ.
И IитIыр зэрынами, и жьэр джатэм хуэдэщ.
Зи псэ мыкъабзэ цIыхум и псалъэр гуауэщ.
Пэжыр хэт и дежкIи жыIэгъуейщ.
ГушыIэ здэщымыIэ Iэнэм щысыгъуейщ.
УнафэщIыр куэдрэ кIиймэ, Iуэхум химыщIыкIыу аращ.
Нэхъыжьым жиIэм емыдэIуэфым, нэхъыщIи къигъэдэIуэфынукъым.
Дуней жэнэтым ухуеймэ, зэгурыIуэ здэщыIэ къэлъыхъуэ.
УиIэ мащIэмкIэ уарэзымэ, икъукIэ укъулейщ.
Бгъэдэт гу къабзэкIэ ныбжьэгъум, акъылкIэ бгъэдэтыф уи бийм.
Уи напэр пщэжкIэ къулей ухъунукъым.
ЦIыхум хуэпщIэр щыгъупщэжми, епщIэр щыгъупщэжыркъым.
Псори зэхуэдэу фIыуэ зылъагъуф щыIэкъым.
Хэхъуэ зиIэм хъуэхъу хужаIэ.
УзыфIрэ зауэфIрэ щыIэкъым.
Сыт хуэдэ лъагагъми и къежьапIэр щIылъэращ.
ФIым къыхуэмышэр Iейм къеху.
Мы зэзымыпэсым мыIэрысэ хуэфащэкъым.
Уи псалъэри уи мылъкум хуэдэу зэгъэзэхуэн хуейщ.
Сабий макъхэр уи пщIантIэм къыдэIукIмэ, уунагъуэ насыпыфIэщ.
Зыри зумыщIэфыну Iуэху гуауэр, лIыгъэ зыхэлъхьи шэч.
Аргъынэ уэдым Iэмбатэ пшэр зэи къуитынукъым.
Сыт хуэдэ удзми езым и гъэгъэкIэ иIэжщ, дэтхэнэ цIыхуми езым и псэукIэ зэриIэжым хуэдэу.

КIурашын  Алий.

Прозэу   тха  усэхэр

Колумб  зэрыгуфIар сытым  щыщ!

Мазиблым ит хъыджэбз цIыкIур махуэ зытIущ хъуауэ яIэщIопкI, яIэщIолъ, яхуэубыдыжыркъым. И анэшхуэр егъэбэлэрыгъри, щIым зредзых. Ауэ фызыжьыр мапхъуэри и къуэрылъху цIыкIур, цы Iэрылъхьэу, къеубыдыж. Ар и гуапэ хъуркъым сабийм: и анэшхуэм и Iэблэм зыкъригъэцIэнтхъуэхыну адэкIэ-мыдэкIэ зеIуантIэ-зешантIэ.
- Мы плъагъум сыпэлъэщыжыркъым: къикIухьынущ! - жеIэ анэшхуэм, сабийри, щымыхъужым, щIым гъунэгъу хуещI.
Хъыджэбз цIыкIум и лъакъуэ лъэныкъуэр ирегъэлэлэх икIи щIым япэу йоIусэ. Япэ дыдэу! МэгуфIащэри, и нэр щоункIыфIыкI, и лъакъуэ цIыкIур къепхъуэтэж, и нэр зэтрепIэри къызэтрехыж: дыгъэм зыщхьэпредзри зыкъыщхьэпредзыж.
Сабийм и лъакъуэ цIыкIур аргуэру ешийри, етIуанэу щIым йоIусэ: аргуэру дыгъэм зыщхьэпредзри зыкъыщхьэпредзыж.
Америкэр къыщилъэгъуам Колумб зэрыгуфIар сытым щыщ, япэ дыдэу щIым щеIусам а сабийм ­къигуфIам елъытауэ!

Сыт  пщIэфын?

- ЖьакIэупсу улэжьэфыну?
- Хьэуэ: си Iэпэ-лъапэр мэсыс.
- Ушофёрыфыну?
- Хьэуэ: си лъакъуэ лъэныкъуэр фIыуэ къыздэбзыркъым.
- Дэрбзэру улэжьэфыну?
- Абыи сыкъикIыркъым: сынабгъэщ.
- НтIэ, жэщ плъыру…
- Ари хъунукъым: сычэфу сыIурихмэ, сыкъыпхуэгъэушынукъым.
- СщIэркъым-тIэ пхуэсщIэнур… къэрал пхузехьэн?
- Ауэ сытми зесхьэн: сыт абы хэлъыр?!

Къэжэр Хьэмид.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр