Хъуэрыбзэхэр щызэпадзыжу щытар

Адыгэхэм щIалэгъуалэр зэи дэкъузауэ яIыгъакъым, ауэ хуагъасэрт емыкIу ямы­лэ­жьыным, лей зэрамыхьэным. ЩIалэ­хэмрэ хъыджэбзхэмрэ хуиту щы­зэ­ры­цIыхурт икIи щызэдэгушыIэрт хьэгъуэ­лIыгъуэхэм, гуфIэгъуэхэм,  тхьэлъэIухэм. ИкIи гухэлъ щы­зэ­хуащI­кIэ, а гурыщIэр зэрызэхуаIуатэм щхьэ­хуэ­ныгъэ хэлът, хъуэ­рыбзэрэ щIагъыбзэкIэ а ­ тIур зэпсалъэрт.

Хъыджэбзыр и гукъыдэж къудейкIэ хьэ­гъуэлIыгъуэм е гуфIэгъуэ Iуэхугъуэм хэтыну ­кIуэну къезэгъыртэкъым. Ар гу­фIэ­гъуэр зиIэ уна­гъуэм я нэхъыжьхэм я цIэкIэ ирагъэблэгъэн ­хуейт. Абы щыгъуэми, хъыджэбзым и щхьэ пщIэ хуищIыжу щытмэ, езым и закъуэ тридзэу кIуэнри ­къе­кIуртэкъым. И дэлъху е дзыхь зы­хуищI щIалэ, е гуфIэгъуэ зиIэм ящыщ къакIуэу яшэн ­хуейуэ арат хабзэр. И адэ-анэм хуит зы­къригъэщIу зэрашам ещхьыркъабзэу, къашэжу къратыжын хуейт.
Апхуэдэ зэхыхьэхэм и деж хъыджэбзыр псэлъэрей, дыхьэшхрей, къэфэрей хъуну­тэкъым. ЕмыкIушхуэт хамэ щIалэ, имы­цIыху, имыIыхьлы и гъусэу хъыджэбзым ­зэгъуэкI зи­щIынри. Удж дыдэм щыгъуи ар зы щIалэм куэдрэ къыдэудж хъунутэкъым. Гухэлъ  зэхуэзыщIа щIалэмрэ хъыджэбзымрэ нащ­хьэ-IущхьэкIэ зэрыщIэрт, хъуэр гуэрхэр зэ­падзыжырт, уджым зэдыхыхьэрт. Уджым зэ­рыхэт напIэдэхьеигъуэрат ныбжьыщIэхэм нэхъыбэу я гухэлъхэр ща­Iуатэр. ИкъукIэ хьэлэ­-        мэ­тыщэт хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я хъуэ­рыбзэхэр. Ахэр ­нэхъ къы­щагъэсэбэпыр я гурыщIэр щызэ­хуаIуатэм дежт. Апхуэдэуи къупщхьэ къута е уIэгъэ зиIэ сымаджэм щIопщакIуэ щы­хуащIкIэ, хьэгъуэлIыгъуэ дауэдапщэ ще­кIуэкI­кIэ абы зэхуэс щIалэгъуалэм Iэмал яIэт зэпсэлъэну, зэдэгушыIэну. ИтIани ягу илъ псори ­яIуа­­тэ хъуртэкъыми, хъуэрыбзэкIэ зэры­щIэ­хэрт.
Хъуэрыбзэм и зы щапхъэ:
- Зи нэ фIыцIитIыр пыжьынэ,
Зи нэкIущхьитIыр пкъынэплъ,
СызэрыпIуплъэу сыптхьэкъури,
Уджым укъыхэсшащи,
Зумыусыгъуэджэу дызэгъэпсалъэ.

- Сыномыпсэлъэну сыбзагуэкъым,
Удж бдэзмыхьынуи сыпагэкъым.
УуэршэракIуэмэ, шэщIэхум кIуэ,
Ухъыджэбзаплъэмэ, усхэкIыжащ.

- Псыр зэгуэжу яку сыкъыдэкIакъым -
Агъэнокъуэпщым срикъуэщ,
Дыжьын шырыкъукIэ сощакIуэ,
Уи дыщэ пыIэр хьэзырщ,
УкъыздэмыкIуэм усхьынщ,
Си дахэ цIыкIуу пыжьынэ.

- «Сыпщщ» жыпIэу, зыкъып­фIэ­мы­щIыж,
«СылIщ» жыпIэу, удж укъыхэмыхьэ,
Уафэм пкIэлъей къысхуебдзами,
Уи дзэпкъыр шы фIэдзапIэщ,
Уи тхыпкъыр къыр хьэдзэщ,
Уи щхьэцхэр икIащ,
Хабзэщ жысIэу удж сыбдыхыхьа щхьэ,
Сыту щIэхыщэ зыкъыпфIэщIыжа.

- УIуэрбжэрылэу хэт ищIэнт,
Уд фызыжь цIыкIуу, щIыкIей,
Къаз къурмакъейуэ пщэ псыгъуэ,
УтхьэIухудуи уимыгугъэж, -
ЖиIэри, щIалэжьым игу игъэзэгъэжащ.

Поделиться:

Читать также: