Бахъсэн къалэр пашэщ

Хъыбар гуапэ

Налшык къалэм иджыблагъэ щызэхэтащ УФ-м КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ и министерствэм и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм 2018 гъэм зэфIигъэкIахэр щызэхалъхьэжа зэIущIэ.
Илъэсым кърикIуахэм щызэхуеплъыжым наIуэ къызэрыхъуамкIэ, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэм псэукIэ тэмэм къахузэгъэпэщынымкIэ зи Iуэху нэхъ зэпэщ муниципальнэ зэгухьэныгъэ» фIэщыгъэр зиIа еплъыныгъэ-зэпеуэм щытекIуауэ къалъытащ Бахъсэн къалэ округыр.

БАЛЪКЪЫЗ Аминэ.
Поделиться: