ХъийикIыгъуэ

Уэрэнт и сэмэгурабгъум деж хьэтыдзэр къыщытт куэд щIауэ, Къэдеш бийр къыдыхьэу, зы­щIы­пIэ деж щетIысэхыным ежьэу. Фирхьэуным и дзэр зэ­кIэрыхуат, Iыхьэ-Iыхьэу щIыпIэ-щIыпIэкIэ хэпхъати, хьэтхэм я Iуэхур нэхъ тынш хъуауэ къалъытэщ, Уэрэнт къызэп­ры­сыкI­ри, къатеуауэ арат.
Борэн къыкъуэуам хуэдэу къызэрыхь дзэшыгу зэщIэщIахэр къыщысым, Къэдеш нэблэгъа Ра гупым къэхъуар къагурыIуакъым. Удын гуащIэу ижьы­рабгъумкIэ къебгъэрыкIуа хьэтыдзэм мысыр уэрыр тIууэ щызэкIэщIихум, иужь итахэм я псэ ирахьэжьэри щIэпхъуэжащ, нэхъапэ ищахэм къахэна щIа­гъуэ щымыIэу, зэтракъутащ.
- Фирхьэуныр хуиту къэдухъуреихьмэ, зауэр нобэ мыбдеж щиухынкIэ хъунущ, - аддэ жы­жьэу щекIуэкI зауэ гуащIэм хэплъэу жиIащ МывэтIалэ.
Хьэт къэралыгъуэм и пащ­тыхьым и Iэр зэриIэту зрачыну хьэзыру дзэшыгу зэщIэщIа мин МывэтIалэ и щIыб къыдэтт. Псым мыдрыщIкIэ, лъэсыдзэ минипщIым Хьэтусилэ я пашэу къыщытт.
- ДутIыпща къумалхэм дыкъагъэщIэхъуакъым, зиусхьэн. Сэ сщIэрт абыхэм гу зэра­кIуэ­цIы­лъыр, - жиIащ Къаркъэмыш щIыналъэм и унафэщI ЦIру, игъэ­кIуа щIалитIыр зэраукIар быдэу ищIэу.
- Дауэ уеплърэ, ЦIру, Мы­сы­рым и дзэкIэр къэмыс щIыкIэ а бэджейм и щхьэр къысхуахьыну пIэрэ? - тхьэхэр къызэрыхуэфIыр илъагъуми, МывэтIалэ гурыщхъуэ гуэрхэр ищIырт.
- Уи чэнджэщэгъу нэхъыщхьэм зэхуигъэхъуащ псори, зиусхьэн! Шэч къытумыхьэ. Хуабжьу щIалэ Iущу къыщIэкIащ ди пщы­къуэр! - Хьэтусилэ и щIыхьымрэ и пщIэмрэ зэрызиIэтам и щы­хьэтт къаркъэмышыжьым и псалъэхэр.
Фирхьэуным и гъусэ гупыр мащIэми, лъэрызехьэу къы­щIэкI­ри, хьэтхэр къагъэуIэбжьыжу къапэщIэуващ. Уэрэнт къызэп­рысыкIа зауэлIхэм языныкъуэр Рамзес езэуэху, дзэкIэр езы­хужьа гупым зрихьэлIа хъу­гъуэфIыгъуэр зэхадыгъуэху, хы Iуфэм Iуту къежьа Сет уэрыр къэсащ. Абдежым фирхьэуным ебгъэрыкIуа хьэтхэм ящыщу зы цIыху къэмынэу къызэтраукIащ Сетым щыщ зауэлI къыхэ­щы­пыкIахэм.
ДэнэкIэ уи щхьэр умыгъэзами лъыкъуалэт. УIэгъэ хъуауэ уз гуа­щIэм зи гущхьэр ичатхъэ зауэлIхэр къыхэщэIукIырт. Хьэтхэм къагупсыса шыгу зэщIэщIа ажалырыхьхэм мысыр зауэлI­хэр тIууэ зэпаупщIауэ Iэпкъынэ-лъэпкъынэ щхьэхуэхэр щылът ихъуреягъкIэ. Апхуэдэ дыдэу, хьэтхэр зыщыгугъа, зэрыпагэ афэ джанэхэри мысыр джыдэ зэщIэлъыкIахэм къызэгуапхъат, зауэлI хахуэхэм я бгъэгухэм, я щIыбхэм къызэмылыну дыр­къуэхэр ирадзауэ. Псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр выщIэ губжьам хуэдэу, зауэ губгъуэм щыуфэ­разэ фирхьэунырат. Къамы­лы­фэу щытауэ умыщIэжу, абы и щIыфэр хьэт зауэлIхэм къащIэжа лъым дыхьэрэну ириIат, и IитI­ми яIэщIэлъ джыдэ зы­рызым лъыр къапыткIуу, езыр бауэбапщэу щытт ар, бийм и лъэны­къуэмкIэ плъэуэ. Къэгъази икIуэти ищIэжыртэкъым. Рамзес быдэу игу ирилъхьат: абы и хьэдэр нобэ е Къэдеш къыщи­нэнут, е МывэтIалэ и къэралы­гъуэр иубыдынут.
МывэтIалэ и Iэр иIэтащ, шыгу зэщIэузэда миным гъуэгур хуит яхуищIу. Хьэтыдзэм щIыр къриуду зричащ я пщышхуэр и пашэу. Шыгу зэщIэузэдахэм я ­бгъуитIым епха джатэ кIы­хьыжь­хэр дыгъэм пэлыдырт, ажал фIыцIэм и нитIу къицIуукI хуэдэ, шабзауэ Iэзэхэм мысыр зауэлIхэр хагъащIэрт, ­гъущI бжыкI папцIэхэр ягъэIэкIуэрт. КъарукIэ хьэтхэр нэхъ лъэщми, мысырыдзэр Iэщэ бзаджэхэмкIэ зэщIэузэдати, зэрытегъа­кIуэртэкъым.
И чэзум къэса Птахъ гупым къыздаша бжырыбжхэр къыщашэщIым, хьэтыдзэр нэщанэуа­пIэ хъуащ. Птахъым и япэ сатырымрэ ещанэмрэ шыза­къуэгу защIэу, етIуанэр лъэсыдзэ мин бжыгъэ ирикъуу дзэ гуа­щIэт. Жыжьэу къагъэува шабзэ жы­жьэрыуэхэр емынэрылъху Iэщэу къыщIэкIащ - уазэры­лъэ­Iэсын е къызэрыбгъэувыIэн Iэмал щы­Iэтэкъым, япежажьэ­хэри нэмыс щIыкIэ къыхагъащIэрт. Хьэтыдзэм и шыгу зэ­щIэ­у­зэдахэр мысыр шы­за­къуэгухэм нэхърэ нэхъ хьэлъэт, цIыхуитI-щы зэ­рисым къыхэкIыуи, минрэ нэхъ лъэщми, зэрызыхуэмы­гъа­зэм, зэрыхуэмым къыхэкIыу, бе­дэхъауэу утыкум иту къыпщы­хъурт. Ауэ щыхъум, хьэт­хэм я лъэсыдзэр Уэрэнт къызэп­ры­кIащ. Пщыхьэщхьэ­хуегъэзэкI хъуа­уэ хьэтхэм я насып къихьауэ, текIуэныгъэр я Iэрылъхьэу къащыхъуат. Ауэ, ипэIуэкIэ ирахужьэжа, Ра уэрым и зэхуэдитIым къагъэзэжри, хьэт лъэсы­дзэм и щIыбагъымкIэ къыщебгъэрыкIуащ.
Хьэтусилэ къыгурыIуащ икIэ­щIыпIэкIэ икIуэтын зэрыхуейр. Мысырыдзэм къыхэнэжа щIагъуэ щымыIэми, хьэтхэр лъэныкъуищкIэ къаухъуреихьати, шабзэ жыжьэрыуэ защIэкIэ зэт­раукIэфынут. КъищынэмыщIауэ, мысыр бжыкI кIыхьхэр Iэщэ гуащIэ-бзаджэу къыщIэкIат. ЦIыху зэхэгъэж имыIэу апхуэдизкIэ зауэ гуащIэти, лъэны­къуи­тIми япщхэр щыхэтыр ящIэртэкъым.
- Нэвгъазэ! Псым адрыщIкIэ! Нэвгъазэ! - къэIуащ икIэм-икIэ­жым Хьэтусилэ и макъ.
Хьэтыдзэр Уэрэнтыпс къы­зэп­рыкIыжри, Къэдеш быдапIэм дэтIысхьэжащ, мысырыдзэр ап­хуэдизкIэ зэтракъутати, кIэлъыпхъэрыну тегушхуакъым. Аргуэру зэрытемыгъэкIуауэ жыпIэмэ, ущыуэнутэкъым. Арами, унафэ гуэр щIын, зыгуэрым къытеувыIэн хуейт.
- Шыхэр ешащ, упщIыIужрэ загъэпсэхужа нэужь гъэпскIын хуейщ. ИтIанэ вгъашхэ. Хьэ зэтеуда хэлъу Iус мащIэ ефт, - псынщIэу унафэ ищIри, Хьэтусилэ пащтыхьым деж иунэтIащ.
Абы ищIэрт и къуэш нэхъы­жьыр уIэгъэ хьэлъэ зэрыхъуар.
МывэтIалэ лъы куэд фIэкIуэдат, дзажэналъэ зыбжанэ ­къутауэ къыщIэкIынут, и щIыфэми уIэгъэшхуэхэр телът.
- … ДызэрихьэлIат. Рамзес сэ­рэ… СылъагъэIэсакъым. Зы у­дын закъуэкIэ зэфIэкIынут зауэр… - зэхэпх къудейуэ Iущащэрт уIэгъэ хъуа пащтыхьыр.
- Зиусхьэн! - щхьэщылъэдащ абы Хьэтусилэ, гужьеяуэ.
- Хьэтусилэ! ЗымащIэ тIэкIущ иIэжар, - мэIущащэ зи Iупэр IурыущхъуэнтIыкIа пщышхуэр.
- Iэзэм фыкъеджа? - и нитIыр пащтыхьым къытримыгъэкIыу щIоупщIэ Хьэтусилэ.
- ДыкъеджакIэщ, зиусхьэн. Мис­ри, къэсащ.
ЛIы пIащэ хэщIыхьа гуэр къыщIолъадэ, и плIэм къэлътмакъ гъуабжэ едзэкIауэ.
- ПсынщIэу! ПсынщIэу! Ди пщыр пIэщIэкIмэ, псэууэ ущIэ­кIынукъым мы шэтырым, - пежьащ абы пщыкъуэр.
Iэзэм щхьэщэ ищIри, епIэ­щIэкIыу пщым щхьэщыхьащ. ТэлайкIэ пщым и уIэгъэхэр къы­зэпиплъыхьу зэхишытIа нэ­ужь, жиIэну зыхуейр зэрыжиIэну щIы­кIэр къыхуэмыщIэу, къы­худэмышей нэхъей, и да­митIыр дэшеяуэ къэуващ лIы быхъур.
- Сыт? - и нэкIум кIэрыжьа лъыр къигъэщIытэу и натIэм ­къежэх пщIэнтIэпсыр ирилъэ­щIэкIыу щIэупщIащ Хьэтусилэ.
- Ди пщым лъышхуэ фIэкIуэдащ, къищынэмыщIауэ, дзажэналъэ зыбжанэ къутащ, къупщ­хьэр и кIуэцIым хэуэжауи гурыщхъуэ сощI. Нэху къекIыну си фIэщ хъуркъым, - и щхьэр зэрыпаупщIыным хуэхьэзыр хуэ­дэ, нэщхъейуэ жиIащ лIым.
- Сыт жыпIэр, гъуамэ?! - щIэкIиящ абы Хьэтусилэ.
- Зиусхьэн! - щтэри, икIуэтащ Iэзэр.
- Усыт Iэзэ уэ?! Пщышхуэм уемыIэзэфынумэ, ажалым къы­IэщIумыхыфынумэ, сыт щып­щIэр зауэм? - зэманыр бгъэкIуэд зэрымыхъунур къищIэжри, Хьэ­тусилэ зызэтриубыдэжащ. - Удз хущхъуэ сыхуейщ. Къэрабэ, санэ фIыцIэ, цумпэ. УиIэ?
- Мис, зиусхьэн, щыIэщ, - зэщIэкIэзызэу щытщ Iэзэр.
- ЩIэкI мыбы! Уи къэлътмакъыр къэгъани, щIэкI зызумыгъэлъагъуу, - и нэм хъуаскIэ къыщIихырт пщыкъуэм.
- Хьэтусилэ… - къыхэщэIукIщ пщыри, Iуры­мэхыкIащ.
- Псы къэкъуалъэрэ кумбыгъэ къабзэрэ къэфхь. Хъыдан къабзэ куэду къэвгъуэт. Шыгъу! ­Шыгъу куэду къэфхь. ЩIэхыу! - яхэкIиящ Хьэтусилэ гужьеяуэ зэхэт зауэлIхэм.
КъызыхэкIа лъэпкъым щыщу дунеягъэкIэ иIэ и ­къуэш закъуэр зэпитхьэщIыхьри, шы­гъупс зэхэщIам хъыдан къабзэр хищIэм, мащIэу пикъузыкIыжурэ, пщы мэхам и Iэпкълъэп­къыр зэщIишхащ Хьэтусилэ. Удз хущхъуэри зэхищIащ. Ар шынэрт Рамзес тIасхъэщIэх е лIыукI гуэр къигъакIуэу, хьэ­тыпщыр иригъэукIынкIи, жэщ-махуэ имыIэу бгъэдэсащ и къуэш нэхъы­жьым. Удз хущхъуэхэм иригъа­фэу, хъыданхэр зэрихъуэкIыу. Пщым зыкъыщищIэж зэзэмы­зэхэм Хьэтусилэ ар псы куэду ири­гъафэрт, и ныбэр къигъэпщу и дзажэналъэ къутахэм зашэ­щIы­жын хуэдэу.
Хьэтусилэ щыгъупщатэкъым и къуэшым къы­хуищIа псори, пщыкъуэм къилэжь пщIэмрэ лъытэныгъэмрэ щыханам и Iэ къыхуэзышияр и ­къуэш закъуэр арауэ зэрыщытар. Хуитащ Мы­вэтIалэ къыдэмыхъуа и къуэ­шыр зыщигъэгъупщэну, къы­лъыса насыпым хэтхъыкIыу и гъащIэр ихьыну, ауэ абы и гум идакъым илъ зыщIэт щIалэщIэм лей къытехьэу, цIыхум яфIэауану утыку къринэн. Езы Хьэтусилэ аращ МывэтIалэ ­хуищIэжыфынури - щхьэщысщ.
Махуищ дэкIри, нэху къе­мы­кIыну жыхуаIа хьэт пащтыхьыр къызэфIэтIысхьащ.
Рамзес и Iуэхур зыкIи нэхъыфIтэкъым. Абы и дзэшхуэм къыхэна щIагъуэ щымыIэу зэт­ракъутат, игъэзэжынуи егуп­сысырт, зэми, къыхуэнэжа зауэлIхэмрэ Iэщэмрэ къызэригъэпэщыжу, Къэдеш теуэну триухуэрт. Фирхьэуным фIыуэ къы­гурыIуэрт я Iуэху зыIутри, къэ­ралитIыр зэи зэрызэтемыгъэкIуэнури, япэхэм хуэдэу, пащтыхьитIыр зэхуэзэу зы унафэ гуэр ящIыну зэричэзури.  Ауэ щIалэщIэ пагэм и щхьэ ­трилъхьэртэкъым япэ лъэба­къуэр ичыну, и IитIыр Iэтауэ и  бийм  и  пащхьэ  иувэну.
Фирхьэуныр зытемыгушхуэ Iуэхур кIуэтащ МывэтIалэ хъы­барегъащIэ къыщигъэкIуам. Хьэт­хэм я пащтыхьыр Рамзес къы­хуэзэну хуейт.
Зэхэуэр зэриухрэ махуибл ­мэхъу щыжаIэм, Уэрэнт псы Iуфэм къикIри, хьэтыдзэр къэуващ я пщыр я уэртету. Щыгъыу ягъэжам хуэдэу, пщым и пкъым хуэфI афэ джанэр дыгъэм пэлыдырт, и бгым кIэрыщIа джа­тэшхуэм и Iэ сэмэгур хуиту ­телът, Iэ ижьымкIэ гуплIэр ­иIыгът. ХьэкIэ­кхъуэкIэу щыIэм япщу жыхуаIэ аслъэн абра­гъуэм и пыпхэр хьэт пщышхуэм и тепхъуэну и плIэм илът, аслъэныщхьэр и пыIэу, и фIалъэ лъакъуитIыр МывэтIалэ и бгъэгум щызэтедзауэ. ШхуэIур иIыгъыу абы и сэмэгурабгъумкIэ къыбгъурытт афэ фащэ екIукIэ зэщыхуэпыкIа Хьэтусилэ.

Фирхьэуным и щIыбагъ къы­дэтт и дзэм къыхэнэжар. Рамзес шызакъуэгу зэщIэузэдакIэ къапежьащ, нэхъ иужь къинауэ ­бгъуитIми шызакъуэгу зырыз иту.
- Зауэ ахъырзэмант, пэжкъэ?! - тхьэмахуэ ипэ дунейкъутэжыр щекIуэкIа зауэ губгъуэр къип­лъыхьри, фирхьэуным зыхуигъэзащ МывэтIалэ.
- Пытщарэт жыпIэмэ, дыхьэ­зырщ, - къыфIэмыIуэху-къыфIэ­мыIуэхуу и напIэр хишащ джатэдэпщым.
Хьэтусилэ дзыхьмыщIу хуеп­лъэкIащ абы.
- Уэри уощIэ - зауэм пытщэмэ, фIы лъэпкъ кърикIуэнукъым. Сэ сызэрыхуэмейм хуэдэу, уэри ухуейкъым абы, - жиIащ Мы­вэтIалэ.
- Сэ сызыхуейм сыткIэ ущы­гъуазэ уэ? - фирхьэун щIалэр къипкI-къилът.
- Мобдеж щытитIми гущIэгъу яIэкъэ?! - аддэ жыжьэу къыщыт шыгум иту къаплъэ, илъэсиплI-тху зи ныбжьын щIалэ цIыкIуитIымкIэ и щхьэр ищIащ Мывэ­тIалэ.
Фирхьэуныр зэплъэкIакъым, ауэ хьэтыпщыр зытепсэлъы­хьыр фIыуэ къыгурыIуащ.
- Сэ си щхьэр згъэщхъауэ зы цIыхум илъагъунукъым зэи, хьэ­тыпщ. Зи кIэ зи бэкъу дэ­зыу­пщIэжауэ щIэпхъуэжа дэбы­къум хуэдэуи си щIыб уэзгъэ­лъа­гъунукъым, - хьэтхэр къызэ­рикIуэтыжар къарихъуэныжу, жи­­Iащ Рамзес.
- Иджыпсту дызытет щIыналъэр зейр сэращ. Ар къэпхьэ­хуакъым, бдэми умыдэми, ба­дзэпсэ тIуту къыпщыхъуами. АбыкIэ умыарэзымэ - си Iэр зэ къэсIэтынуращ пIалъэу иIэр, пытщэжынущ. Ауэ, егупсыс, фир­хьэун, сыт уэ абы уи фейдэуэ хэлъыр? Уи дзэр мащIэ ­хъуащ, щIэплъхьэжар нэхъы­бэщ, къыпхуэнам нэхърэ. Уи щхьэ хэплъхьэкIэ сыт къыпхэ­хъуэнур? Уи къуитIыр, уи бжьыгъуэр пызыщэну узыщыгугъхэр пщIыгъущ. Хэт Мысырыр къы­зыхуэнэнур?
Пэжт МывэтIалэ жиIэр…
Рамзес къэбэкъауэм хуэдэу къызэкIуэкIат, ауэ, хьэтыпщым жиIэмкIэ арэзыми, езыр абы егупсысагъэххэми, икIуэтыну ­хуейтэкъым, ищIэнури ищIэртэкъым.
- Сыт ди хэкIыпIэ-тIэ? - пигъэщ­хъыу щIэупщIащ фирхьэуныр.
- Сэ схуэдэу уэри упщщ. Сэ сымыдэнур уэ уэзгъэдэну яужь сихьэнукъым. Дызэбийми, пщым хуэфащэ пщIэ-нэмысым демыбакъуэмэ нэхъыфIу къы­золъытэ. Аращи, уи дзэр зэщIыбокъуэри, Мысырым уогъэзэж, дыфкIэлъыпхъэркъым. Дэри догъэзэж.
- МамырыгъэкIэ дызэбгъэ­дэ­кIыжыну ухуейуэ аращ, кIэщIу жыпIэмэ?! - пыгуфIыкIащ Рамзес.
- Аращ, - и щхьэр ищIащ Мы­вэтIалэ.
- Къэдешыр къыпхуонэ… - щIэнакIэу жиIащ фирхьэуным.
- Къысхуонэ! Мы щIыналъэр къэпхьауэ къэплъытэми, быдапIэр къэпщтакъым, уеблэмэ псым уникIакъым.
Рамзес и гущхьэр губжьым къызэгуиудырт. Абы и щхьэм ­хуигъэзагъэртэкъым, хьэтыдзэр ирихужьэфами, хьэтхэр текIуауэ къызэрыщIрагъэ­дзыжыр, ар иригъэнэхыу, Мысырым игъэ­зэжын ­хуейуэ къызэрыхуагъэувыр. Фирхьэуныр щIалэми, пщтырми, фIыуэ къыгурыIуэрт МывэтIалэ жиIэм пэж гуэр зэрыхэлъыр, текIуэныгъэр къахьауэ къащыхъужми, зауэм пащэн хуей хъумэ, хьэтхэр зэрытекIуэнур.
- ЗэгъащIэ, МывэтIалэ, уэ уте­кIуауэ къэплъытэу, уи гур абыкIэ зэгъауэ уекIуэлIэжынуми, мы­сы­рыдзэ мащIэм фызэрырахужьар си нэгу щIэту, абы срипагэу сэри згъэзэжынущ. ИкIи дзэр къызэрызэзгъэпэщыжу къэзгъэзэжынущ, Къэдеш сысей мыхъуауи сыпсэунукъым! - и нэщхъыр зэхиукIащ Рамзес.
- Сыныппэплъэнщ! - и щхьэр ищIащ хьэтыпщым.
Рамзес уфэ-упцIэмкIэ шыбгым зытришащIэри, шэрхъым сабэмрэ мывэкIэщхъымрэ къы­щIэлъэлъу ириIуэнтIэкIыжащ.
Тхыдэм апхуэдэ зэтэкъым, тIэутэкъым къызэрыщыхъурэ. Мы­вэтIалэ ипэIуэкIэ тета пщыш­хуэхэмрэ Рамзес и адэжьхэмрэ апхуэдэ щIыкIэкIэ куэдрэ зэбгъэдэкIыжат. МывэтIалэ цIыху балигът, и акъыл тIысат, Рамзес щIалэгъуэмрэ ерыщагъымрэ къызэгуитхъырт, зыри иригъэ­нэхыну хуейтэкъым. Зэман дэкIрэ, Рамзес нэхъ балигъ хъумэ, къыгурыIуэжыну хъунт пэжу зэращIар, щхьэж и унэ бжэн ­лъакъуэу Къэдеш деж дзитIыр щIыщызэбгъэдэкIыжар.
Зауэм кIэух хуэхъуар езы дыдэхэм къагурымыIуэжми, дэт­хэнэри зыгуэркIэ хэлъэдауэ, зыгуэркIи текIуауэ жыпIэ хъунут. МывэтIалэ текIуэныгъэшхуэр ­къихьам хуэдэу лъэпкъым иригъэблэгъэжащ, хьэтыдзэр Рамзес и закъуэ зэтриукIауэ, ауэ мамырыгъэкIэ зэгурыIуауэ ягъэхъыбару фирхьэуным Мысырым игъэзэжащ. Рамзес быдэу игу ирилъхьат зэ мыхъуми зэ, Къэдеш щхьэкIэ къигъэзэжыну. МывэтIалэ хьэкъыу пхыкIат ари, икIэщIыпIэкIэ дзэщIэ къызэригъэпэщыну мурад ещI.
Хьэтусилэ зауэм щигъэлъэ­гъуа лIыгъэмрэ ха­хуагъэмрэ жаIэж пэтми, яхуэмыIуатэу, лъэпкъ лIыхъужь хъуауэ екIуэ­лIэжащ. Куэдым ягугъатэкъым ар апхуэдизу къуэш гумащIэу къыщIэкIыну.
Пащтыхьым и чэнджэщакIуэ нэхъыщхьэ ­хъуауэ, пхъу ещанэр къыхуалъхуауэ екIуэлIэжащ Хьэ­тусилэ. Сытыт-тIэ нэгъуэщI ар зы­хуэныкъуэр: и унагъуэр быдэт, и щIыхьыр лъагэт, и ­щIыналъэр унафэщI хуэны­къуэ­ти, игурэ и щхьэрэ зэтелъу, ­Хьэкъмыс игъэ­зэжащ. 

Поделиться:

Читать также: