ЗэфIагъэкIар къызэщIакъуэж

Бахъсэн районым щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и советым и зэхуэс иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ абы и унафэщI Сэбан Руслан.

ЗэIущIэм хэтащ щIыналъэм и прокурор Башорэ Аслъэн, Урысейм и МВД-м и Бахъсэн щIыналъэ къудамэм и унафэщI Хэжь Аслъэнбий, районым и къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, спорт IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр.
ЩIыналъэм и экономикэ, социальнэ зыужьыныгъэр 2019 гъэм зыхуэдам, 2020 гъэм я мурадхэм теухуауэ къэпсэлъащ Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур.
- Мы гъэм дыухуэну ди мурадщ сабий 200 зыщIэхуэну яслъи 4. КъищынэмыщIауэ, Псыхъурей къуажэм спорт IуэхущIапIэ щытщIынущ, Зеикъуэ, Къубэ-Тэбэ, Кременчуг-Константиновкэ къуажэхэм цIыхухэр щызэхуэс я щIыпIэхэмрэ пщIантIэхэмрэ зыхуей хуэдгъэзэнущ, щэнхабзэмкIэ уни 5 зэдгъэпэщыжынущ, - жиIащ Балъкъыз Артур. - УФ-м и Президентым дызэрыт илъэсыр игъэуващ «ЩIыхьымрэ фэеплъымрэ я илъэсу», Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум ипкъ иткIэ. Абы теухуауэ илъэсыр зэрыщIидзэрэ районым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыдогъэкIуэкI икIи псори фыхэтыну фыкъыдогъэблагъэ.
Район унафэщIыр щхьэхуэу тепсэлъыхьащ мэкъумэш IэнатIэм, ухуэныгъэм, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм, нэгъуэщIхэми.
Сэбан Руслан жиIащ блэкIа илъэсым Советым унафэ 52-рэ къызэрищтар, 21-р норматив хабзэхэм ящыщу. Район депутатхэр жылагъуэхэм жыджэру щолажьэ, къуажэдэсхэм яIуощIэ.
ЗэIущIэм и кIэм зи лэжьыгъэм къыщыхэжаныкIахэм щIыхь тхылъхэр иратащ.

 

Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: