Гупсысэ телъыджэхэр къэзыгъэщI сурэтхэрГъэлъэгъуэныгъэхэр Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ сурэтыщI Iэзэ Уянаев Аслъэнджэрий и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. - Сызэплъа сурэтхэм къызгурагъэIуащ Уянаевым и лэжьыгъэхэм къыщигъэлъагъуэр езым и гурыгъу-гурыщIэхэр зэрыарар. лэч плъыфэбэхэмкIэ абы къегъэщI дуней телъыджэ, зэмыфэгъу. А Iуэхум гу лъатауэ къысщохъу мыбы къекIуэлIа дэтхэнэми. Сыщогугъ Аслъэнджэрий сурэт щIыным хуэзыгъэушэ Къэбэрдей-Балъкъэрми щыIэу, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин зэIущIэр къыщызэIуихым. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
08.04.2024 - 12:46 →
Мазэм и хъыбар
|