Дунейм щыхъыбархэр

ЕджакIуэхэм я гъатхэ
зыгъэпсэхугъуэм къыпащэну?

Коронавирусым кIуэ пэтми нэхъ псынщIэу зэрызиубгъум къыхэкIыу къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я IуэхущIапIэхэм абы зэрызэщахъумэн Iэмалхэр щаубзыху.
Урысей Федерацэм и Правительствэр хоплъэ мыгувэу щIэзыдзэну школакIуэхэм я гъатхэ зыгъэпсэхугъуэхэм къызэрыпащэнум. Къэрал къулыкъущIэхэр хуабжьу ирогузавэ а уз зэрыцIалэр сабийхэм къахыхьэнымкIэ икIи ахэр я унэ щIэсыжмэ нэхъ къащтэ. Апхуэдэ унафэ тращIыхьакIэщ студентхэм. Абыхэм я егъэджэныгъэр еджапIэ нэхъыщхьэм мыкIуэу кърахьэлIэнущ, интернеткIэ дерсхэр къыIахрэ жэуапхэр иратыжу, коронавирусыр сабырыжыхукIэ.
Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм игъэIуащ COVID-19 пандемиер гъатхэпэм и 11-м нэхъри къызэрызэщIэплъар. Коронавирусым абы ирихьэлIэу зэщIищтащ къэрали 143-м я цIыху мини 150-м щIигъу. Нобэр къыздэсым цIыху минихым нэблагъэ абы илIыкIащ.

ЩIэныгъэлI, юрист, тхакIуэ, журналист гуп арэзыкъым

Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэну загъэхьэзыр зэхъуэкIыныгъэхэмрэ дэщIыгъужыныгъэхэмкIэ арэзыкъым къэралым и щIэныгъэлI, юрист, тхакIуэ, журналист цIэрыIуэ гупышхуэ.
Лингвист Аникин Александр, физик Данилов Михаил, геохимик Костицын Юрий, тхыдэдж Иванчик Аскольд, «Левада-центр»-м и унафэщI Гудков Лев, телевиденэм нэтынхэр щезыгъэкIуэкIхэу Лазаревэ Татьянэрэ Ширвиндт Михаилрэ, журналистхэу Парфёнов Леонид, Лобков Павел сымэ, нэгъуэщIхэри зыхэт цIыху 357-рэ хъу гупышхуэм тхыгъэ зэIухакIэ депутатхэм, политикхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм, Конституцэ судым зэрызыхуагъазэр хэIущIыIу ищIащ «Эхо Москвы» радиостанцым. Абыхэм къалъытэ къэралым шынагъуэшхуэ къыщхьэщыхьауэ икIи, псалъэм папщIэ, президенту зы цIыхур тет зэрыхъуну пIалъэр къэбжыным щIэрыщIэу къыщIэдзэжын хуейуэ къыхэзылъхьэхэм Урысейр щыхупIэм нэхъри хуагъакIуэу.
Уф-м и Президентым и пресс-секретарь Песков Дмитрий абы теухуауэ щеупщIым, жиIащ Кремлыр Iуэху еплъыкIэ псоми зэрыщыгъуазэр икIи мэлыжьыхьым (апрелым) и 22-м зэхэтыну щIэупщIэныгъэм хэт захуэми жэуап зэрыритынур.

Телефон зэпыщIэныгъэм и уасэр процент 20-кIэ дэкIуеифынущ

Ди къэралым щыIэ сотовэ операторхэм я Iуэхутхьэбзэхэм я уасэр мыгувэу хэпщIыкIыу нэхъ лъапIэ хъуфынущ.
Апхуэдэу къэхъунущ социальнэ мыхьэнэ зиIэ сайтхэм пщIэншэу цIыхухэр зэрырагъэхьэм и уасэр къэралым иримыгъэкъужмэ. Апхуэдэу ямыщIмэ, абонентхэм иджыпсту сотовэ операторхэм ират ахъшэм процент 20 хагъэхъуэнущ. Абы теухуа хъыбарыр Урысей Федерацэм зыхуэфащэ и къэрал къулыкъущIэхэм лъагъэIэсакIэщ. Иджы кърикIуэнум поплъэ.
 
НАТО-м и тIасхъэщIэххэр гугъу ирагъэхь

Тенджыз ФIыцIэм Урысей Федерацэм щиIэ къэрал гъунапкъэхэм и тIасхъэхэр къэзыхутэ НАТО-м и кхъухьхэр хуабжьу гугъу ехь хъуащ Кърымым пэгъунэгъу къыщыхъукIэ.
Илъэсих ипэкIэ зыхигъэхьэжа хытIыгуныкъуэм Урысейм щигъэуващ радиоэлектрон бэнэныгъэм (РЭБ) щызыхъумэ Iэмэпсымэ лъэщхэр. Хамэ щIыпIэ къикI кхъухьхэр гъунэгъу къыщыхъукIэ, абыхэм сигналхэр зэщIашэри ягъэбзэх икIи зэпыщIэныгъэ ямыIэу къегъанэ.

Гъатхэпэм и 18,
бэрэжьей

Кърымыр Урысей Федерацэм щыхагъэхьэжа махуэщ. 2014 гъэм УФ-м и Президент Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым и палатитIми захуигъэзащ Кърымыр ди къэралым щыщ зэрыхъужам теухуауэ. ХытIыгуныкъуэм и лIыкIуэхэм ящIыгъуу абдежми Iэ щытрадзащ Кърым Республикэмрэ Севастополь къалэмрэ Урысей Федерацэм хэгъэхьэжыным теухуа зэгурыIуэныгъэм.
1913 гъэм Налшык къыщызэIуахащ округым и лъэпкъхэм я 1 съездыр.
1931 гъэм Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къыщыщIагъэкIыу щIадзащ электрокъарукIэ лажьэ жьакIэупсыр.
1965 гъэм СССР-м и лётчик-космонавт Леонов Алексей «Восход-2» ракетэм икIри, хьэрш зэIухам япэ дыдэу хыхьащ.
1980 гъэм «Восход-2М» ракетэр Плесецк космодромым щаутIыпщыну щагъэхьэзырым къэуащ икIи мафIэсышхуэ къишащ. А насыпыншагъэм цIыху 48-рэ хэкIуэдащ, нэхъыбэжым фэбжь хьэлъэ хахащ.
♦Къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессору щыта, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и 4-нэ, 3-нэ нагъыщэхэр зыхуагъэфэща Хъупсырокъуэ Хъызыр.
1932 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэс къыщесынущ. Махуэм хуабэр градус 1-2, жэщым щIыIэр градус 1-2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЖамыIэ щыIэщи, ямыIуэтэж къэхъуркъым.

 

Зыгъэхьэзырар Хьэтау Ислъамщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ