Артистхэм ветеранхэр ягъэгушхуэ

Бахъсэн районым къыщызэрагъэпэщащ артистхэмрэ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэмрэ зыхэт «Фронтовая бригада» гупыр. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я унэхэм кIуэурэ абыхэм нэгузыужь концертхэр ят.

Iуэхур къызэзыгъэпэщахэр щыIащ Кременчуг-Константиновскэ къуажэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеран Боченков Василий и деж. Узыфэ зэрыцIалэм и зэранкIэ, Василий къыдэкIыфакъым мобильнэ автоклубыр къыщыпэплъэ уэрамым нэс. Артистхэмрэ «Кавказ» цIыхубэ ансамблым хэтхэмрэ абы и унэм и гупэм деж зауэ уэрэдхэр щагъэзэщIащ.
Боченков Василий абыхэм фIыщIэ щахуищIым жиIащ гулъытэ къызэрыхуащIамрэ къызэрехъуэхъуамрэ гуапэ зэрыщыхъуар.
Iуэхум къыхыхьащ «Баксанская ЦРБ» ГБУЗ-м и унафэщIхэр, ветераным саугъэтхэмрэ ерыскъыпхъэхэмрэ къыхуэзышахэр икIи Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къыщытхьыным и гуащIэ зэрыхилъхьам папщIэ фIыщIэ хуэзыщIахэр.
Апхуэдэ хъуэхъухэмкIэ къэрал псом и ветеранхэм иджыпсту щIыналъэхэм щыпсэухэм зыщыхуагъазэ. «Фронтовая бригада» гупым хэтхэр накъыгъэм и 9-м щыIащ Хэку зауэшхуэм и ветеран Кобылкин Иван и дежи.

 

Чылар Аринэ.
Поделиться: