Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м къыдигъэкIа Унафэ №58-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ №41-ПП

2020 гъэм гъатхэпэм и 17-м                      Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм жьы хъуауэ щыIэ псэупIэхэм цIыхухэр 2019 - 2025 гъэхэм къриубыдэу къыщIэгъэIэпхъукIыным теухуауэ» республикэ программэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м къыдигъэкIа Унафэ №58-ПП-м мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн.

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий

 

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зыщегъэужьыным теухуауэ» Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ №42-ПП

2020 гъэм гъатхэпэм и 17-м                               Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зыщегъэужьыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 30-м къыдигъэкIа Унафэ №136-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий

Поделиться: