ХуэмыщIахэм зыщIагъакъуэCOVID-19 уз бзаджэм и зэранкIэ щытыкIэ гугъум къихутауэ унэм дэтIысхьэжахэм, хуэмыщIауэ псэу унагъуэхэм, зи ныбжьыр хэкIуэтахэм нэщI мазэм ирихьэлIэу зыщIагъэкъуащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк къуажэм щыпсэу щIалэгъуалэм. Абыхэм зэхуахьэса мылъкумкIэ цIыхухэр нэхъ зыхуэныкъуэну ерыскъыпхъэхэр къыхуащэхуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIи, хьэжыгъэ, джэдыкIэ, дагъэ, хадэхэкI, пхъэщхьэмыщхьэ, IэфIыкIэ, фIэIугъэ зыхэлъ Iыхьэхэр Кыщпэк щыпсэу унагъуэ щэщIым нэблагъэм хуашащ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
|