Топыр къыдэдзынымкIэ зыри къыпэхъунутэкъым

Мелард бжыгъэкIэ цIыхухэр дунейм щы­псэуащ, щопсэу икIи щыпсэунущ. Абыхэм ящыщу мелуанхэр топ мэджэгу. АрщхьэкIэ, гум къинэжыр гъащIэм е зыпэрыт IэнатIэм лъэужь дахэ къыщызыгъанэхэращ. Апхуэдэу щытащ Iэпщэ Александр. Ар Тбилиси и «Динамо»-мрэ Налшык и «Спартак»-мрэ яхуэу­гъурла къудейкъым, абыхэм япэ дыдэу чемпионыгъэр зыIэрагъэхьэнымкIэ сэ­бэп яхуэхъуу, атIэ топджэгушхуэм и «псалъэ щыжызыIэфащ».

Iэпщэ Александр хуэдэу жыжьэу топыр IэкIэ аутым къыдэзыдзыф ди къэралым зы футболист исакъым икIи искъым. Абы идза топыр метр ­50-м (!) нэблагъэкIэ лъатэрт. А Iуэхугъуэм иригушхуэрт къыдэджэгу­хэмрэ къыдэщIхэмрэ, ауэ я хьэрхуэрэгъухэм я ­гъуащхьэхъумэхэр бэлыхь хидзэрт.
Адыгэ щIалэм и Iэзагъыр апхуэдизкIэ нэщIысати, зэрагъэщIэгъуэнур ящIэртэкъым. Копэ Раймон (Франджы) и пеналь­ти гъэзэщIэкIэм, Месхи Михаил (Куржы) и хьэрхуэрэгъу къэгъэпцIэкIэм, Роналду Криштиану (Португалие) и штрафной еуэкIэм е Лобановский Валерий (Украинэ) и угловой къыхэтэкIэм хуэдэу Iэпщэ Александр IэкIэ и топ къыдэдзыкIэр зыми емыщхь Iэмал гъуэзэ­-джэу дунейпсо футболым и тхыдэм хыхьащ.
Футболист ныбжьы­щIэ­хэр зэрагъасэ тхылъхэр щызэхалъхьэм, Iэпщэ Александр IэкIэ и топ къыдэдзыкIар абы хагъэ­хьащ. IэщIагъэлI куэдым а Iэмалыр зэпкърахащ икIи яджащ. Нэхъри ирагъэфIэкIуауэ, иджы ар нобэми куэдым сэбэп ­яхуохъу.
Олимп чемпион, спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, совет футболист цIэ­рыIуэ Ильин Анатолий «Дэ япэу дыщытащ» тхылъым ­щетх: «Сызыхэт Мэзкуу и «Спартак»-м сыт щыгъуи и хьэрхуэрэгъу къа­лащхьэм и ­«Динамо»-м гъуащхьауэ щIалэ­щIэ Iэпщэ Алек­сандр щы­хыхьам, сэ си джэгу­гъуэ лъэхъэнэр и кIэм нэб­лэ­гъат. Абы егъэлеяуэ топ куэд дигъэкIыртэкъым, ауэ аутым щыту IэкIэ топ къызэрыдидзыр зыхуэбгъэдэн щымыIэт. Апхуэдэхэм иужькIэ, ар гъуэм хуэзанщIэмэ, хьэрхуэрэгъухэр гужьейрт. Iэпщэм, зыуи къыщы­мыхъуу, топыр метр пщы­кIузыр щагъэзащIэ щIы­пIэм фIигъэкIыфырт икIи угловой къыщыхатэм нэхърэ къыпэщIэтхэм я Iуэхур нэхъ шынагъуэ ищIырт. Сэ абы набдзэгубдзаплъэу зыхэзгъэгъуэзащ. А Iэмалыр хэти хузэфIэкIынутэкъым: куэдрэ зыхуэгъэсэным ­къищынэмыщIауэ, абы пап­щIэ хуабжьу къаруу­ш­хуэ ббгъэдэлъын ­хуейщ».
Мис апхуэдэ зыужьы­ныгъэ футболым ири­гъэгъуэтащ Iэпщэ Александр. Иджыпсту куэдым зрагъэсащ топыр IэкIэ жыжьэу икIи зыхуейм хуэзэу къыдадзыфу. Ауэ Iэпщэм зыри абыкIэ ефIэкIыфынукъым, сыту жыпIэмэ, къытращIыкIыжар сыт щыгъуи нэхъыкIэщ щапхъэ яхуэ­хъуам нэхърэ.

 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: